Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

2 СТАТЬЯР

Иеговэ зэхуэсым щытхъу къыщыхуэфхь

Иеговэ зэхуэсым щытхъу къыщыхуэфхь

«Зэхуэсым щытхъу къыщыпхуэсхьынущ» (ПС. 22:22).

59-НЭ УЭРЭДЫР Славь Иаг со мной

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР *

1. Даут Иеговэ сыт хуэдэ гурыщІэхэр хуиІэт? Алыхьыр фІыуэ зэрилъагъум Даут сытым хуигъэушрэт?

 ПАЩТЫХЬ ДАУТ итхащ: «Иеговэ лъапІэщ икІи щытхъушхуэр хуэфащэщ» (Пс. 145:3). Даут Иеговэ фІыуэ илъагъут икІи Алыхьым хуиІэ лъагъуныгъэм хуигъэушт «зэхуэсым» ар щигъэлъэпІэну (Пс. 22:22; 40:5). Шэч хэмылъу, уэри Иеговэ фІыуэ болъагъу икІи арэзы утохъуэ Даут жиІа псалъэхэм: «Зы лъэхъэнэм щыщІэдзауэ адрей лъэхъэнэм нэсыху ди адэ Израилым и Алыхь Иеговэ щытхъу хуэфащэщ» (1 Лет. 29:10—13).

2. 1) Дапхуэдэу дэ Иеговэ щытхъу къызэрыхуэтхьыфынур? 2) Языныкъуэ ди къуэш, ди шыпхъухэр сыт хуэдэ гугъуехьым пэщІэхуэрэ? Сыт мы статьям щызэпкърытхынур?

2 Дапхуэдэу дэ Иеговэ щытхъу къызэрыхуэтхьыфынур? Псалъэм папщІэ, ди зэІущІэхэм ди Іэр тІэтурэ жэуап зэрыттымкІэ. Ауэ языныкъуэ ди къуэш, ди шыпхъухэм я дежкІэ ар гугъущ. Ахэр хуейт жэуап ятыну, ауэ шынэр зэран къахуохъу. Шынэм дауэ дытекІуа хъуну? Сыт хуэдэ чэнджэщхэр къыддэІэпыкъуну ди зэІущІэхэм щытт жэуапхэмкІэ зым зыр дгъэгушхуэну? Мы упщІэхэм я жэуапхэр къэтщІэн ипэ, ди зэІущІэхэм ди Іэр тІэтурэ жэуап щІэттым и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэу плІы зэпкърытхынщ.

ДИ ЗЭІУЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЩІЭТТЫМ И ЩХЬЭУСЫГЪУЭХЭР

3—5. 1) Еврейхэм 13:15 зэритымкІэ, сыт ди зэІущІэхэм жэуап щІэттыр? 2) Псоми зэхуэдэу жэуап ттын хуейуэ пІэрэ? КъыдгурывгъаІуэ.

3 Иеговэ дэ псоми Іэмал къыдитащ абы щытхъу къыхуэтхьыну (Пс. 119:108). Ди зэІущІэхэм щытт жэуапхэр Алыхьыр «зыгъэлъапІэ... ди къурмэныпхъэщ» икІи ди пІэкІэ ар зыми къихьынукъым. (Къеджэ Еврейхэм 13:15.) Ауэ псоми къэтхь «ди къурмэныпхъэр» зэщхьу щытын хуейуэ пІэрэ? Хьэуэ, Иеговэ апхуэдэу къытхуигъэувкъым!

4 Ди зэфІэкІымрэ ди Іуэхур зытетымрэ зэрызэтемыхуэр Иеговэ фІы дыдэу къыгуроІуэ икІи хуэтщІэфыр лъапІэу елъытэ. Израил цІыхухэм Иеговэ къыхуахьу щыта къурмэныпхъэхэр дигу къэдгъэкІыжынщ. Хэти хузэфІэкІт мэлыщІэ е бжэныщІэ къурмэныпхъэу къихьыну. Ауэ цІыхур тхьэмыщкІэмэ, «губгъуэ тхьэрыкъуитІ е тхьэрыкъуэщІитІ» къихь хъунут. Ари хузэфІэмыкІмэ, Иеговэ хьэзырт «хьэжыгъэ ефэм и Іыхьэ епщІанэр» цІыхум къыІырихыну (Лев. 5:7, 11). ДауикІ, хьэжыгъэр нэхъ пудт, ауэ Иеговэ апхуэдэ тыгъэр лъапІэу илъытэт, хьэжыгъэр нэхъыфІ дыдэм щыщу щытмэ.

