Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

152 УЭРЭДЫР

Уи цІэр мыбдеж щыдгъэлъэпІэнщ!

Уи цІэр мыбдеж щыдгъэлъэпІэнщ!

(1 Царей 8:27; 1 Летопись 29:14)

  1. 1. Уафэгуи щІыналъи Уэ пщІахэр,

    А псори уи Іэгум къимыщ.

    ПхуэтщІа Унэм, дауикІ, ущІэмыс,

    Ауэ тщІыгъущ къару лъапІэр дэ.

    Уэ уи гум щыбгъафІэ уи бынхэм

    Уи Унэр пхуэфащэу щагъэтщ.

    Дызэрызэкъуэтыр тыгъэу добж,

    Псалъэ ттахэр уэ лъапІэу уобж.

    ЗЭПЫЗЫЩІЭ ЕДЗЫГЪУЭ

    Ди Адэ лъапІэу Алыхь,

    ДиІэ псор зейр уэращи,

    КъытхуэпщІар тщыгъупщакъым.

    Дызыхуэпсэур Уэращ.

    ЕЖЬУ

    Ди нэпсыр къежэхыу, дыгуфІэу,

    Иеговэ, бжыдоІэ уэрэд.

    ДиІэщ Унэ ущыдгъэлъэпІэн,

    Ди мурадыр къыддэпІыгъащ.

  2. 2. Уэ уи цІэкІэ тщІыну мы Унэр

    Мурад дызэриІэр уэ плъагъут.

    Дебгъэблагъэурэ зэІущІэхэм,

    Уи мэл цІыкІухэм зыбогъэужь.

    Иеговэ, иджы дынолъэІур:

    «Мы Унэр гуфІэгъуэ тхурехъу».

    Лэжьыгъэшхуэ Хьисэ къыдитащ,

    Демызэшу ар дгъэзэщІэнщ!

    ЗЭПЫЗЫЩІЭ ЕДЗЫГЪУЭ

    Ди Адэ лъапІэу Алыхь,

    ДиІэ псор зейр уэращи,

    КъытхуэпщІар тщыгъупщакъым.

    Дызыхуэпсэур Уэращ.

    ЕЖЬУ

    Ди нэпсыр къежэхыу, дыгуфІэу,

    Иеговэ, бжыдоІэ уэрэд.

    ДиІэщ Унэ ущыдгъэлъэпІэн,

    Ди мурадыр къыддэпІыгъащ.