Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

45 УРОКЫР

Нейтралитетыр пхъумэным къикІыр сыт?

Нейтралитетыр пхъумэным къикІыр сыт?

«Мы дунейм фыщыщкъым»,— яжриІащ Хьисэ и гъэсэнхэм (Иуан 15:19). Апхуэдэу щыщыткІэ, Хьисэ и гъэсэнхэм нейтралитетыр яхъумэн хуейщ. Дэ политикэм дыхэІэбэкъым, зауэхэми зыми и лъэныкъуэ дубыдкъым. Ауэ нейтралитетыр пхъумэну щымытынш къохъу, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар зэрытІыгъым щхьэкІэ языныкъуэхэр къытхуогубжь икІи къытщодыхьэшх. Дапхуэдэу дэ нейтралитетыр зэрытхъумэнур икІи ди Алыхь Иеговэ хуэпэжу дыкъызэрынэнур?

1. Хьисэ и гъэсэн пэжхэр къэрал унафэщІхэм дапхуэдэу зэрахущытыр?

Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм къэрал унафэщІхэм пщІэ хуащІ. «Кесарым ейр кесарым ефтыж»,— жиІащ Хьисэ. Абы и псалъэхэм дытету, дыщыпсэу къэралым и унафэхэр догъэзащІэ, псалъэм папщІэ, налог ттын хуейхэр псори дот (Марк 12:17). Библием зэрыжиІэмкІэ, цІыху правительствэхэм тепщэныгъэ щІаІэр Иеговэ хуит зэрищІаращ (Рим 13:1). Абы къегъэлъагъуэ абыхэм я тепщэныгъэм гъунэ зэриІэр. Ди гугъуехьу хъуар Іузыхыжыфыну дызыщыгугъыр ди Алыхьымрэ уафэм щыІэ абы и Пащтыхьыгъуэмрэщ.

2. Нейтралитетым дызэрытетыр дауэ къызэрыдгъэлъэгъуэфынур?

Хьисэ хуэдэу, дэри политикэм дыхэІэбэкъым. Абы ищІэ телъыджэхэр цІыхухэм къыщалъэгъуам щыгъуэ, ар пащтыхь ящІыну хэтащ. Ауэ Хьисэ ар абыхэм яхуидакъым (Иуан 6:15). Сыт щхьэкІэ? ИужькІэ абы мыпхуэдэу жиІащ: «Сэ си пащтыхьыгъуэр мы дунейм щыщкъым» (Иуан 18:36). Хьисэ и лъэужь дызэрырикІуэм къыхэкІкІэ, дэ зауэхэм дыхэткъым. (Къеджэ Михей 4:3.) Абы нэмыщІ къэрал дамыгъэхэм пщІэ хуэтщІми, псалъэм папщІэ ныпым, дэ ахэр дгъэлъапІэкъым (1 Иуан 5:21). Политическэ партхэми, абы къыхах цІыхухэми дэ дыпэщІэувэкъым икІи зыми и лъэныкъуэр дубыдкъым. Апхуэдэу дэ къыдогъэлъагъуэ Алыхьым и правительствэм, нэгъуэщІу жыпІэмэ абы и Пащтыхьыгъуэм, нэгъэсауэ дызэрыхуэпэжыр.

НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ

Нейтралитетыр пхъумэну щымытынш Іуэхугъуэхэмрэ Иеговэ арэзы зыщІын унафэхэр къызэрыпщтэ хъунумрэ теухуауэ нэхъыбэ къащІэ.

3. Хьисэ и гъэсэн пэжхэм нейтралитетыр яхъумэ

Хьисэрэ япэ лІэщІыгъуэм псэуа абы и лъэужь ирикІуэхэмрэ нейтралитетыр зэрыпхъумэным теухуауэ щапхъэфІ къытхуагъэнащ. Къеджэ Рим 13:1, 5—7, 1 Петр 2:13, 14. Абы иужь ВИДЕОМ еплъи мы упщІэхэм жэуап ет:

  • Къэрал унафэщІхэм пщІэ щІыхуэтщІын хуейр сыт?

  • Дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэфынур къэрал унафэщІхэм пщІэ зэрахуэтщІыр?

