Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

60 УРОКЫР

Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр адэкІи нэхъ быдэ щІы

Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр адэкІи нэхъ быдэ щІы

Библием тегъэщІа мы курсым и фІыгъэкІэ Иеговэ теухуауэ уэ куэд къэпщІащ. Иджы уэ Иеговэ фІыуэ болъагъу икІи уи гъащІэр абы и ІэмыщІэ иплъхьэу, псым зыщІэбгъэуауэ къыщІэкІынщ. Псым иджыри зыщІомыгъэуамэ, а лъэбакъуэр дяпэкІэ пчыну мурад уиІэ хъунщ. Псым зыщІэбгъэуа иужь, узытеува гъуэгур иухыу аракъым, атІэ щІидзэ къудейуэ аращ. Уэ гъащІэ мыухыж къыппэщылъщи, Іэмал уиІэщ Иеговэ игъащІэ псокІэ гъунэгъу зыхуэпщІыну.

1. Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр адэкІи нэхъ быдэ щІэпщІын хуейр сыт?

Дэ адэкІи Иеговэ гъунэгъу зыхуэтщІын хуейщ. Сыт щхьэкІэ? «Тхьэм и гъуэгум дытемыкІын щхьэкІэ» (Еврейхэм 2:1). Иеговэ сыт щыгъуи пэжу дыхуэлэжьэну сыт къыддэІэпыкъунур? Дэ хъыбарыфІ гъэІуным псэемыблэжу дыхэтын икІи Алыхьым дызэрыхуэлэжьэн нэгъуэщІ Іэмалхэри къэтлъыхъуэн хуейщ. (Къеджэ Филиппи 3:16.) Иеговэ ухуэлэжьэныр — ар гъащІэ гъуэгухэм я нэхъыфІ дыдэщ! (Псалом 84:10).

2. Сыт иджыри узыхущІэкъу хъунур?

Библием тегъэщІа мы курсыр и кІэм нэсами, узытеува гъуэгур абдеж щиухыркъым. Библием щыжыІащ «щэныщІэфІыр фащэу» зэтшэкІын зэрыхуейр (Ефес 4:23, 24). ЗэІущІэхэм ущыщыІэм дежи уэ езым Библиер щыбджым дежи Иегови абы и хьэл-щэнхэми теухуауэ уэ щІэ гуэр къэпщІэнущ. Иеговэ щапхъэ зэрытепхыным, и хьэл-щэнхэр зэрызыхэплъхьэным икІи ар бгъэгуфІэн щхьэкІэ зэрызыпхъуэжыным хущІэкъу.

3. Иеговэ дапхуэдэу къызэрыбдэІэпыкъунур?

Библием щыжыІащ: «Тхьэм фыкъызэфІигъэувэжынущ, фигухэр игъэбыдэнурэ, фІэщхъуныгъэм и гъуэгум фыкъимыкІуэтыжу быдэу фытригъэтынущ» (1 Петр 5:10). Дэтхэнэ зыри гъэунэхуапІэ гуэрхэм дыпэщІэхуэнущ, ауэ абыхэм дыпэщІэтын щхьэкІэ Иеговэ дызыхуэныкъуэ псор къыдет (Псалом 139:23, 24). Уэ Иеговэ укъегъэгугъэ абы пэжу ухуэлэжьэн щхьэкІэ гукъыдэжи къаруи къыуитыну. (Къеджэ Филиппи 2:13.)

НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ

Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр адэкІи нэхъ быдэ зэрыпщІ хъуным икІи езы Иегови абыкІэ къызэрыбдэІэпыкъуным теухуауэ къащІэ.

4. Уи Ныбжьэгъу нэхъыфІ дыдэм адэкІи епсалъэ!

Уэ Иеговэ ныбжьэгъу ухуэхъуну тхьэлъэІумрэ Библие джынымрэ къыбдэІэпыкъуащ. Апхуэдэ ІуэхуфІхэр дауэ къызэрыбдэІэпыкъунур адэкІи Алыхьым гъунэгъу зыхуэпщІыну?

Псалом 62:8 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:

  • Иеговэ ухуиІэ ныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ пщІын щхьэкІэ уи тхьэлъэІур дапхуэдэу нэхъыфІ зэрыпщІыфынур?

