Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Шынагъэ здэщымыІэ дунейм дэтхэнэ зыри щІохъуэпс

Шынагъэ здэщымыІэ дунейм дэтхэнэ зыри щІохъуэпс

Сыт хуэдэ гъащІэ уэ узыщІэхъуэпсыр? Дэтхэнэ зы цІыхуми хуэдэу, уэ ухуейуэ къыщІэкІынщ уэри, уи унагъуэм щыщхэри насыпыфІэу, узыншэу, зыри фыщымыщІэу икІи зы щхьэкІи фымышынэу фыпсэуну.

Ауэ куэдым шэч къытрахьэ я гугъапІэхэр къызэрыхъунум. Абыхэм къагуроІуэ COVID-19 пандемием хуэдэ Іуэхугъуэ гуэр зэуэзэпсэу къызэрыхъуфынур икІи абы цІыхубэр игъэгужьеин, экономикэр зэтрикъутэн, уеблэмэ, цІыхум и гъащІэри Іихын зэрыхуэзэфІэкІынур. Абы къыхэкІкІэ апхуэдэ цІыхухэр шынэу, къэкІуэну гъащІэм фІыкІэ щымыгугъыжу мэхъу.

КъэкІуэну гъащІэм къахуихьынур зэрамыщІэм къыхэкІкІэ цІыхухэм я гугъапІэхэр Іуэхугъуэ куэдым ирапх. Псалъэм папщІэ, насып, ехъулІэныгъэ зэуэ къеуэлІэным языныкъуэхэр щогугъ, адрейхэр — Алыхьым я натІэм къритхам. НэгъуэщІхэм ялъытэ щІэныгъэ зрагъэгъуэтмэ икІи мылъку зэхуахьэсмэ, гъащІэ дахэр абыхэм я Іыхьэ хъуну. Языныкъуэхэм зэрыжаІэмкІэ, ІуэхуфІхэр пщІэмэ, Іэмал имыІэу фІым ухуэзэнущ.

КъедбжэкІахэм щыщ гуэрым узыщІэхъуэпс гъащІэм ухуишэну пІэрэ? Ар къэтщІэн щхьэкІэ, япэщІыкІэ къыкІэлъыкІуэ упщІэхэм я жэуапхэр къэдгъуэтынщ:

  • ди къэкІуэныр зэлъытар сыт?

  • щІэныгъэмрэ ахъшэмрэ гъащІэ насыпыфІэ къытхуахьыфыну?

  • ІуэхуфІхэр зэрытщІэм Іей дыхуэмызэну къикІрэ?

  • сыт къыддэІэпыкъунур дызыщІэхъуэпс гъащІэр къытІэрыхьэн щхьэкІэ?

Мы упщІэхэм я жэуапхэр мы журналым къыщыбгъуэтынущ.