Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

46 УРОКЫР

Уи гъащІэр Алыхьым и ІэмыщІэ иплъхьэу, псым зыщІэбгъэуэн щІыхуейр сыт?

Уи гъащІэр Алыхьым и ІэмыщІэ иплъхьэу, псым зыщІэбгъэуэн щІыхуейр сыт?

Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ щиплъхьэм деж, уэ абы тхьэлъэІукІэ зыхубогъазэри жыбоІэ и Іэмырыр псом япэ зэрибгъэщынур икІи абы фІэкІа нэгъуэщІым зыми узэрыхуэмылэжьэнур (Псалом 40:8). А лъэбакъуэм къыкІэлъыкІуэр псым зыщІэбгъэуэныращ. АбыкІэ уэ адрейхэм ебгъэлъэгъунущ уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэм зэриплъхьар. Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэм иплъхьэныр псом нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ унафэу щытщ. А лъэбакъуэр пчыну сыт ухуэзыгъэушын хуейр?

1. И гъащІэр Алыхьым и ІэмыщІэ ирилъхьэну цІыхур хуэзыгъэушыр сыт?

Ди гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ итлъхьэну дэ дыхуэзыгъэушыр лъагъуныгъэращ (1 Иуан 4:10, 19). Библием щыжыІащ: «Уэ уигу псомкІи, уи псэ псомкІи, уи зэхэщІыкІ псомкІи, уи къару псомкІи Зиусхьэну уи Тхьэр фІыуэ лъагъу» (Марк 12:30). Алыхьым худиІэ лъагъуныгъэр ди псалъэхэм къызэрыхэщым нэмыщІ, ди ІуэхущІафэхэми къыхэщын хуейщ. Псалъэм папщІэ, цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ фІыуэ зэрылъагъумэ, абыхэм нэчыхь ирагъэтх. Апхуэдэу, дэри Иеговэ фІыуэ тлъагъумэ, ди гъащІэр абы и ІэмыщІэ итлъхьэу, псым зыщІэдгъэуэнущ.

2. Иеговэ псым зыщІэзыгъэуа и лэжьакІуэхэм сыт хуэдэ фІыгъуэхэр яхуигъэхьэзыра?

Псым зыщІэбгъэуа нэужь уэ Иеговэ и унагъуэшхуэм щыщ ухъунущ. Уэ абы и лъагъуныгъэр уи гъащІэм сыт и лъэныкъуэкІи зыхэпщІэнущ икІи нэхъ гъунэгъуж ухуэхъунущ. (Къеджэ Малахия 3:16—18.) Уафэм щыІэ Алыхьыр уэ Адэ зэрыпхуэхъунум нэмыщІ, Иегови уэри фІыщэу фызылъагъу къуэш, шыпхъу куэд дуней псом ущиІэнущ. (Къеджэ Марк 10:29, 30.) Ауэ псым зыщІэбгъэуэн ипэ, а лъэбакъуэм фІыуэ зыхуэбгъэхьэзырын хуейщ. Уэ Иеговэ къэпцІыхуу, ар фІыуэ плъагъун икІи и Къуэ закъуэмкІэ фІэщхъуныгъэ зэбгъэгъуэтын хуейщ. Абы иужь уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэмэ, псым зыщІэбгъэуэну ухьэзыру жыпІэ хъунущ. Абдежым щыщІэдзауэ уэ гъащІэ мыухыжым ухуэзышэ гъуэгум утоувэ. Алыхьым и Псалъэм щыжыІащ псым зыщІэбгъауэмэ, укъелыну Іэмал уиІэ зэрыхъур (1 Петр 3:21).

НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ

Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэу, псым зыщІэбгъэуэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр къащІэ.

3. Хэт ухуэлэжьэнуми къыхэх

Пасэрей зэманым израил лъэпкъым щыщ языныкъуэ цІыхухэм я гугъэт Иегови тхьэ нэпцІ Ваали зэуэ ухуэлажьэ хъуну. Ауэ Иеговэ абыхэм бегъымбар Иляс яхуигъэкІуащ, ахэр зэрыщыуэр къагуригъэІуэжын щхьэкІэ. 1 Царей 18:21 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:

  • Израил цІыхухэм сыт хуэдэ унафэт къащтэн хуейр?

Израил цІыхухэм хуэдэу, дэри нобэ хэт дыхуэлэжьэнуми къыхэтхын хуейщ. Лука 16:13 итым къеджи мы упщІэхэм егупсыс:

  • Иегови нэгъуэщІ зыгуэрми сыт зэуэ ущІыхуэмылэжьэфынур?

  • Иеговэ дыхуэлэжьэну къызэрыхэтхар дауэ абы зэредгъэлъагъу хъунур?

4. Иеговэ къыпхуиІэ лъагъуныгъэм и инагъым егупсыс

Иеговэ дэ тыгъэ лъапІэ куэд къыдитащ. Ауэ сыт дэ абы еттыфынур? ВИДЕОМ еплъ.

