Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Сыт къыддэІэпыкъунур дызыщІэхъуэпс гъащІэр къытІэрыхьэн щхьэкІэ?

Сыт къыддэІэпыкъунур дызыщІэхъуэпс гъащІэр къытІэрыхьэн щхьэкІэ?

Мыбы ипэ къихуэ статьяхэм зэрыщытлъэгъуащи, цІыхухэм гъащІэ насыпыфІэ яІэн щхьэкІэ насыпыр къыпхуэзыхьым теухуауэ яІэ еплъыкІэхэр зэтехуэркъым: хэти Алыхьым ди натІэм псори къритхэу и фІэщ мэхъу, хэти щІэныгъэфІрэ мылъкушхуэрэ зэригъэпэщыну хэтщ, хэти ІуэхуфІ куэд елэжь. Апхуэдэ еплъыкІэхэм утетынри пцІыуэ зэхалъхьа картэр къэбгъэсэбэпынри тІури зыуэ жыпІэ хъунущ. НтІэ, абы къикІрэ зыми гъащІэ насыпыфІэ къыдимытыфыну? Хьэуэ, къикІкъым!

ЦІЫХУМ ИІЭФЫНУ ІУЩАГЪЫМ НЭХЪРЭ КУЭДКІЭ НЭХЪ ИН

Унафэ гуэр тщІын ипэ, Іуэхум нэхъыфІу хэзыщІыкІ нэхъыжь гуэрым дочэнджэщ. Апхуэдэу щыщыткІэ, гъащІэ насыпыфІэ зэдгъэгъуэтын щхьэкІэ, дэр нэхърэ куэдкІэ нэхъыжь икІи Іущагъышхуэ зыбгъэдэлъым зыхуэдгъэзэнщ. Абы и чэнджэщхэр Тхыгъэ ЛъапІэм итщ. А тхылъыр илъэс 3 500 ипэ тхын щІадзащ икІи зи гугъу тщІыр Библиеращ.

Библием дзыхь хуэпщІыну щІыхуэфащэр сыт? А тхылъыр къызыбгъэдэкІым нэхърэ нэхъыжь икІи нэхъ Іущ мы Дунеишхуэм теткъыми аращ. Абы теухуауэ Библием жеІэ: «зи Махуэхэр Жьы дыдэ», «зы лъэхъэнэм щыщІэдзауэ адрейм нэсыху» щыІэ (Даниил 7:9; Псалом 90:2, сноскэ). «Абы уафэр къигъэщІащ, ар Алыхь пэжщ, щІылъэр къэзыгъэщІар аращ» (Исайя 45:18). Алыхь пэжым и цІэр езым дэ къытхузэІуихащ — ар Иеговэщ (Псалом 83:18).

Библиер къыдэзытар цІыхухэр къэзыгъэщІа Алыхьырауэ щыщыткІэ, а тхылъым итыр сыт хуэдэ лъэпкъми щыщ цІыхухэм яхуэгъэзащ. Абы ит чэнджэщхэр зэрыщхьэпэр пасэ зэманым щыщІэдзауэ иджыри къыздэсым цІыху куэдым ягъэунэхуащ. Нобэ ар псом нэхърэ нэхъыбэу къыдэкІ икІи бзэ нэхъыбэ дыдэкІэ зэдзэкІа тхылъщ *. Къапщтэмэ, мы дунейм тет дэтхэнэ зы цІыхуми Іэмал иІэщ и бзэкІэ Библием еджэну икІи абы ит Іущагъыр къигъэсэбэпыну. А гупсысэр езы Библием итым тохуэ:

«Тхьэр цІыхум и фэм емыплъу, цІыху псори и зэхуэдэу зэрыщытыр къызгурыІуащ. Сыт хуэдэ лъэпкъым къыхэкІауи щрет, Тхьэм и фІэлІыкІыр зи гум илъыр икІи щыпкъагъэр зыгъэзащІэ дэтхэнэри Тхьэм ещтэ» (АПОСТОЛХЭМ 10:34, 35).

Лъагъуныгъэ зыхэлъ адэ-анэм я сабийхэр зэрагъасэм хуэдэу, фІыуэ дыкъэзылъагъу ди Адэ Иеговэ и Псалъэ БиблиемкІэ дэри дегъасэ (2 Тимофей 3:16). Алыхьым къыджиІэм дзыхь хуэпщІ хъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы дыкъигъэщІащи ди дежкІэ сытыр нэхъыфІми ещІэ.

Мыпхуэдэ гъащІэ дахэр къыплъысын щхьэкІэ, сыт пщІэн хуейр? Абы теухуауэ къыкІэлъыкІуэ статьям къыщыпщІэнущ.

^ абз. 6 Библиер зэрызэрадзэкІым икІи куэду къызэрыдагъэкІым теухуауэ www.pr418.com сайтым нэхъыбэ къыщыпщІэфынущ (БИБЛЕЙСКИЕ УЧЕНИЯ > ИСТОРИЯ И БИБЛИЯ).

^ абз. 16 «Библия: слово Бога или человека?» жыхуиІэ тхылъым, 9-нэ псалъащхьэм нэхъыбэ къыщыпщІэфынущ. Тхылъыр Иеговэ и Щыхьэтхэм къыдагъэкІащ икІи www.pr418.com сайтым къыщыбгъуэтыфынущ (БИБЛИОТЕКА > КНИГИ И БРОШЮРЫ).