Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

10 СТАТЬЯР

Псым зыщІэзгъэуэну сыт зэран къысхуэхъур?

Псым зыщІэзгъэуэну сыт зэран къысхуэхъур?

«Іэтащхьэмрэ Филиппрэ псым хыхьэри, Филипп Іэтащхьэр иумэхъащ» (АПОСТ. 8:38).

52-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ дыхуэлэжьэну псалъэ еттащ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a

1. Сыт Іэдэмрэ Хьэуарэ яфІэкІуэдар икІи сыт абы кърикІуар?

 ДАУЭ УЕПЛЪРЭ, хэт хуитыныгъэ зиІэр фІымрэ Іеймрэ зэхигъэкІыну? Іэдэмрэ Хьэуарэ фІымрэ Іеймрэ зэхэзыгъэкІ жыгым къыпыкІэ пхъэщхьэмыщхьэр яшха иужь, абыхэм ІупщІу къагъэлъэгъуащ Иеговэ дзыхь зэрыхуамыщІыр икІи и хабзэхэм тетыну зэрыхуэмейр. Абыхэм сытыр фІыми сытыр Іейми езыхэм зэхагъэкІыну яхуеящ (ЩІэдз. 3:22). Ауэ сыт абы кърикІуар? Іэдэмрэ Хьэуарэ Иеговэ хуаІа ныбжьэгъугъэмрэ гъащІэ мыухыж яІэу псэуну Іэмал яІамрэ яфІэкІуэдащ. Абы нэмыщІ Іэдэмрэ Хьэуарэ я щІэблэм гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ «я Іыхьэ хъуащ» (Рим 5:12). Іэдэмрэ Хьэуарэ унафэ ящІам гуауэрэ гугъуехьрэ кърикІуащ.

Хьисэ Мэссихь и фІэщ хъуа иужь, Ефиопие къэралым щыщ лІым зэрыхъукІэ нэхъ псынщІэу псым зыщІигъэуэну мурад ищІащ. (2, 3-нэ абзацхэм феплъ.)

2, 3. 1) Ефиопие къэралым щыщ лІым сыт ищІар Филипп пэжыр къыщыжриІам щыгъуэ? 2) Псым зыщІэдгъэуа иужь сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къытІэрыхьэрэ? Сыт хуэдэ упщІэхэр зэпкърытхыну?

2 Иджы зэдгъэпщэнщ Іэдэмрэ Хьэуарэ унафэ ящІамрэ Ефиопие къэралым щыщ лІым унафэ ищІамрэ. А лІым Филипп пэжыр къыщыжриІам щыгъуэ Иеговэрэ Хьисэрэ къыхуащІам щхьэкІэ и гум фІыщІэшхуэ илъ хъуати, занщІэу псым зыщІигъэуащ (Апост. 8:34—38). Ди гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ итлъхьэу псым зэрызыщІэдгъауэмкІэ сыт къэдгъэлъагъуэр? Иеговэрэ Хьисэрэ къытхуащІам щхьэкІэ ди гум фІыщІэшхуэ зэрилъыр къыдогъэлъагъуэ. Абы нэмыщІ Иеговэ дзыхь зэрыхуэтщІыр икІи абы фІымрэ Іеймрэ зэхигъэкІыну хуитыныгъэ зэриІэм шэч къызэрытедмыхьэр къыдогъэлъагъуэ.

