Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр

Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр

Иудейхэм Алыхьыр щагъэлъапІэ Унэшхуэм и хъумакІуэу хэтыт щытыр? Сытыт абыхэм я къалэным хыхьэр?

Левий лъэпкъым хыхьэ, дин пашэу щымыт языныкъуэ цІыхухэр Алыхьым и Унэшхуэм и хъумакІуэу щытт. А хъумакІуэхэр иджыпсту щыІэ полицэм хуэдэт икІи ахэр Алыхьым и Унэшхуэм и нэхъыщхьэм и унафэ щІэтт. Иудей философ Фило́н Александри́йский Алыхьым и Унэшхуэм и хъумакІуэхэм ягъэзащІэу щыта къалэным мыпхуэдэу топсэлъыхь: «Абыхэм [левитхэм] щыщ языныкъуэхэр дыхьэпІэм деж щытщ. Адрейхэр и кІуэцІым [Алыхьым и Унэшхуэр зыдэт пщІантІэм], Алыхьым и Унэшхуэм и щІыхьэпІэм деж щытщ, абы щІыхьэ мыхъунур хуейуи щыуауи щІэмыхьэн щхьэкІэ. Языныкъуэхэм захъуэжурэ жэщми махуэми Алыхьым и Унэшхуэм и хъуреягъыр къакІухь».

Алыхьым и Унэшхуэм и хъумакІуэхэр Синедрионым и лъабжьэ щІэтт. Іэщэ яІыгъыну а зы гуп закъуэрат Римым хуит ищІар.

Библием елэжь Иоахи́м Иереми́ас зэрыжиІэмкІэ, «Хьисэ яубыдыну къэкІуахэр Алыхьым и Унэшхуэм и хъумакІуэхэрауэ щытмэ, Хьисэ абыхэм ярита упщІэр гурыІуэгъуэ мэхъу». Хьисэ абыхэм еупщІат Алыхьым и Унэшхуэм махуэ къэс цІыхухэр иригъаджэу щыщыІам щыгъуэ щІамыубыдам теухуауэ (Мт. 26:55). Иоахи́м Иереми́ас ибжт Хьисэ яубыдыну абы ипэкІэ ягъэкІуахэри Алыхьым и Унэшхуэм и хъумакІуэхэм ящыщу (Ин. 7:32, 45, 46). Зэман дэкІри Алыхьым и Унэшхуэм и нэхъыщхьэмрэ хъумакІуэхэмрэ унафэ хуащІащ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр Синедрионым къашэну. ИкІи Паул Алыхьым и Унэшхуэм щыІэу щаубыдам щыгъуэ, зыубыдахэм ахэри хэтауэ къыщІэкІынущ (Апост. 4:1—3; 5:17—27; 21:27—30).