Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

54 УРОКЫР

«ЗэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъун унэІутыр»

«ЗэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъун унэІутыр»

Зэхуэсым и щхьэу щытыр Хьисэ Мэссихьщ (Ефес 5:23). Ар иджыпсту уафэм щыІэщ. Абы щІылъэм тет и лъэужь ирикІуэхэр «зэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъун унэІутыр» къигъэсэбэпу еунэтІ. (Къеджэ Маттэ 24:45.) А унэІутыр Хьисэщ тезыгъэувар. Абы ар хуит ищІащ унафэ гуэрхэр къищтэну. Апхуэдэ хуитыныгъэ иІэми, ар Хьисэ и лъабжьэ щІэту къонэж икІи Хьисэ и къуэшхэм хуолажьэ. Хэт хъуну а унэІутыр икІи дапхуэдэу абы и нэІэ къызэрыттригъэтыр?

1. Хэт хъуну «зэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъун унэІутыр»?

Иеговэ и лъэпкъыр иунэтІын щхьэкІэ сыт щыгъуи цІыху щхьэхуэхэр е цІыху гупхэр къигъэсэбэпу щытащ (Малахия 2:7; Еврейхэм 1:1). Хьисэ лІа иужь Ерусалим щыІэ апостолхэмрэ зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ зэхуэсхэм кІэлъыплъу щІадзащ (Апостолхэм 15:2). Абыхэм я щапхъэм тету, ноби Иеговэ и Щыхьэтхэм я УнафэщІ гупым хыхьэ къуэш зыбжанэм Алыхьым къыбгъэдэкІ щІэныгъэр къыдат, хъыбарыфІ гъэІун лэжьыгъэри яунэтІ. А гупым хыхьэ зэхуэсым и нэхъыжьу лажьэ къуэшхэращ «зэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъун унэІуткІэ» еджэу Хьисэ тригъэувар (Маттэ 24:45, япэ Іыхьэр). УнафэщІ гупым хыхьэхэм псоми уафэм кІуэну гугъэ яІэщ. Ахэр лІэуэ уафэм дэкІуеижа иужь Хьисэ и гъусэу уафэм щытепщэнущ.

2. УнэІут пэжым сыт хуэдэ шхын къыдитыр?

Хьисэ жиІауэ щытащ унэІут пэжым Алыхьым и лэжьакІуэхэм шхыныр и чэзум зэрыритынур (Маттэ 24:45, етІуанэ Іыхьэр). Шхыным къару къызэрыдитым икІи ди узыншагъэр зэрызэтриІыгъэм хуэдэу, Алыхьым къыбгъэдэкІ шхыныгъуэр — Библием тегъэщІа щІэныгъэр — къыддоІэпыкъу Иеговэ хуэпэжу дыкъэнэну, Хьисэ къыдита къалэнри дгъэзэщІэну (1 Тимофей 4:6). Алыхьым къыбгъэдэкІ шхыныгъуэр ди зэІущІэхэмкІэ, конгрессхэмкІэ, Библием тегъэщІа публикациехэмкІэ, видеохэмкІэ къытІэрохьэ. А псор къыддоІэпыкъу Алыхьыр къызэрытщыгугъыр фІыуэ къыдгурыІуэну, ди зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэри нэхъ быдэ тщІыну.

НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ

«ЗэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъун унэІутым», е нэгъуэщІу жыпІэмэ УнафэщІ гупым, дыщІыхуэныкъуэр къащІэ.

УнафэщІ гупым дуней псом тет Иеговэ и Щыхьэтхэм Алыхьым къыбгъэдэкІ шхыныгъуэмрэ унафэмрэ ярет икІи гузэвэгъуэшхуэ гуэр къызылъэІэсахэм ядоІэпыкъу

3. Алыхьым и лъэпкъыр фІыуэ зэгъэпэщауэ щытын хуейщ

Хьисэ и унафэм щІэту УнафэщІ гупым Иеговэ и Щыхьэтхэм я лэжьыгъэр еунэтІ. Апхуэдэущ япэ лІэщІыгъуэми Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм ирахьэкІ лэжьыгъэр зэрызэгъэпэщауэ щытар. ВИДЕОМ еплъ.

1 Коринф 14:33, 40 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:

  • И лъэпкъыр зэгъэпэщауэ щытыну Иеговэ зэрыхуейр мы едзыгъуэхэм дапхуэдэу къызэрыхэщыр?

4. «ЗэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъун унэІутым» хъыбарыфІ гъэІун лэжьыгъэр къызэрегъэпэщ

Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм хъыбарыфІ гъэІуныр псом япэ ирагъэщт. Апостолхэм 8:14, 25 итым къеджи мы упщІэхэм егупсыс:

  • Япэ лІэщІыгъуэм хъыбарыфІыр зэрагъэІуну щІыкІэм теухуауэ хэтыт унафэ зыщІыр?