3 Егупсысыт, Иеговэ дыщыхуэлажьэм деж, сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къытІэрыхьэми. Абы дыкъегъэгугъэ Іэдэмрэ Хьэуарэ яфІэкІуэда псор къыдитыжыну, псалъэм папщІэ гъащІэ мыухыжыр. Хьисэ Мэссихь ди фІэщ зэрыхъум къыхэкІкІэ Иеговэ ди гуэныхьхэр къытхуегъэгъу икІи напэ къабзэ къыдет (Мт. 20:28; Апост. 10:43). Абы нэмыщІ дэ Иеговэ и унагъуэм щыщ дохъу. А унагъуэм хохьэ Алыхьым и лэжьакІуэхэр икІи абыхэм гъащІэ дахэ къапэщылъщ (Ин. 10:14—16; Рим 8:20, 21). Апхуэдиз фІыгъуэр къызэрыдитым емылъытауэ, Иеговэ къэзыцІыхуа языныкъуэхэм Ефиопие къэралым щыщ лІым и щапхъэм тету псым зыщІагъэуэну мурад ящІкъым. Сыт абыхэм зэран къахуэхъур икІи зэран хъум дауэ зэрыпэлъэщынур?

ПСЫМ ЗЫЩІЭБГЪЭУЭНУ ЗЭРАН ХЪУФЫНУР

Псым зыщІэбгъэуэну зэран хъуфынур

Узэрытемыгушхуэр. (4—5-нэ абзацхэм феплъ.) c

4, 5. Эйверирэ Ханнэрэ псым зыщІагъэуэну сытыт зэран яхуэхъур?

4 Узэрытемыгушхуэр. Э́йвери зи цІэ щІалэр Иеговэ хуэлажьэ унагъуэм къыщыхъуащ. Эйвери и адэр зэхуэсым и нэхъыжьщ, абы и къалэнхэр фІы дыдэу егъэзащІэ икІи лъагъуныгъэ зыхэлъ адэу щытщ. Ауэ Эйвери псым зыщІигъэуэну пІащІэтэкъым. Сыт щхьэкІэ? Абы жеІэж: «Сэ си адэм хуэдэ сыхъуфыну сигугъэтэкъым». Абы нэмыщІ Эйвери къратыну къалэнхэр хуэмыгъэзэщІэну къыщыхъут. Ар къыддогуашэ: «Алыхьым лъэІукІэ зыхуэзгъэзэну, зэхуэсым и пащхьэ псалъэ щыжысІэну е хъыбарыфІ гъэІуным теухуа зэІущІэ кІэщІыр езгъэкІуэкІыну къызэлъэІункІэ сыгузавэт».

5 Илъэс 18 хъу хъыджэбз Ха́ннэ зыри имыщІысу къыщыхъут. Абы и адэ-анэр Иеговэ и Щыхьэту щытт. Абы емылъытауэ, Ханнэ Алыхьым и хабзэхэм темытыфыну къыщыхъут. Сыт щхьэкІэ? Абы и щхьэм мыгъуагъэ хуихьыжт икІи иныкъуэхэм деж апхуэдизкІэ игу зэбгъэжти, уІэгъэхэр зытрилъхьэжт, ауэ и гурыщІэхэр нэхъ Іей хъу фІэкІа нэхъыфІ хъутэкъым. Ханнэ жеІэж: «Абы теухуауэ си адэ-анэми нэгъуэщІхэми яжесІэтэкъым. Сэ къысщыхъут Иеговэ апхуэдэ лэжьакІуэ иІэну хуэмейуэ».

Уи ныбжьэгъухэр. (6-нэ абзацым феплъ.) d

6. Ванессэ псым зыщІигъэуэну сытыт зэран къыхуэхъур?

6 Уи ныбжьэгъухэр. Илъэс 22 хъу ди шыпхъу Ване́ссэ жеІэж: «Сэ ныбжьэгъуфІ сиІэт. Абырэ сэрэ илъэсипщІ хуэдизкІэ дызэныбжьэгъуащ». Ванессэ псым зыщІигъэуэну хуейт, ауэ и ныбжьэгъум Иеговэ и фІэщ хъутэкъыми и мурадыр къыдиІыгъакъым. Ванессэ ар Іейуэ къехьэлъэкІащ. Абы жеІэж: «Сэ цІыхухэр зэзгъэцІыхуну къызохьэлъэкІ, абы къыхэкІкІэ ар афІэкІа сымыгъэныбжьэгъужмэ, зэи апхуэдэ ныбжьэгъу къысхуэмыгъуэтыжыну къысщыхъут».