5 Ди Алыхь щабэм ноби зихъуэжакъым. Дэ Иеговэ къыджиІэкъым Іэмал имыІэу Апполос хуэдэу жьакІуэу е Паул хуэдэу тегушхуэныгъэ тхэлъу зэІущІэм дыщыпсэлъэн хуейуэ (Апост. 18:24; 26:28). Алыхьыр зыкІэщ къызэрытщыгугъыр — зэрытхузэфІэкІкІэ ди зэІущІэхэм жэуап щыттыну. Абы тхузэфІэмыкІын къытхуигъэувкъым. Ахъшэ жьгъеитІ пхъуантэм дэзылъхьа фызабэ тхьэмыщкІэр уигу къэгъэкІыж. Абы къихьа тыгъэр Иеговэ лъапІэу илъытащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ иІэм щыщу нэхъыфІыр Алыхьым къыхуихьат (Лк. 21:1—4).

Ди жэуапхэр нэгъуэщІхэми дэри сэбэп къытхуохъу. (6, 7-нэ абзацхэм феплъ.) *

6. 1) Еврейхэм 10:24, 25 зэритымкІэ, ди зэІущІэхэм щызэхэтх жэуапхэр дауэ ди гум зэрылъэІэсыр? 2) Жэуап зытхэм ирахьэлІэ къарур лъапІэу зэрытлъытэр дауэ къызэрыдгъэлъэгъуэфынур?

6 Ди зэІущІэхэм щытт жэуапхэм къедаІуэхэр егъэгушхуэ. (Къеджэ Еврейхэм 10:24, 25.) Ди къуэш, ди шыпхъухэм ят жэуап зэмылІэужьыгъуэхэм дедэІуэну тфІэфІщ. Сабийм и гум къыбгъэдэкІыу ит жэуап кІэщІым ди гур хегъахъуэ. Пэжыр къэзыщІагъащІэр гушхуэныгъэ хэлъу къищІам зэрытепсэлъыхьыр ди гум лъоІэс. УкІытэхым е бзэр фІыуэ зымыщІэм лІыгъэ зригъэгъуэту и гупсысэхэмкІэ зэІущІэхэм къызэрыддэгуашэм дегъэгушхуэ (1 Фес. 2:2). Абыхэм ирахьэлІэ къарур лъапІэу зэрытлъытэр дауэ къызэрыдгъэлъэгъуэфынур? ЗэІущІэр иуха нэужь абыхэм дабгъэдыхьэу фІыщІэ яхуэтщІ хъунущ. Абы нэмыщІ дэри жэуапхэр тты хъунущ. Апхуэдэу псори дызэрыгъэгушхуэнущ (Рим 1:11, 12).

7. Ди зэІущІэхэм жэуап зэрыттым дэ езым сыт хуэдэ сэбэпынагъ къытхуихьыр?

7 Ди зэІущІэхэм жэуап зэрыттым дэ езым ди сэбэпынагъ хэлъщ (Ис. 48:17). Сыт хуэдэ? Япэрауэ, жэуап ттыну дызэрыхуейм дыхуегъэуш зэІущІэм нэхъыфІу зыхуэдгъэхьэзырыну. НэхъыфІу зэрызыдгъэхьэзырым и фІыгъэкІэ, Алыхьым и Псалъэр нэхъ куууэ къыдгуроІуэ. Ар нэхъ куууэ къыдгурыІуэху, къэтщІар нэхъыфІу ди гъащІэм къыщыдогъэсэбэпыф. ЕтІуанэрауэ, жэуап зэрыттым и фІыгъэкІэ, ди зэІущІэхэм гуфІэгъуэ нэхъыбэу къыхыдох. Ещанэрауэ, зэІущІэм щыжытІа гупсысэхэр зэман куэдкІэ ди гум къонэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар дгъэхьэзырын щхьэкІэ дэ къару куэд етхьэлІащ.

8, 9. 1) Малахия 3:16 итым тепщІыхьмэ, сыт Иеговэ зыхищІэр зэІущІэхэм жэуап щыттым деж? 2) Языныкъуэ ди къуэш, ди шыпхъухэм сыт я Іэр къыщІамыІэтыр?

