Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ЦІЫХУР БИБЛИЕМ ЩЕБГЪАДЖЭКІЭ

11 УРОКЫР

Тыншу, гурыІуэгъуэу цІыхур егъаджэ

Тыншу, гурыІуэгъуэу цІыхур егъаджэ

Библием ит принципыр: «ЗэхамыщІыкІын псалъэхэр фи бзэкІэ къыжыфІэмэ, жыфІэр дауэ зэхащІыкІыну?» (1 Кор. 14:9).

Хьисэ и щапхъэр

1. ВИДЕОМ еплъ е Маттэ 6:25—27 итым къеджи, мы упщІэхэм егупсыс:

  1.   1) Иеговэ цІыхухэм и нэІэ зэрытригъэтыр къыбгуригъаІуэу Хьисэ сыт хуэдэ щапхъэ къихьар?

  2.  2) Бзухэм теухуауэ Хьисэ куэд ищІэу щытами, зы лъэныкъуэ закъуэм фІэкІ и гугъу щІимыщІар сыт? Апхуэдэ бгъэдыхьэкІэр цІыхур зэребгъаджэ хъун ІэмалыфІу сыт жыпІэ щІэхъунур?

Хьисэ и щапхъэм дызыхуригъасэр

2. Тыншу икІи гурыІуэгъуэу цІыхур едгъаджэмэ, абы къищІэр и щхьэм ириубыдэнущ и гуми нэхъ дынэсынущ.

Хьисэ щапхъэ тех

3. КуэдыІуэ жумыІэ. Зи гугъу фщІы темэм теухуауэ пщІэуэ хъуар занщІэу жумыІэжу, вджы урокым ит материалыр зэпкърых. УпщІэ птамэ, жэуапым ежьэ. УпщІэм и жэуапыр ебгъаджэм имыщІэмэ е Библием итым темыхуэ гуэр жиІэмэ, нэгъуэщІ упщІэхэр ептыурэ, гупсысэ пэжым къыхуэкІуэну абы дэІэпыкъу. Гупсысэ нэхъыщхьэр ебгъаджэм къыгурыІуамэ, къыкІэлъыкІуэ пунктым фыкІуэ.

4. Япэм къищІамрэ иджы зэпкърыфхымрэ зэрызэпыщІар ебгъаджэм къыгурыІуэну дэІэпыкъу. Псалъэм папщІэ, лІахэр къызэрытэджыжынум теухуа урокыр зэпкърыфхын ипэ, цІыхум лІа нэужь къыщыщІым теухуауэ ебгъаджэм къищІар кІэщІу къэфпщытэж хъунущ.

5. Щапхъэхэр егупсысауэ къыхэх. Щапхъэ гуэр къэбгъэсэбэпын ипэ егупсыс:

  1.   1) Щапхъэ къэсхьынур тынш?

  2.  2) Езгъаджэм си щапхъэр занщІэу къыгурыІуэну пІэрэ?

  3.  3) Абы и щхьэм къинэнур щапхъэр къыщІэсхьара хьэмэрэ езы щапхъэра?

МЫ ЕДЗЫГЪУЭХЭМИ ЕПЛЪ