Щыуагъэ пщІэну шынэ уиІэр. (7-нэ абзацым феплъ.) e

7. Сытыт Макейлэ зыщышынэр икІи сыт щхьэкІэ?

7 Щыуагъэ пщІэну шынэ уиІэр. Маке́йлэ илъэситху хъууэ арат и дэлъхур зэхуэсым щыхагъэкІам. Абы илъагъут и дэлъхум ищІам и адэ-анэм сыт хуэдиз гуауэ къахуихьами. Макейлэ къыддогуашэ: «Сэ сышынэт псым зыщІэзгъэуэну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ иужькІэ щыуагъэ гуэр сщІэрэ зэхуэсым сыхагъэкІмэ, си адэ-анэм я гуауэр нэхъыбэж сщІынут».

КъыппэщІэувэну узэрышынэр. (8-нэ абзацым феплъ.) f

8. Сытыт Майлз зыщышынэр?

8 КъыппэщІэувэну узэрышынэр. Майлз и адэмрэ и анэмрэ зэбгъэдэкІат. А адэр Иеговэ и Щыхьэтщ, ауэ и анэр Иеговэ хуэлажьэкъым. Майлз жеІэ: «Сэ си анэм и гъусэу илъэс 18-кІэ сыпсэуащ икІи сышынэт псым зыщІэзгъэуэну сызэрыхуейр абы жесІэну. Си адэр Иеговэ и Щыхьэт щыхъуам щыгъуэ си анэм зэрызищІар сщІэжти, сэри къыспэувыну сыгузавэт».

ЗЭРАН КЪЫПХУЭХЪУХЭМ ДАУЭ УЗЭРЫПЭЛЪЭЩЫНУР?

9. Иеговэ и лъагъуныгъэмрэ шыІэныгъэмрэ теухуауэ нэхъыбэ къафщІэмэ, сытым абы фыхуигъэушыну?

9 Іэдэмрэ Хьэуарэ Иеговэ къагъэнащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ хуаІэ лъагъуныгъэр мащІэт. Абы емылъытауэ ахэр зэман гуэркІэ псэуну Иеговэ хуит ищІащ, сабийхэр яІэ хъун щхьэкІэ икІи хуитыныгъэ яритащ Іэдэмрэ Хьэуарэ зэрахуейм хуэдэу я сабийхэр ягъэсэну. Куэд дэмыкІыу наІуэ хъуащ Іэдэмрэ Хьэуарэ Алыхьым и жыІэм щІэмыту псэуну унафэ ящІам Іущагъ зэрыхэмылъар. Абыхэм я къуэ нэхъыжьым зыри зимылажьэ и къуэшыр иукІыжащ икІи иужькІэ цІыхухэр нэхъ щхьэхуещэ, гущІэгъуншэ хъуащ (ЩІэдз. 4:8; 6:11—13). Ауэ Іэдэмрэ Хьэуарэ я щІэблэм щыщ дэтхэнэми Иеговэ Іэмал иритащ къыхуэлэжьэну хуеймэ, къелыну (Ин. 6:38—40, 57, 58). Иеговэ и лъагъуныгъэмрэ шыІэныгъэмрэ теухуауэ нэхъыбэ къэфщІэху, фэ ар нэхъыфІыжу флъагъуну къыщІэкІынщ. ИкІи Іэдэмрэ Хьэуарэ къыхаха гъуэгур къэвгъанэу, фи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ ифлъхьэну фыхуеинущ.

Зэран къыпхуэхъухэм узэрыпэлъэщынур. (9, 10-нэ абзацхэм феплъ.) g

10. Псалом 19:7 ит псалъэхэм узэрегупсысыр дауэ къызэрыбдэІэпыкъунур Иеговэ ухуэлэжьэну мурад пщІыну?

