Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ЦІЫХУМ ЯПЭУ УЩЕПСАЛЪЭКІЭ

1 УРОКЫР

ЦІыхум фІэгъэщІэгъуэн хъуным тепсэлъыхь

ЦІыхум фІэгъэщІэгъуэн хъуным тепсэлъыхь

Библием ит принципыр: «ФІылъагъуныгъэм... езым и щхьэм и фІагъ къилъыхъуркъым» (1 Кор. 13:4, 5).

Хьисэ и щапхъэр

1. ВИДЕОМ еплъ е Иуан 4:6—9 итым къеджи, мы упщІэхэм егупсыс:

  1.   1) ЦІыхубзым епсэлъэн ипэ Хьисэ сыт гу зылъитар?

  2.  2) «Псы тІэкІу сегъафэ» жиІэу Хьисэ псалъэмакъым зэрыщІидзар ІэмалыфІу сыт жыпІэ щІэхъунур?

Хьисэ и щапхъэм дызыхуригъасэр

2. ЦІыхум фІэгъэщІэгъуэн хъун темэмкІэ къыщІэддзэмэ, ар нэхъ къыдэдэІуэну къыщІэкІынщ.

Хьисэ щапхъэ тех

3. ЦІыхум фІэгъэщІэгъуэн темэр дэІыгъ. Зыгуэрым ущепсалъэкІэ Іэмал имыІэу уэ бгъэхьэзыра темэмкІэ къыщІэбдзэн хуейуэ щыткъым. Адрейхэм я фІэгъэщІэгъуэн, зыгъэпІейтей гуэрым утепсэлъыхьмэ нэхъыфІщ. Мы упщІэхэм егупсыс:

  1.   1) Иужьрей хъыбарыщІэхэм къату сыт зэхэсхар?

  2.  2) Си гъунэгъухэр, къыздэлажьэхэр, къыздеджэхэр сыт зытепсэлъыхьыр?

4. Набдзэгубдзаплъэу щыт. Мы упщІэхэм егупсыс:

  1.   1) Сыт цІыхум иджыпсту ищІэр? Сыту пІэрэ ар зэгупсысыр?

  2.  2) ЦІыхум и фІэщ хъум икІи къызыхэкІам теухуауэ абы и теплъэмрэ и унэмрэ сыт къызагъащІэр?

  3.  3) Иджыпсту цІыхум сепсэлъэну къезэгъыу пІэрэ, хущІыхьэу пІэрэ ар?

5. Узэпсалъэм жиІэм фІыуэ едаІуэ.

  1.   1) КуэдыІуэ жумыІэ.

  2.  2) ЦІыхум и еплъыкІэр хуиту жиІэну тегъэгушхуэ. Къезэгъыу къыщыплъытэм деж, упщІэхэр ет.

МЫ ЕДЗЫГЪУЭХЭМИ ЕПЛЪ