Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

1. ЩІыр хуабжьу хъеинущ

1. ЩІыр хуабжьу хъеинущ

1. ЩІыр хуабжьу хъеинущ

«ЩІыр щІыпІэ-щІыпІэхэмкІи хуабжьу щыхъеинущ» (ЛУКА 21:11).

● Телевидением щылажьэхэм Гаити къэралым щІыр зэрыщыхъеям кърикІуам теухуауэ щытрахым щыгъуэ, зэхахащ зыгуэр щэхуу зэрыщэІур. Ар илъэсрэ ныкъуэрэ хъу Виннит. А сабийр къутахуэхэм къыщІахыжри къелащ, ауэ абы и адэ-анэр хэкІуэдащ.

ІУЭХУР ЗЭРЫЩЫТЫР. 2010-нэ гъэм, щІышылэ мазэм Гаити къэралым щІыр хуабжьу щыхъеям (7 баллов) цІыху 300 000-м щІигъу хэкІуэдащ. ЦІыху мелуанрэ мин щищым хуэдизым унэ ямыІэу къэнащ. Апхуэдизу куэд зэтрикъутэу щІыр щыхъеяр а зэракъым. 2009-нэ гъэм мэлыжьыхьым щыщІэдзауэ 2010-нэ гъэм мэлыжьыхьым нэс нэхъ мащІэ дыдэу 18-рэ щІыр хуабжьу хъеящ.

ЦІЫХУХЭМ ЖАІЭР. ЩІыр нэхъ щІэх-щІэхыурэ хъейуэ аракъым, атІэ нобэ щыІэ технологиехэм я фІыгъэкІэ япэм нэхърэ нэхъыбэ абы теухуауэ тщІэуэ аращ.

ПЭЖУ ПІЭРЭ АР? Мыбы егупсыс: Библием щыжыІакъым щІыр щІэх-щІэхыурэ хъеину. Абы зэрыжиІэмкІэ, «щІыр щІыпІэ-щІыпІэхэмкІи хуабжьу щыхъеинущ» икІи ар нобэ дыщыпсэу иужьрей махуэхэм я нэщэнэ хъунущ (Марк 13:8; Лука 21:11).

ДАУЭ УЕПЛЪРЭ? Библием зэрыжиІэм хуэдэу, ди зэманым щІыр хуабжьу хъейрэ?

Дэ иужьрей махуэхэм дызэрыщыпсэур къэзыгъэлъагъуэр щІыр зэрыхъейм и закъуэкъым. Къэхъун хуей псалъэхэу нэгъуэщІхэри гъэзэщІа зэрыхъум теухуауэ къащІэ.

[Вставкэ]

«Дэ [геофизикхэм] щІыр хуабжьу хъеящ жыдоІэ. Адрейхэм щІыр шынагъуэу хъеящ жаІэ» (КЕН ХАДНАТ, ГЕОЛОГИЧЕСКАЯ СЛУЖБА ЖЫХУАІЭР, США).

[Сурэтым теухуауэ]

© William Daniels/​Panos Pictures