10 АдэкІи Иеговэ теухуауэ нэхъыбэ къызэрыпщІэным иужь ит. Иеговэ нэхъыфІу къэпцІыхуху, абы ухуэлэжьэну зэрыпхузэфІэкІынур нэхъ быдэу уи фІэщ хъунущ. ИпэкІэ зи гугъу тщІа Эйвери жеІэ: «Псалом 19:7 b ит псалъэхэм сызэрегупсысам и фІыгъэкІэ тегушхуэныгъэ сиІэ хъуащ». (Къеджэ.) Эйвери езым зыхищІащ Иеговэ жиІэхэр зэригъэзэщІэжыр икІи Алыхьым хуиІэ лъагъуныгъэр нэхъ быдэ хъуащ. Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэр абы дзыхь хуэтщІыну къызэрыддэІэпыкъум нэмыщІ, Иеговэ ди гъащІэм псом япэ идгъэщу, и мурадыр дгъэзэщІэну къыддоІэпыкъу. ИпэкІэ дызытепсэлъыхьа Ханнэ жеІэ: «Библием седжэурэ икІи абы тегъэщІа тхыгъэхэр куууэ зджыурэ сэ къызгурыІуащ уІэгъэхэр зэрызытеслъхьэжымкІэ Иеговэ и гум сызэреуэр» (1 Пет. 5:7). Ханнэ Алыхьым и псалъэм еджэурэ къищІэхэр и гъащІэм къыщигъэсэбэпу щІидзащ (Екъуб 1:22). Сыт абы кърикІуар? Ханнэ къыддогуашэ: «Иеговэ зыхуейр сщІэуэ щыщІэздзам, абы сэбэпынагъ къысхуихьыр зыхэсщІащ икІи Алыхьым хузиІэ лъагъуныгъэр хэхъуащ. Иджы сэ шэч къытесхьэкъым: сэ дэІэпыкъуэгъу сыхуей хъумэ Иеговэ гъуэгу пэжыр сигъэлъэгъунущ». Ханнэ уІэгъэхэр зытрилъхьэжу хьэл Іей иІам текІуэфащ. Абы и гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ ирилъхьэри, псым зыщІигъэуащ.

(11-нэ абзацым феплъ.) h

11. Дапхуэдэу Ванессэ ныбжьэгъуфІхэр къызэригъуэтар икІи абы сытым дыхуигъасэрэ?

11 Іущагъ хэлъу ныбжьэгъу къыхэх. ИпэкІэ зи гугъу тщІа Ванессэ хуэмурэ къыгурыІуащ псым зыщІигъэуэну и ныбжьэгъур зэран къызэрыхуэхъур. Арати, Ванессэ ар имыгъэныбжьэгъуу, зэхуэсым щыщхэр ныбжьэгъу ищІыну къару ирихьэлІащ. Абы зэрыжиІэмкІэ, Нухьрэ и унагъуэмрэ я щапхъэр къыдэІэпыкъуащ. «Иеговэ фІыуэ зымылъагъу цІыхухэм я гъусэу псэуащ ахэр,— жеІэ Ванессэ,— ауэ абыхэм езыхэм я зэхуаку зэхущытыкІэ быдэ дэлът». Псым зыщІигъэуа иужь, Ванессэ пионер лэжьыгъэр къищтащ. Иджы абы мыпхуэдэу жеІэ: «Сэ си зэхуэсым нэмыщІ нэгъуэщІ зэхуэсхэми ныбжьэгъуфІ дыдэхэр къыщызгъуэтащ». Уэри ныбжьэгъуфІхэр къэбгъуэтынущ, Иеговэ къыдита лэжьыгъэм жыджэру ухэту щытмэ (Мт. 24:14).

(12—15-нэ абзацхэм феплъ.) i

12. Іэдэмрэ Хьэуарэ сыт ямыІар икІи сыт абы кърикІуар?

