Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

11 СТАТЬЯР

Иеговэ федаІуэ

Иеговэ федаІуэ

«Мыращ сэ фІыуэ слъагъу си Къуэ щІасэр... Абы жиІэм федаІуэ» (МТ. 17:5).

89-НЭ УЭРЭДЫР ЖыІэдаІуэныгъэм фІыгъуэ къыпокІуэ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a

1, 2. 1) Дауэ Иеговэ цІыхухэм зэрепсалъэр? 2) Сыт мы статьям щызэпкърытхынур?

 ИЕГОВЭ ифІэфІщ дэ къыдэпсэлъэну. Япэм Иеговэ и псалъэхэр цІыхухэм яжриІэт бегъымбархэр, мелыІычхэр икІи и Къуэ, Хьисэ Мэссихь, къигъэсэбэпу (Ам. 3:7; Гал. 3:19; Апок. 1:1). Нобэ къыдэпсэлъэн щхьэкІэ абы и Псалъэ, Библиер, къегъэсэбэп. Алыхьым а тхылъыр къыдитащ и гупсысэкІэмрэ и ІуэхущІафэхэмрэ къыдгурыІуэн щхьэкІэ.

2 Хьисэ щІылъэм щыпсэуам щыгъуэ Иеговэ щэнейрэ уафэм къепсэлъыхащ. Мы статьям щызэпкърытхынщ Алыхьыр къыщыпсэлъа дэтхэнэ зы Іуэхугъуэми жиІа псалъэхэр, абыхэм сытым дыхуагъасэми икІи абыхэм дедэІуэну мыхьэнэшхуэ щІиІэр сытми.

«ФІЫУЭ СЛЪАГЪУ СИ КЪУЭ ЩІАСЭР... УЭРАЩ»

3. Марк 1:9—11 зэритымкІэ, Хьисэ псым зыщыщІигъэуам щыгъуэ сыт Иеговэ жиІар? А псалъэхэм Хьисэ теухуауэ сыт къыдагъащІэр?

3 Марк 1:9—11 Иеговэ уафэм къыщепсэлъыха япэ Іуэхугъуэр итщ. (Къеджэ.) Абы Хьисэ жриІащ: «ФІыуэ слъагъу си Къуэ щІасэу си гум ирихьыр уэращ». ДауикІ, Хьисэ и гуапэ хъуат и Адэм фІыуэ зэрилъагъур икІи къызэрыхуэарэзыр зэхихыну. Иеговэ и псалъэхэм Хьисэ теухуауэ Іуэхугъуищ къыдгурагъаІуэ. Япэрауэ, Хьисэ абы и Къуэщ. ЕтІуанэрауэ, Иеговэ и Къуэр фІыуэ елъагъу. Ещанэрауэ, Иеговэ и Къуэр и «гум ирохь», е нэгъуэщІу жыпІэмэ абы хуэарэзыщ. А Іуэхугъуэхэр нэхъ куууэ зэпкърытхынщ.

4. Хьисэ псым зыщыщІигъэуам щыгъуэ сыт Иеговэ щІыжиІар: «ФІыуэ слъагъу си Къуэ щІасэр... уэращ»?

4 «ФІыуэ слъагъу си Къуэ щІасэр... уэращ». Сыт Иеговэ мы псалъэхэр щІыжиІар? Хьисэ щІылъэм къэкІуэн ипэ уафэм щыІэ Иеговэ и къуэхэм ящыщу щытт. Ауэ псым зыщыщІигъэуам щыгъуэ Хьисэ Алыхьым и къару лъапІэр къритащ. Апхуэдэу Иеговэ къигъэлъэгъуащ езым къыхиха и Къуэр Пащтыхьу икІи Дин пашэшхуэу щытын щхьэкІэ уафэм игъэзэжыну гугъэ иІэ зэрыхъуар (Лк. 1:31—33; Евр. 1:8, 9; 2:17). Абы къыхэкІкІэ Хьисэ псым зыщыщІигъэуам щыгъуэ Иеговэ щхьэусыгъуэшхуэ иІэт мыпхуэдэу жиІэну: «Уэращ сэ фІыуэ слъагъу си Къуэ щІасэр» (Лк. 3:22).

