Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

50 УРОКЫР

Унагъуэр сыт насыпыфІэ зыщІыфынур? (2 Іыхьэр)

Унагъуэр сыт насыпыфІэ зыщІыфынур? (2 Іыхьэр)

Быныр — Иеговэ къыбгъэдэкІ тыгъэщ. Иеговэ хуейщ адэ-анэхэр а тыгъэм хуэсакъыну. Быныр зыхуей зэрыхуэгъэзэным, зэрыгъэсэным теухуауэ Иеговэ адэ-анэхэм чэнджэщыфІхэр ярет. Иеговэ сабийхэми яжреІэ унагъуэр зэрыщыту насыпыфІэу щытын щхьэкІэ сыт езыхэм ящІэ хъунуми.

1. Иеговэ адэ-анэхэм сыт хуэдэ чэнджэщ яритыр?

Иеговэ хуейщ адэ-анэхэм я бынхэр фІыуэ ялъагъуну икІи зэрыхъукІэ нэхъыбэрэ яригъусэну. Иджыри Иеговэ адэ-анэхэм щогугъ я бынхэм зэран къахуэхъуфынум щахъумэну икІи Библием ит принципхэм тету ягъэсэну (Притчи 1:8, Гъэсэпэтхыдэхэр). Псалъэм папщІэ, адэхэм хуэгъэзауэ Библием мыпхуэдэу итщ: «Фи бынхэр... Зиусхьэным зэрыфІэигъуэм тету фпІы икІи вгъасэ». (Къеджэ Ефес 6:4.) Иеговэ дежкІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ адэ-анэхэм сабий гъэсэныр нэгъуэщІым я пщэ дамылъхьэу, езым и чэнджэщхэм тету я бынхэр ягъэсэным.

2. Иеговэ сабийхэм сыт хуэдэ чэнджэщ яритыр?

Иеговэ сабийхэр къыхуреджэ: «Фи адэ-анэхэм сыт и лъэныкъуэкІи федаІуэ». (Къеджэ Колоссэ 3:20.) Сабийхэм я адэ-анэм пщІэ хуащІмэ икІи едаІуэмэ, Иегови я адэ-анэри арэзы ящІынущ (Притчи 23:22—25, Гъэс.). Хьисэ сабийхэм щапхъэфІ яхуохъу. Абы гуэныхь хэлъу щымытами, гуэныхь зыхэлъ и адэ-анэм едаІуэу, пщІэ яхуищІу щытащ (Лука 2:51, 52).

3. Дапхуэдэу уи унагъуэр Алыхьым гъунэгъу зэрыхуэхъуфынур?

Сабий фиІэу щытмэ, фэ, дауикІ, фыхуейщ Иеговэ фІыуэ зэрыфлъагъум хуэдэу, фи бынхэми ар фІыуэ ялъагъуну. Фи сабийхэм Иеговэ фІыуэ ялъагъун щхьэкІэ сыт фэ фщІэ хъунур? Библием мыпхуэдэу щыжыІащ: «Ахэр [Иеговэ и псалъэхэр] уи бынхэм яхэпщэ, абыхэм яхутепсэлъыхь унэм ущыщІэсым икІи гъуэгу ущытетым... деж» (Второзаконие 6:7). «Яхэпщэ» жыхуиІэ псалъэм къегъэлъагъуэ фи бынхэм зыгуэр къагурыІуэн икІи ягу ираубыдэн щхьэкІэ, ар мызэ-мытІэу яжефІэн зэрыхуейр. Мы едзыгъуэм къыхощ Иеговэ теухуауэ ди сабийхэм депсэлъэну диІэ сыт хуэдэ Іэмалри къэдгъэсэбэпын зэрыхуейр. Фи унагъуэм щыщхэм псоми зэгъусэу Библиер вджын щхьэкІэ, тхьэмахуэ къэс зэман къыдэвгъэкІ. Сабий фимыІэу щытми, уи щхьэгъусэмрэ уэрэ зэгъусэу тхьэмахуэ къэс Алыхьым и Псалъэр вджымэ, ар сэбэп къыфхуэхъунущ.

НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ

Унагъуэм щыщхэм я гум мамырыгъэ илъын икІи фІыуэ къызэралъагъур зыхащІэн щхьэкІэ Библием ит принципхэр дапхуэдэу къадэІэпыкъунуми къащІэ.

4. Лъагъуныгъэ вгъэлъагъуэурэ фи сабийхэр вгъасэ

Сабий бгъэсэну тыншкъым. Дапхуэдэу абыкІэ Библиер къызэрыддэІэпыкъуфынур? Екъуб 1:19, 20 итым къеджи мы упщІэхэм егупсыс:

  • Я сабийхэм щепсалъэкІэ дапхуэдэу адэ-анэхэм лъагъуныгъэ зэрагъэлъагъуэ хъунур?

  • Адэ-анэхэр къэгубжьауэ я быным тезыр тралъхьэн щІыхуэмейр сыт? a

5. Фи сабийхэр фхъумэ

ЦІыхухъумрэ цІыхубзымрэ зэгъусэным теухуауэ уи сабийхэм псоми уепсэлъэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. УукІытэу щытми, ар Іэмал имыІэу пщІэн хуейщ, сабийхэр хъума хъун щхьэкІэ. ВИДЕОМ еплъи мы упщІэхэм жэуап ет:

  • ЦІыхухъумрэ цІыхубзымрэ зэгъусэным теухуауэ я бынхэм епсэлъэну сыт языныкъуэ адэ-анэхэм къащІехьэлъэкІыр?

