Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ЦІЫХУМ КЪЫТЕБГЪЭЗЭЖУРЭ УЩЕПСАЛЪЭКІЭ

8 УРОКЫР

ШыІэныгъэ зыхэгъэлъ

ШыІэныгъэ зыхэгъэлъ

Библием ит принципыр: «ФІылъагъуныгъэм шыІэ... иІэщ» (1 Кор. 13:4).

Хьисэ и щапхъэр

1. ВИДЕОМ еплъ е Иуан 7:3—5, 1 Коринф 15:3, 4, 7 итым къеджи, мы упщІэхэм егупсыс:

  1.   1) Хьисэ игъэІу хъыбарым и къуэшхэр япэщІыкІэ дапхуэдэу зэрыхущытар?

  2.  2) Хьисэ и къуэш Екъуб дэІэпыкъун къызэримыгъэнар сыт къызыхэщыр?

Хьисэ и щапхъэм дызыхуригъасэр

2. Дэ шыІэныгъэ тхэлъын хуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ языныкъуэ цІыхухэм хъыбарыфІыр я гум нэсын щхьэкІэ зэман нэхъыбэ хуейщ.

Хьисэ щапхъэ тех

3. Іэмал зэмылІэужьыгъуэхэр къэгъэсэбэп. ЦІыхум Библиер иджын щІидзэну хуэмеймэ, ар хыумыгъэзыхь. Къыщезэгъым деж цІыхум ебгъэлъагъу хъунущ Библие джыныр зэрекІуэкІым икІи абы къыпхуихь сэбэпынагъым теухуауэ видео е статья гуэр.

4. ЦІыхухэр зумыгъапщэ. Зэщхьу цІыхуитІ щыІэкъым. Уи унагъуэм щыщ е Библием итымкІэ узыдэгуашэ цІыху гуэрым Библиер иджын имыдэмэ е абы ит гуэрым арэзы темыхъуэмэ, абы щхьэусыгъуэ хуэхъум егупсыс. И диным зыхуригъаджэм щыщ гуэр абы и дежкІэ лъапІэу щытынкІэ хъунущ хьэмэрэ и унагъуэм щыщхэм е и гъунэгъухэм къытракъузэнкІэ хъунущ. Зыщумыгъэгъупщэ: цІыхур жыпІам фІыуэ егупсысын икІи Библием ит пэжым и лъапІагъыр къыгурыІуэн щхьэкІэ зэман хуейщ.

5. Иеговэ къыбдэІэпыкъуну елъэІу. Иеговэ елъэІу цІыхум и гум пэжыр зэрынэсынум уи гугъэр хыумыхыжыну икІи пщІэ хэлъу упсэлъэну къыбдэІэпыкъуну. ЦІыхум пэжыр фІэгъэщІэгъуэнрэ фІэмыгъэщІэгъуэнрэ икІи абы и деж тебгъэзэжын хуейрэ хуэмейрэ къыбгуригъэІуэну Иеговэ елъэІу (1 Кор. 9:26).

МЫ ЕДЗЫГЪУЭХЭМИ ЕПЛЪ