Къыщытщытхъум деж апхуэдизкІэ догуфІэри, дамэ къыттокІэ. (5-нэ абзацым феплъ.) c

5. Иеговэ Хьисэ фІыуэ илъагъуу зэрыжиІар дэ дауэ щапхъэ тхуэхъурэ?

5 «ФІыуэ слъагъу си Къуэ щІасэр... уэращ». Иеговэ Хьисэ фІыуэ илъагъуу зэрыжиІар дэ щапхъэ тхуохъу, абы дыхуегъасэ сыт щыгъуи нэгъуэщІхэр дгъэгушхуэну дыхущІэкъуну (Ин. 5:20). ФІыуэ тлъагъу гуэр къыщытщытхъум е фІыуэ дызэрилъагъур щыжиІэм деж, апхуэдизкІэ догуфІэри, дамэ къыттокІэ. Ди Іыхьлыхэр, абы нэмыщІ ди къуэш, ди шыпхъухэр хуэныкъуэщ фІыуэ зэрытлъагъур зыхащІэну икІи дгъэгушхуэну. НэгъуэщІхэм дащыщытхъум деж, абыхэм я фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ дощІ икІи Иеговэ пэжу хуэлэжьэну дадоІэпыкъу. Адэ-анэхэр я сабийхэм щытхъун хуейщ. КъэкІыгъэр къэгъэгъэн щхьэкІэ дыгъэ зэрыхуэныкъуэм хуэдэу, сабийхэри адэ-анэм я щытхъум хуэныкъуэщ.

6. Сыт дэ Хьисэ Мэссихь дзыхь хуэтщІ щІэхъунур?

6 «Си гум ирихьыр уэращ». Мы псалъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкІэ, Иеговэ шэч къытрихьэтэкъым Хьисэ абы и мурадыр Іэмал имыІэу зэригъэзэщІэнум. Абы къыхэкІкІэ дэри шэч лъэпкъ къытедмыхьэми хъунущ Хьисэ Іэмал имыІэу Алыхьым дыкъызэригъэгугъэхэр псори зэригъэзэщІэнум (2 Кор. 1:20). Хьисэ Іуэху илэжьахэм дыщегупсысым деж, дэ нэхъыбэжу дыхуей мэхъу абы щапхъэ тетхыну. Иеговэ дэ ттеухуауи шэч къытрихьэкъым. Абы ещІэ дэ, абы и лэжьакІуэхэм, адэкІи Хьисэ щапхъэ зэрытетхынур (1 Пет. 2:21).

«АБЫ ЖИІЭМ ФЕДАІУЭ»

7. Маттэ 17:1—5 зэритымкІэ, дапщэщ Иеговэ етІуанэу уафэм къыщепсэлъыхар? Сыт абы жиІар?

7 Къеджэ Маттэ 17:1—5. Иеговэ етІуанэу уафэм къыщепсэлъыхар «Хьисэ и теплъэм зыщихъуэжам» щыгъуэщ. Хьисэ и апостол Петр, Екъуб, Иуан сымэ къриджат и гъусэу бгы лъагэм дэкІуеину. Бгым дэкІуея иужь абыхэм Іуэху телъыджэ ялъэгъуащ. Хьисэ «и напэр дыгъэм хуэдэу зэщІэлыдащ, и щыгъынхэри уэсым хуэдэу хужьыбзэ хъуащ». «Бегъымбархэу Мусэрэ Илясрэ Хьисэ къепсалъэу» икІи ар зэрылІэнымрэ иужькІэ къызэрытэджыжынымрэ теухуауэ къыжраІэу абыхэм ялъэгъуащ. Апостолхэм я жеин къакІуэт, ауэ я жейр ятекІа иужь а Іуэху телъыджэр ялъэгъуащ (Лк. 9:29—32). Абы иужькІэ «пшэ Іэрамэ нэху напІэзыпІэм абыхэм къащхьэщыхьащ» икІи а пшэм макъ къыхэІукІыу зэхахащ — ар Алыхьым и макът! Хьисэ псым зыщыщІигъэуам щыгъуэ хуэдэу, Иеговэ и Къуэр фІыуэ зэрилъагъур икІи абы зэрыхуэарэзыр иджыри зэ жиІащ. «Мыращ сэ фІыуэ слъагъу си Къуэ щІасэу си гум ирихьыр»,— жиІащ Алыхьым. Ауэ иджы мы псалъэхэр щІигъуащ: «Абы жиІэм федаІуэ».

