Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

41 УРОКЫР

ЦІыхухъумрэ цІыхубзымрэ зэгъусэным теухуауэ Библием итыр сыт?

ЦІыхухъумрэ цІыхубзымрэ зэгъусэным теухуауэ Библием итыр сыт?

Мы темэм тепсэлъыхьыну куэдыр мэукІытэ. ЦІыхухъумрэ цІыхубзымрэ зэгъусэным Библиер темыпсэлъыхьу къигъанэкъым, ауэ пщІэ хэлъущ абы зэрытепсэлъыхьыр. Абы теухуауэ Библием ит хабзэхэм дэ дыкъахъумэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а хабзэхэр къызыбгъэдэкІыр дыкъэзыгъэщІа Алыхь Иеговэщ. Аращ нэхъыфІу зыщІэр дэркІэ сытыр нэхъыфІми. Дэ насыпыфІэу дыщытын икІи гъащІэ мыухыж диІэу дыпсэун щхьэкІэ, тщІэн хуейри тщІэн хуэмейри абы ІупщІу къыдгурегъаІуэ.

1. ЦІыхухъумрэ цІыхубзымрэ зэгъусэным Иеговэ дапхуэдэу зэрыхущытыр?

ЦІыхухъумрэ цІыхубзымрэ зэгъусэныр — ар Иеговэ къыбгъэдэкІ тыгъэщ. Алыхьыр хуейщ къэрал унафэм тету унагъуэ зыухуа цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ а тыгъэм гуфІэгъуэ хахыну. А тыгъэм и фІыгъэкІэ зэщхьэгъуситІым сабий зэраІэфынум нэмыщІ, абыхэм я лъагъуныгъэр абыкІэ зэхуагъэлъэгъуэфынущ. Аращ Библием мыпхуэдэу щІитыр: «ЩыгуфІыкІ уи щІалэгъуэм пІэщхьагъ бдэзыщІа щхьэгъусэм» (Притчи 5:18, 19, Гъэсэпэтхыдэхэр). Иеговэ щогугъ нэчыхь зиІэ и лэжьакІуэхэр я щхьэгъусэхэм хуэпэжыну икІи я пІэщхьагъыр къабзэу яхъумэну. (Къеджэ Еврейхэм 13:4.)

2. Зинэ щІэным сыт хыхьэр?

Библием зэритымкІэ, «зинэ зыщІэхэм... Тхьэм и ТепщэныгъэшхуэмкІэ Іыхьэ къалъысынукъым» (1 Коринф 6:9, 10). АлыджыбзэкІэ тха Тхыгъэхэр зытхахэм зинэ щІэным и гугъу щащІым деж, порне́йа псалъэрат къагъэсэбэпыр. А псалъэм и мыхьэнэм хохьэ: 1) къэрал унафэм тету нэчыхь зимыІэ цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ зэрызэгъусэр a; 2) цІыхухъуитІ е цІыхубзитІ зэрызэгъусэр; 3) цІыхумрэ псэущхьэмрэ зэрызэгъусэр. Иеговэ хабзэ къытхуигъэувхэм дытетмэ, ар къытхуэарэзынущ икІи гугъуехь куэдым щыхъума дыхъунущ (1 Фессалоникэ 4:3).

НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ

Зинэ щІэным пэІэщІэ зыхуэпщІыну сыт къыбдэІэпыкъунуми икІи Алыхьым и хабзэхэм узэрытетым дапхуэдэу укъихъумэнуми къащІэ.

3. Зинэ щІэным пэІэщІэ зыхуэщІ

Алыхьым и лэжьакІуэ пэж Исуф идакъым къыдэзыхьэхыну хэта цІыхубзым иригъусэну. ЩІэдзапІэ 39:1—12 итым къеджи мы упщІэхэм егупсыс:

  • Исуф сыт щІыщІэпхъуэжар? (9 едзыгъуэм еплъ.)

  • Исуф унафэ тэмэм къищтауэ къэплъытэрэ? Сыт апхуэдэу къыщІэплъытэр?

ЩІалэгъуалэм дапхуэдэу Исуф щапхъэ зэрытрахыфынур? ВИДЕОМ еплъ.

Иеговэ хуейщ дэтхэнэ зы цІыхуми къабзагъэр ихъумэну. 1 Коринф 6:18 итым къеджи мы упщІэхэм егупсыс:

  • Сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэра зинэ щІэным цІыхур хуэзышэфынур?

  • Зинэ умыщІэну сыт къыбдэІэпыкъунур?

4. Къабзагъэр пхъумэну пхузэфІэкІынущ!

Къабзагъэр пхъумэну иныкъуэм деж сыт щІэгугъур? ВИДЕОМ еплъи къыкІэлъыкІуэ упщІэр зэпкърыфх.

  • И гупсысэхэмрэ и ІуэхущІафэхэмрэ зинэ щІэным зэрыхуашэфынур ди зы къуэшым къыщыгурыІуам щыгъуэ, сыт абы ищІар?

Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэми иныкъуэм деж я гупсысэхэр къабзэу яхъумэн щхьэкІэ, къаруушхуэ ирахьэлІэн хуей мэхъу. Гупсысэ фІейхэм пэІэщІэ захуэтщІыну сыт къыддэІэпыкъунур? Филиппи 4:8 итым къеджи мы упщІэхэм егупсыс:

  • Ди акъылыр сыткІэ гъэнщІауэ щытын хуей?

