Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

42 УРОКЫР

Щхьэгъусэ уиІэнымрэ уимыІэнымрэ теухуауэ Библием итыр сыт?

Щхьэгъусэ уиІэнымрэ уимыІэнымрэ теухуауэ Библием итыр сыт?

Языныкъуэ лъэпкъхэм къызэралъытэмкІэ, цІыхум щхьэгъусэ имыІэмэ, ар насыпыфІэу щытыфынукъым. Ауэ щхьэгъусэ зиІэ дэтхэнэри насыпыфІэкъым икІи зи закъуэу псэу дэтхэнэри насыпыншэкъым. Библием зэрыжиІэщи, щхьэгъусэ уиІэнри уимыІэнри — тІури Алыхьым и тыгъэщ.

1. Щхьэгъусэ уимыІэу упсэуным сыт фІыуэ хэлъыр?

Библием щыжыІащ: «Къэзышэм тэмэму ещІэ, ауэ къэзымышэм нэхъ тэмэмыж ещІэ». (Къеджэ 1 Коринф 7:32, 33, 38.) Щхьэгъусэ зэзымыгъэгъуэтым «нэхъ тэмэмыж ещІэ» жиІэм сыт къикІыр? Апхуэдэ цІыхум щхьэгъусэ иІамэ, абы и нэІэ тригъэтын икІи дэІэпыкъун хуейт. Ауэ щхьэгъусэ щимыІэкІэ, ар нэхъ щхьэхуитщ. Щхьэгъусэншэу псэу цІыхум Іэмал зэмылІэужьыгъуэхэр иІэщ, псалъэм папщІэ, ар хамэ къэралым кІуэуэ, абы хъыбарыфІыр щигъэІу хъунущ. Абы нэмыщІ Иеговэ гъунэгъу зыхуищІынуи зэман нэхъыбэ иІэщ абы.

2. Къэрал унафэм тету тха нэчыхь уиІэным сыт фІыуэ хэлъыр?

Щхьэгъусэншэу упсэуным хуэдэуи, щхьэгъусэ уиІэным фІыгъуэ куэд хэлъщ. Библием щыжыІащ: «Зи закъуэм нэхърэ цІыхуитІым я Іуэхур нэхъыфІщ» (Экклезиаст 4:9). Мы псалъэхэм и пэжагъыр Библием ит принципхэм тету псэу зэщхьэгъусэхэм псом хуэмыдэу зыхащІэ. Къэрал унафэм тету нэчыхь езыгъэтх цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ фІыуэ зэрылъагъуну, пщІэ зэхуащІыну икІи зыр зым дэІэпыкъуну псалъэ зэрат. Нэчыхьыншэу зэдэпсэухэм нэхърэ нэчыхь зиІэхэм я унагъуэхэр нэхъ быдэщ икІи ахэр нэхъ хъума мэхъу. Апхуэдэ унагъуэм сабийхэр щыбгъэсэну нэхъ тыншщ икІи ахэр цІыху зэтету къохъу.

3. Дапхуэдэу Иеговэ нэчыхьым зэрыхущытыр?

Япэ унагъуэр щиухуам, Иеговэ мыпхуэдэу жиІащ: «ЛІыр адэ-анэм яхэкІынурэ, и фызым щІыгъуу, тІури зыпкъ хъунущ» (ЩІэдзапІэ 2:24). Иеговэ хуейщ зэлІзэфызхэр фІыуэ зэрылъагъуну икІи игъащІэкІэ зэдэпсэуну. Нэчыхьыр пкъутэжыну Иеговэ щидэр зэщхьэгъуситІым языхэзым зинэ ищІэу щытмэщ. Апхуэдэм деж нэчыхьыр икъутэжынрэ имыкъутэжынрэ унафэ зыщІыну Иеговэ хуит ищІыр ямыгъэпэжа щхьэгъусэращ (Маттэ 19:9) a. Иеговэ и лэжьакІуэхэр хуит ищІкъым зы щхьэгъусэ нэхърэ нэхъыбэ яІэну (1 Тимофей 3:2).

НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ

Щхьэгъусэ уиІэми уимыІэми насыпыфІэу ущытыну икІи Иеговэ бгъэгуфІэну къыбдэІэпыкъунур сытми къащІэ.

