Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

1. Дыкъехъумэ

1. Дыкъехъумэ

Езы Библием зэрыжиІэмкІэ, абы ит чэнджэщхэр Алыхьым къыбгъэдокІ икІи «цІыхухэм щыпкъагъэр ебгъэщІэнкІи, уегиинкІи, бгъэдэІуэнкІи... щхьэпэщ а псалъэхэр» (2 Тимофей 3:16). Ар пэжу пІэрэ? ГъащІэр зыкъутэфыну Іуэхугъуэхэм языныкъуэхэр Тхыгъэ ЛъапІэм ит чэнджэщхэм зэрыщихъумам и гугъу тщІынщ.

ФАДЭКІЭ ЕГЪЭЛЕИНЫР

Мы статьям ипэ итым зи гугъу тщІа Асият къытегуплІа гугъуехьхэм къыхэкІкІэ фадэм зыдригъэхьэхыу щІидзащ. Библием фадэ уефэ мыхъуххэну жиІэкъым, ауэ абы мыпхуэдэ чэнджэщ къыщыдогъуэт: «Уахэмыхьэ фадэм дихьэххэм» (Притчи 23:20, Гъэс.). ФадэкІэ егъэлеиным узыншагъэр, унагъуэр, ныбжьэгъугъэр икъутэфынущ икІи илъэс къэс фадэм цІыху мелуан куэд йолІыкІ. ЦІыхухэр Библием ит Іущагъ зыхэлъ чэнджэщхэм тету псэуатэмэ, апхуэдэ гугъуехьхэм щыхъума хъунут.

Асият игъуэу къэувыІэжыфащ. Абы жеІэ: «Фадэм гупсэхугъуэ къыуиткъым икІи узыгъэгузавэ гупсысэхэр пщхьэщихкъым. Филиппи 4:6, 7 ит чэнджэщыр къэзгъэсэбэпащ: „Зыми фремыгъэгузавэ, ауэ сыт ищІыс Іуэхуми щхьэкІэ Тхьэм фелъэІу“. Жэщ къэс сызыгъэгузавэ гупсысэхэр зэрызыхэсщІэу, занщІэу Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэзгъазэт. Си гум щыщІэ псори Алыхьым бгъэдэслъхьэт. Си гум илъ губжьри, гуузри, хэкІыпІэншэу къысщыхъу си Іуэхури Иеговэ хуэсІуатэт. Сэ Алыхьым селъэІут а гурыщІэ Іейхэм сыпэлъэщыну къыздэІэпыкъуну. Махуэ къэс нэху сыкъызэрекІыу, си акъылыр фІым зэрытезухуэным иужь ситт. Апхуэдэ хьэлыр къыздэІэпыкъуащ сфІэкІуэдам семыгупсысыну, атІэ иджыпсту сиІэр фІыщІэ сщІыну. Фадэр зыІузмылъхьэну псалъэ зэстыжащ. Си гум игъуэта мамырыгъэр лъапІэу слъытэт икІи ар зыІэщІэзгъэкІыфынутэкъым.

ХАБЗЭНШАГЪЭР

Хабзэншагъэм хуэдэу гуауэрэ бэлыхьрэ къыпхуэзыхь щыІэу къыщІэкІынкъым. Зыгуэрым зыкъыпегъэхынымрэ порнографие еплъынымрэ зинэ щІэным цІыхур хуишэфынущ. Ауэ Библием ит принципхэр доІэпыкъу цІыхур абыхэм пэлъэщыну. Азэмэт жеІэж: «Зыгуэрым зыкъыпебгъэхыну тыншщ. Хъыджэбзыр уигу иримыхьми, езым игу узэрырихьыр щыплъагъум деж, зыкъыпебгъэхыу щІыбодзэ». ЯпэщІыкІэ Азэмэт зыгуэрым зыкъыпригъэхыну и щхьэм къэкІтэкъым. Ауэ абы езым къыгурымыІуэжу хъыджэбзхэм зэрызакъыпригъэхыр щІэх-щІэхыурэ къыжраІэти, и фІэщу зыкъыпегъэхыным иужь ихьащ. ИкІэм-икІэжым Азэмэт ар хьэл хуэхъуащ, ауэ а хьэл Іейм ар игъэгузавэу щІидзащ. Нобэ абы жеІэ: «Сэ щхьэхуещэ дыдэ сыхъуат икІи ар сигу ирихьтэкъым».