  • Библием дызэреджэмрэ Алыхьым и лэжьыгъэм жыджэру дызэрыхэтымрэ зинэ дымыщІэну дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъунур?

5. Иеговэ и хабзэхэм дэ дыкъахъумэ

Иеговэ ещІэ дэркІэ сытыр нэхъыфІми. Абы къыдгурегъаІуэ къабзэу дыкъэнэн щхьэкІэ сыт тщІэн хуейми икІи апхуэдэ дуней тетыкІэм сыт хуэдэ сэбэпынагъ къытхуихьми. Притчи 7:7—27, Гъэс. итым къеджэ е ВИДЕОМ еплъ. ИужькІэ мы упщІэхэм жэуап ет:

  • ЩІалэр сыт хуэдэ гъэунэхуапІэм пэщІэхуа? (Притчи 7:8, 9 еплъ.)

  • Притчи 7:23, 26 зэритымкІэ, зинэ пщІэмэ бэлыхь зыхэбдзэжынущ. Къабзагъэм теухуауэ Алыхьым къытхуигъэув хабзэхэм дытетмэ, сыт хуэдэ гугъуехьхэм зыщытхъумэну?

  • Дэ къабзагъэм дытетмэ, дапхуэдэу ар къызэрыддэІэпыкъунур иджыпстуи къэкІуэну зэманми гъащІэм гуфІэгъуэ хэтхыу дыпсэуну?

ЦІыхухъуитІ е цІыхубзитІ зэгъусэным теухуауэ Библием ит хабзэр языныкъуэхэм ткІийуэ ябж. Иеговэ лъагъуныгъэшхуэ зыхэлъ Алыхьщ икІи ар хуейщ дэтхэнэ зы цІыхуми гъащІэ мыухыж иІэу псэуну. Абы щхьэкІэ дэ абы и хабзэхэм дытетын хуейщ. 1 Коринф 6:9—11 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:

  • ЦІыхухъуитІ е цІыхубзитІ зэгъусэн закъуэра Иеговэ къемызэгъыу ибжыр?

Алыхьыр арэзы тщІын щхьэкІэ дэтхэнэ зыми зытхъуэжын хуейщ. Апхуэдизу сыт абы мыхьэнэ щІиІэр? Псалом 19:8, 11 итым къеджи мы упщІэхэм егупсыс:

  • Къабзагъэм теухуауэ Иеговэ игъэува хабзэхэм Іущагъ хэлъу къэплъытэрэ? Сыт апхуэдэу ущІегупсысыр?

Къабзагъэм теухуа и хабзэхэм тету псэуну Иеговэ цІыху куэдым ядэІэпыкъуащ. Уэри ар къыбдэІэпыкъунущ

ЗЫГУЭРЫМ ЖИІЭФЫНУЩ: «ФІыуэ узэрылъагъумэ, узэрымышами узэгъусэ хъунущ».

  • Апхуэдэу жызыІэм сыт хуэдэ жэуап епт хъунур?

КЪЭПЩЫТЭЖ

ЦІыхухъумрэ цІыхубзымрэ зэгъусэну яІэ Іэмалыр — ар Иеговэ къыбгъэдэкІ тыгъэщ икІи а тыгъэр абы зритар къэрал унафэм тету нэчыхь зиІэ цІыхухъумрэ цІыхубзымрэщ.

Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх:

  • Зинэ щІэным сыт хыхьэр?

  • Зинэ щІэным дапхуэдэу зэрызыщыпхъумэ хъунур?

  • Къабзагъэм теухуауэ Иеговэ къытхуигъэув хабзэхэм сыт хуэдэ сэбэпынагъ къытхуахьыр?

ПщІэ хъунур:

НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ

ЦІыхухъумрэ цІыхубзымрэ зэдэпсэуну хуеймэ, нэчыхь ирагъэтхыну Алыхьым къащІыхуигъэувыр сыт?

«Нэчыхьыншэу зэдэпсэуным теухуауэ сыт Библием итыр?» (интернет-статья, урысыбзэкІэ)

ЦІыхухъуитІ е цІыхубзитІ зэгъусэныр Библием къемызэгъыу жиІэми, абы дыкъыхуриджэкъым апхуэдэ гуэныхь зыщІэхэр тлъагъу мыхъуу дыщытыну.

«ЦІыхухъуитІ е цІыхубзитІ зэгъусэным сыт Іейуэ хэлъыр?» (интернет-статья, урысыбзэкІэ)

ЦІыхухъумрэ цІыхубзымрэ зэгъусэным теухуауэ Алыхьым къыдит унафэм дапхуэдэу дыкъихъумэми къащІэ.

«Оральнэ сексыр сексу жыпІэ хъуну?» (интернет-статья, урысыбзэкІэ)

«Ахэр пщІэ хэлъу къысхущытащ» жыхуиІэ статьям къеджи, гомосексуалисту щыта зы цІыхухъу гуэрым Алыхьым и хабзэхэм тету псэуну мурад щІищІар къащІэ.

«Библием гъащІэр ехъуэж» («ХъумакІуэ чэщанэ», мэлыжьыхьым и 1, 2011 гъэ, урысыбзэкІэ)

a Зинэ щІэным хохьэ оральнэ, анальнэ секскІэ зэджэ Іуэхугъуэхэри нэгъуэщІым и укІытапІэм уеІусэнри.