Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ЦІЫХУМ ЯПЭУ УЩЕПСАЛЪЭКІЭ

2 УРОКЫР

Псалъэмакъыр зэрыкІуэм хуэдэу гъакІуэ

Псалъэмакъыр зэрыкІуэм хуэдэу гъакІуэ

Библием ит принципыр: «Сыту фІы-тІэ и чэзум жыІа хъуа псалъэр!» (Прит. 15:23, Гъэсэпэтхыдэхэр).

Филипп и щапхъэр

1. ВИДЕОМ еплъ е Апостолхэм 8:30, 31 итым къеджи, мы упщІэхэм егупсыс:

  1.   1) Филипп псалъэмакъым дапхуэдэу зэрыщІидзар?

  2.  2) Филипп зэрыщІидза щІыкІэр ІэмалыфІу сыт жыпІэ щІэхъунур? Дауэ ар абы къызэрыдэІэпыкъуар зэпсалъэм пэжымкІэ дэгуэшэну?

Филипп и щапхъэм дызыхуригъасэр

2. Псалъэмакъыр зэрыкІуэм хуэдэу дгъакІуэмэ, цІыхур хуиту къыдэпсэлъэфынущ, дэри жытІэм нэхъыфІу къедэІуэнущ.

Филипп щапхъэ тех

3. Набдзэгубдзаплъэу щыт. ЦІыхум и нэкІум, зэрызищІым, и псэлъэкІэм куэд къыбгуригъэІуэфынущ. ЦІыхур къодэІуэну хьэзыру гу лъыптамэ, Библием ит гупсысэ гуэркІэ удэгуашэ хъунущ. Псалъэм папщІэ, мыпхуэдэу къыщІэбдзэ хъунущ: «Зэхэпхауэ пІэрэ...». Ауэ цІыхур къопсэлъэну хуэмеймэ, дауэ мыхъуами псалъэмакъым пыпщэну ухэмыт.

4. ШыІэныгъэ зыхэгъэлъ. Библием ит пэжымкІэ цІыхум занщІэу удэгуэшэн хуейуэ уимыгугъэ. ЦІыхур Іэнкун умыщІын щхьэкІэ, Библием и гугъу пщІыну нэхъ къыщезэгъ зэманым пэплъэ. Иныкъуэхэм деж апхуэдэ Іэмал ущиІэнкІэ хъунур цІыхум етІуанэу ущепсалъэращ.

5. ЦІыхум къиІэта темэр дэІыгъ. Псалъэмакъым уздимыгугъамкІэ зигъэзэнкІэ хъунущ. Апхуэдэм деж уэ бгъэхьэзыра темэм утепсэлъыхьыным ипІэкІэ, цІыхум фІэгъэщІэгъуэным, ар зыгъэгузавэм утепсэлъыхьыну хьэзыру щыт.

МЫ ЕДЗЫГЪУЭХЭМИ ЕПЛЪ