8. Іуэху телъыджэ къэхъуар Хьиси абы и лъэужь ирикІуэхэми сыткІэ сэбэп яхуэхъуа?

8 Абыхэм ялъэгъуа Іуэху телъыджэм Хьисэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхь хъуа иужь щІыхьрэ тепщэныгъэ иІэнумрэ къигъэлъэгъуащ. Хьисэ гугъуехьхэр ишэчу, абы иужь хьэзаб телъу лІэну къыпэщылът. Ауэ а Іуэхугъуэ къэхъуам, дауикІ, ар игъэгушхуащ икІи къару къритащ. Иджыри а Іуэху телъыджэм Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм я фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ищІат икІи гугъуехь яшэчынухэмрэ илъэс бжыгъэкІэ къалэн ягъэзэщІэнумрэ хуигъэхьэзырат. Абы щыгъуэ къэхъуар апостол Петр апхуэдизкІэ фІэгъэщІэгъуэн хъуати, илъэс 30 хуэдиз дэкІа иужьи ар фІыуэ ищІэжт (2 Пет. 1:16—18).

9. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм мыхьэнэшхуэ зиІэ сыт хуэдэ чэнджэщхэр яритат?

9 «Абы жиІэм федаІуэ». Мы псалъэхэмкІэ Иеговэ ІупщІу къыдгуригъэІуащ дэ абы и Къуэм дедэІуэну икІи и псалъэхэм дытету дыпсэуну зэрыхуейр. Хьисэ щІылъэм щытетам щыгъуэ уедэІуэну мыхьэнэшхуэ зиІэ гупсысэхэр жиІащ. Псалъэм папщІэ, абы лъагъуныгъэ хэлъу и лъэужь ирикІуэхэр игъасэт дапхуэдэу хъыбарыфІыр ягъэІун хуейми икІи мызэ-мытІэу ягу къигъэкІыжт сакъын зэрыхуейр (Мт. 24:42; 28:19, 20). Абы нэмыщІ ахэр къыхуриджэт теубыдагъэ яхэлъыну икІи псэемыблэжу щытыну (Лк. 13:24). Хьисэ сыт щыгъуи къыхигъэщт и лъэужь ирикІуэхэр фІыуэ зэрылъагъуу, я зэхуаку дэлъ зэкъуэтыныгъэр яхъумэу икІи и хабзэхэм тету псэун зэрыхуейр (Ин. 15:10, 12, 13). Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм чэнджэщыфІ дыдэхэр яритат. А чэнджэщхэр ди зэманми сэбэп къытхуохъу.

10, 11. Хьисэ жиІэм дызэредаІуэр дауэ къызэрыдгъэлъэгъуэнур?

10 Хьисэ жиІащ: «Щыпкъагъэм и ужь ит дэтхэнэри си макъым къедэІуэнущ» (Ин. 18:37). Дэ Хьисэ и макъым додаІуэ ди къуэш, ди шыпхъухэм шыІэныгъэ тхэлъу дахущытмэ икІи ди гум къыбгъэдэкІыу яхуэдгъэгъумэ (Лк. 17:3, 4; Кол. 3:13). Абы нэмыщІ дэ жыІэдаІуэу дызэрыщытыр къыхощ хъыбарыфІ гъэІуным жыджэру сыт щыгъуи дызэрыхэтым, псалъэм папщІэ а унафэр бгъэзэщІэну гугъуу щыщыт зэманым щыгъуи (2 Тим. 4:2).

