Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

1 ПРИЛОЖЕНИЕР

ЦІыхухэм къедгъэщІэну дызыхуей пэжхэр

ЦІыхухэм къедгъэщІэну дызыхуей пэжхэр

Хьисэ жиІауэ щытащ зигу къабзэ цІыхухэм хъыбарыфІыр щызэхахкІэ ар зэрыпэжыр къазэрыгурыІуэнур (Ин. 10:4, 27). Аращ дэ дыщІыхуейр Іэмал диІэ хъуху Библием ит пэжхэмкІэ цІыхухэм дадэгуэшэну. Псалъэм папщІэ, «ПщІэуэ пІэрэ...» е «Зэхэпхауэ пІэрэ...» упщІэхэмкІэ къыщІэбдзэу, и лъабжьэм къыщыхьа псалъэухахэмкІэ пыпщэ хъунущ. ИужькІэ темэ къэпІэтар къыгурыбгъэІуэн щхьэкІэ Библием ит едзыгъуэхэр цІыхум къыхуэхь. Апхуэдэу пщІэмэ, пэжым и жылэр цІыхум и гум хэпсэфынущ икІи а жылэр Алыхьым къигъэкІыфынущ (1 Кор. 3:6, 7).

 ДИ КЪЭКІУЭНЫР

  1. 1. КъэхъукъащІэхэмрэ цІыхухэм я щытыкІэмрэ къагъэлъагъуэ куэд мыщІэу псоми зэрызихъуэжынур (Мт. 24:3, 7, 8; Лк. 21:10, 11; 2 Тим. 3:1—5).

  2. 2. Ди щІылъэр зэи кІуэдыжынукъым (Пс. 104:5; Эккл. 1:4).

  3. 3. Дыкъэзыухъуреихь дунейм и къабзагъэр зэтегъэувэжа хъунущ (Ис. 35:1, 2; Апок. 11:18).

  4. 4. ЦІыхухэр зыри сымаджэнукъым (Ис. 33:24; 35:5, 6).

  5. 5. ГъащІэ мыухыж уиІэу щІылъэм ущыпсэуфынущ (Пс. 37:29; Мт. 5:5).

 УНАГЪУЭР

  1. 6. ЦІыхухъум «езым и щхьэр фІыуэ зэрилъагъум хуэдэу» и щхьэгъусэр фІыуэ илъагъун хуейщ (Еф. 5:33; Кол. 3:19).

  2. 7. ЦІыхубзым «и лІым щІыхь» хуищІын хуейщ (Еф. 5:33; Кол. 3:18).

  3. 8. Зэщхьэгъусэхэр зэхуэпэжын хуейщ (Мал. 2:16; Мт. 19:4—6, 9; Евр. 13:4).

  4. 9. Зи адэ-анэм едаІуэ икІи абыхэм пщІэ хуэзыщІ сабийхэм гъащІэ насыпыфІэ яІэнущ (Прит. 1:8, 9, Гъэсэпэтхыдэхэр; Еф. 6:1—3).

NASA, ESA and the Hubble Heritage Team (STScI/AURA)-ESA/Hubble Collaboration. Licensed under CC BY 4.0. Source.

 АЛЫХЬЫР

  1. 10. Алыхьым цІэ иІэщ (Пс. 83:18; Иер. 10:10).

  2. 11. Алыхьым и ПсалъэмкІэ зыкъытхуегъазэ (2 Тим. 3:16, 17; 2 Пет. 1:20, 21).

  3. 12. Алыхьыр захуагъэм тетщ, зэхэгъэжи ищІкъым (Втор. 10:17; Апост. 10:34, 35).

  4. 13. Алыхьыр къыддэІэпыкъуну хуейщ (Пс. 46:1; 145:18, 19).

 ТХЬЭЛЪЭІУР

  1. 14. Алыхьыр хуейщ дэ абы тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэну (Пс. 62:8; 65:2; 1 Пет. 5:7).

  2. 15. Алыхьым узэрелъэІун хуей щІыкІэр Библием къыдгурегъаІуэ (Мт. 6:7—13; Лк. 11:1—4).

  3. 16. ЩІэх-щІэхыурэ Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэн хуейщ (Мт. 7:7, 8; 1 Фес. 5:17).

 ХЬИСЭ МЭССИХЬ

  1. 17. Хьисэ Мэссихь ЕгъэджакІуэшхуэщ икІи абы и чэнджэщхэр нобэр къыздэсым сэбэпщ (Мт. 6:14, 15, 34; 7:12).

  2. 18. Нобэ къэхъуу тлъагъу куэдыр къызэрыхъунур Хьисэ жиІауэ щытащ (Мт. 24:3, 7, 8, 14; Лк. 21:10, 11).

  3. 19. Хьисэ Мэссихь Алыхьым и Къуэщ (Мт. 16:16; Ин. 3:16; 1 Ин. 4:15).

  4. 20. Хьисэ Мэссихь Алыхькъым (Ин. 14:28; 1 Кор. 11:3).

Based on NASA/Visible Earth imagery

 АЛЫХЬЫМ И ПАЩТЫХЬЫГЪУЭР

  1. 21. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр — уафэм щыІэ правительствэщ (Дан. 2:44; 7:13, 14; Мт. 6:9, 10; Апок. 11:15).

  2. 22. ЦІыху пащтыхьыгъуэ псоми и пІэкІэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр тепщэнущ (Пс. 2:7—9; Дан. 2:44).

  3. 23. ЦІыхухэм я гугъуехьхэм кІэ къыхуэзыгъэкІуэфынур Алыхьым и Пащтыхьыгъуэ закъуэращ (Пс. 37:10, 11; 46:9; Ис. 65:21—23).

 ГУГЪУЕХЬХЭР

  1. 24. Ди гугъуехьхэр Алыхьым къыбгъэдэкІкъым (Втор. 32:4; Екъуб 1:13).

  2. 25. Дунейр ШейтІаным и ІэмыщІэ илъщ (Лк. 4:5, 6; 1 Ин. 5:19).

  3. 26. Гугъу дызэрехьыр Алыхьым хуабжьу игу къоуэ икІи ар къыддэІэпыкъуну хуейщ (Пс. 34:17—19; Ис. 41:10, 13).

  4. 27. Куэд мыщІэу Алыхьым ди гугъуехьхэм кІэ иритынущ (Ис. 65:17; Апок. 21:3, 4).

 ЛІЭНЫГЪЭР

  1. 28. ЦІыхур лІа нэужь зыщІыпІи кІуэкъым, гугъуи ехькъым (Эккл. 9:5; Ин. 11:11—14).

  2. 29. ЛІахэр сэбэпи зэрани къытхуэхъуфынукъым (Пс. 146:4; Эккл. 9:6, 10).

  3. 30. ЛІэныгъэм тІэщІиха фІыуэ тлъагъу цІыхухэр лІахэм къахэтэджыкІыжынущ (Иов 14:13—15; Ин. 5:28, 29; Апост. 24:15).

  4. 31. Куэд мыщІэу «лІэныгъэр... щыІэжынукъым» (Апок. 21:3, 4; Ис. 25:8).

 ДИНЫР

  1. 32. Дин псори Алыхьым къищтэкъым (Иер. 7:11; Мт. 7:13, 14, 21—23).

  2. 33. БзитІщхьитІу щытыныр Алыхьым илъагъу хъукъым (Ис. 29:13; Мих. 3:11; Мк. 7:6—8).

  3. 34. Дин пэжым щыщхэр къызэрыпцІыхунур я зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэмкІэщ (Мих. 4:3; Ин. 13:34, 35).