Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

57 УРОКЫР

Гуэныхь хьэлъэ пщІауэ щытмэ, сыт пщІэн хуейр?

Гуэныхь хьэлъэ пщІауэ щытмэ, сыт пщІэн хуейр?

Уэ Иеговэ фІыщэу болъагъу икІи ар арэзы пщІын щхьэкІэ къару куэд ибохьэлІэ. Абы емылъытауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, уэ щыуагъэ гуэрхэр къыпІэщІэщІэнущ. Ауэ языныкъуэ щыуагъэхэр гуэныхь хьэлъэу щытщ (1 Коринф 6:9, 10). Уэ гуэныхь хьэлъэ пщІамэ, зыщомыгъэгъупщэ Иеговэ фІыуэ уилъагъун зэрыщимыгъэтар. Ар хуабжьу хуейщ къыбдэІэпыкъуну икІи къыпхуигъэгъуну сыт щыгъуи хьэзырщ.

1. Иеговэ къытхуигъэгъун щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?

Иеговэ фІыуэ зылъагъу дэтхэнэ зыми гуэныхь хьэлъэ зэрищІар къыщыгурыІуэжым деж, ар хуабжьу и гум щІохьэ. Ауэ Иеговэ и лъэпкъым жриІа псалъэхэм абы и гур фІы ещІыж: «Фи гуэныхьхэр щэкІ плъыжьыбзэм хуэдэу щытми, уэсым хуэдэу, хужьыбзэ хъунущ» (Исайя 1:18). Гуэныхь тщІам гурэ псэкІэ дыхущІегъуэжмэ, Иеговэ къытхуигъэгъунущ икІи ар зэи игу къигъэкІыжынукъым. ХущІегъуэжыным сыт къикІыр? ХущІегъуэжыным хохьэ гуэныхь пщІар къыбгурыІуэжу ар уигу къеуэжыныр, афІэкІа ар зэромыщІэжыныр икІи Иеговэ къыпхуигъэгъуну уелъэІуныр. Абы нэмыщІ гуэныхьым ухуэзыша хьэлхэмрэ гупсысэкІэмрэ пхъуэжу, Иеговэ и хабзэ къабзэхэм утету узэрыпсэуным ухущІэкъун хуейщ. (Къеджэ Исайя 55:6, 7.)

2. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр къигъэсэбэпу Иеговэ дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?

Гуэныхь хьэлъэ зыщІа цІыхур Иеговэ хуегъэуш зэхуэсым и нэхъыжьхэм зыхуигъэзэну. (Къеджэ Екъуб 5:14, 15.) Зэхуэсым и нэхъыжьхэм Иегови абы и мэл цІыкІухэри фІыуэ ялъагъу. Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр зэтедгъэувэжын щхьэкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр дэІэпыкъуэгъу къытхуэхъуфу ди организацэм иригъэджащ (Галатие 6:1).

Гуэныхь хьэлъэ зыщІам зэхуэсым и нэхъыжьхэр дапхуэдэу зэрыдэІэпыкъунур? Зэхуэсым и нэхъыжьу лажьэ къуэшитІым е къуэшищым БиблиемкІэ абы ирагъэлъэгъунущ ищІар Иеговэ гуэныхьу къыщІилъытэм и щхьэусыгъуэр. А гуэныхьыр афІэкІа имыщІэну къыдэІэпыкъуну чэнджэщхэр абы иратынущ икІи и Іэр иримыхьэхыну хуагъэушынущ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм унафэ ящІынкІэ хъунущ цІыхум Иеговэ хуиІэ ныбжьэгъугъэр зэтригъэувэжыху, зэхуэсым и Іуэхухэм хэмытыну. Гуэныхь зыщІэу абы хущІемыгъуэжыр зэхуэсым хагъэкІ, адрей къуэш, шыпхъухэм ар зэран яхуэмыхъун щхьэкІэ.

НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ

Гуэныхь хьэлъэ зыщІам Иеговэ зэрыдэІэпыкъум теухуауэ нэхъыбэ къащІэ. КъэпщІам и фІыгъэкІэ Иеговэ къызэрыддэІэпыкъур нэхъыбэжу фІыщІэ пщІынущ.

3. ПщІамкІэ зыумысыжыныр — Иеговэ гъунэгъу ухуэзыщІыж япэ лъэбакъуэщ

Сыт хуэдэ гуэныхь дымыщІэми, абы Иеговэ и гур хегъэщІ. Абы къыхэкІкІэ гуэныхь зэрытщІар псом япэу зыжетІэн хуейр Иеговэщ. Псалом 32:1—5 итым къеджи мы упщІэм жэуап ет:

  • Уи гуэныхьыр щІомыхъумэу Иеговэ хуэпІуатэмэ щІэнэхъыфІыр сыт?

Иеговэ нэмыщІ ди гуэныхьыр зэхуэсым и нэхъыжьхэми яхуэтІуатэмэ, ди хьэлъэр куэдкІэ нэхъ псынщІэ хъунущ. ВИДЕОМ еплъи мы упщІэм жэуап ет:

  • Дапхуэдэу зэхуэсым и нэхъыжьхэр ди къуэшым зэрыдэІэпыкъуар Иеговэ и деж къигъэзэжыну?

