Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн


Библиер нэхъыфІу къэпцІыхуну дауэ мы урокхэр къызэрыбдэІэпыкъунур?

Библиер нэхъыфІу къэпцІыхуну дауэ мы урокхэр къызэрыбдэІэпыкъунур?

Иеговэ и Щыхьэтхэм ящыщ зым уригъэджэну елъэІу: мы брошюрэр къозытам Библием уригъэджэну уелъэІу хъунущ е jw.org сайтым заявкэ къыщыбгъанэ хъунущ.

ХЭЗЫГЪЭГЪУАЗЭ

Абзацхэмрэ фІыцІэкІэ къыхэгъэща упщІэхэмрэ (1), абы нэмыщІ урокым и гупсысэ нэхъыщхьэхэм епха едзыгъуэхэмрэ къеджэ (2). Языныкъуэ едзыгъуэхэм деж «Къеджэ» жиІэу зэрыщытым гу лъытэ.

ІЫХЬЭ НЭХЪЫЩХЬЭР

«Нэхъ куууэ хэплъэ» жыхуиІэ Іыхьэм ит псалъэхэм (3) адэкІэ узэджэнум теухуауэ щыгъуазэ уащІынущ. Подзаголовокхэм (4) урокым и гупсысэ нэхъыщхьэхэр къыхагъэщ. Библием ит едзыгъуэхэм къеджэ, упщІэхэм жэуап ет икІи видеом еплъ (5).

Сурэтхэмрэ абыхэм кІэщІэтхахэмрэ гу лъытэ (6), абы нэмыщІ «Зыгуэрым жиІэфынущ» жыхуиІэ Іыхьэм итым жэуап зэрепт хъунум егупсыс (7).

КІЭУХ ІЫХЬЭР

Урокым и кІэм «Къэпщытэж», «Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх» жыхуиІэ Іыхьэхэр итщ (8). Урокыр джын щыбуха махуэр итхэ. Абы и лъабжьэм «ПщІэ хъунур» жыхуиІэ Іыхьэр къэбгъуэтынущ, абы итри бгъэзэщІэн хуейщ (9). «Нэхъыбэ къащІэ» (10) жыхуиІэ Іыхьэм гъэщІэгъуэн куэд иджыри къыщыпщІэнущ.

Библием ит едзыгъуэр дауэ къызэрыбгъуэтынур?

Библием ит едзыгъуэр къэбгъуэтын щхьэкІэ, тхылъым и цІэм (1), псалъащхьэм (2) икІи едзыгъуэм (3) гу лъытэ. Псалъэм папщІэ, Иуан 17:3 къигъэлъагъуэр Иуан тхылъыр, 17-нэ псалъащхьэр, 3-нэ едзыгъуэр къызэрызэІупхын хуейращ.