Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

48 УРОКЫР

НыбжьэгъуфІхэр къыхэх

НыбжьэгъуфІхэр къыхэх

НыбжьэгъуфІхэм ди гуфІэгъуэм хагъахъуэ, гугъуехь дищиІэм дежи щІэгъэкъуэн къытхуохъу. Ауэ Библием жеІэ дэтхэнэ зы цІыхури дэ ныбжьэгъуфІ зэрытхуэмыхъунур. Дапхуэдэу-тІэ ныбжьэгъуфІхэр къызэрыхэтхынур? Абы дытепсэлъыхьынщ.

1. Ныбжьэгъухэм Алыхьым е пэжыжьэ е гъунэгъу ухуащІыфынущ

Дэ дызигъусэм ещхь дохъуж. Ди ныбжьэгъухэм интернеткІэ депсалъэми, дахуэзэурэ дадэуэршэрми — ар дапхуэдэуи ирехъу — ахэр е зэран е сэбэп къытхуэхъуфынущ. Библием щыжыІащ: «Іущхэм ныбжьэгъу хуэхъур Іущ хъунущ, акъылыншэм [Иеговэ фІыуэ зымылъагъум] гъусэ хуэхъур бэлыхь хэхуэнущ» (Притчи 13:20). Иеговэ фІыуэ зылъагъу икІи абы хуэлажьэ ныбжьэгъухэр уэ къыбдэІэпыкъуфынущ Алыхьым хуэпэжу укъэнэну, унафэ пэжхэри къэпщтэну. Ауэ бгъэныбжьэгъур Иеговэ хуэмылажьэмэ, абы Алыхьым пэжыжьэ ухуищІыфынущ. Аращ Библием дыщІыхуигъэушыр ныбжьэгъу къыхэхыным мыхьэнэшхуэ еттыну. Иеговэ фІыуэ зылъагъу ныбжьэгъухэр фІыкІэ зытхъуэжыну къыддэІэпыкъуфынущ, дэри абыхэм сэбэп дахуэхъуфынущ. Дэ зым зыр дгъэгушхуэфынущ, дгъэбыдэфынущ, щІэгъэкъуэни дызэхуэхъуфынущ (1 Фессалоникэ 5:11).

2. Иеговэ и дежкІэ мыхьэнэ иІэу пІэрэ сыт хуэдэ ныбжьэгъу къыхэтхми?

Иеговэ хэплъыхьауэщ ныбжьэгъу къызэрыхихыр. Библием итщ: «ЦІыху пэжхэмрэ абырэ [Иеговэрэ] я зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъщ» (Притчи 3:32). Сыт Иеговэ зыхищІэнур, ар фІыуэ зымылъагъу цІыхухэр дгъэныбжьэгъуу щытмэ? ДауикІ, ар абы игу ирихьынукъым! (Къеджэ Екъуб 4:4.) Ауэ Иеговэ гуфІэнущ, ар фІыуэ зылъагъухэр дгъэныбжьэгъуу щытмэ. Иеговэ дэркІэ арэзыуэ щытынущ, и ныбжьэгъууи дыкъилъытэнущ, ар фІыуэ зылъагъухэр дгъэныбжьэгъумэ икІи ныбжьэгъу Іей тхуэхъуфынухэм гъунэгъу захуэдмыщІмэ (Псалом 15:1—4).

НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ

КъащІэ хэплъыхьауэ ныбжьэгъу къыхэпхын щІыхуеймрэ уи гъащІэр нэхъыфІ зыщІыфыну ныбжьэгъухэр къызэрыхэпхыну щІыкІэмрэ.

3. Зэран къыпхуэхъунухэм защыхъумэ

Алыхьыр фІыуэ зымылъагъу, и хабзэхэми темыт цІыхур ныбжьэгъу пхуэхъунукъым. ВИДЕОМ еплъи мы упщІэм жэуап ет:

  • Дапхуэдэу дэ езым гу зылъыдмытэжу зэран къытхуэхъун гуэр пэшэгъу зэрытхуэхъуфынур?

1 Коринф 15:33 итым къеджи мы упщІэхэм егупсыс:

  • Сыт хуэдэ цІыхухэра уэ ныбжьэгъу пхуэмыхъунур? Сыт апхуэдэу ущІегупсысыр?

Псалом 119:63 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:

  • Ныбжьэгъу къыщыхэпхкІэ сыт узэплъын хуейр?

Зы мыІэрысэ фам мыдрейхэр псори зэІигъэхьэфынущ. Зы ныбжьэгъу Іейр дапхуэдэу уэ зэран къызэрыпхуэхъуфынур?

