Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Я ГЪАЩІЭМ ТЕУХУАУЭ ЖАІЭЖ

«Ды-мис, дывгъакІуэ дэ!»

«Ды-мис, дывгъакІуэ дэ!»

ФЕГУПСЫСАУЭ пІэрэ зэгуэр хъыбарыфІыр зыгъэІухэр мащІэу здэщыІэ щІыпІэм фыІэпхъуэну, псалъэм папщІэ нэгъуэщІ къэралым? Апхуэдэу щытмэ, ди къуэш, ди шыпхъу Бергам сымэ я щапхъэр фэ ффІэгъэщІэгъуэн хъунущ.

Джекрэ Мари-Линэрэ 1988-нэ гъэм щыщІэдзауэ зэгъусэу полновременнэ лэжьыгъэм хэтщ. ГъащІэм зэхъуэкІыныгъэ къыхыхьэхэм псынщІэу есэу абыхэм зрагъэсащ икІи ар къадэІэпыкъуащ Францием и филиалыр зыкІэлъыплъ Гваделу́пэрэ Французскэ Гвиа́нэрэ Алыхьым и Іуэхум пыщІа лэжьыгъэ зэмылІэужьыгъуэхэр щагъэзэщІэну. Мы интервьюм абыхэм делъэІуащ я гъащІэм теухуауэ къыджаІэжыну.

Полновременнэ лэжьыгъэр щІэвдзэну сыт фыхуэзыгъэушар?

Мари-Линэ: Сэ Гваделупэ сыкъыщыхъуащ. СощІэж, сэ щІэх-щІэхыурэ мамэ и гъусэу махуэ псокІэ хъыбарыфІ гъэІуным сызэрыхэту щытар. Абы а лэжьыгъэр сыт щыгъуи жыджэру игъэзащІэт. Сэ цІыхухэр фІыуэ солъагъу, абы къыхэкІкІэ 1985-нэ гъэм, школыр къэзуха иужь, пионер сыхъуащ.

Джек: СыщыныбжьыщІэм щыгъуэ полновременнэ лэжьыгъэ зыгъэзащІэхэм зэман куэдкІэ саригъусэт. Абыхэм хъыбарыфІыр ягъэІуну фІыщэу ялъагъут. Школым зыдгъэпсэхуну дыкъыщаутІыпщым деж подсобнэ пионеру сылажьэт. Иныкъуэхэм деж щэбэтым е тхьэмахуэ махуэм пионерхэм я гъусэу автобускІэ езыхэм хъыбарыфІыр щагъэІу щІыпІэм дыкІуэт. Дэ махуэ псокІэ хъыбарыфІыр дгъэІути, иужькІэ хы Іуфэм дыкІуэт. Сэ а махуэхэр зыкІэ сигу ирихьти!

1988-нэ гъэм Мари-Линэрэ сэрэ дызэрышащ. Абы иужькІэ куэд дэмыкІыу сэ жысІащ: «Дэ зыми дыщимыІыгъкІэ, хъыбарыфІ гъэІуным куэдкІэ нэхъыбэрэ дыхэтыфынущ». Мари-Линэ хуэдэу сэри общэ пионер лэжьыгъэр къэсщтащ. Илъэс дэкІри пионерхэр щеджэ школыр къэдухащ икІи специальнэ пионер дащІащ. ЯпэщІыкІэ Гваделупэ щыІэ зэхуэс зэмылІэужьыгъуэхэм дыщылэжьащ, иужькІэ Французскэ Гвианэм дыІэпхъуэну къыдэлъэІуащ.

БлэкІа илъэсхэм фэ мызэ-мытІэу къывэлъэІуащ нэгъуэщІыпІэ фыІэпхъуэну. Сытыт фэ къывдэІэпыкъур зэхъуэкІыныгъэхэм фесэну?

Мари-Линэ: Французскэ Гвианэм щыІэ Вефилым щыщ къуэшхэм ящІэт Исаия 6:8-р дэ псом нэхърэ нэхъ дигу ирихь едзыгъуэу зэрыщытыр. Абы къыхэкІкІэ звонить къыщытхуащІым деж, абыхэм щІэх-щІэхыурэ гушыІэу жаІэт: «Псом нэхърэ нэхъ фигу ирихь едзыгъуэр фщІэжрэ?» Абы къикІыр дэ нэгъуэщІыпІэ дызэрагъэкІуэнурат, икІи дэ жытІэт: «Ды-мис, дывгъакІуэ дэ!»