  • Языныкъуэ адэ-анэхэр цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ зэгъусэным теухуауэ я бынхэм дапхуэдэу зэрепсалъэр?

Библием зэритым хуэдэу мы дунейм щыщ цІыхухэр кІуэ пэтми нэхъ Іей хъуурэ макІуэ. 2 Тимофей 3:1, 13 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:

  • 13-нэ едзыгъуэм зи гугъу ищІ цІыхухэм хохьэ сабий къэзыгъапцІэу зезышэхэри, сабийхэм лей езыххэри. Апхуэдэ цІыхухэм зэрызыщахъумэну щІыкІэми, цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ зэгъусэным теухуауи адэ-анэр сабийхэм епсэлъэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

ПщІэуэ пІэрэ?

Иеговэ и Щыхьэтхэм адэ-анэхэм сэбэп къахуэхъун тхыгъэ куэд къыдагъэкІащ. А тхыгъэхэр абыхэм къадоІэпыкъу цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ зэгъусэным теухуауэ я бынхэм епсалъэу зрагъэсэну икІи я сабийхэм лей къезыхынкІэ хъуну цІыхухэм щахъумэну. Псалъэм папщІэ, мыбыхэм уеплъ хъунущ:

6. Фи адэ фи анэхэм пщІэ яхуэфщІ

Сабийхэмрэ ныбжьыщІэхэмрэ я адэ-анэхэм пщІэ хэлъу епсэлъэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. ВИДЕОМ еплъи мы упщІэхэм жэуап ет:

  • Уи адэ-анэм пщІэ хэлъу уепсэлъэным сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр?

  • Уи адэ-анэм ущепсалъэкІэ, дапхуэдэу къызэрыбгъэлъагъуэ хъунур абыхэм пщІэ зэрахуэпщІыр?

Притчи 1:8 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:

  • Сабийм е ныбжьыщІэм ищІэн хуейр адэ-анэм къыщыжраІэм деж, дапхуэдэу ар абы зэрыхущытын хуейр?

7. Зэрыунагъуэу Иеговэ фыхуэлажьэ

Иеговэ хуэлажьэ унагъуэхэм тхьэмахуэ къэс зэгъусэу Библиер ядж. Уи унагъуэм Библие джыныр дапхуэдэу зэрыригъэкІуэкІ хъунур? ВИДЕОМ еплъи мы упщІэхэм жэуап ет:

  • Тхьэмахуэ къэс зэгъусэу Библиер вджын щхьэкІэ унагъуэм щыщ дэтхэнэ зыми сыт ищІэ хъунур?

  • Адэ-анэхэм сыт ящІэ хъунур, унагъуэм зэгъусэу Библие джыныр гъэщІэгъуэну икІи сэбэпынагъ къыпхуихьу екІуэкІын щхьэкІэ? (Урокым ипэм къыщыхьа сурэтым еплъ.)

  • Зэгъусэу Библиер вджыну фи унагъуэм сыт зэран къыхуэхъуфынур?

Иеговэ хуейт пасэрей Израилым щыщ унагъуэхэр зэхуэсурэ Тхыгъэ ЛъапІэм ит гупсысэхэр зэпкърахыну. Второзаконие 6:6, 7 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:

  • Мы принципыр дапхуэдэу уи унагъуэм къызэрыщыбгъэсэбэпыфынур?

Унагъуэм зэгъусэу Библие джыныр зэребгъэкІуэкІ хъунур:

ЗЫГУЭРЫМ ЖИІЭФЫНУЩ: «Сабийхэм щхьэкІэ Библиер тхылъ гугъуІуэщ».

  • Апхуэдэу жызыІэм сыт жепІэ хъунур?

КЪЭПЩЫТЭЖ

Иеговэ хуейщ адэ-анэм я быныр фІыуэ ялъагъуну, ягъэсэну, яхъумэну; сабийхэми ар щогугъ я адэ-анэм пщІэ хуащІыну, едэІуэну. Абы нэмыщІ Иеговэ хуейщ адэ-анэхэмрэ сабийхэмрэ зэгъусэу къыхуэлэжьэну.

Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх:

  • Дапхуэдэу адэ-анэм я сабийр зэрагъасэ икІи зэрахъумэ хъунур?

  • Сабийхэм я адэ-анэм пщІэ зэрыхуащІыр дапхуэдэу къызэрагъэлъэгъуэфынур?

  • Унагъуэм щыщхэм зэгъусэу тхьэмахуэ къэс Библиер яджмэ, сыт хуэдэ сэбэпынагъ къахуихьынур?

ПщІэ хъунур:

НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ

Адэ-анэм я сабийхэр гъащІэм дапхуэдэу зэрыхуагъэхьэзыр хъунур?

«Сабийм хэлъын хуей хьэл-щэних» («Фыкъызэщыу!» № 2 2019, урысыбзэкІэ)

Сабий гъэсэным хэзымыщІыкІыу щыта зы цІыхухъу гуэр адэфІ зэрыхъуам теухуауэ къащІэ.

«Ди сабийхэр дгъэсэну Иеговэ къыддэІэпыкъуащ» (5:58)

a Библием зэрыжиІэмкІэ, «гъэсэн» псалъэм къокІ цІыхум еущиеныр, чэнджэщ етыныр, и щыуагъэхэр къыгурыгъэІуэжыныр, тезыр телъхьэныр. Ауэ абы къикІкъым цІыхум и пщІэр ебудыхын хуейуэ е гущІэгъуншэу ухущытын хуейуэ (Притчи 4:1, Гъэс.).