8 Ди фІэщхъуныгъэм дыщытепсэлъыхьым деж Иеговэ догъэгуфІэ. Иеговэ къызэрыдэдаІуэм икІи жэуап ттын щхьэкІэ етхьэлІэ къарур лъапІэу зэрилъытэм шэч къытедмыхьэми хъунущ. (Къеджэ Малахия 3:16 *.) Алыхьыр дгъэгуфІэн щхьэкІэ къарууэ диІэр щетхьэлІэм деж, дэ абы и нэфІ къытщохуэ (Мал. 3:10).

9 Аращи, дэ щхьэусыгъуэ куэд диІэщ ди зэІущІэхэм жэуап щыттыну. Ауэ языныкъуэхэр мэшынэ я Іэр къаІэтыну. Уэри ушынэмэ, Іейуэ умыгузавэ. Иджыпсту зэпкърытхынщ, чэнджэщыфІхэр, ди къуэш, ди шыпхъухэм я щапхъэхэр икІи Библием ит принцип зыбжанэ. А псор къыддэІэпыкъунущ ди зэІущІэхэм жэуап нэхъ щІэх-щІэхыурэ щыттыну.

ДАУЭ ШЫНЭМ УЗЭРЫТЕКІУЭНУР?

10. 1) Сыт куэдыр зыщышынэр? 2) Сыт апхуэдэ шынэм къигъэлъагъуэр?

10 Уи Іэр пІэту жэуап птыным узэрегупсыс къудейм уи гур ирихужьэмэ, зыщомыгъэгъупщэ: уи закъуэкъым апхуэдэ гугъуехь зиІэр. Жэуап итыну мышынэ куэд дэ къытхэткъым. Шынэм утекІуэн щхьэкІэ абы и щхьэусыгъуэр къэпщІэн хуейщ. Сыщыуэнущ е жысІэну сызыхуейр сщыгъупщэжынущ жыпІэу ушынэнкІэ хъунущ. Е адрейхэм я жэуапым хуэдэу, уи жэуапыр гъэщІэгъуэну щымытынкІэ угузэвэнкІэ хъунущ. Пэжыр жыпІэмэ, апхуэдэ гурыщІэхэр узэриІэр Іейкъым: абы къегъэлъагъуэ уэ узэрыІэдэбыр икІи адрейхэр уэр нэхърэ нэхъыфІу зэрыплъытэр. Иеговэ Іэдэбагъ зыхэлъ и лэжьакІуэхэр фІыуэ елъагъу (Пс. 138:6; Флп. 2:3). Ауэ Иеговэ хуейщ зэІущІэхэм уэ абы щытхъу къыщыхуэпхьыну икІи уи къуэш, уи шыпхъухэри бгъэгушхуэну (1 Фес. 5:11). Алыхьым фІыуэ укъелъагъу икІи Іэмал имыІэу лІыгъэ къыпхилъхьэнущ.

11. Библием ит сыт хуэдэ гупсысэхэр къыддэІэпыкъуну шынэм дытекІуэну?

11 Библием ит языныкъуэ гупсысэхэр зэпкърытхынщ. Тхыгъэ ЛъапІэм къыдгурегъаІуэ дэ жытІэмрэ дызэрыпсалъэ щІыкІэмрэ сыт щыгъуи тэмэму зэрыщымытыр (Екъуб 3:2). Иеговэ ещІэж гуэныхь тхэлъыр зэран къызэрытхуэхъур. Ди къуэш, ди шыпхъухэми ар къагуроІуэ (Пс. 103:12—14). Ахэр ди унагъуэм хуэдэщ икІи абыхэм икъукІэ фІыуэ дыкъалъагъу (Мк. 10:29, 30; Ин. 13:35). Абыхэм къагуроІуэ иныкъуэм деж дызэрыхуейм хуэдэу ди гупсысэхэр зэрытхужымыІэр.

12, 13. Неемиерэ Инусрэ я щапхъэм сытым дыхуригъасэрэ?