Дэ щІыпІэ дыздагъэкІуар дыздэщыІам хуэдгъадэтэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ апхуэдэу тщІэмэ диІэр лъапІэу тлъытэну нэхъ гугъу хъунут. ИкІи къуэш, шыпхъухэм дызрагъэцІыхунум демыжьэу, дэ езым ахэр зэдгъэцІыхут.

Джек: Япэм языныкъуэ къуэш, шыпхъухэм фІы къытхуащІэ я гугъэу нэгъуэщІыпІэ дымыІэпхъуэну къыджаІэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр хуейт я гъусэу дыкъэнэну. Ауэ Гваделупэ къэдгъэна иужь, зы къуэш гуэрым дигу къигъэкІыжащ Маттэ 13:38-м ит Хьисэ и псалъэхэр: «Хьэсэ хъужыр дунейр арщ». Аращи, нэгъуэщІыпІэ дыщыІэпхъуэхэм деж дигу къыдогъэкІыж — дэнэ хъыбарыфІыр щыдмыгъэІуами «хьэсэр» зыщ. Псом нэхъапэр хъыбарыфІыр щыдгъэІу щІыпІэракъым, атІэ дызыдэІэпыкъуну дыхуей цІыхухэращ.

НэгъуэщІыпІэ дыщыІэпхъуэм деж дэ долъагъу а щІыпІэм щыпсэу цІыхухэр насыпыфІэу зэрыпсэуфыр, аращи дэри дыхущІокъу абыхэм хуэдэу дыпсэуну. Шхыныр дэ дызэсам емыщхьми, дэ а цІыхухэм яшхыр тшхыну дыхэтщ, ауэ ди узыншагъэм дыкІэлъыплъыну зыщыдгъэгъупщэкъым. Дэ дэнэ дамыгъэкІуами, дэтхэнэ щІыпІэми фІыкІэ дытепсэлъыхьыну дыхущІокъу.

Мари-Линэ: ХъыбарыфІыр щыдгъэІу щІыпІэм щыпсэу къуэш, шыпхъухэм дэ куэдым дыхуагъасэ. Французскэ Гвианэм дыІэпхъуа къудейуэ къэхъуа зы Іуэхугъуэ сигу къокІыж. Дэ хъыбарыфІыр дгъэІуну дыщІэкІын хуейт, ауэ уэшхышхуэ къешхти, тІэкІу дыпэплъэмэ нэхъыфІу дегупсысащ. Абдежым зы шыпхъум жиІащ: «Сыт, дыкІуэрэ?» Сэ ар згъэщІагъуэри жысІащ: «Дауэ? ПэгункІэ къракІыхым хуэдэу уэшхыр къошх!» Ауэ абы жэуап къызитыжащ: «Жьауэ къэтщтэнщи, велосипедкІэ дыкІуэнщ». Апхуэдэу сэ зезгъэсащ жьауэ зы ІэкІэ сІыгъыу велосипедкІэ къэзжыхьу. Зезмыгъэсатэмэ, уэшх къыщешх зэманым деж хъыбарыфІыр схуэгъэІунутэкъым!

Фэ хъыбарыфІыр щывгъэІу щІыпІэр 15 хуэдизрэ фхъуэжащ. НэгъуэщІыпІэ Іэпхъуэну мурад зиІэхэм сэбэп къахуэхъуну чэнджэщхэмкІэ фыкъыддэгуэшэфыну?

Мари-Линэ: НэгъуэщІыпІэ уІэпхъуэныр гъэунэхуапІэ хъуфынущ. Абы къыхэкІкІэ унэ дызыщІэсыр нэхъ тынш икІи нэхъ дахэ тщІыну дыхэтщ, хъыбарыфІыр дгъэІуауэ унэм дыкъэкІуэжа иужь ди гум зигъэпсэхуу дыщІэсын щхьэкІэ.

Джек: НэгъуэщІ унэ дыщыщІэтІысхьэм деж сэ блынхэр солэж. Иныкъуэхэм деж филиалым щыщ къуэшхэм а унэм куэдрэ дызэрыщымыпсэунур щащІэм деж жаІэ: «Джек, мы зэм блыныр умылэу къэбгъанэмэ хъункъэ!»