4. Щхьэгъусэ узэримыІэр Іущагъ хэлъу къэгъэсэбэп

Хьисэ щхьэгъусэ зэримыІэр тыгъэу къилъытэт (Маттэ 19:11, 12). Маттэ 4:23 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:

  • Щхьэгъусэ зэримыІэм и фІыгъэкІэ и Адэм хуэлэжьэну икІи цІыхухэм ядэІэпыкъуну сыт хуэдэ Іэмалхэр Хьисэ иІа?

Иеговэ и лэжьакІуэхэм щыщу щхьэгъусэ зимыІэхэм Хьисэ щапхъэ трахмэ, гъащІэм гуфІэгъуэ хахыу псэунущ. ВИДЕОМ еплъи мы упщІэм жэуап ет:

  • Иеговэ и лэжьакІуэхэм щыщу языныкъуэхэм щхьэгъусэ зэрамыІэм сыт хуэдэ ІэмалыфІхэр къахузэІуихрэ?

ПщІэуэ пІэрэ?

Библием иткъым сыт хуэдэ ныбжьым щыщІэдзауэ цІыхум унагъуэ иухуэ хъунуми. Ауэ абы зэрыжиІэмкІэ, цІыхум унагъуэ зримыгъэгъуэтмэ нэхъыфІщ, зыгуэрым иригъусэну и Іэпкълъэпкъыр къыщеныкъуэкъу зэманыр блэмыкІауэ. А зэманыр блэкІа иужь, и Іэпкълъэпкъым щимыгъауэу, цІыхум унафэ тэмэм къищтэфынущ (1 Коринф 7:36, ДЩІ).

5. Іущагъ хэлъу щхьэгъусэ къыхэх

Щхьэгъусэ къыхэхыныр — ди гъащІэм къыщытщтэ унафэхэм нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэхэм ящыщ зыщ. Маттэ 19:4—6, 9 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:

  • Щхьэгъусэ зэбгъэгъуэтыну упІэщІэн щІыхуэмейр сыт?

ЦІыхур щхьэгъусэфІ тхуэхъун щхьэкІэ, сыт хуэдэ хьэл-щэнхэр хэлъын хуейми Библием къыдгурегъаІуэ. Ауэ псом нэхъапэр — щхьэгъусэу къыхэпхым Иеговэ фІыуэ зэрилъагъун хуейращ b. 1 Коринф 7:39, 2 Коринф 6:14 итым къеджи мы упщІэхэм егупсыс:

  • Дэ щхьэгъусэу къыхэтхыр Иеговэ и лэжьакІуэхэм щыщу сыт щІыщытын хуейр?

  • Дауэ уеплърэ, Иеговэ сыт и гум щыщІэнур, ар фІыуэ зымылъагъу щхьэгъусэ къыхэтхмэ?

Я инагъкІэ куэдкІэ зэщхьэщыкІ псэущхьитІ зы бжьым щІэпщІэмэ, абы тІури гугъу иригъэхьынущ. Абы ещхьу, Иеговэ хуэлажьэ цІыхум Иеговэ хуэмылажьэ цІыхур щхьэгъусэ ищІу щытмэ, абыхэм гугъуехь куэд яІэнущ

6. Иеговэ хуэдэу нэчыхьыр лъапІэу лъытэ

Пасэрей Израилым цІыхухъухэм я фызхэр щыхуейм деж ирагъэкІыжт. Малахия 2:13, 14, 16 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:

  • Библием итым темыхуэу зэщхьэгъусэхэм я нэчыхьыр щакъутэжым деж, сыт ар Иеговэ илъагъу щІэмыхъур?

Зи щхьэгъусэ епцІыжу абы бгъэдэкІыжым лажьэ зимыІэ и щхьэгъусэми абыхэм я сабийхэми гугъуехь куэд къахуихьынущ

ВИДЕОМ еплъи мы упщІэм жэуап ет:

  • Уи щхьэгъусэм Иеговэ и фІэщ мыхъумэ, сыт уэ пщІэ хъунур, фи унагъуэр насыпыфІэ хъун щхьэкІэ?