12 Библием зи гугъу ищІ цІыхуитІым я щапхъэм дегупсысынщ. Ар къыддэІэпыкъунущ шынэм дытекІуэну. Псалъэм папщІэ, Неемие. Ар лъэкІыныгъэ зиІэ пащтыхьым и деж щылажьэт. Ерусалим и блынхэмрэ и куэбжэмрэ зэтекъутауэ зэрызэхэлъыр къыщищІам, Неемие абы игъэнэщхъеящ (Неем. 1:1—4). Ар щІэнэщхъейм пащтыхьыр щыщІэупщІам, Неемие и гур хуабжьу къеуэн щІидзауэ къыщІэкІынщ. Неемие асыхьэту Алыхьым зыхуигъазэри, пащтыхьым псори къыгуригъэІуащ. Сыт абы кърикІуар? Пащтыхьыр Алыхьым и лъэпкъым дэІэпыкъуащ (Неем. 2:1—8). Инус и щапхъэри дигу къэдгъэкІыжынщ. Нинуй къалэм дэсхэм я деж кІуэну Алыхьым къыщыжриІам щыгъуэ, ар шынэри, нэгъуэщІ лъэныкъуэкІэ щыІэ Фарсис къалэм кІуат (Инус 1:1—3). Ауэ Иеговэ къыдэІэпыкъури, а къалэныр Инус игъэзэщІащ. Абы къахуихьа хъыбарым и фІыгъэкІэ, къалэм дэсхэр я гуэныхьхэм хущІегъуэжри, Иеговэ ахэр къригъэлащ (Инус 3:5—10). Неемие и щапхъэм къыдгурегъаІуэ жэуап ттын ипэ Алыхьым тхьэлъэІукІэ зэрызыхуэдгъэзэн хуейр. Инус и щапхъэм къегъэлъагъуэ шынэм дызэщІиубыдами, Иеговэ езыр къызэрыддэІэпыкъунур, адэкІи абы пэжу дыхуэлэжьэн щхьэкІэ. Иджы егупсысыт: Нинуй къалэм дэсхэм хуэдэу ди къуэш, ди шыпхъухэр шынагъуэ-тІэ?

13 Ди жэуапхэмкІэ адрейхэр зэрыдгъэгушхуэным теухуауэ сыт хуэдэ чэнджэщхэр щыІэ? Языныкъуэхэр къыкІэлъыкІуэ абзацхэм щызэпкърытхынщ.

14. ЗэІущІэхэм фІыуэ зыхуэбгъэхьэзырыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт икІи дапщэщ ар щыпщІэ хъунур?

14 ЗэІущІэ къэс зыхуэгъэхьэзыр. Зэман иІэу зэІущІэм зыхуэбгъэхьэзырмэ икІи материалыр куууэ бджымэ, шынэм утекІуэнущ (Прит. 21:5). Щхьэж езым унафэ ещІыж зэІущІэхэм зыщыхуигъэхьэзыр зэманым теухуауэ. Псалъэм папщІэ, илъэс 80-м щІигъуа фызабэ Элои́з «ХъумакІуэ чэщанэм» ит статьяр тхьэмахуэм ипэм гъэхьэзырын щІедзэ. Абы жеІэ: «Зэман иІэу зызгъэхьэзырмэ, зэІущІэм гуфІэгъуэ нэхъыбэ къысхуехь». Лэжьыгъэм зэман куэд тезыгъэкІуэдэн хуей хъу ди шыпхъу Джой «ХъумакІуэ чэщанэр» щэбэт махуэм едж. Ар къыддогуашэ: «Статьяр зджагъащІэу зэІущІэм сызэрыкІуэр сигу ирохь, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы ит гупсысэхэр иджыри си щхьэм илъщи». Зэхуэсым и нэхъыжьу икІи пионеру лажьэ Айк жеІэ: «Статьяр зэрыщыту зэ тІысыгъуэкІэ зджы нэхърэ, тхьэмахуэм и кІуэцІкІэ тІэкІу-тІэкІуурэ зджымэ нэхъ къызощтэ».

15. ЗэІущІэм фІыуэ зыхуэбгъэхьэзырыну сыт къыбдэІэпыкъунур?

