Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Ди къэкІуэныр зэлъытар сыт?

Ди къэкІуэныр зэлъытар сыт?

Куэдым я гугъэщ я къэкІуэныр нэрымылъагъу къару гуэрхэм елъытауэ. Абы къыхэкІкІэ абыхэм яхузэфІэкІ къагъанэркъым, я къэкІуэну гъащІэр нэхъыфІ ящІын щхьэкІэ.

КУЭДЫМ Я ФІЭЩ ХЪУР

АСТРОЛОГИЕ. Языныкъуэхэм я гугъэщ цІыхур дунейм къыщытехьэм деж, вагъуэхэр зэрызэхэт щІыкІэм а цІыхум къыпэщылъ и гъащІэр елъытауэ. Аращ ахэр астрологием епха прогнозхэмрэ гороскопхэмрэ щІеджэр. Апхуэдэ щІыкІэкІэ цІыхухэм къащІэну хуейщ ахэр Іейм хэт щихъумэфынуми икІи ехъулІэныгъэ хэт къыхуихьыфынуми.

ФЭНШУЙ. НэгъуэщІхэм я гугъэщ я унэр щащІкІэ зы хабзэ гуэрым тету ящІмэ, ехъулІэныгъэ яІэну. Гонконгым щыпсэу Ло Вин * мыпхуэдэу жеІэ: «Фэншуйм хуезыгъаджэ гуэрым къызжиІат кристалл хэха гуэр си тыкуэным щІыпІэ хэха гуэрым деж щызгъэувмэ, ахъшэ куэд къысхэхъуэну».

ЛІАХЭР ГЪЭЛЪЭПІЭНЫР. ЛІахэр гъэлъэпІэн хуейуэ икІи тхьэхэм зыгуэр яхуэщІэн хуейуэ зылъыти щыІэщ. АбыкІэ абыхэм дэІэпыкъуэгъурэ хъумапІэрэ ягъуэту я гугъэщ. Вьетнамым щыпсэу Ван жеІэж: «Япэм щыгъуэ сэ си фІэщ хъут лІахэр згъэлъапІэмэ, си гъащІэр нэхъыфІ хъуну икІи си щхьи, си унагъуи Іейм щысхъумэфыну».

РЕИНКАРНАЦИЕ. Куэдым я фІэщ мэхъу гъащІэм кІэ имыІэу — цІыхур къалъху, иужькІэ ар мэлІэж, ауэ и псэр нэгъуэщІ зыгуэрым хохьэ. Абыхэм зэрабжымкІэ, цІыхум япэм иІа гъащІэм елъытащ нобэ Іейм е фІым хуэзэнуми.

Ауэ а псор уи фІэщ пщІыным губзыгъагъэ хэмылъу къэзылъытэхэри куэдщ. Абыхэм нэхъ къащтэр нэгъуэщІщ: Іэгум иплъэныр, гороскопхэр, Іэзэгъуазэ ІуэхукІэ къагъэсэбэп доскамрэ ТарокІэ зэджэ куэзырхэмрэ. А псом и кІэм нэс дзыхь хуамыщІми, „ЗыгуэркІэ сэбэп хъумэ е къытпэщылъ гъащІэм теухуауэ зыгуэр къыджаІэмэ“, — жаІэри зыхуагъазэ.

АБЫ ЕХЪУЛІЭНЫГЪЭ КЪЫПХУИХЬРЭ?

А псом шынагъэ здэщымыІэ гъащІэ тынш къыпхуихьрэ?

Вьетнамым щыпсэу Хао и щапхъэр къэтхьынщ. Абы астрологием зыхуигъазэт, фэншуй жыхуаІэм тету псэут икІи лІахэр арэзы зэрищІыным хущІэкъут. А псом ехъулІэныгъэ къыхуихьа? Хао жеІэ: «Сыхилъафэри, си бизнесыр лъэлъэжащ, щІыхуэ куэд къэсщтэн хуей хъуащ, си унагъуэми гугъуехь куэд къихьащ. А псом хуабжьу си лъэр щІихат».

Тайвань щыпсэу Цюмини астрологиер, реинкарнациер икІи псори Алыхьым ди натІэм къритхауэ и фІэщ хъут. Абы нэмыщІ ар фэншуй жыхуаІэми тетт икІи лІахэр игъэлъапІэт. Ахэр псори куууэ иджа иужь Цюмин жиІащ: «Сэ къызгурыІуащ абыхэм зэтемыхуэ куэд зэрыхэтыр икІи узэрыщагъауэр. Астрологием жиІэр пцІыуэ къыщІэкІт, реинкарнациеми акъыл е губзыгъагъэ гуэр хэлъу гу лъыстакъым. Япэм нэгъуэщІ цІыхуу узэрыпсэуам теухуауэ зыри умыщІэжмэ, дауэ зыгуэр пхъуэжу, нобэ уи гъащІэр нэхъыфІ зэрыпхуэщІынур?»

«Сэ къызгурыІуащ абыхэм зэтемыхуэ куэд зэрыхэтыр икІи узэрыщагъауэр» (ЦЮМИН, ТАЙВАНЬ)

Хаорэ Цюминрэ нэмыщІ, нэгъуэщІ куэдми къагурыІуащ лІахэм, реинкарнацием е вагъуэхэм ди къэкІуэныр елъытауэ зэрыщымытыр икІи Алыхьым ди натІэм зыри зэрыримытхэр. Абы къикІрэ ди къэкІуэныр дэ зыкІи дэмылъытауэ?

ЦІыху куэдым я гугъэщ гъащІэ насыпыфІэ уиІэн щхьэкІэ щІэныгъэ нэхъыщхьэрэ мылъкушхуэрэ зэбгъэпэщын хуейуэ. Апхуэдэ унафэ зыщІахэм я гъащІэр дауэ хъуа?

^ абз. 5 Мы статьямрэ къыкІэлъыкІуэхэмрэ хэт языныкъуэ цІэхэр яхъуэжащ.

^ абз. 16 Мы псалъэхэр зэрытыр Библиеращ, Галатие 6:7. Мы едзыгъуэм ит гупсысэм хуэдэ къуэкІыпІэ лъэныкъуэмкІэ псэу лъэпкъхэми яІэщ, псалъэм папщІэ: «Хъыуан хэпсэмэ, хъыуан къепхьэлІэжынущ. Джэрш хэпсэмэ, джэрш къытепхыжынущ».