Алыхьыр уи тхьэлъэІухэм едаІуэу пІэрэ?
Алыхьыр уи тхьэлъэІухэм зэредаІуэр уи фІэщ хъурэ?
БИБЛИЕМ ИТЫР СЫТ?
Алыхьыр уи тхьэлъэІухэм йодаІуэ. Библием итщ: «Иеговэ къезыджэ псоми япэгъунэгъущ, пэжым тету къезыджэ псоми. Абы... и дэІэпыкъуэгъум хуэныкъуэхэм я макъыр зэхихынущ» (Псалом 145:18, 19).
Алыхьыр хуейщ уэ абы тхьэлъэІукІэ зыхуэбгъэзэну. Библием дыхуегъэуш: «Сыт ищІыс Іуэхуми щхьэкІэ Тхьэм фелъэІуурэ, щІыхь хуэфщІурэ, фи дэІэпыкъуэгъу хъуну фелъэІуурэ, фызыхуэныкъуэр евгъащІэ» (Филиппи 4:6).
Уэ Алыхьым фІыуэ укъелъагъу. Алыхьым уэ узыгъэгузавэ псори узыгъэпІейтейри ещІэ икІи ар къыбдэІэпыкъуну хуейщ. Библием щыжыІащ: «Фи гуныкъуэгъуэ псори Тхьэм ефхьэлІэ, абы и нэІэ къыфтригъэтщи» (1 Петр 5:7).