Псалом 1:2 итым къеджи мы упщІэхэм егупсыс:

  • Библиер нэхъ куууэ бджыну сыт къыбдэІэпыкъунур?

Библие джыным сэбэпынагъ нэхъыбэ къыпхуихьын щхьэкІэ сыт пщІэ хъунур? Іэмал зыбжанэм деплъынщ. ВИДЕОМ еплъи мы упщІэм жэуап ет:

  • Мы Іэмалхэм щыщу дэтхэнэрат къэбгъэсэбэпыну узыхуейр?

  • Сыт хуэдэ темэхэра уэ нэхъ куууэ зэпкърыпхыну узыхуейр?

5. Мурад пыухыкІа гъэув

Иеговэ и лэжьыгъэм епхауэ мурад пыухыкІахэр зэрыбгъэувыр къыбдэІэпыкъунущ адэкІи ебгъэфІэкІуэну. ВИДЕОМ еплъи мы упщІэм жэуап ет:

  • Ди шыпхъум мурад пыухыкІахэр зэригъэувам сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къыпэкІуа?

ХъыбарыфІыр ягъэІуну нэгъуэщІ къэрал Іэпхъуэну псоми Іэмал яІэкъым. Ауэ дэтхэнэ зыми дызылъэІэсын мурадхэр дгъэув хъунущ. Притчи 21:5, Гъэсэпэтхыдэхэм къеджи сыт хуэдэ мурад бгъэувыфынуми жыІэ:

  • зэхуэсым;

  • хъыбарыфІ гъэІуным епхауэ.

Бгъэува мурадхэр къохъулІэну мы едзыгъуэм ит принципыр дапхуэдэу къызэрыбдэІэпыкъунур?

Бгъэув хъуну мурадхэр

  • Уи тхьэлъэІур нэхъыфІ пщІыну.

  • Библием зэрыщыту уеджэну.

  • Уи зэхуэсым щыщхэр псори зэбгъэцІыхуну.

  • Зыгуэр Библием ебгъэджэну.

  • Подсобнэ е общэ пионеру улэжьэну.

  • Зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъу ухъуну (зыхуэгъэзар къуэшхэращ).

6. ГъащІэм гуфІэгъуэ хэпхыу игъащІэкІэ псэу!

Псалом 22:26 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:

  • ГъащІэм гуфІэгъуэ иджыпстуи игъащІэ псокІи хэпхын щхьэкІэ сыт пщІэн хуейр?

КЪЭПЩЫТЭЖ

АдэкІи Иеговэ нэхъ гъунэгъу узэрыхуэхъуным хущІэкъу икІи абы и лэжьыгъэм пыщІа мурад пыухыкІахэр гъэув. Апхуэдэу пщІэмэ, гъащІэ мыухыжым гуфІэгъуэ хэпхыу упсэунущ!

Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх:

  • Сыт уи фІэщ зыщІыр Иеговэ къызэрыбдэІэпыкъунур абы адэкІи пэжу ухуэлэжьэну?

  • Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр дауэ нэхъ быдэ зэрыпщІ хъуныр?

  • Алыхьым узэрыхуэлажьэм пыщІа мурад пыухыкІахэр зэрыбгъэувыр дауэ къызэрыбдэІэпыкъунур адэкІи ебгъэфІэкІуэну?

КъыкІэлъыкІуэ илъэсым пщІэ хъунур:

НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ

Иеговэ сыт нэхъ лъапІэу илъытэр: лІыхъужьыгъэ зепхьэу уи фІэщхъуныгъэр зэ бгъэлъэгъуэныра хьэмэрэ уи гъащІэ псокІэ Алыхьым пэжу ухуэлэжьэныра?

«Ибрэхьим хуэдэу Алыхьым хуэпэжу щыт» (9:20)

Иеговэ и лэжьакІуэ пэжми гуфІэгъуэр фІэкІуэдыфынущ. Ар зэрызэбгъэгъуэтыж хъунур къащІэ.

«Библиер бджыурэ икІи узэджам куууэ уегупсысурэ гуфІэгъуэр зэгъэгъуэтыж» (5:25)