Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

УнафэщІ гупым къыбгъэдэкІ псалъэ

УнафэщІ гупым къыбгъэдэкІ псалъэ

Ди къуэш, ди шыпхъу лъапІэхэ!

«ФыкІуи, лъэпкъ псори си гъуэгу къытевгъыхьэ... фыумэхъ» жиІэу Хьисэ къытхуигъэна лэжьыгъэр дгъэзэщІэну дэ дыхуэзыгъэушыр Алыхьымрэ цІыхухэмрэ яхудиІэ лъагъуныгъэращ (Мт. 28:19, 20, Мк. 12:28—31). Псэемыблэж лъагъуныгъэм къаруушхуэ щІэлъщ. Ар дгъэлъагъуэмэ, «гъащІэ мыухыжым ухуэзышэ пэжыр къэзыщІэну хуей цІыху псоми» дадэІэпыкъуфынущ (Апост. 13:48).

Япэм дэ псалъэмакъыр къызэрыщІэддзэну псалъэхэр гукІэ зэдгъэщІэну икІи ди тхыгъэхэр цІыхухэм къахуэдгъэнэну дыхущІэкъут, ауэ иджыпсту ди мурад нэхъыщхьэр цІыхухэм дадэуэршэру зедгъэсэн икІи абыхэм дазэрепсалъэ щІыкІэм едгъэфІэкІуэныращ. ЦІыхухэр фІыуэ зэрытлъагъур къэдгъэлъэгъуэнущ, абыхэм я фІэгъэщІэгъуэным дытепсэлъыхьмэ. Абы къокІ цІыху къэс гулъытэ хуэпщІыныр, абы фІэгъэщІэгъуэным уегупсысыныр икІи ар зыгъэпІейтей темэм утепсэлъыхьыныр. А псом зыхуедгъэсэну мы брошюрэр къыддэІэпыкъунущ.

Мы брошюрэр урок 12-у зэхэлъщ. Урок къэс зы хьэл-щэным топсэлъыхь. Ахэр дэ къыддэІэпыкъунущ цІыхухэм лъагъуныгъэ хуэдгъэлъэгъуэну икІи Хьисэ и гъэсэнхэр дгъэхьэзырыну. Дэтхэнэ зы урокри Библием ит пычыгъуэм тегъэщІащ. А урокым зэпкърих хьэл-щэныр е Хьисэ е япэ лІэщІыгъуэм хъыбарыфІыр зыгъэІуу щыта гуэрым зэригъэлъэгъуауэ щыта щІыкІэм топсэлъыхь. А хьэл-щэнхэр Іыхьищу гуэшащ: япэ Іыхьэм хыхьэ хьэл-щэнхэр къыддэІэпыкъунущ псалъэмакъым щІэддзэну; етІуанэ Іыхьэм хыхьэхэр къыддэІэпыкъунущ тедгъэзэжу цІыхухэм депсэлъэну; ещанэ Іыхьэм хыхьэхэр — цІыхухэр Библие едгъэджэну. ДауикІ, хъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ а хьэл-щэнхэм псоми дыхуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ ди мурадыр — жытІэну дызыхуейр гукІэ зэдмыгъащІэу, цІыхухэм лъагъуныгъэ зэрыхуэдгъэлъэгъуэн Іэмал къэтлъыхъуэныращ.

Урок къэс щызэпкърыфхкІэ фегупсыс фыщыпсэу щІыпІэм цІыхухэм фыщепсалъэкІэ а хьэл-щэныр зэрывгъэлъагъуэ хъуным. Иеговэрэ цІыхухэмрэ хувиІэ лъагъуныгъэр зэрыхэвгъэхъуэным фыхущІэкъу. Хьисэ и гъэсэнхэр вгъэхьэзырыну фэ къывдэІэпыкъунур а лъагъуныгъэращ, атІэ дахэу фызэрыпсэлъэфыракъым.

Зэкъуэту а лэжьыгъэм дызэрыхэтыр дэ икъукІэ ди гуапэщ (Соф. 3:9). ЦІыхухэм хувиІэ лъагъуныгъэр хэвгъэхъуэн икІи ахэр евгъэджэн щхьэкІэ адэкІи къарууэ фиІэр ефхьэлІэ. Иеговэ дыфхуолъэІу фи Іуэхур игъэкІуэтэну икІи и нэфІ къыфщыхуэну.

Иеговэ и Щыхьэтхэм я УнафэщІ гупым щыщ къуэшхэр