Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ЦІЫХУР БИБЛИЕМ ЩЕБГЪАДЖЭКІЭ

12 УРОКЫР

ЛІыгъэ зыхэгъэлъ

ЛІыгъэ зыхэгъэлъ

Библием ит принципыр: «Дыхумрэ щыхуэн дагъэ гуакІуэмрэ гум зэрыІэпихым хуэдэу гухэхъуэщ ныбжьэгъу и чэнджэщыфІхэм уедэІуэнри» (Прит. 27:9, Гъэсэпэтхыдэхэр).

Хьисэ и щапхъэр

1. ВИДЕОМ еплъ е Марк 10:17—22 итым къеджи, мы упщІэхэм егупсыс:

  1.   1) Хьисэ а цІыхухъум сыт хуэдэ хьэл-щэныфІхэр дилъэгъуауэ къыщІэкІыну?

  2.  2) Абы чэнджэщ иритын щхьэкІэ Хьисэ лъагъуныгъи лІыгъи щІыхуейр сытыт?

Хьисэ и щапхъэм дызыхуригъасэр

2. Едгъаджэ цІыхум Иеговэ гъунэгъу зыхуищІыну зыгуэр зэран хуэхъумэ, щабэу, ауэ къехьэкІ-нехьэкІ хэмылъу депсэлъэн хуейщ.

Хьисэ щапхъэ тех

3. Иеговэ гъунэгъу хуэзыщІын мурадхэр игъэуву, абыхэм лъэІэсыну ебгъаджэм дэІэпыкъу.

  1.   1) «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» тхылъым ит «ПщІэ хъунур» жыхуиІэ рамкэр къэгъэсэбэп.

  2.  2) И мурад инхэми и мурад цІыкІухэми лъэІэсын щхьэкІэ ебгъаджэм сыт хуэдэ лъэбакъуэхэр ич хъунуми къыгурыгъаІуэ.

  3.  3) Ебгъаджэм иІэ ехъулІэныгъэхэм щхьэкІэ щІэх-щІэхыурэ щытхъу.

4. Ебгъаджэм Иеговэ гъунэгъу зыхуищІыну зэран хуэхъур сытми къащІэ икІи ар абы пэлъэщыну дэІэпыкъу.

  1.   1) Егупсыс:

    • Езгъаджэм псым зыщІигъэуэну сыт зэран хуэхъур?

    • СыткІэ абы сыдэІэпыкъуфыну?

  2.  2) Ебгъаджэм ихъуэжын хуейр сытми щабэу, ауэ ІупщІу къыгурыбгъэІуэфын щхьэкІэ лІыгъэ къыуитыну Иеговэ елъэІу.

5. ЦІыхум Иеговэ гъунэгъу зыхуимыщІмэ, ар Библием ебгъэджэн щыгъэт.

  1.   1) Ебгъаджэм Иеговэ гъунэгъу зыхуищІрэ зыхуимыщІрэ мы упщІэхэм къыбгурагъэІуэнущ:

    • Ебгъаджэм къищІэр и гъащІэм къыщигъэсэбэпрэ?

    • Ар зэІущІэхэм кІуэрэ икІи къищІэхэмкІэ адрейхэм дэгуашэрэ?

    • ЦІыхум куэд щІауэ Библиер иджмэ, Иеговэ и Щыхьэт хъуну игу илъ?

  2.  2) Ебгъаджэм лъэбакъуэ зэримычыр наІуэмэ, пщІэ хъуныр:

    • Зэран къыхуэхъум егупсысыну хуэгъэуш.

    • Библием ебгъэджэн щІыщыбгъэтыр абы щабэу, пщІэ хэлъу жеІэ.

    • Библиер вджын щІэвдзэжын щхьэкІэ сыт ищІэн хуейми абы къыгурыгъаІуэ.

МЫ ЕДЗЫГЪУЭХЭМИ ЕПЛЪ