Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Сыхьэзыр?

Сыхьэзыр?

Зэхуэсым и гъусэу хъыбарыфІыр згъэІуну сыхьэзыр?

Зэхуэсым и гъусэу хъыбарыфІыр бгъэІуну ухьэзырщ:

  • зэпымыууэ Библиер бджымэ, Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуэбгъазэмэ, зэІущІэхэм укІуэмэ;

  • Библием къыщыпщІэр уи фІэщ хъурэ, адрейхэм абыкІэ уадэгуэшэну гукъыдэж уиІэмэ;

  • Иеговэ фІыуэ плъагъумэ икІи ар фІыуэ зылъагъухэр бгъэныбжьэгъумэ;

  • политикэм е дин нэпцІым епха организацэ гуэрым ухэмытмэ;

  • Алыхьым и хабзэхэм утету упсэумэ икІи Иеговэ и Щыхьэт ухъуну ухуеймэ;

Зэхуэсым и гъусэу хъыбарыфІыр бгъэІуну ухьэзыру къэплъытэмэ, Библием уезыгъаджэр зэхуэсым и нэхъыжьхэм гурыІуэнущ фызэхуэзэу а упщІэм фытепсэлъыхьыну. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм зэхагъэкІынущ а лэжьыгъэм ухэтыну пэж дыдэу ухуэхьэзыррэ ухуэмыхьэзыррэ.

Псым зыщІэзгъэуэну сыхьэзыр?

Псым зыщІэбгъэуэну ухьэзырщ:

  • зэхуэсым и гъусэу хъыбарыфІыр бгъэІун щІэбдзамэ;

  • уи къарум къызэрихькІэ мазэ къэс хъыбарыфІыр бгъэІумэ;

  • «зэхэщІыкІ иІэрэ, зыщыгугъ хъун унэІутым» ирихьэкІ лэжьыгъэр дэпІыгъмэ икІи абы и унафэхэм утетмэ (Маттэ 24:45—47);

  • Иеговэ зыхуэбгъазэу, уи гъащІэр абы и ІэмыщІэ иплъхьамэ икІи игъащІэ псокІэ абы ухуэлэжьэну ухуеймэ.

Псым зыщІэбгъэуэну ухьэзыру къэплъытэмэ, Библием уезыгъаджэр зэхуэсым и нэхъыжьхэм гурыІуэнущ фызэхуэзэу а упщІэм фытепсэлъыхьыну. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм зэхагъэкІынущ псым зыщІэбгъэуэну пэж дыдэу ухьэзыррэ умыхьэзыррэ.