11 Абы нэмыщІ Хьисэ жиІащ: «Си мэлхэр си макъым йодаІуэ» (Ин. 10:27). Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр абы жиІэм едаІуэ закъуэу щымыту, и псалъэхэм тету мэпсэу. Абыхэм я щхьэ Іуэхухэм зыдрагъэхьэхкъым (Лк. 21:34). Абыхэм я дежкІэ псом нэхърэ нэхъапэр Хьисэ и хабзэхэр гъэзэщІэныращ, ар гугъуу щытми. Ди къуэш куэдыр гугъуехь хьэлъэхэм пэщІохуэ, псалъэм папщІэ тхьэмыщкІагъэм, гузэвэгъуэшхуэхэм. Абы нэмыщІ я фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ гугъу ирагъэхь. Ауэ дапхуэдэу я Іуэхур гугъуу щымытами, ахэр Иеговэ хуэпэжу къонэ. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр егъэгушхуэ: «Си унафэхэм едаІуэу, ахэр зыгъэзащІэхэращ сэ фІыуэ сыкъэзылъагъур. Сэ фІыуэ сыкъэзылъагъур си Адэми фІыуэ къилъагъунущ» (Ин. 14:21).

Иеговэ и лэжьыгъэм дызэрыхэтыр къыддоІэпыкъу псом нэхъапэр ди гъащІэм япэ идгъэщыну. (12-нэ абзацым феплъ.) d

12. Хьисэ жиІэм дызэредаІуэр сыт иджыри къызыхэщыр?

12 Хьисэ жиІэм дызэредаІуэр иджыри къыхощ «унафэщІ къуэшхэм» я унафэхэр зэрадэтІыгъым (Евр. 13:7, 17). Иужьрей илъэсхэм Алыхьым и организацэм зэхъуэкІыныгъэ куэд къыхыхьащ. ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ къэдгъэсэбэпыну ІэмэпсымэщІэхэр диІэ хъуащ, хъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ къэдгъэсэбэп бгъэдыхьэкІэмрэ тхьэмахуэм и кІуэцІым пщыхьэщхьэм екІуэкІ зэІущІэр зэрекІуэкІымрэ захъуэжащ, дыщызэхуэс Унэхэр яухуэн, ремонт ящІын икІи зрахьэн щхьэкІэ ІэмалыщІэхэр къагъэсэбэпу хъуащ. Дэ къуэшхэм фІыщІэшхуэ худощІ игъуэу унафэхэр зэращІым щхьэкІэ икІи лъагъуныгъэ хэлъу къызэрыддэІэпыкъум щхьэкІэ! Шэч лъэпкъ къытедмыхьэми хъунущ: унафэщІэ къытІэрыхьэхэм дытетын щхьэкІэ къару етхьэлІэхэр Иеговэ елъагъу икІи фІыгъуэ куэд къытхуищІэжынущ.

13. Хьисэ жиІэм дызэредаІуэм сыт хуэдэ сэбэпынагъ къытхуихьыр?

13 Хьисэ жиІа псалъэу хъуам дытетмэ, ар дэ сэбэп къытхуэхъунущ. Хьисэ къыбгъэдэкІ щІэныгъэм и лъэужь ирикІуэхэм къару къазэрыхилъхьэжынур яжриІауэ щытащ. «ПсэмкІэ гузэгъэгъуэ вгъуэтынущ итІанэ,— жиІащ абы, икІи щІигъуащ: — си бжьыр шэчыгъуафІэщ, си хьэлъэри уэндэгъукъыми» (Мт. 11:28—30). Алыхьым и Псалъэм итым, псалъэм папщІэ Хьисэ и гъащІэм теухуауэ зэрыт тхылъиплІым, къару къытхалъхьэж икІи Іущагъ къыдат (Пс. 19:7; 23:3). Хьисэ зэрыжиІамкІэ, «Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыхыу ахэр зыгъэзащІэхэр» насыпыфІэщ (Лк. 11:28).

АЛЫХЬЫМ И ЦІЭМ И ЩІЫХЬЫШХУЭР ИГЪЭЛЪЭГЪУЭНУЩ

14, 15. 1) Иуан 12:27, 28 зэритымкІэ, дапщэщ Иеговэ уафэм ещанэу къыщепсэлъыхар? 2) Иеговэ и псалъэхэм Хьисэ гупсэхугъуэ къратауэ икІи къару къыхалъхьауэ сыт жыпІэ щІэхъунур?