12 Алыхь фІэлІыкІ зигъэІэ. Дэ Алыхь фІэлІыкІ диІэу щытмэ, абы ифІэмыфІ Іуэху тщІэнукъым (Пс. 111:10). Іэдэмрэ Хьэуарэ Алыхь фІэлІыкІ яІамэ, ахэр Иеговэ зэи пэщІэувэнутэкъым. Алыхьым пэщІэува иужь, Іэдэмрэ Хьэуарэ я нэхэр къэплъащ: абыхэм къагурыІуащ гуэныхьыщІэ зэрыхъуар. Иджы я щІэблэм гуэныхьрэ лІэныгъэрэ фІэкІ нэгъуэщІ зыри иратыфынутэкъым. Ар къагурыІуа иужь, Іэдэмрэ Хьэуарэ зэрыпцІанэм ириукІытэри тхьэмпэхэмкІэ ябгхэр щІапхащ (ЩІэдз. 3:7, 21).

13, 14. 1) 1 Петр 3:21 зэритымкІэ, лІэныгъэм дыщышынэу, абы дызэщІиубыдауэ щытын щІыхуэмейр сыт? 2) Иеговэ фІыуэ тлъагъуну сыт хуэдэ щхьэусыгъуэхэр диІэ?

13 Дэ лІэныгъэм дыщышынэу, абы дызэщІиубыдауэ щытын хуейкъым. ГъащІэ мыухыжым ухуэзышэ гъуэгур Иеговэ къытхузэІуихащ. Гуэныхь тщІэрэ, абы гурэ псэкІэ дыхущІегъуэжмэ, Иеговэ къытхуигъэгъунущ и Къуэм къурмэныпхъэу и гъащІэ итар ди фІэщ зэрыхъум и фІыгъэкІэ. Дэ апхуэдэ фІэщхъуныгъэ дызэриІэр къыдогъэлъагъуэ ди гъащІэр Алыхьым и ІэмыщІэ итлъхьэрэ, псым зыщІэдгъауэмэ. (Къеджэ 1 Петр 3:21.)

14 Дэ Иеговэ фІыуэ щІэтлъагъун щхьэусыгъуэ куэд диІэщ. Абы махуэ къэс дыщІэгуфІэн къыдет. Абы нэмыщІ езымрэ и мурадхэмрэ теухуауэ пэжыр къытхузэІуех (Ин. 8:31, 32). Зэхуэсыр къигъэсэбэпу Алыхьым къарурэ дызыхуэныкъуэ чэнджэщхэмрэ къыдет. Ар къыддоІэпыкъу ди гугъуехьхэм дыпэлъэщыну икІи жэнэтым гъащІэ мыухыж диІэу дыщыпсэуну гугъэ дахэ къыдет (Пс. 68:19; Апок. 21:3, 4). Иеговэ фІыуэ дызэрилъагъур дигъэлъэгъун щхьэкІэ къытхуищІа псом дыщегупсысым деж, дэри ар фІыуэ тлъагъуну дыхуегъэуш. Иеговэ фІыуэ тлъагъуа иужь, дэ Алыхь фІэлІыкІ диІэ мэхъу, нэгъуэщІу жыпІэмэ абы и жагъуэ дымыщІын щхьэкІэ ифІэмыфІ Іуэху гуэр тщІэну дыхуейкъым.

15. Макейлэ щыуагъэ ищІэну шынэ иІам дауэ зэрыпэлъэщар?

15 ИпэкІэ зи гугъу тщІа Макейлэ щыуагъэ ищІэну шынэ иІам пэлъэщащ, Иеговэ лъагъуныгъэ хэлъу ди щыуагъэхэр къызэрытхуигъэгъур къыщищІам щыгъуэ. Абы жеІэ: «Сэ къызгурыІуащ дэ псоми гуэныхь зэрытхэлъыр икІи щыуагъэ зэрытщІэнур. Ауэ иджыри сэ къызгурыІуащ Иеговэ фІыуэ дызэрилъагъур икІи щхьэщэхужым и фІыгъэкІэ къызэрытхуигъэгъур». Иеговэ хуиІэ лъагъуныгъэм Макейлэ хуигъэушащ и гъащІэр абы и ІэмыщІэ ирилъхьэу, псым зыщІигъэуэну.