Иеговэ фІыуэ узэрилъагъур уэ дапхуэдэу зэрызыхэпщІар? Псалом 104:14, 15, 1 Иуан 4:9, 10 итым къеджи мы упщІэхэм егупсыс:

  • Иеговэ и сыт хуэдэ тыгъэхэра уэ псом нэхърэ нэхъ лъапІэу плъытэр?

  • Иеговэ къыпхуищІа псом ущегупсысым деж, сыт хуэдэ гурыщІэхэр абы ухуиІэ хъурэ?

Дигу ирихь тыгъэ къыщыдатым деж, ар къыдэзытам ди гум илъ фІыщІэр зэредгъэлъэгъуным дыхущІокъу. Второзаконие 16:17 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:

  • Иеговэ къыпхуищІа псом ущегупсысым деж, сыт уэ абы хуэпщІэжыну узыхуейр?

5. Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэм зэриплъхьэм уэ фІыгъуэ куэд къыпхуихьынущ

Куэдым я гугъэщ цІэрыІуэ хъумэ, лэжьыгъэфІ зрагъэгъуэтмэ е ахъшэ куэд яІэмэ, насыпыфІэ хъуну. Ауэ абы насыпыфІэ уищІыфыну пІэрэ? ВИДЕОМ еплъи къыкІэлъыкІуэ упщІэхэм жэуап ет:

  • Видеом хэта цІыхухъум футболыр фІыщэу илъагъуу щытами, сыт ар къыщІигъэнар?

  • Абы и гъащІэр футболым иримыту Иеговэ зэрыритам Іущагъ хэлъу къэплъытэрэ? Сыт апхуэдэу ущІегупсысыр?

Апостол Паул Хьисэ и лъэужь иувэн ипэ журтхэм я деж пщІэрэ щІыхьрэ щиІэу щытащ. Ар журтхэм я хабзэм хуезыгъэджар а зэманым цІэрыІуэу щыта егъэджакІуэт. Ауэ абы псори къигъэнащ, Хьисэ и лъэужь иувэн щхьэкІэ. Паул къищта унафэм хущІегъуэжауэ пІэрэ? Филиппи 3:8, ДЩІ итым къеджи мы упщІэхэм егупсыс:

  • Хьисэ и лъэужь иувэн ипэ Паул лъапІэу илъытэу щыта псом пхъэнкІийкІэ сыт щІеджар?

  • Къигъэнам и пІэкІэ Паул сыт хуэдэ фІыгъуэхэр игъуэта?

  • Дауэ уеплърэ, Иеговэ ухуэлэжьэныра хьэмэрэ нэгъуэщІ мурадхэм ухущІэкъуныра нэхъыфІыр? Сыт апхуэдэу къыщІэплъытэр?

Паул Хьисэ и лъэужь иува нэужь къызэринэкІам нэхърэ нэхъыбэж иІэ хъуащ

ЗЫГУЭРЫМ ЖИІЭФЫНУЩ: «Алыхьым ухуэлажьэ нэхърэ уи нэгу зебгъэужьу упсэумэ нэхъыфІщ».

  • Уэ абы дауэ узэреплъыр? Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэн щІыхуейр сыт?

КЪЭПЩЫТЭЖ

Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэм дыхуегъэуш ди гъащІэр абы и ІэмыщІэм итлъхьэу, псым зыщІэдгъэуэну.

Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх:

  • Гурэ псэкІэ фІыуэ тлъагъуну икІи абы фІэкІа нэгъуэщІым зыми дыхуэмылэжьэну Иеговэ щІыхуэфащэр сыт?

  • Псым зыщІэзыгъэуа и лэжьакІуэхэм Иеговэ сыткІэ хуэупсэрэ?

  • Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэну ухуей?

ПщІэ хъунур:

НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ

Уэрэд жыІакІуэмрэ спорстменымрэ я гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иралъхьэну хуэзыгъэушар сытми къащІэ.

«ЩІалэгъуалэм я упщІэхэр. ГъащІэм и сыт хуэдэ гъуэгу къыхэсхынур? УзэІэбэкІыжмэ» (6:54)

Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэну иджыри сыт хуэдэ щхьэусыгъуэхэр щыІэ?

«Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ щІиплъхьэн хуейр сыт?» («ХъумакІуэ чэщанэ», щІышылэм и 15, 2010 гъэ, урысыбзэкІэ)

Зи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ изылъхьахэм сыт хуэдэ гуфІэгъуэ зыхащІэми мы видеом щеплъ.

«Си гъащІэр уэ узот» (4:30)

«„ГъащІэм и мыхьэнэр сыт?“ — жысІэурэ сэ илъэс куэдкІэ сегупсысащ» жыхуиІэ биографием уэ къыщыпщІэнущ зы цІыхубз гуэрым и гъащІэм хэплъэжыну хуэзыгъэушар сытми.

«Библием гъащІэр ехъуэж» («ХъумакІуэ чэщанэ», щэкІуэгъуэм и 1, 2012 гъэ, урысыбзэкІэ)