14 Къеджэ Иуан 12:27, 28. Иеговэ уафэм къыщепсэлъыха ещанэ Іуэхугъуэр Иуан итхыжа ХъыбарыфІым итщ. Хьисэ лІэным махуэ зыбжанэ иІэжу, иужь дыдэу ІутІыж махуэшхуэр игъэлъэпІэн щхьэкІэ Ерусалим щыІэт. «Иджы согузавэ»,— жиІащ Хьисэ. ИтІанэ мыпхуэдэ псалъэхэмкІэ и Адэм зыхуигъэзащ: «Си Адэ, уи цІэм и щІыхьышхуэр цІыхухэм егъэлъагъу». Ар щыжиІэм, уафэм макъ къиІукІащ: «Си цІэм и щІыхьышхуэр цІыхухэм езгъэлъэгъуащ, дяпэкІи езгъэлъагъунущ».

15 Хьисэ хуабжьу гузавэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы и пщэ къалэнышхуэ дэлът: ар Алыхьым пэжу къыхуэнэн хуейт. Абы ищІэт щІопщкІэ Іейуэ зэраукІынур икІи хьэзаб телъу зэрылІэнур (Мт. 26:38). Хьисэ дежкІэ псом нэхърэ нэхъапэр и Адэм и цІэр игъэлъэпІэнырат. Хьисэ Тхьэр игъэпцІу жаІэу пцІы къытралъхьэти, ар гузавэт и лІэныгъэмкІэ Алыхьым и цІэр игъэпудыну. Иеговэ жиІа псалъэхэм, дауикІ, Хьисэ ягъэгушхуащ. Иджы абы шэч къытрихьэтэкъым Алыхьым и цІэр гъэлъэпІа зэрыхъунум. И Адэм и псалъэхэм Хьисэ гупсэхугъуэ къратауэ къыщІэкІынщ икІи гугъуехь къыпэщылъхэр ишэчын щхьэкІэ къару къыхалъхьа хъунщ. Хьисэ и закъуэу къыщІэкІынщ и Адэм жиІа псалъэхэр къызыгурыІуар, ауэ Иеговэ а псалъэхэр иригъэтхыжащ, дэ псори абы щыгъуазэ дыхъун щхьэкІэ (Ин. 12:29, 30).

Иеговэ и цІэр игъэлъэпІэнущ икІи и лъэпкъыр къригъэлынущ. (16-нэ абзацым феплъ.) e

16. Иеговэ и цІэр зэрагъэулъийр щытлъагъукІэ сыт дэ иныкъуэм деж дыщІэгузавэр?

16 Дэри Хьисэ хуэдэу дыгузавэу къыщІэкІынщ Иеговэ и цІэр зэрагъэулъийм щхьэкІэ. Дэ тхуэмыфащэ гуэр къыджаІэу е къыдащІэу къыщІэкІынщ. Е ди бийхэм дэр щхьэкІэ пцІы жаІэурэ, абыкІэ Алыхьым и цІэмрэ и организацэмрэ зэрагъэпудым дигъэгузавэ хъунщ. Абы щыгъуэ Иеговэ Хьисэ жриІауэ щыта псалъэхэм дэри гупсэхугъуэ къыдатыфынущ. Егъэлеяуэ дывмыгъэгузавэ. Шэч къытедмыхьэми хъунущ, «Тхьэм къыбгъэдэкІ гузэгъэгъуэу цІыхухэм къагурыІуэфынум нэхърэ куэдкІэ нэхъ иным» ди гури ди гупсысэхэри зэрихъумэным (Флп. 4:6, 7). Иеговэ и цІэр Іэмал имыІэу игъэлъэпІэнущ. ШейтІанымрэ абы и лъабжьэ щІэтхэмрэ Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм ехьэлІауэ ящІа Іей псор Иеговэ и ПащтыхьыгъуэмкІэ Іуихыжынущ (Пс. 94:22, 23; Ис. 65:17).