Мари-Линэ фІы дыдэу хьэпшыпхэр коробкэхэм ирилъхьэу зригъэсащ! Абы хьэпшыпхэр ирилъхьа иужь коробкэхэм, псалъэм папщІэ мыпхуэдэу третхэ: «Ваннэ», «Спальня», «Кухня». Абы и фІыгъэкІэ нэгъуэщІ унэм дыІэпхъуа иужь сыт хуэдэ коробкэр сыт хуэдэ пэшым тхьынуми дощІэ. Абы нэмыщІ Мари-Линэ сыт хуэдэ коробкэм сыт илъми етх, ар къыддоІэпыкъу дызыхуейр псынщІэу къэдгъуэтыжыну.

Мари-Линэ: Апхуэдэу зэрытщІым и фІыгъэкІэ нэгъуэщІыпІэ дыІэпхъуа иужь, дэ зэман дымыгъэкІуэду занщІэу хъыбарыфІыр дгъэІуу щІэддзэфынущ.

Фи зэманыр дапхуэдэу зэрызэтевухуэр хъыбарыфІ гъэІуным нэгъэсауэ фыхэтын щхьэкІэ? (2 Тим. 4:5).

Мари-Линэ: Блыщхьэ махуэхэм дэ зыдогъэпсэху икІи зэІущІэхэм зыхудогъэхьэзыр, гъубжым щыщІэдзауэ хъыбарыфІ гъэІуным дыхэтщ.

Джек: ХъыбарыфІ гъэІуным хэха сыхьэт бжыгъэ гуэр дыхэтын хуейми, ди дежкІэ аракъым нэхъапэр. Ди гъащІэм псом нэхърэ нэхъапэр — хъыбарыфІ гъэІуныращ. Унэм дыкъызэрыщІэкІыу дызыхуэзэ цІыхухэм хъыбарыфІымкІэ дадэгуашэу щІыдодзэ икІи унэм къэдгъэзэжыху а лэжьыгъэр догъэзащІэ.

Мари-Линэ: Псалъэм папщІэ, зыдгъэпсэхуну зыщІыпІэ дыщыкІуэм дежи, сэ сыт щыгъуи буклет къыздызощтэ. Языныкъуэ цІыхухэр къыдбгъэдохьэри зэджэн гуэр еттыну къыдолъэІу, дэ Иеговэ и Щыхьэту дызэрыщытыр жыдмыІами. Абы къыхэкІкІэ дэ ди теплъэмрэ зэрызытщІымрэ дыкІэлъыплъыну сыт щыгъуи иужь дитщ. ЦІыхухэм абы гу лъатэ.

Джек: Абы нэмыщІ ди ІуэхуфІхэмкІэ ди гъунэгъухэм дадоІэпыкъу пэжыр яфІэгъэщІэгъуэн хъуну. Сэ ди уэрамыр согъэкъабзэ, тхьэмпэ къыпылъэлъахэр зэщІызокъуэ. Ди гъунэгъухэм абы гу лъатэри, иныкъуэхэм деж къызоупщІ: «Сэ къызэптыну Библие уимыІэу пІэрэ?»

Фэ щІэх-щІэхыурэ щІыпІэ пхыдзахэм хъыбарыфІыр щывогъэІу. Фигу нэхъ къинэжар къыджефІэжыфыну?

Джек: Гвианэм языныкъуэ щІыпІэхэм укІуэну гугъущ. ЩІэх-щІэхыурэ тхьэмахуэм и кІуэцІым километр 600 зэпытчын хуей мэхъу, гъуэгу мыхьэнэншэхэм дытету. Сэ псом хуэмыдэу сигу къинэжащ Амазонием и мэзхэм хэт Сент-Эли́ къуажэ цІыкІум дызэрыкІуар. Дэ абы дынэсын щхьэкІэ сыхьэт зыбжанэкІэ гъуэгу дытетащ — япэщІыкІэ мотор зытет кхъуафэжьеймкІэ, иужькІэ внедорожниккІэ. Абы щыпсэу и нэхъыбэ цІыхухэм щІым дыщэ къыщІахыурэ апхуэдэу ахъшэ къалэжь. Ди тхыгъэхэр абыхэм апхуэдизкІэ фыщІэ ящІати, щІым къыщІаха дыщэ цІыкІухэм щыщ къыдатащ! Пщыхьэщхьэм ди организацэм къыдигъэкІа фильмхэм щыщ зым ахэр едгъэплъащ. Абы еплъыну цІыху куэд къэкІуат.

Мари-Линэ: Илъэс зыбжанэкІэ узэІэбэкІыжмэ Джек къелъэІуат Камо́пи къуажэм щекІуэкІыну Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм псалъэ щыжиІэну. Дэ сыхьэтиплІкІэ мотор зытет кхъуафэжьеймкІэ Ояпо́к псым дытету дыкІуащ. Ар хуабжьу гъэщІэгъуэнт!