Зауэ щекІуэкІым деж языныкъуэ къэралхэм зыми и лъэныкъуэр ямыубыду жаІэ. Ауэ, абы емылъытауэ, ахэр зэзауэ лъэныкъуитІми щыдэІэпыкъу щыІэщ. Абы нейтралитеткІэ уеджэ хъуну? Къеджэ Иуан 17:16. Абы иужькІэ ВИДЕОМ еплъи мы упщІэм жэуап ет:

  • Нейтралитетым утетыным сыт къикІыр?

Алыхьым и хабзэхэм темыхуэ гуэр къэралым къытхуигъэувмэ, сыт тщІэн хуейр? Къеджэ Апостолхэм 5:28, 29. Абы иужькІэ ВИДЕОМ еплъи мы упщІэхэм жэуап ет:

  • Къэралым и унафэхэр Алыхьым и унафэхэм пэщІэувэмэ, хэт дызэдэІуэн хуейр?

  • Хьисэ и лъэужь ирикІуэр къэралым и унафэм едэІуэн щыхуэмей Іуэхугъуэ щапхъэу къэпхьыфыну?

4. Фи гупсысэхэмкІи фи ІуэхущІафэхэмкІи нейтралитетыр фхъумэ

Къеджэ 1 Иуан 5:21. Абы иужь ВИДЕОМ еплъи мы упщІэхэм жэуап ет:

  • Видеом хэта Айенге политическэ партым хэмыхьэну, абыхэм я зэхуэсхэм хэмытыну икІи ныпри имыгъэлъэпІэну сыт мурад щІищІар?

  • Абы унафэ ищІам Іущагъ хэлъу къэплъытэрэ?

Нейтралитетым дызэрытетыр иджыри сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэм къыщыдгъэлъэгъуэн хуей? ВИДЕОМ еплъи мы упщІэхэм жэуап ет:

  • Къэрал зэмылІэужьыгъуэхэм я спортсменхэр щызэпеуэм деж, зыми и лъэныкъуэр дубыдын щІыхуэмейр сыт?

  • Политикхэм ящІ унафэхэр ІейкІэ е фІыкІэ къытлъэІэсмэ, нейтралитетыр дауэ зэрытхъумэфынур?

  • Нейтралитетыр тхъумэну телевизорыр, интернетыр, цІыху дызыдэуэршэрхэр дапхуэдэу зэран къызэрытхуэхъуфынур?

Хьисэ и лъэужь ирикІуэм и гупсысэхэмкІи и ІуэхущІафэхэмкІи сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэра нейтралитетыр щихъумэн хуейр?

ЗЫГУЭР КЪОУПЩІЫНКІЭ ХЪУНУЩ: «Ныпыр щІэвмыгъэлъапІэр икІи гимныр щІыжывмыІэр сыт?»

  • Сыт хуэдэ жэуапт абы ептынур?

КЪЭПЩЫТЭЖ

Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм я гупсысэхэмкІи, я псалъэхэмкІи, я ІуэхущІафэхэмкІи нейтралитетыр яхъумэ.

Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх:

  • Къэрал унафэщІхэм я пащхьэм сыт хуэдэ къалэнхэр щыдиІэ?

  • Политикэм сыт дэ дыщІыхэмыІэбэр?

  • Сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэм деж нейтралитетыр тхъумэну къыщыдэгугъуэкІынкІэ хъунур?

ПщІэ хъунур:

НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ

Нейтралитетыр зэрытхъумэм къыхэкІкІэ сыт хуэдэ гугъуехьхэм дыпэщІэхуэнкІэ хъуну?

«Иеговэ дэ зэикІ дыкъигъэнакъым» (3:14)

Нейтралитетыр хъумэным пыщІа гъэунэхуапІэхэм унагъуэхэм дапхуэдэу зэрызыхуагъэхьэзырыфынур?

«Нейтралитетыр тхъумэну сыт щыгъуи дыхьэзырщ» (4:25)

Уи хэкур пхъумэным нэхърэ нэхъ пщІэ зыпылъ къалэн щыІэ?

«Алыхьыр ди гъусэмэ псори тхуэзэфІэкІынущ» (5:19)

ЛэжьапІэ къыщыхэтхкІэ мы дунейм дызэрыщымыщыр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэфынур?

«Хэти и хьэлъэр езым и пщэм дэлъщ» («ХъумакІуэ чэщанэ», гъатхэпэ мазэм и 15, 2006 гъэ, урысыбзэкІэ)