Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

4 разделыр къэпщытэжын

4 разделыр къэпщытэжын

Уезыгъаджэмрэ уэрэ зэгъусэу мы упщІэхэр зэпкърыфх:

  1. Фыкъеджэ Притчи 13:20.

    • Іущагъ хэлъу ныбжьэгъу къыщІыхэтхын хуейр сыт?

      (48 урокым еплъ.)

  2. Библием ит сыт хуэдэ чэнджэщ къыбдэІэпыкъунур:

    • щхьэгъусэфІу ущытыну?

    • адэфІу, анэфІу е быныфІу ущытыну?

      (49, 50 урокхэм еплъ.)

  3. Ди бзэр дапхуэдэу къызэрыдгъэсэбэпын хуейр Иеговэ абы арэзы техъуэн щхьэкІэ? Сыт хуэдэ псэлъэкІэ абы игу иримыхьыр?

    (51 урокым еплъ.)

  4. Уи теплъэмрэ уи щыгъынымрэ теухуауэ унафэ тэмэм къэпщтэну Библием ит сыт хуэдэ принципхэр къыбдэІэпыкъуну?

    (52 урокым еплъ.)

  5. Иеговэ игу ирихьын зыгъэпсэхукІэ дапхуэдэу къызэрыхэпх хъунур?

    (53 урокым еплъ.)

  6. Фыкъеджэ Маттэ 24:45—47.

    • «ЗэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъун унэІутыр» хэт?

      (54 урокым еплъ.)

  7. Зэхуэсым щхьэкІэ уи зэманыр, уи къарур, уи ахъшэр дапхуэдэу къызэрыбгъэсэбэп хъунур?

    (55 урокым еплъ.)

  8. Фыкъеджэ Псалом 133:1.

    • Зэхуэсыр зэкъуэту щытын щхьэкІэ сыт уэ пщІэ хъунур?

      (56 урокым еплъ.)

  9. Гуэныхь хьэлъэ пщІамэ, Иеговэ дапхуэдэу зэрызыдэбгъэІэпыкъу хъунур?

    (57 урокым еплъ.)

  10. Фыкъеджэ 1 Летопись 28:9 сноскэр и гъусэу.

    • Зыгуэрым пэжыр къигъанэмэ е Иеговэ и организацэм пэщІэувэмэ, сыт къыбдэІэпыкъунур уэ Иеговэ гурэ псэкІэ хуэпэжу укъэнэну?

    • Иеговэ пэжу укъыхуэнэн икІи дин нэпцІым зыгуэркІэ упыщІауэ ущымытын щхьэкІэ, уи гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ гуэр хэплъхьэн хуейуэ пІэрэ?

      (58 урокым еплъ.)

  11. ГъэунэхуапІэхэм дапхуэдэу зэрызыхуэбгъэхьэзыр хъунур?

    (59 урокым еплъ.)

  12. Сыт хуэдэ мурадхэр уиІэ, адэкІи ебгъэфІэкІуэн щхьэкІэ?

    (60 урокым еплъ.)