Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ДИ ГЪАЩІЭР

Зэхуэсым и нэхъыжьхэм Иеговэ и лъэпкъыр фІым хуагъэзэн щхьэкІэ яхузэфІэкІ къагъанэкъым

Зэхуэсым и нэхъыжьхэм Иеговэ и лъэпкъыр фІым хуагъэзэн щхьэкІэ яхузэфІэкІ къагъанэкъым

Тепщэныгъэ зиІэхэр куэдым фІыуэ ялъагъукъым. Ар гъэщІэгъуэнкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ игъащІэ лъандэрэ цІыхухэм я фейдэ къалъыхъуэу я тепщэныгъэр къагъэсэбэп (Мх 7:3). Сыту фІы зэхуэсым и нэхъыжьхэм Иеговэ и лъэпкъыр фІым хуагъэзэну икІи я тепщэныгъэр тэмэму къагъэсэбэпыну зэрырагъаджэр! (Эсф 10:3; Мт 20:25, 26).

Мы дунейм щыщ цІыхухэм елъытауэ, къуэшхэр увыпІэ гуэр яІыгъыну хуэзыгъэушыр Иеговэрэ абы и лъэпкъымрэ хуаІэ лъагъуныгъэращ (Ин 21:16; 1Пт 5:1—3). Хьисэ зыхуригъаджэм тету зэхуэсым и нэхъыжьхэр дэтхэнэ къуэш, шыпхъуми доІэпыкъу Иеговэ и унагъуэм зэрыщыщыр зыхащІэну икІи Иеговэрэ абыхэмрэ я зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъыну. Ахэр сытым щыгъуи хьэзырщ ди фІэщхъуныгъэр быдэу щытын щхьэкІэ къыддэІэпыкъуну икІи ди гъащІэр тфІэкІуэдыну шынагъэ щыІэу сымаджэщым дыщІэхуэмэ е гузэвэгъуэшхуэ дыпэщІэхуэмэ щІэгъэкъуэн къытхуэхъуну. Чэнджэщ къэплъыхъуэмэ е зыгуэр щхьэкІэ угузавэмэ, уи зэхуэсым и нэхъыжь гуэрым умыукІытэу зыхуэгъазэ (Екъуб 5:14).

«ЗЭХУЭСЫМ И НЭХЪЫЖЬХЭМ ИЕГОВЭ И МЭЛ ЦІЫКІУХЭМ Я НЭІЭ ТРАГЪЭТ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:

  • Зэхуэсым и нэхъыжьхэр Марьянэ дапхуэдэу зэрыдэІэпыкъуар?

  • Зэхуэсым и нэхъыжьхэр Элиас дапхуэдэу зэрыдэІэпыкъуар?

  • Зэхуэсым и нэхъыжьхэм ягъэзащІэ лэжьыгъэм теухуауэ мы видеом къыщыпщІам сыт хуэдэ гурыщІэхэр къыуита?