(16-нэ абзацым феплъ.) j

16. Майлз шынэ иІам дауэ зэрытекІуар?

16 ИпэкІэ зэрыжытІащи, Майлз псым зыщІигъэуэну зэрыхуейр и анэм жриІэмэ, ар къыпэщІэувэну шынэт. Абы къыхэкІкІэ Майлз районым и нэхъыжьым зыхуигъэзащ. «Ари къыщыхъуа унагъуэм и адэ зырат Иеговэ и Щыхьэту щытыр,— жеІэж Майлз.— Псым зыщІэзгъэуэну си адэм сыхимыгъэзыхьу, сэ езым апхуэдэ гукъыдэж сызэриІэр си анэм дапхуэдэу къыгурызгъэІуэнуми абы сэ чэнджэщ къызитащ». Майлз псым зыщІигъэуэну зэрыхуейм щхьэкІэ и анэр хуабжьу къэгубжьат. ИкІэм-икІэжым Майлз и анэм и унэм къыщІэкІын хуей хъуащ, ауэ псым зыщІигъэуэну гукъыдэж иІар абы щхьэкІэ кІуэдакъым. Ар къыддогуашэ: «Иеговэ сэр щхьэкІэ ищІа псор къыщызгурыІуам щыгъуэ, ар си гум хыхьащ. Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэм куууэ сыщегупсысым сэ зыхэсщІащ Иеговэ фІыщэу сызэрилъагъур. Абы сыхуигъэушащ си гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ ислъхьэу псым зыщІэзгъэуэну».

УНАФЭ ПЩІАМ ТЕТЫЖ

Дэ Иеговэ къытхуищІа псом щхьэкІэ фІыщІэ хуэтщІыфынущ. (17-нэ абзацым феплъ.)

17. Дэтхэнэ зыми сыт хуэдэ Іэмал диІэ?

17 Хьэуа фІымрэ Іеймрэ зэхэзыгъэкІ жыгым къыпыкІэ пхъэщхьэмыщхьэр зэришхамкІэ къигъэлъэгъуащ и Адэм и щІыб зэрыхуигъэзар. Іэдэми и щхьэгъусэм и лъэныкъуэр иубыдри, апхуэдиз фІыгъуэр къезыт Иеговэ фІыщІэ зэрыхуимыщІыр къигъэлъэгъуащ. Дэтхэнэ зыми Іэмал диІэщ Іэдэмрэ Хьэуарэ унафэ ящІар зэрадэдмыІыгъыр къэдгъэлъэгъуэну. Псым зэрызыщІэдгъауэмкІэ дэ арэзы дытохъуэ Иеговэ сытыр фІыми сытыр Іейми унафэ къытхуищІыну хуитыныгъэ зэриІэм. АбыкІэ дэ къыдогъэлъагъуэ ди Адэр фІыуэ зэрытлъагъур икІи абы дзыхь зэрыхуэтщІыр.

18. Иеговэ дызэрыхуэлажьэм фІыгъуэ къыпэкІуэн щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?

18 Псым зыщІэдгъэуа иужь дэ дызыхуейракъым тщІэн хуейр, атІэ Иеговэ и хабзэхэм махуэ къэс дытетын хуейщ. Мелуан бжыгъэ хъу Иеговэ и Щыхьэтхэр апхуэдэущ зэрыпсэур. Уэри ар пхузэфІэкІынущ адэкІи Библием ит щІэныгъэхэр нэхъыфІу къэпщІэну ухущІэкъумэ, къуэш, шыпхъухэм уаригъусэмэ икІи лъагъуныгъэ зыбгъэдэлъ ди Адэм теухуауэ къэпщІар нэгъуэщІхэм жыджэру яжепІэмэ (Евр. 10:24, 25). Унафэ щыпщІым деж, Библиемрэ и организацэмрэ къигъэсэбэпу Иеговэ къыуит чэнджэщхэм едаІуэ (Ис. 30:21). Абы фІыгъуэ куэд къыпэкІуэнущ (Прит. 16:3, 20, Гъэсэпэтхыдэхэр).