Джек: Пэжщ, псыр нэхъ чэнжу здэщытым деж шынагъуэт — кхъуафэжьейм и лъащІэр мывэхэм щихъуэнкІэ хъунут. Сэ вжызоІэ: а мывэшхуэхэр флъэгъуамэ, фыгужьеинут! Кхъуафэжьей зезыгъакІуэ цІыху уимыгъусэу хъунукъым. Ауэ абы емылъытауэ дэ абы дызэрыкІуар дигу ирихьащ. Абы Иеговэ и Щыхьэту цІыхуих фІэкІ щымыІами, Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм цІыху 50 къэкІуащ, индейц зыбжанэ яхэту!

Мари-Линэ: Зи щІалэгъуэ къуэш, шыпхъухэм Иеговэ щхьэкІэ нэхъыбэ ящІэну хуеймэ, абыхэми гъэщІэгъуэн куэд къапэщылъщ. Апхуэдэм деж Иеговэ ущыгугъын хуейщ, апхуэдэу пщІэмэ уи фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ хъунущ. Дэ щІэх-щІэхыурэ долъагъу Иеговэ къызэрыддэІэпыкъур.

Фэ бзэ зыбжанэ зэвгъэщІащ. Бзэхэр зэвгъэщІэну фи дежкІэ тыншу ара?

Джек: Хьэуэ, уей мытынш! А бзэхэмкІэ дыпсэлъэн хуейти аращ щІызэзгъэщІар. Зэгуэрым «ХъумакІуэ чэщанэм» ит статья джыныр езгъэкІуэкІын хуей хъуащ срана́н-то́нго * бзэкІэ, Библием къеджэн заданиер а бзэмкІэ зэи сымыгъэзэщІами! Зы къуэшым сеупщІат дауэ езгъэкІуэкІами. «ФІыуэ пщІащ,— къызжиІащ абы,— ауэ иныкъуэм деж жыпІэр къыдгурыІуэтэкъым». Сэ сабийхэр фІыуэ къыздэІэпыкъут. Си щыуагъэхэр абыхэм къызжаІэт, ауэ балигъхэм ар зэи къызжаІэтэкъым. Сэ сабийхэм куэдым сыхуагъэсащ.

Мари-Линэ: Сэ португальскэ, французскэ икІи сранан-тонго бзэхэмкІэ цІыхухэр Библием езгъаджэт. Зы шыпхъу гуэрым чэнджэщ къызитащ Библие егъэджэныр сэ нэхъ къызэгугъуэкІ португальскэ бзэмкІэ щІэздзэну икІи нэхъ тыншымкІэ сыухыну. ЯпэщІыкІэ сэ къызгурыІуакъым апхуэдэ чэнджэщ къыщІызитар.

Зы махуэ гуэрым Библие егъэджэныр япэщІыкІэ сранан-тонго бзэкІэ, итІанэ португальскэ бзэкІэ езгъэкІуэкІын хуейт. Португальскэ бзэкІэ цІыхубзыр езгъаджэу щІэздза иужь си гъусэ шыпхъум жиІащ: «Мари-Линэ, жыпІэр абы къыгурыІуэкъым!» Абдежщ сэ къыщысгурыІуар Бразилием щыщ цІыхубзым португальскэкІэ семыпсалъэу, сранан-тонго бзэмкІэ сызэрепсалъэр. Иджы сэ къызгурыІуащ нэхъ къызэгугъуэкІ бзэмкІэ щІэздзэну шыпхъум къызитауэ щыта чэнджэщым Іущагъ зэрыхэлъыр.

ХъыбарыфІыр зи гъусэу вгъэІуа къуэш, шыпхъухэм фэ фІыуэ фалъагъу. Сыт къывдэІэпыкъуар абыхэм ныбжьэгъу фахуэхъуну?

Джек: Притчи 11:25 щыжыІащ цІыху хьэлэлым ехъулІэныгъэ зэриІэнур. Дэ адрейхэм дадэІэпыкъуну дыхьэзырщ. Дыщызэхуэс Унэм зыгуэр щыщІэн хуеймэ, къуэшхэм мыпхуэдэу къыщызжаІэ щыІэщ: «НэгъуэщІ къуэш, шыпхъухэм ар иращІэ». Сэ абыхэм жэуап изотыж: «Сэри къуэш, шыпхъухэм сахуэдэщ. Лэжьыгъэ гуэр щыІэмэ, сэ ар сфІэфІу згъэзэщІэнущ». Ди щхьэм щхьэкІэ зэман хухэтхын хуейми, дэ ар зэран къытхуэхъуну дыхуейкъым нэгъуэщІхэм фІы яхуэтщІэну.