15 ЗэІущІэм фІыуэ зыхуэбгъэхьэзырыну сыт къыбдэІэпыкъунур? Зыбгъэхьэзырыну утІысын ипэ Иеговэ и къару лъапІэр къыуитыну елъэІу (Лк. 11:13; 1 Ин. 5:14). Абы иужькІэ материалым кІэщІу хэплъэ: темэм, подзаголовокхэм, сурэтхэмрэ рамкэхэмрэ егупсыс. Абзац абзацкІэ зэпкърыпхыху Библием щыщу къихь едзыгъуэхэр къызэрызэІупхыным иужь ит. Узэджам куууэ егупсыс. ЗэІущІэм щыптыну жэуапым гулъытэ нэхъыбэ хуэщІ. НэхъыфІу зыбгъэхьэзырмэ, узэджам уэ езым сэбэпынагъ нэхъыбэ къыпхуихьынущ икІи нэхъ тыншу жэуап птынущ (2 Кор. 9:6).

16. Сыт хуэдэ электроннэ Іэмэпсымэхэр уэ уиІэ икІи дауэ ахэр къызэрыбгъэсэбэпыр?

16 Іэмал уиІэмэ, бзэ пцІыхумкІэ щыІэ электроннэ Іэмэпсымэхэр къэгъэсэбэп. Иеговэрэ абы и организацэмрэ я фІыгъэкІэ дэ электроннэ Іэмэпсымэхэр диІэщ икІи ахэр къыддоІэпыкъу зэІущІэхэм зыхуэдгъэхьэзырыну. JW Library® жыхуиІэ приложением Іэмал къыдет дджыну материалыр ди телефоным итлъхьэну. Абы щыгъуэ а материалыр сыт хуэдэ зэманми, дэнэ дыщымыІами дджыну (е нэхъ мыхъуми деджэну е дедэІуэну) Іэмал диІэщ. Языныкъуэ ди къуэш, ди шыпхъухэм а приложениер къагъэсэбэп гъуэгу щытеткІэ е лэжьапІэм шэджагъуашхэ щащІкІэ. Школым ар къыщызыгъэсэбэпхэри щыІэщ. Зы упщІэ гуэрым куууэ дыхэплъэну дыхуеймэ, дэ сэбэп къытхуэхъунущ электроннэ библиотекэмрэ онлайн-библиотекэмрэ.

Дапщэщ уэ зэІущІэхэм зыщыхуэбгъэхьэзырыр? (14—16-нэ абзацхэм феплъ.) *

17. 1) Жэуап зыбжанэ бгъэхьэзырмэ сыт щІэнэхъыфІыр? 2) «Стань другом Иеговы. Подготовь свой комментарий» жыхуиІэ видеороликым сыт къыхэпхар?

17 ЗэрыхъукІэ статья къэс жэуап зыбжанэ гъэхьэзыр. Сыт щхьэкІэ? Уэ бгъэхьэзыра жэуапыр нэгъуэщІым жиІэнкІэ хъунущ. Къуэшым зэманым щІригъэгъуну хуитыныгъэ зэримыІэм къыхэкІкІэ, зи Іэр къэзыІэт псоми еупщІыфыну къыщІэкІынкъым. Аращи, статьяр щызэпкърыфхкІэ ипэхэм уэ къомыупщІамэ, уи жагъуэ умыщІ. Ауэ жэуап зыбжанэ бгъэхьэзырмэ, къоупщІынкІэ Іэмал нэхъыбэ щыІэщ. Библием ит едзыгъуэр е уи псалъэкІэ жыпІэну жэуапыр гъэхьэзыр *.

18. Ди жэуапхэр кІэщІу щытмэ сыт щІэнэхъыфІыр?

18 Уи жэуапыр кІэщІу щрет. Ди къуэш, ди шыпхъухэр сыт хуэдэ жэуапхэра зыгъэгушхуэнур? КІэщІу, гурыІуэгъуэу щытхэращ. Аращи, мурад щІы кІэщІу жэуап птыну икІи уи жэуапыр секунд 30-м щІимыгъумэ нэхъыфІщ (Прит. 10:19; 15:23). Илъэс куэд хъуауэ зэІущІэхэм жэуап щыптмэ, уи къалэнщ кІэщІу жэуап тынымкІэ щапхъэфІ бгъэлъэгъуэну. Дакъикъэ зыбжанэ хъу жэуап кІыхьхэр щызэхахым деж, къуэш, шыпхъухэр егупсысыфынущ, зэи апхуэдэу жьакІуэу мыпсэлъэфыну. Абы нэмыщІ жэуапхэр нэхъ кІэщІыху, цІыху нэхъыбэм жэуап ятыфынущ. Япэ упщІэм и жэуапыр уэ жыпІэмэ, уи псалъэхэр кІэщІу икІи абыхэм купщІэ хэлъу щытыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Абзацым ит гупсысэ псори жыпІэжыну зэи иужь уимыхьэ. Абзацым и гупсысэ нэхъыщхьэр жаІауэ щытмэ, нэгъуэщІ гупсысэхэм гу лъыптэ хъунущ. (« Уи жэуапым сыт хэбгъэхьэ хъунур?» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)

19. Сыт пщІэ хъунур жэуап зэптыну узыхуей упщІэр къыхэпхамэ?

