Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн


Мы курсым и зэхэлъыкІэр

Мы курсым и зэхэлъыкІэр

ВИДЕОМ еплъи мы курсымкІэ Библиер зэрыбдж хъуну щІыкІэр къащІэ.

ЯПЭ ІЫХЬЭР

ЗыщыбгъэхьэзыркІэ урокым и япэ Іыхьэм къеджэ. Къыхэгъэща упщІэхэмрэ (1) Библием къиха едзыгъуэхэмрэ (2) гупсысэ нэхъыщхьэхэм гу лъыуагъатэ. Языныкъуэ едзыгъуэхэм деж «Къеджэ» жиІэу зэрыщытым гу лъытэ.

ЕТІУАНЭ ІЫХЬЭР

«Нэхъ куууэ хэплъэ» жыхуиІэм ит гупсысэхэм (3) адэкІэ узэджэнум теухуауэ щыгъуазэ уащІынущ. Пунктхэм (4) къыщыхьа Библием щыщ едзыгъуэхэр, упщІэхэр уезыгъаджэм и гъусэу зэпкърыфхи, видеохэм феплъ.

ВИДЕО жыхуиІэ рамкэм текстым къыщыхьа видеороликым занщІэу уигъэкІуэнущ. Языныкъуэ видеохэм гъащІэм къыщыхъуа Іуэхугъуэхэр къыщыгъэлъэгъуащ. НэгъуэщІхэм къыщыгъэлъэгъуар къагупсыса Іуэхугъуэми, апхуэдэ гъащІэм къыщыхъуфынущ.

Сурэтхэмрэ абыхэм кІэщІэтхахэмрэ (5) гу лъытэ. «Зыгуэрым жиІэфынущ» (6) жыхуиІэ рамкэм ит упщІэм жэуап зэрепт хъунум егупсыс.

ЕЩАНЭ ІЫХЬЭР

«Къэпщытэж», «Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх» (7) жыхуиІэ рамкэхэр узэджар уигу ибубыдэну къыбдэІэпыкъунущ. Урокыр джын щыбуха махуэр тхы. «ПщІэ хъунур» (8) жыхуиІэ рамкэр къыбдэІэпыкъунущ къэпщІар уи гъащІэм къыщыбгъэсэбэпыну. «Нэхъыбэ къащІэ» (9) жыхуиІэ рамкэм нэгъуэщІ статьяхэмрэ видеохэмрэ къыщыбгъуэтынущ.

Библием ит едзыгъуэр дауэ къызэрыбгъуэтынур?

Библием тхылъ 66 хохьэ. Ар ІыхьитІу зэхэлъщ: Журтыбзэ-арамеибзэкІэ тха Тхыгъэхэмрэ («Пасэрей ЗэгурыІуэныгъэ» жыхуаІэр) АлыджыбзэкІэ тха Тхыгъэхэмрэ («Инджыл» жыхуаІэр).

Библием ит едзыгъуэр къэбгъуэтын щхьэкІэ, тхылъым и цІэм (1), псалъащхьэм (2), едзыгъуэм (3) гу лъытэ.

Псалъэм папщІэ, Иуан 17:3 къигъэлъагъуэр Иуан тхылъым, 17-нэ псалъащхьэр, 3-нэ едзыгъуэр къызэрызэІупхын хуейращ.