Мари-Линэ: Дэ къуэш, шыпхъухэм ди гум къыбгъэдэкІыу гулъытэ зэрахуэтщІынум иужь дитщ. Псалъэм папщІэ, я сабийхэм зыгуэр кІэлъыплъыну щахуей зэманыр къыдощІэ е сабийхэр школым къахудошыж. Абыхэм дадэІэпыкъун щхьэкІэ тщІэну тедухуа Іуэхухэр дохъуэж. Къуэш, шыпхъухэм дащыдэІэпыкъум деж, абыхэм ныбжьэгъу пэж дахуохъу.

ХъыбарыфІыр зыгъэІухэр мащІэу здэщыІэ щІыпІэм фызэрыщылажьэм сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къыфхуихьа?

Джек: Полновременнэ лэжьыгъэм ди гъащІэр насыпыфІэ ищІащ. Дэ щІэх-щІэхыурэ Иеговэ къигъэщІахэм дыкІэлъоплъ икІи псэущхьэ, къэкІыгъэ зэмылІэужьыгъуэ куэд къызэригъэщІар догъэщІагъуэ. Дэ гугъуехьхэм дыпэщІэхуэми гупсэхугъуэр зэрытхъумэным иужь дитщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ дощІэ: дэнэ дыщымыІами, Иеговэ и лъэпкъыр къыддэІэпыкъуну дыщыгугъ хъунущ.

Си щІалэгъуэм Французскэ Гвианэ щыІэ лъэхъуэщым срагъэтІысхьауэ щытащ, армэм сыкІуэн зэрызмыдам щхьэкІэ. Си нэгу къысхущІэгъэхьэнтэкъым зэгуэр абы миссионеру згъэзэжу, лъэхъуэщым хъыбарыфІыр щызгъэІуну. Пэжщ, Иеговэ фІыгъуэ куэд къытхуищІащ!

Мари-Линэ: Сэ цІыхухэм садэІэпыкъуну сфІэфІщ. Псом нэхърэ гуфІэгъуэ нэхъыбэ аращ къысхуэзыхьыр. Иеговэ дызэрыхуэлажьэм насыпыфІэ дещІ. Ар къыддоІэпыкъу Джекрэ сэрэ нэхъ гъунэгъу дызэхуэхъуну. Языныкъуэхэм деж Джек мыпхуэдэу къыщызэупщІ щыІэщ: «Гушхуэныгъэ зыхуэныкъуэ зэщхьэгъусэ шэджагъуашхэ къедгъэблэгъэн?» Сэри апхуэдэу сызэрегупсысар жызоІэ. Дэ ди гупсысэхэр щІэх-щІэхыурэ зэтохуэ.

Джек: Илъэс зыбжанэ ипэ «рак простаты» жыхуиІэ уз сиІэу къагъуэтащ. Сэ Мари-Линэ жызоІэ (ар абы игу иримыхьми): «Си дахэ, пщэдей сылІэу щытмэ, „жьыщхьэ махуэ“ сымыхъуами, си гъащІэмкІэ сыарэзыщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Алыхьым хуэлэжьэным пыщІа мыхьэнэшхуэ зиІэ ІуэхухэмкІэ ар гъэнщІауэ щытащ» (ЩІэдз. 25:8).

Мари-Линэ: Дэ зэи ди нэгу къыщІэдмыгъэхьа Іэмалхэр Иеговэ къытхузэІуихащ икІи дызэмыгупсыса къалэнхэр къытхуигъэфэщащ. Дэ ди гъащІэм ІуэхугъуэфІ куэд къыщыхъуащ. Иеговэ нэгъэсауэ дзыхь зэрыхуэтщІым къыхэкІкІэ, дэ дыхьэзырщ организацэм сыт хуэдэ лэжьыгъэ къыдимытми, ар дгъэзэщІэну икІи хуей хъумэ, иджыпстуи нэгъуэщІыпІэ дыІэпхъуэну!

^ Срана́н-то́нго бзэр пщылІхэм я деж къыщежьащ. А бзэр английскэ, нидерландскэ икІи африканскэ бзэхэм къытехъукІащ.