Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ІуэхуфІхэр зэрытщІэм Іей дыхуэмызэну къикІрэ?

ІуэхуфІхэр зэрытщІэм Іей дыхуэмызэну къикІрэ?

Ижь-ижьыж лъандэрэ жаІэ цІыхуфІу ущытмэ, гъащІэ дахэ къыппэщылъу. Псалъэм папщІэ, къуэкІыпІэ лъэныкъуэмкІэ псэу цІыхухэм философу икІи егъэджаІуэу щыта Конфуций (ди эрэм ипэ 551—479 гъэхэм) и псалъэхэм пщІэ хуащІ: «Уи щхьэм хуомыгъэфащэр нэгъуэщІым йомыщІэ» *.

КУЭДЫР ЗЫХУЩІЭКЪУР

Иджыри къыздэсым куэдым я фІэщ мэхъу дуней тетыкІэ пэжыр гъащІэ насыпыфІэм и ІункІыбзэу. Апхуэдэ цІыхухэм пщІэрэ нэмысрэ яхэлъщ, я зэфІэкІыр здынэсыр ящІэж икІи я напэр къабзэу яхъумэ. Вьетнамым щыпсэу Лин жеІэ: «Сэ сыт щыгъуи си фІэщ хъут цІыху пэжу сыщытмэ икІи гукъабзагъэкІэ адрейхэм сабгъэдэтмэ, фІым сыхуэзэну».

ФІы ящІэну языныкъуэхэр хуэзыгъэушыр я диныращ. Тайвань щыщ Шу-Юнь жеІэ: «Сэ сызыхурагъаджэу щытар мыращ: ІуэхуфІхэр блэжьмэ, улІа иужь утхъэжу игъащІэкІэ жэнэтым ущыпсэунущ, Іуэху Іейхэр пщІэмэ — жыхьэнмэ мафІэм игъащІэкІэ уисынущ».

ЕХЪУЛІЭНЫГЪЭ КЪЫПХУИХЬРЭ АБЫ?

Пэжщ, ІуэхуфІхэр зылэжьым езым и сэбэпынагъ абы къокІ. Ауэ фІы зыщІэ куэдым гу лъатащ ахэр зыдэІэпыкъухэм фІы къызэрыхуамыщІэжыр. Гонконг щыпсэу Ши Пин къыддогуашэ: «ФІым сыт щыгъуи фІы къызэрыпэмыкІуэр сэ згъэунэхуащ. Сэ схузэфІэкІ къэзгъанэтэкъым си унагъуэм сыкІэлъыплъын икІи ІуэхуфІхэр сщІэн щхьэкІэ, ауэ си унагъуэр лъэлъэжащ — си щхьэгъусэм си къуэмрэ сэрэ дыхыфІидзащ».

Куэдым гу лъатащ динми цІыхур нэхъыфІ зэримыщІыр. Японием щыпсэу Эцуко жеІэ: «Зы дин гуэрым сыхыхьэри, абы къекІуалІэ щІалэгъуалэм папщІэ зэІущІэхэр езгъэкІуэкІыу щІэздзат. Делэ сыхъун си гугъащ а члисэм къыщекІуэкІыр щыслъэгъуам: абыхэм зинэ ящІэт, увыпІэ нэхъ лъагэ щхьэкІэ зэныкъуэкъут икІи ахъшэ къыхахыр я жыпым иралъхьэт».

«Сэ схузэфІэкІ къэзгъанэтэкъым си унагъуэм сыкІэлъыплъын икІи ІуэхуфІхэр сщІэн щхьэкІэ, ауэ си унагъуэр лъэлъэжащ — си щхьэгъусэм си къуэмрэ сэрэ дыхыфІидзащ» (ШИ ПИНШИ ПИН, ГОНКОНГ)

ІуэхуфІ ящІэхэм насыпыншагъэхэм зэрыщамыхъумэр щалъагъум деж, Алыхьыр зи фІэщ хъу куэдым гузэрыдзэ ящІ. Вьетнамым щыщ Вэн аращ зыхищІар. Ар къыддогуашэ: «Сэ махуэ къэс шхыныгъуэхэр, пхъэщхьэмыщхьэхэр, удз гъэгъахэр къэсщэхути, си лІахэм къурмэныпхъэу къахуэсхьт. Сэ сыщыгугът абы Іейм сыщихъумэну. Ауэ илъэс куэдкІэ ІуэхуфІхэр злэжьами, си диным и хабзэхэм сытетами, си щхьэгъусэр сымаджэ хьэлъэ хъуащ, хамэ къэралым щеджэ ди пхъури иджыри щІалэ дыдэу дунейм ехыжащ».

ЦІыхуфІу узэрыщытым гъащІэ насыпыфІэм ухуимышэмэ, сыт-тІэ апхуэдэ гъащІэ къозытыфынур? Мы упщІэм и жэуапыр къыщылъыхъуэн хуейр дзыхь зыхуэпщІ хъуну тхылъыращ. Сыт зи гугъу тщІыр?

^ абз. 2 Конфуций зыхуригъаджэу щытам теухуауэ нэхъыбэ къыщыпщІэфынущ «Человечество в поисках Бога» жыхуиІэ тхылъым, 7-нэ псалъащхьэм, 31—35 абзацхэм. А тхылъыр Иеговэ и Щыхьэтхэм къыдагъэкІащ икІи ар www.pr418.com жыхуиІэ сайтым къыщыбгъуэтынущ.