19. Сыт дэ зэи зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр икІи сыт щхьэкІэ?

19 Иеговэ чэнджэщ къыуитхэм фІыгъуэ куэд къызэрыпэкІуэр къыщыбгурыІуэм деж, езымрэ и хабзэхэмрэ нэхъыфІыжу плъагъуу уохъу. Абы и фІыгъэкІэ ШейтІаным Иеговэ дыкъыбгъэдишыфынукъым. Илъэс мин дэкІауэ уи нэгу къыщІэгъэхьэт. Псым зыщІэбгъэуэну унафэ зэрыпщІар уигу къэкІыжа иужь уэ, дауикІ, къыбгурыІуэнущ, ар унафэу пщІам псом нэхърэ зэрынэхъыфІыр!

28-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ ныбжьэгъу хуэхъу

a Уи гъащІэм псом нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэу унафэ пщІын хуейр,— псым зыщІэбгъэуэнрэ зыщІомыгъэуэнрэщ. Сыт абы мыхьэнэшхуэ щІиІэр? Жэуапыр мы статьям къыщыпщІэнущ. Абы нэмыщІ псым зыщІагъэуэну егупсысхэм мы статьяр къадэІэпыкъунущ а лъэбакъуэр ячыну зэран къахуэхъу Іуэхугъуэхэм пэлъэщыну.

b Псалом 19:7: «Иеговэ и хабзэхэр щыщІагъэншэщ — къару къыпхалъхьэж. Иеговэ и ущиехэм дзыхь хуэпщІ хъунущ — зэхэщІыкІ зимыІэхэр Іущ ещІ».

c СУРЭТЫР. Узэрытемыгушхуэр. НыбжьыщІэр тегушхуэкъым зэхуэсым жэуап щитыну.

d СУРЭТЫР. Уи ныбжьэгъухэр. Ди шыпхъу ныбжьыщІэр Иеговэ зи фІэщ мыхъу и ныбжьэгъур и гъусэу Иеговэ и Щыхьэтхэр здэщытым деж блокІ; ди шыпхъур мэукІытэ.

e СУРЭТЫР. Щыуагъэ пщІэну шынэ уиІэр. Хъыджэбзым и дэлъхур зэхуэсым хагъэкІауэ унэм щІокІ. Езыми гуэныхь ищІэнкІэ хъыджэбзыр мэгузавэ.

f СУРЭТЫР. КъыппэщІэувэну узэрышынэр. НыбжьыщІэм Алыхьым лъэІукІэ зыхуегъазэ Иеговэ зи фІэщ мыхъу и анэм илъагъуу. ЩІалэр мэгузавэ и анэм ар дауэ къыщыхъунуми.

g СУРЭТЫР. Узэрытемыгушхуэр. НыбжьыщІэм Библие джыным зэман нэхъыбэ хухех.

h СУРЭТЫР. Уи ныбжьэгъухэр. Ди шыпхъум и фІэщхъуныгъэм ирипагэн зэрыхуейр къыгуроІуэ.

i СУРЭТЫР. Щыуагъэ пщІэну шынэ уиІэр. Хъыджэбзым и фІэщхъуныгъэр зэрыпэжыр къыгуроІуэри псым зыщІегъауэ.

j СУРЭТЫР. КъыппэщІэувэну узэрышынэр. НыбжьыщІэм лІыгъэ хэлъу и фІэщхъуныгъэм теухуауэ и анэм жреІэ.