ИЕГОВЭ ЖИІЭМ ДЕДЭІУЭНЫМ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЩІИІЭР

17. Исаия 30:21 зэритымкІэ, дауэ Иеговэ къызэрыдэпсалъэр?

17 Иеговэ дэ ноби къыдопсалъэ. (Къеджэ Исаия 30:21 b.) ДауикІ, абы и макъыр уафэм къиІукІкъым. Ауэ абы Библиер къыдитащ икІи ар къигъэсэбэпурэ дегъасэ. Абы нэмыщІ Иеговэ и къару лъапІэм «узыщыгугъ хъун унэзехьэр» хуегъэуш и зэманым дызыхуэныкъуэ шхыныгъуэхэр къыдитыну (Лк. 12:42). Псалъэм папщІэ, дэ тхылъымпІэхэм тедзауэ икІи онлайну публикацие куэд диІэщ, абы нэмыщІ видеороликхэмрэ аудиозаписьхэмрэ ди куэдщ.

18. Иеговэ и псалъэхэм дауэ уи фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зэращІыр икІи лІыгъэ къызэрыпхалъхьэр?

18 Уафэм къепсэлъыхыу Иеговэ и Къуэм жриІа псалъэхэр зэи зыщыдгъэгъупщэнкъым. Библием ит Алыхьым и псалъэхэм ди фІэщ ящІ Алыхьым псори зэрилъагъур икІи ШейтІанымрэ абы и дуней бзаджэмрэ ящІэ Іей псор зэригъэкІуэдынур. Дэ псори Иеговэ жиІэу хъуам дедэІуэн хуейщ. Апхуэдэу тщІэмэ, ноби, къэкІуэну зэманми сыт хуэдэ гугъуехьхэм дыпэщІэмыхуами дыпэлъэщынущ. Библием итщ: «Теубыдагъэ фиІэн хуейщ, Тхьэр зыхуейр вгъэзэщІэн икІи фызэригъэгугъа ІыхьэфІыр вгъуэтын щхьэкІэ» (Евр. 10:36).

4-НЭ УЭРЭДЫР «Иеговэ — си Мэлыхъуэщ»

a Хьисэ щІылъэм щыпсэуам щыгъуэ Иеговэ щэнейрэ уафэм къепсэлъыхащ. Апхуэдэ Іуэхугъуэхэм щыщ зым щыгъуэ, Алыхьым Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм яжриІауэ щытащ и Къуэм жиІэм едэІуэну. Нобэ къыдэпсэлъэн щхьэкІэ Алыхьым Библиер къегъэсэбэп, а тхылъым Хьисэ зыхуригъаджэу щытахэри итщ. Абы нэмыщІ Иеговэ и организацэр къигъэсэбэпу къыдопсалъэ. Мы статьям щызэпкърытхынущ Иеговэрэ Хьисэрэ дедэІуэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сытми.

b Исаия 30:21: «ИжьымкІэ фытекІми, сэмэгумкІэ фытекІми фи щІыбагъымкІэ макъ щызэхэфхынущ: „Мис гъуэгур, фрикІуэ абы фытету“».

c СУРЭТХЭР. Зэхуэсым и нэхъыжьым елъагъу зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъум дыщызэхуэс Унэр зэригъэкъабзэр икІи литературэр зыдэлъ стІолым деж и къалэнхэр зэрыщигъэзащІэр. Зэхуэсым и нэхъыжьым и гум къыбгъэдэкІыу абы фІыщІэ хуещІ.

d СУРЭТЫР. Сьерра-Леоне къэралым зэщхьэгъусэхэм бдзэжьеящэр зэхуэсым кърагъэблагъэ.

e СУРЭТЫР. Ди лэжьыгъэр щызэхуэщІа къэралым Иеговэ и Щыхьэтхэм зэІущІэр квартирэм щрагъэкІуэкІ. Абыхэм япэм зэІущІэм зэрыкІуэу щыта щыгъынхэр щамытІагъэу, гу зылърамыгъэтэн хуэдэу захуапэ.