Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Куэд мыщІэу гъащІэм фІыкІэ зихъуэжынущ

Куэд мыщІэу гъащІэм фІыкІэ зихъуэжынущ

Куэд мыщІэу гъащІэм фІыкІэ зихъуэжынущ

«Иджыри тІэкІу дэкІмэ, цІыху хабзэншэр щыІэжынукъым... Іэдэбхэм мы щІыр щІэину къахуэнэнущ икІи мамырыгъэмкІэ затІыжынущ» (ПСАЛОМ 37:10, 11).

ДАУИКІ, уэ ухуейт мы псалъэхэр гъэзэщІа щыхъуну зэманыр плъэгъуну! Ахэр куэд мыщІэу гъэзэщІа зэрыхъунур ди фІэщ зыщІын щхьэусыгъуэхэр диІэщ.

«Иужьрей махуэхэм» дызэрыщыпсэум щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэ зыбжанэщ мы статьяхэм щызэпкърытхар (2 Тимофей 3:1—5). Алыхьым и лэжьакІуэхэм къэхъун хуей псалъэхэр яригъэтхащ, нобэ дэ гугъапІэ диІэн щхьэкІэ (Рим 15:4). А псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъум къегъэлъагъуэ ди гугъуехьхэм куэд мыщІэу кІэ къазэрыхуэкІуэнур.

АдэкІэ сыт къэхъунур? Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр дуней псом и тепщэу щытынущ (Маттэ 6:9, 10). А зэманым къэхъуну зэхъуэкІыныгъэхэм теухуауэ Библием щыжыІащ:

Гъаблэ щыІэжынукъым. «ЩыІэнущ пэрыхьэту щІакхъуэр дуней псом, бгыщхьэхэм ар берычэту щыІэнущ» (Псалом 72:16).

Узыфэхэр кІуэдыжынущ. «Зы цІыхуми жиІэнукъым: „Сэ сысымаджэщ“» (Исаия 33:24).

ЩІыналъэр къэщІэрэщІэжынущ. «Къумымрэ щІы гъущэмрэ икъукІэ гуфІэнущ, губгъуэ нэщІыр нэжэгужэ хъужынущ икІи шэфраным хуэдэу къэгъэгъэжынущ» (Исаия 35:1).

Куэд дэмыкІыу къэхъуну зэхъуэкІыныгъэхэм щыщу мыхэр языныкъуэхэращ. Иеговэ и Щыхьэтхэм еупщІ куэд мыщІэу гъащІэм фІыкІэ зэрызихъуэжынур быдэу я фІэщ щІэхъум теухуауэ.