Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ЦІЫХУМ ЯПЭУ УЩЕПСАЛЪЭКІЭ

4 УРОКЫР

Уи щхьэм нэхърэ адрейхэр нэхъ ину лъытэ

Уи щхьэм нэхърэ адрейхэр нэхъ ину лъытэ

Библием ит принципыр: «НэгъуэщІ цІыхухэр фи щхьэр зэрыфлъытэжым нэхърэ нэхъ ину флъытэ фымыпагэу» (Флп. 2:3).

Паул и щапхъэр

1. ВИДЕОМ еплъ е Апостолхэм 26:2, 3 итым къеджи, мы упщІэхэм егупсыс:

  1.   1) Паул Агриппэ пащтыхьым щепсалъэм дапхуэдэу Іэдэбагъ зэригъэлъэгъуар?

  2.  2) Паул езым гу зылъримыгъатэу, Иеговэрэ Тхыгъэ ЛъапІэмрэ дапхуэдэу гу зэрылъигъэтар? (Апостолхэм 26:22 итым еплъ.)

Паул и щапхъэм дызыхуригъасэр

2. ЦІыхум нэхъ ифІэфІу къыдэдэІуэнущ ар ди щхьэм нэхърэ нэхъ ину зэрытлъытэр зыхищІэмэ икІи пщІэ хэлъу дыпсалъэмэ.

Паул щапхъэ тех

3. ПщІэ хэлъу псалъэ икІи цІыхур бгъэсэну ухэмыт. Уэ псоми хэпщІыкІ хуэдэу, ауэ узэпсалъэм зыри имыщІэ хуэдэу умыпсалъэ. ПщІэ зыхэгъэлъ.

4. Уи псалъэхэр Библием зэрытегъэщІар къыхэгъэщ. Алыхьым и Псалъэм къару щІэлъщ цІыхум и гум нэсу и гъащІэр ихъуэжыну. Библием ит гупсысэхэр цІыхум щІэх-щІэхыурэ къыхуэтхьмэ, абы и фІэщхъуныгъэр зытегъэщІауэ щытынур дэ жытІэракъым, атІэ Алыхьым и Псалъэращ.

5. Щабагъ зыхэгъэлъ. Уэ жыпІэм тебгъэчыныхьу цІыхум уемыдауэ. Уи пІэм укъимыкІ икІи игъуэу псалъэмакъыр быухыу зегъасэ. Абы пагагъ зэрыпхэмылъыр къигъэлъэгъуэнущ (Прит. 17:14, Гъэсэпэтхыдэхэр; Тит 3:2). Щабагъ тхэлъу цІыхум дыхущытмэ, етІуанэу дыщепсалъэкІэ ар нэхъ къыдэдэІуэну къыщІэкІынщ.

МЫ ЕДЗЫГЪУЭХЭМИ ЕПЛЪ