4. Уэ уэмыщхьри ныбжьэгъу пхуэхъуфынущ

Библиер топсэлъыхьыж Израилым щыпсэуа Даутрэ Ионафанрэ я зэныбжьэгъугъэм. А тІур куэдкІэ зэщхьтэкъым: зыр мэлыхъуэт, адрейр — пащтыхьым и къуэт. Абы нэмыщІ ныбжькІи ахэр фІыуэ зэщхьэщыкІт. Ауэ абы щхьэкІэ къэмынэу а тІум я зэхуаку ныбжьэгъугъэ быдэ дэлъащ. 1 Самуила 18:1 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:

  • Зэныбжьэгъухэр зэныбжьу, къызыхэкІа унагъуэмкІи зэщхьу Іэмал имыІэу щытын щІыхуэмейр сыт?

Рим 1:11, 12 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:

  • Иеговэ фІыуэ зылъагъу зэныбжьэгъухэр дапхуэдэу зыр зым щІэгъэкъуэн зэрыхуэхъур?

Мы видеом къыщыпщІэнущ ди зы къуэшым езым емыщхь ныбжьэгъу къызэригъуэтар. ВИДЕОМ еплъи мы упщІэхэм жэуап ет:

  • Акил школым ныбжьэгъу хуэхъуахэм щхьэкІэ и адэ-анэр щхьэ гузавэрэт?

  • Школым ныбжьэгъу къыхуэхъуахэр Акил япэщІыкІэ сытыт игу щІрихьыр?

  • Закъуэныгъэм пэлъэщыну сыт абы къыдэІэпыкъуар?

5. Зэныбжьэгъугъэ быдэр сыт зэлъытар?

Ныбжьэгъу пэж къызэрыбгъуэтыныр икІи уэ езыри ныбжьэгъу пэжу ущытын щхьэкІэ пщІэн хуейр къащІэ. ВИДЕОМ еплъ.

Притчи 18:24, 27:17 итым къеджи мы упщІэхэм егупсыс:

  • НыбжьэгъуфІхэр дапхуэдэу зэрызэдэІэпыкъур?

  • Уэ ныбжьэгъуфІ уиІэ? УимыІэу щытмэ, дапхуэдэу къызэрыбгъуэтыфынур?

1 Коринф 10:24 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:

  • НыбжьэгъуфІ уиІэн щхьэкІэ, уэ езыр ныбжьэгъуфІу ущытын хуейщ. Абы щхьэкІэ сыт пщІэн хуейр?

НыбжьэгъуфІ уиІэн щхьэкІэ, уэ езыр ныбжьэгъуфІу ущытын хуейщ

ЗЫГУЭРЫМ ЖИІЭФЫНУЩ: «Ныбжьэгъу зыри уимыІэххэ нэхърэ, хэтми зы ныбжьэгъу гуэр уиІэмэ нэхъыфІщ».

  • АбыкІэ уарэзы?

КЪЭПЩЫТЭЖ

Хэплъыхьауэ ныбжьэгъу къыхэтхмэ, Иеговэ арэзы тщІынущ, къыхэтха ныбжьэгъухэми дэ нэхъыфІ дащІыфынущ.

Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх:

  • Хэт ныбжьэгъу тщІыми Иеговэ и дежкІэ мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

  • Сыт хуэдэ цІыхухэра ныбжьэгъу пщІы мыхъунур?

  • Ныбжьэгъу пэж зэбгъэгъуэтын щхьэкІэ, сыт пщІэн хуейр?

ПщІэ хъунур:

НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ

Гугъуехь ущиІэм деж ныбжьэгъуфІхэр дапхуэдэу къыбдэІэпыкъуфынуми къащІэ.

«Фи зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ фщІы, дунейм и кІэр къэмыс щІыкІэ» («ХъумакІуэ чэщанэ», щэкІуэгъуэ, 2019 гъэ)

ИнтернеткІэ зыгуэр гъэныбжьэгъуным теухуауэ сыт къыбгурыІуэн хуейр?

«Соцсетьхэм ущискІэ сабийм хуэдэу ущымыт!» (4:12)

«Сэ хуабжьу адэ сыхуэныкъуэт» жыхуиІэ биографием еджи, зы цІыхухъу гуэрым и ныбжьэгъухэр ихъуэжыну хуэзыгъэушар сытми къащІэ.

«Библием гъащІэр ехъуэж» («ХъумакІуэ чэщанэ», мэлыжьыхьым и 1, 2012 гъэ, урысыбзэкІэ)