Дэ зыри дымыбзыщІу ди гуэныхьыр зэхуэсым и нэхъыжьхэм яжетІэн хуейщ. Иеговэ ахэр щІытригъэувар къыддэІэпыкъун щхьэкІэщ. Екъуб 5:16 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:

  • Іуэхур зэрыщытар дымыбзыщІу зэхуэсым и нэхъыжьхэм яжетІэмэ, ахэр къыщыддэІэпыкъукІэ я Іуэхур нэхъ тынш щІэхъунур сыт?

Гуэныхь пщІар Иеговэ хуэІуатэ икІи ар зэхуэсым и нэхъыжьхэм яжеІи, ахэр зыдэгъэІэпыкъу

4. Гуэныхь зыщІар зэхуэсым зэрыхагъэкІым сыт хуэдэ сэбэпынагъ пылъыр?

Гуэныхь хьэлъэ зыщІа цІыхур Алыхьым и хабзэхэм тетыну хуэмеижмэ, ар зэхуэсым щыщу къэнэфынукъым. Апхуэдэ цІыхур зэхуэсым хагъэкІ. Зэхуэсым щыщхэм абы Іуэху зыри дащІэкъым икІи епсалъэкъым. 1 Коринф 5:6, 11, 2 Иуан 9—11 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:

  • Пщагъэ тІэкІум тхьэвыр зэрыщыту егъэфІэІу. Мы щапхъэм дапхуэдэу къызэригъэлъагъуэр зи гуэныхь хущІемыгъуэжыр зэхуэс псом зэран зэрыхуэхъуфынур?

Зэхуэсым хагъэкІа куэдым иужькІэ къагъэзэжащ. Зэхуэсым зэрыхагъэкІар абыхэм Іейуэ къехьэлъэкІами, гуэныхь ящІам и хьэлъагъыр къагурыІуэжыну икІи зыкъащІэжыну ар абыхэм къадэІэпыкъуащ (Псалом 141:5). ВИДЕОМ еплъи мы упщІэм жэуап ет:

  • Зэхуэсым зэрыхагъэкІар ди шыпхъум дапхуэдэу сэбэп къызэрыхуэхъуар?

Зи гуэныхь хущІемыгъуэжыр зэхуэсым зэрыхагъэкІым...

  • дапхуэдэу Иеговэ и цІэр улъия хъуным зэрыщихъумэр?

  • дапхуэдэу къызэригъэлъагъуэр Иеговэ захуагъэм сыт щыгъуи зэрытетыр икІи фІыуэ дыкъызэрилъагъур?

5. Ди гуэныхьым дыхущІегъуэжмэ, Иеговэ къытхуигъэгъунущ

Хьисэ къихьауэ щыта щапхъэм къыдгурегъаІуэ цІыхур и гуэныхьым щыхущІегъуэжым деж Иеговэ и гум щыщІэр сытми. Лука 15:1—7 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:

  • Иеговэ теухуауэ мы щапхъэм сыт къыуигъащІэр?

Иезекииль 33:11 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:

  • ЦІыхур гурэ псэкІэ и гуэныхьым зэрыхущІегъуэжар сыт къэзыгъэлъагъуэр?

Иеговэ мэлыхъуэфІщ. Ар и мэл цІыкІухэм щабэу яхущытщ

ЗЫГУЭРЫМ ЖИІЭФЫНУЩ: «Гуэныхь зэрысщІар зэхуэсым и нэхъыжьхэм яжесІэмэ, зэхуэсым сыхагъэкІынкІэ сошынэ».

  • Апхуэдэу жызыІэ цІыхум сытыт уэ жепІэнур?

КЪЭПЩЫТЭЖ

Гуэныхь хьэлъэ тщІамэ, ауэ абы гурэ псэкІэ дыхущІегъуэжу афІэкІа ар дымыщІэжыну мурад быдэ диІэмэ, Иеговэ къытхуигъэгъунущ.

Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх:

  • Иеговэ ди гуэныхьыр хуэтІуатэмэ, ар дэркІэ щІэнэхъыфІыр сыт?

  • Иеговэ ди гуэныхьыр къытхуигъэгъун щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?

  • Гуэныхь хьэлъэ тщІамэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэр зыдэдгъэІэпыкъун щІыхуейр сыт?

ПщІэ хъунур:

НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ

Иеговэ и гущІэгъум теухуауэ Исайя 1:18 итыр ди къуэшым зэрызыхищІам теухуауэ еплъ.

«Иеговэ и гущІэгъум зэи шэч къытомыхьэ» (5:02)

ЦІыхур зэхуэсым щІыхагъэкІым и щхьэусыгъуэр Иеговэ и Щыхьэту щымытым дапхуэдэу къызэрыгурыбгъаІуэ хъунур?

«Иеговэ и Щыхьэтхэм зэхуэсым хагъэкІахэм зыпыІуадзрэ?» (интернет-статья, урысыбзэкІэ)

«Сэ мурад сщІащ Иеговэ и деж згъэзэжыну» жыхуиІэ биографием къеджи, зы цІыхухъу гуэрым зэхуэсым къигъэзэжыну хуэзыгъэушар сытми къащІэ.

«Библием гъащІэр ехъуэж» («ХъумакІуэ чэщанэ», мэлыжьыхьым и 1, 2012 гъэ, урысыбзэкІэ)