Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ЦІЫХУМ ЯПЭУ УЩЕПСАЛЪЭКІЭ

6 УРОКЫР

Шынэр зытумыгъакІуэ

Шынэр зытумыгъакІуэ

Библием ит принципыр: «Тхьэм дигъэгушхуэри, езым деж къикІ хъыбарыфІыр фхуэтІуэтащ» (1 Фес. 2:2).

Хьисэ и щапхъэр

1. ВИДЕОМ еплъ е Лука 19:1—7 итым къеджи, мы упщІэхэм егупсыс:

  1.   1) Языныкъуэ цІыхухэм Закхей нэмыплъ ирату сытыт щІыщытыфынур?

  2.  2) Хьисэ Закхей епсэлъэну сыт хуэзыгъэушар?

Хьисэ и щапхъэм дызыхуригъасэр

2. Зэхэгъэж дымыщІу цІыху псоми депсэлъэн щхьэкІэ лІыгъэ дыхуэныкъуэщ.

Хьисэ щапхъэ тех

3. Иеговэ щыгугъ. Алыхьым и къару лъапІэр Хьисэ зэрыриту щытам и фІыгъэкІэ абы хъыбарыфІыр лІыгъэрэ тегушхуэныгъэрэ хэлъу игъэІут. Иеговэ уэри а къару лъапІэр къыуитыфынущ (Мт. 10:19, 20; Лк. 4:18). Аращи, хъыбарыфІымкІэ зыгуэрым удэгуэшэну утемыгушхуэмэ, лІыгъэ къыуитыну Иеговэ елъэІу (Апост. 4:29).

4. ЦІыху зэхэгъэж умыщІ. ЦІыхум и теплъэм, къызыхэкІам, увыпІэ иІыгъым, и дуней тетыкІэм е дин иІыгъым къыхэкІкІэ абы депсэлъэн щІэддзэну дзыхь дымыщІынкІэ хъунущ. Ауэ зыщумыгъэгъупщэ:

  1.   1) Иеговэрэ Хьисэрэ фІэкІ цІыхум и гум илъыр зыми илъагъукъым.

  2.  2) Иеговэ зыдэмыІэпыкъуфын цІыху щыІэу дэ дегупсыс хъунукъым.

5. ПщІэ пхэлъын зэрыхуейр зыщумыгъэгъупщэ икІи умыбэлэрыгъ (Мт. 10:16). ЦІыхум уемыдауэ. Ар къодэІуэну хуэмеймэ е шынагъэ гуэр щыІэу къыпщыхъумэ, гуапэу псалъэмакъыр зэрыбыухыным хущІэкъу (Прит. 17:14, Гъэсэпэтхыдэхэр).

МЫ ЕДЗЫГЪУЭХЭМИ ЕПЛЪ