  • Адрей апостолхэм ящІа унафэм Петррэ Иуанрэ дапхуэдэу зэрыхущытар?

УнафэщІ гупым иригъэкІуэкІ лэжьыгъэ нэхъыщхьэ дыдэр — ар хъыбарыфІ гъэІуныр къызэгъэпэщыныращ. ВИДЕОМ еплъ.

Хьисэ и псалъэхэм къыхощ хъыбарыфІ гъэІуным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. Марк 13:10 итым къеджи мы упщІэхэм егупсыс:

  • УнафэщІ гупым хъыбарыфІ гъэІуным апхуэдиз мыхьэнэ щІритыр сыт?

  • А лэжьыгъэр дуней псом щекІуэкІын щхьэкІэ зэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъун унэІутым дыщІыхуэныкъуэр сыт?

5. УнэІут пэжым Алыхьым и лъэпкъыр еунэтІ

Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм ирахьэкІ лэжьыгъэр УнафэщІ гупым дуней псом къыщызэрегъэпэщ. Дапхуэдэу а къуэшхэм унафэ къызэращтэр? Япэ лІэщІыгъуэм щыІа унафэщІ гупым унафэхэр къызэрищтэу щытам еплъ. Апостолхэм 15:1, 2 итым къеджи мы упщІэхэм егупсыс:

  • Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр сытыт щІызэдэуар?

  • Паулрэ Варнавэрэ нэгъуэщІ къуэшхэр я гъусэу, а упщІэр зэхагъэкІын щхьэкІэ хэт зызыхуагъэзар?

Апостолхэм 15:12—18, 23—29 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:

  • А упщІэм теухуауэ Алыхьым и еплъыкІэр гурыІуэгъуэ хъун щхьэкІэ, япэ лІэщІыгъуэм щыІа унафэщІ гупым сыт ищІар? (12, 15, 28 едзыгъуэхэм еплъ.)

Апостолхэм 15:30, 31; 16:4, 5 итым къеджи мы упщІэхэм егупсыс:

  • УнафэщІ гупым ищІа унафэм япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр дапхуэдэу зэрыхущытар?

  • ЖыІэдаІуэныгъэ зэрагъэлъэгъуам щхьэкІэ дауэ Иеговэ и нэфІ абыхэм зэращыхуар?

2 Тимофей 3:16, Екъуб 1:5 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:

  • Ди зэманым УнафэщІ гупым дапхуэдэу унафэ къызэрищтэр?

ЗЫГУЭРЫМ ЖИІЭФЫНУЩ: «УнафэщІ гупым жиІэм фыщыщІэткІэ, фэ фи пашэр цІыхухэращ».

  • УнафэщІ гупымкІэ Хьисэ дызэриунэтІыр сыт уи фІэщ зыщІыр?

КЪЭПЩЫТЭЖ

«ЗэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъун унэІуту» Хьисэ тригъэувар УнафэщІ гупыращ. А унэІутым дуней псом тет Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр еунэтІ икІи Алыхьым къыбгъэдэкІ шхыныгъуэр ярет.

Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх:

  • «ЗэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъуну унэІутыр» хэт тезыгъэувар?

  • УнафэщІ гупым дапхуэдэу и нэІэ къызэрыттригъэтыр?

  • Уи фІэщ хъурэ «зэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъуну унэІутыр» УнафэщІ гупырауэ зэрыщытыр?

ПщІэ хъунур:

НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ

УнафэщІ гупымрэ абы игъэзащІэ лэжьыгъэмрэ теухуауэ къащІэ.

«Иеговэ и Щыхьэтхэм я УнафэщІ гупыр сыт зищІысыр?» (интернет-статья, урысыбзэкІэ)

Ди тхыгъэхэм пцІы хэмыхьэу, дзыхь хуэпщІ хъуну щытын щхьэкІэ, УнафэщІ гупым сыт ищІэми къащІэ.

«Дзыхь зыхуэпщІ хъуну тхыгъэхэр къыдыдогъэкІ» (17:18)

Хьисэ кърита къалэным УнафэщІ гупыр дапхуэдэу зэрыхущытыр?

«ЩІыхьышхуэ къытхуащІащ» (7:04)

УнафэщІ гупыр къигъэсэбэпу Иеговэ унафэрэ щІэныгъэрэ къызэрыдитым ди зэІущІэхэмрэ ди конгрессхэмрэ дапхуэдэу щыхьэт зэрытехъуэр?

«Иеговэ и лъэпкъыр егъасэ» (9:39)