Библием тегъэщІауэ щІалэгъуалэм хуэгъэза зы статья Азэмэт къеджа нэужь, Притчи 20:11 ит псалъэхэм егупсысащ: «Сабийрэ пэт къацІыху Іуэхуфэу илэжьамкІэ, „къезэгърэ ар, захуэ?“ — жаІэу» (Гъэсэпэтхыдэхэр). Ар абы дауэ сэбэп хуэхъуа? Азэмэт къыгурыІуащ зыгуэрым зыкъыпебгъэхыным къабзагъи пэжагъи зэрыхэмылъыр. Иджы абы жеІэ: «Сэ гу лъыстащ зыгуэрым зыкъыщыпебгъэхым деж хьэл мыхъумыщІэхэр уиІэ зэрыхъум. Ахэр иужькІэ, унагъуэ уиІэ хъумэ, икъукІэ зэран къыпхуэхъунущ. НэгъуэщІым зыкъыпезгъэхыу си щхьэгъусэм илъэгъуатэмэ, абы зыхищІэнур си нэгу къыщІэзгъэхьащ. Абы щыгъуэ сэ къызгурыІуащ а хьэлыр Іуэху джэгуу зэрыщымытыр. Зыгуэр тыншу зэрыпхуэщІэм къикІкъым а пщІэр тэмэму». Азэмэт зихъуэжыну мурад ищІащ. Хъыджэбзхэм зыкъыпегъэхыныр зэрыщигъэтам и фІыгъэкІэ ар зинэ щІэным къыхуэкІуакъым.

Алим гуэныхьым нэхъ гъунэгъужу бгъэдыхьат. Абы хьэл мыгъуэ хуэхъуащ порнографие еплъыныр. Алим и щхьэгъусэр фІы дыдэу илъагъут, ауэ и хьэл мыхъумыщІэм къытригъэзэжурэ зыдригъэхьэхт. Езым зэрыжиІэжымкІэ, 1 Петр 5:8 ит псалъэхэр абы къыдэІэпыкъуащ. Абы щыжыІащ: «ЗыфшыІэ икІи фымыжейуэ фысакъ. Фи бий шейтІаным, зыІуригъэлъэдэн лъыхъуэурэ, къеущыхь аслъэн гъуахъуэм хуэдэу». Алим жеІэ: «Нобэ дунейр порнографиекІэ гъэнщІащ. ЦІапІагъэр уи акъылым пхуимыгъэкІыжу къонэ. Ауэ ар къызыбгъэдэкІыр хэтми къызгурыІуэну Библием ит едзыгъуэр къыздэІэпыкъуащ. ИкІи ар зыщызмыгъэгъупщэну зезгъэсэн хуейт. Си акъылыр, си гур, си унагъуэр схъумэн папщІэ, зышыІэныгъэ зыхэслъхьэну Иеговэ фІэкІа зыри къызэрыздэмыІэпыкъуфынур сэ хьэкъыу спхыкІащ». Алим зыхуэныкъуэ дэІэпыкъуэгъур игъуэтри, порнографие еплъыныр зыхинэфащ. А хьэлыр къызэригъэнам ар гуэныхьышхуэм щихъумащ.

Зэрытлъагъущи, Библием ит чэнджэщхэм Іей куэдым дыщахъумэфынущ. Ауэ Іей гуэрымрэ гупсысэкІэ мыхъумыщІэмрэ хьэл мыгъуэ хэтІэса тхуэхъуамэ-щэ? Абы щыгъуэми Библиер сэбэп къызэрытхуэхъуфынум дегъэплъ.

Библием ит чэнджэщхэм гугъуехьышхуэхэм ущахъумэфынущ