Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

36 УРОКЫР

Сыт и лъэныкъуэкІи цІыху пэжу щыт

Сыт и лъэныкъуэкІи цІыху пэжу щыт

Пэжагъ зыгъэлъагъуэ ныбжьэгъу иІэну дэтхэнэ зыри хуейщ. Иегови апхуэдэ цІыхухэращ игъэныбжьэгъур. Ауэ пцІым мы дунейм апхуэдизкІэ зыщиубгъуащи, цІыху пэжу ущытыну егъэлеяуэ гугъущ. Сыт и лъэныкъуэкІи цІыху пэжу узэрыщытым сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къыпхуихьыну?

1. ЦІыху пэжу ущытын щІыхуейм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр сыт?

Пэжагъ тхэлъу нэгъуэщІхэм дащыхущытым деж Иеговэ фІыуэ зэрытлъагъур икІи пщІэ зэрыхуэтщІыр идогъэлъагъу. Иеговэ тщІэ псори дызэгупсыс псори фІы дыдэу ещІэ (Еврейхэм 4:13). Пэжагъ щыдгъэлъагъуэм деж Иеговэ абы гу лъетэ икІи ар лъапІэу елъытэ. Абы и Псалъэм щыжыІащ: «ЦІыху бзаджэм Иеговэ гущыкІ хуещІ, ауэ цІыху пэжхэмрэ абырэ я зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъщ» (Притчи 3:32).

2. Махуэ къэс пэжагъ дапхуэдэу зэрыбгъэлъэгъуэфынур?

Иеговэ хуейщ зыр зым пэжыр зыжетІэну (Захария 8:16, 17). Сыт абы къикІыр? Ди унагъуэм щыщхэм, къыддэлажьэхэм, ди къуэш, ди шыпхъухэм, къэрал унафэщІхэм пцІы яхуэдупс хъунукъым икІи Іуэхур зытетыр зэблэдмышу абыхэм яжетІэн хуейщ. Пэжагъ зыхэлъ цІыхухэр дыгъуэркъым икІи бзаджагъэ зэрахьэркъым. (Къеджэ Притчи 24:28, Ефес 4:28.) Ятын хуей налог псори абыхэм ят (Рим 13:5—7). Дэ «Іуэху псомкІэ пэжыгъэ дигу илъу дыпсэуну дыхуейщ» (Еврейхэм 13:18, ХъыбарыфІыр, 1993).

3. ЦІыху пэжу ущытыным сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къыпэкІуэрэ?

Пэжагъ зыгъэлъагъуэ цІыхуу дызэрыщытыр ящІэмэ, дэ дзыхь къытхуащІынущ. Зэхуэсым щыщ дэтхэнэ зыми пэжагъ игъэлъагъуэмэ, зы щхьэкІи дымыгузавэу, лъагъуныгъэ зэрылъ унагъуэм хуэдэу дыщытынущ. Абы нэмыщІ, цІыху пэжу дызэрыщытым и фІыгъэкІэ дэ напэ къабзэ диІэщ. ЦІыху пэжу дыщытмэ, «Тхьэм теухуауэ ди фІэщхъуныгъэр» дгъэдэхэнущ икІи Алыхьыр къацІыхуну нэгъуэщІхэри хуэдгъэушынущ (Тит 2:10).

НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ

Уэ пэжагъ бгъэлъагъуэм Иеговэ дапхуэдэу хущытми къащІэ; абы сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къыпхуихьынуми икІи уи гъащІэм и сыт хуэдэ лъэныкъуэхэм пэжагъыр щыбгъэлъэгъуэфынуми къащІэ.

4. Пэжагъым Иеговэ егъэгуфІэ

Псалом 44:21, Малахия 3:16 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:

  • Пэжыр убзыщІыфыну уегупсысыным Іущагъ щІыхэмылъыр сыт?

  • Щымытыншым дежи пэжыр зэрыжытІэм Иеговэ сыт хуэдэ гурыщІэхэр къритрэ?

Сабийхэм пэжыр зэрыжаІэм адэ-анэр егъэгуфІэ. Дэри пэжыр щыжытІэм деж Иеговэ догъэгуфІэ

5. Сыт щыгъуи пэжагъ гъэлъагъуэ

ЦІыху куэдым я гугъэщ пцІы умыупсу умыпсэуфыну. Ауэ дэ сыт щыгъуи пэжагъ дгъэлъэгъуэн щІыхуейр къащІэ. ВИДЕОМ еплъ.

Еврейхэм 13:18 итым къеджи дапхуэдэу пэжагъ бгъэлъагъуэ хъунуми жыІэ:

  • унагъуэм;

  • лэжьапІэм, школым;

  • нэгъуэщІ Іуэхугъуэхэми.

6. Пэжагъым къыпэкІуэ фІыгъуэхэр

Пэжагъ зэрыбгъэлъагъуэм гугъуехь гуэрхэр къыпхуихьынкІэ хъунущ. Ауэ апхуэдэу узэрыщытам уэ зэи ухущІегъуэжынукъым икІи икІэм-икІэжым ущыгуфІыкІыжынущ. Псалом 34:12—16 итым къеджи мы упщІэхэм егупсыс:

  • Пэжагъым сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къыпхуихьрэ?

  1. 1. Пэжагъым нэчыхьыр нэхъ быдэ ещІ

  2. 2. Пэжагъ зыгъэлъагъуэ лэжьакІуэм дзыхь хуащІ

  3. 3. Тепщэныгъэ зиІэхэр пэжагъ зыгъэлъагъуэ цІыхухэм фІыуэ яхущытщ

ЗЫГУЭРЫМ ЖИІЭФЫНУЩ: «ПцІы тІэкІу пІэщІэкІми, ягъэ кІынукъым».

  • Иеговэ сыт хуэдэ пцІыри илъагъу мыхъуу зэрыщытыр нэгъуэщІым дапхуэдэут къызэрыгурыбгъэІуэнур?

КЪЭПЩЫТЭЖ

Иеговэ хуейщ и ныбжьэгъухэм псалъэкІи ІуэхукІи пэжагъ сыт щыгъуи ягъэлъэгъуэну.

Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх:

  • Дапхуэдэу пэжагъ зэрыдгъэлъэгъуэфынур?

  • Пэжыр убзыщІыфыну уегупсысыным Іущагъ щІыхэмылъыр сыт?

  • Сыт щыгъуи пэжагъ бгъэлъэгъуэну сыт ущІыхуейр?

ПщІэ хъунур:

НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ

Сабийр пэжагъ зыхэлъ цІыху хъун щхьэкІэ, адэ-анэхэм дапхуэдэу ар зэрагъэсэфынур?

«Пэжагъ зыхэлъ цІыхуу щыт» (1:44)

Псалъэ птахэр зэрыбгъэзэщІэжым сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къыпэкІуэрэ?

«Зи псалъэр зыІыгъыжхэм Иеговэ и нэфІ щохуэ» (9:09)

Налог ттыхэр къызэрагъэсэбэп щІыкІэмкІэ арэзыуэ дыщымытми, ахэр ттын щІыхуейр сыт?

«Налогхэр. Ахэр ттын хуейуэ щыт?» («ХъумакІуэ чэщанэ», фокІадэм и 1, 2011 гъэ, урысыбзэкІэ)