7. Иеговэ и хабзэхэм фытету фыпсэу

Нэчыхьым теухуауэ Иеговэ игъэува хабзэхэм тету псэун щхьэкІэ языныкъуэхэм къаруушхуэ ирахьэлІэн хуей мэхъу c. Ауэ и хабзэхэм тетыну хущІэкъухэм Иеговэ и нэфІ щохуэ. ВИДЕОМ еплъ.

Еврейхэм 13:4 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:

  • Дауэ уеплърэ, нэчыхьым теухуауэ Иеговэ игъэува хабзэхэм утетыну гугъу? Сыт апхуэдэу къыщІэплъытэр?

Иеговэ хуейщ и лэжьакІуэхэм нэчыхь ирагъэтхми ирагъэкъутэжми, ар къэрал унафэм тету ящІыну. Тит 3:1 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:

  • Уи нэчыхьыр къэрал унафэм тету ебгъэтха?

ЗЫГУЭР КЪОУПЩІЫНКІЭ ХЪУНУЩ: «А къомым щхьэ ухэтын хуей?! Нэчыхьыншэу узэдэпсэуми хъунущ».

  • Апхуэдэу жызыІэм сыт жепІэ хъунур?

КЪЭПЩЫТЭЖ

Щхьэгъусэ уиІэнри уимыІэнри — ар Алыхьым и тыгъэщ. Щхьэгъусэ зиІэхэри зимыІэхэри гъащІэм гуфІэгъуэ хахыу, насыпыфІэу псэунущ, Иеговэ и хабзэхэм тету щытмэ.

Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх:

  • Щхьэгъусэ зэримыІэр Іущагъ хэлъу дапхуэдэу цІыхум къызэригъэсэбэп хъунур?

  • Иеговэ и лэжьакІуэ фІэкІа щхьэгъусэ пщІы мыхъуну Библием сыт щІыжиІэр?

  • Уи нэчыхьыр пкъутэж хъуну сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ закъуэ Библием итыр?

ПщІэ хъунур:

НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ

Щхьэгъусэу къыхэтхым «и псэм Зиусхьэныр хэлъын хуейщ» жыхуиІэм сыт къикІыр?

«Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр» («ХъумакІуэ чэщанэ», бадзэуэгъуэм и 1, 2004 гъэ, урысыбзэкІэ)

Зыгуэрым уепсалъэмэ е унагъуэ бухуэну мурад уиІэмэ, унафэ пэж къэпщтэну мы видеороликитІыр къыбдэІэпыкъунущ.

«Унагъуэ зэбгъэгъуэтыным зэрызыхуэбгъэхьэзыр хъунур» (11:53)

Зы къуэш гуэрым къигъэнам нэхърэ нэхъыфІ икІи нэхъыбэ Иеговэ къритыжауэ щхьэ къилъытэрэ? Къуэшым жиІэжым едаІуэ.

«Пэжыр абыи къищтэну сыщыгугът» (1:56)

Уи щхьэгъусэм убгъэдэкІыжын ипэ е зэпэщхьэхуэу фыпсэууэ щІэвдзэн ипэ сыт фызэгупсысын хуейр?

«Нэчыхьым пщІэ хуэфщІ» («ХъумакІуэ чэщанэ», дыгъэгъазэ, 2018 гъэ)

a Зинэ зыми имыщІамэ, зэщхьэгъусэхэр зэпэщхьэхуэу псэу хъунрэ мыхъунрэ 4-нэ приложением къыщыпщІэнущ.

b Языныкъуэ лъэпкъхэм щыхабзэщ адэ-анэм я бынхэм щхьэгъусэ къыхухахыу. Апхуэдэм деж адэ-анэр зэплъын хуейр цІыхум мылъку бгъэдэлъыракъым икІи абы иІыгъ увыпІэракъым, атІэ абы Иеговэ фІыуэ илъагъурэ имылъагъурэщ.

c Нэчыхь уимыІэу зыгуэрым удэпсэумэ, сыт пщІэн хуейр? Абы убгъэдэкІыжынрэ нэчыхь ебгъэтхынрэ уэ езым унафэ пщІыжын хуейщ.