Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ТхьэлъэІур уэ сыткІэ сэбэп къызэрыпхуэхъуфынур?

ТхьэлъэІур уэ сыткІэ сэбэп къызэрыпхуэхъуфынур?

Памелэ лышх уз иІэу къыщищІам, абы дохутырхэм захуигъэзащ. Ар Алыхьым елъэІут а зэман гугъум къыдэІэпыкъуну. ТхьэлъэІур абы къыдэІэпыкъуауэ пІэрэ?

Памелэ жеІэж: «Сэ узым сыщебэным щІэх-щІэхыурэ шынэ си гум къэкІт. Ауэ Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыщыхуэзгъазэм деж, сэ мамырыгъэ згъуэтыжт икІи тэмэму сыгупсысэфт. Сэ иджыри узыр зэпымыууэ къызоныкъуэкъу, ауэ тхьэлъэІум и фІыгъэкІэ си Іэр есхьэхкъым. ЦІыхухэр къыщысщІэупщІэм деж, сэ абыхэм яжызоІэ: „Си узыншагъэр щІагъуэкъым, ауэ къикІуэтын Іуэху зесхуэкъым!“»

Іэмал имыІэу уи гъащІэр пфІэкІуэдынкІэ шынагъэ щыІэу щытын хуейкъым, Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуэбгъазэу щІэбдзэн щхьэкІэ. Дэтхэнэ зыми куэдми мащІэми гугъуехьхэр диІэщ икІи абыхэм дапэлъэщын щхьэкІэ дэ дэІэпыкъуэгъу дыхуэныкъуэщ. ТхьэлъэІур сыткІэ къыддэІэпыкъуфыну?

Библием щыжыІащ: «Уи хьэлъэр Иеговэ ІэщІэлъхьи, уэ ар къыбдэІэпыкъунущ. Абы хуэпэж цІыхум зэикІ и лъэр щІигъэхунукъым» (Псалом 55:22). Сыту гухэхъуэ ар пщІэну! НтІэ дауэ тхьэлъэІур къызэрыбдэІэпыкъуфынур? Алыхьыр зэрыхуейм хуэдэу уэ абы тхьэлъэІукІэ зыхуэбгъазэмэ, уи гугъуехьым упэлъэщын щхьэкІэ узыхуэныкъуэр абы къыуитынущ. (« Дапхуэдэу тхьэлъэІур къызэрыбдэІэпыкъуфынур?» жыхуиІэ рамкэм еплъ.)