19 Статьяр езыгъэкІуэкІ къуэшым зэІущІэм ипэ къихуэу бгъэдыхьи жеІэ, сыт хуэдэ упщІэм жэуап ептыну ухуейми. Къыхэпха абзацым и упщІэр къуэшым ита иужь, занщІэу уи Іэр лъагэу Іэт, къуэшым илъэгъун хуэдэу.

20. Ныбжьэгъухэр зы Іэнэм бгъэдэсу зэрызэдэшхэм сыт зэІущІэр ебгъэщхь щІэхъунур?

20 ЗэІущІэр ебгъэщхь хъунущ ныбжьэгъухэр зы Іэнэм бгъэдэсу зэрызэдэшхэм. Уи нэгу къыщІэгъэхьэ мэз лъапэм фыщызэхэсыну мурад фщІауэ. Уэри къолъэІуащ тыншу ягъэхьэзыр зы шхыныгъуэ гуэр упщэфІу къыздэпхьыну. А Іуэхум тІэкІу уигъэгузэвэнкІэ хъунущ, ауэ уэ пхузэфІэкІ къэбгъэнэну къыщІэкІынкъым псоми ягу ирихьын шхыныгъуэ бгъэхьэзырын щхьэкІэ. Бысым хьэлэлым хуэдэу, Иеговэ ди зэІущІэхэм шхыныгъуэхэм къикъутэ Іэнэ къыщытхуегъэув (Пс. 23:5; Мт. 24:45). Абы и гуапэщ дэри тхузэфІэкІыр щыхэтлъхьэм деж, псалъэм папщІэ диІэм и нэхъыфІыр къыхуэтхьу. Аращи, зэІущІэхэм фІыуэ зыхуэгъэхьэзыр икІи щІэх-щІэхыурэ уи Іэр къэІэт. Абы щыгъуэ уэри Иеговэ и Іэнэм тет шхыныгъуэ ІэфІхэм гуфІэгъуэ хэпхынущ, уи къуэш, уи шыпхъухэми я гуапэ пщІыфынущ.

2-НЭ УЭРЭДЫР Уэ уи цІэр — Иеговэщ

^ Даут хуэдэу, дэри Иеговэ фІыуэ долъагъу икІи щытхъу къыхуэтхьыну дыхуейщ. Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэр къэдгъэлъэгъуэну ди зэІущІэхэм ІэмалыфІ къыдат. Ауэ языныкъуэ ди къуэш, ди шыпхъухэм я дежкІэ гугъущ зэІущІэхэм жэуап щатыну: ахэр шынэм зэщІеубыдэ. Уэри жэуап птыну ушынэмэ, мы статьям къыбгуригъэІуэнущ ущІэшынэм и щхьэусыгъуэр икІи шынэм узэрытекІуэ хъунур.

^ Малахия 3:16: «Абы щыгъуэ Иеговэ щышынэхэр зэпсалъэт, щхьэж езым и гъунэгъум, Иегови абы гу лъитэт икІи едаІуэт. Иеговэ щышынэхэмрэ и цІэм егупсысхэмрэ абы и пащхьэ илъ тхылъым иратхэт».

^ jw.org. сайтым «Стань другом Иеговы. Подготовь свой комментарий» жыхуиІэ видеороликым щеплъ. (БИБЛЕЙСКИЕ УЧЕНИЯ > ДЕТИ.)

^ СУРЭТЫР. Ди къуэш, ди шыпхъухэм нэжэгужэу «ХъумакІуэ чэщанэм» ит статьяр зэпкърах.

^ СУРЭТЫР. Мыбы ипэ къихуэ сурэтым тетахэм ящыщхэр. Абыхэм я Іуэхур зыІутыр зэщхькъым, ауэ псоми зэман къыдагъэкІ зэІущІэм зыхуагъэхьэзырын щхьэкІэ.