Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

3 СТАТЬЯР

ЕхъулІэныгъэ диІэну Иеговэ къыддоІэпыкъу

ЕхъулІэныгъэ диІэну Иеговэ къыддоІэпыкъу

«Исуф Зиусхьэным щІыгъути, абы и Іуэхухэр къехъулІэрт» (ЩІЭДЗ. 39:2).

30-НЭ УЭРЭДЫР Си Алыхь, си Адэ, си Ныбжьэгъу!

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a

1, 2. 1) Гугъуехьхэм дызэрыпэщІэхуэр щІэдмыгъэщІагъуэр сыт? 2) Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?

 ДЭ, ИЕГОВЭ И ЛЭЖЬАКІУЭХЭР, гъэунэхуапІэхэм дызэрыпэщІэхуэр гъэщІэгъуэнкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Библием мыпхуэдэу щыжыІащ: «Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм гугъуехь тшэчурэ дыщІыхьэн хуейщ» (Апост. 14:22). Абы нэмыщІ дэ дощІэ дунеищІэр къэмысауэ языныкъуэ гугъуехьхэм кІэ зэрамыІэнур. А зэманым «лІэныгъэри, щыгъуэныгъэри, гъынри, узыфэхэри щыІэжынукъым» (Апок. 21:4).

2 Иеговэ гугъуехьхэм дыщимыхъумэми, абыхэм дыпэщІэтыну къыддоІэпыкъу. Апостол Паул Рим къалэм дэса къуэш, шыпхъухэм яхуитхам гу лъыттэнщ. ЯпэщІыкІэ абы къуэш, шыпхъухэр зыпэщІэхуэ гугъуехьхэр кърибжэкІащ. ИужькІэ Паул мыпхуэдэу итхащ: «Мы Іуэху псомкІи фІыуэ дызылъэгъуам и къарукІэ текІуэныгъэшхуэр дыдейщ» (Рим 8:35—37). Аращи, ди гугъуехьхэр щимыухам дежи, ехъулІэныгъэ диІэну Иеговэ къыддэІэпыкъуфынущ. Иеговэ Исуф зэрыдэІэпыкъуам икІи дэри къызэрыддэІэпыкъуфынум теухуауэ адэкІэ дытепсэлъыхьынщ.

НАПІЭЗЫПІЭМ ПСОМИ ЗЫЩИХЪУЭЖЫМ ДЕЖ

3. Дапхуэдэу Исуф и гъащІэм зэуэ зэрызихъуэжар?

3 Екъуб и къуэ Исуф фІыщэу илъагъут (ЩІэдз. 37:3, 4). Абы къыхэкІкІэ Екъуб и къуэ нэхъыжьхэр Исуф ефыгъуэу щІадзащ икІи, Іэмал яІэ щыхъуам щыгъуэ, ар Мадиам щІыналъэм щыщ сатуущІэхэм иращащ. А сатуущІэхэм Исуф километр щэ бжыгъэкІэ Мысырым яшащ икІи Фирхьэуным и хъумакІуэхэм я нэхъыщхьэ Потифар иращэжащ. Исуф и гъащІэм сыту псынщІэу зихъуэжа! Куэд щІакъым ар и адэм и дежкІэ къуэ щІасэу зэрыщытрэ, иджы ар Потифар и пщылІ хъуащ (ЩІэдз. 39:1).

4. Исуф зыпэщІэхуа гугъуехьым хуэдэ дэри дыщІыпэщІэхуэнкІэ хъунур сыт?

4 Библием зэритымкІэ, дэтхэнэ зы цІыхури гугъуехь гуэрым пэщІэхуэфынущ (Эккл. 9:11). Иныкъуэхэм деж псори зыхуэзэ гугъуехьхэм хуэдэщ дэ дызыхуэзэр (1 Кор. 10:13). Ауэ Хьисэ и лъэужь дызэритым щхьэкІэ гугъу дыщрагъэхь щыІэщ, псалъэм папщІэ, цІыхухэр къыщытщыдыхьэшх, къыщытпэщІэувэ, уеблэмэ, абыхэм дыкъыщрахуэкІ къохъу (2 Тим. 3:12). Сыт хуэдэ гугъуехь дыпэщІэмыхуами, ехъулІэныгъэ диІэну Иеговэ къыддэІэпыкъуфынущ. Дапхуэдэу ар Исуф зэрыдэІэпыкъуар?

Исуф Потифар и пщылІ щыхъуам щыгъуи, Иеговэ абы ехъулІэныгъэ иритт (5-нэ абзацым феплъ.)

5. Потифар Исуф кІэлъыплъа иужь сыт хуэдэ гупсысэм къыхуэкІуа? (ЩІэдзапІэ 39:2—6).

5 Къеджэ ЩІэдзапІэ 39:2—6. Потифар гу лъитащ Исуф ІэкІуэлъакІуэу зэрыщытым икІи егугъуу зэрылажьэм. Ар апхуэдэу щІыщытыр абы къыгурыІуащ. Потифар илъагъут «[Исуф] сыт ищІэми, Зиусхьэным [Иеговэ, ДЩІ] ар къызэрыригъэхъулІэр» b. Арати, Потифар Исуф езым и дэІэпыкъуэгъу ищІащ икІи и унагъуэр зэрыщыту и ІэмыщІэ ирилъхьащ. Абы иужь Иеговэ Потифар и нэфІ щыхуэу щІидзащ.

6. Исуф и Іуэхум теухуауэ сыт хуэдэ еплъыкІэ иІэфынут?

6 Иджы а Іуэхугъуэм Исуф и нэкІэ девгъэплъыт. Ар псом нэхърэ нэхъыбэу зыщІэхъуэпсыр сытыт? Потифар гу къылъитэу и нэфІ къыщыхуэнырат? Хьэуэ. Исуф щхьэхуит хъужу и адэм деж игъэзэжыну псом нэхърэ нэхъыбэу щІэхъуэпсу щытауэ къыщІэкІынут. Абы Потифар и унэм сыт хуэдэ увыпІэ щимыІыгъами, ар тхьэ нэпцІхэр зыгъэлъапІэ цІыхухъум и пщылІу къанэт. Иеговэ Потифар хуигъэушакъым Исуф щхьэхуит ищІыжыну. Абы нэмыщІ куэд дэмыкІыу Исуф и гъащІэр ІэджэкІэ нэхъ гугъу хъуащ.

ІУЭХУР НЭХЪ ІЕИЖ ЩЫХЪУМ ДЕЖ

7. Дапхуэдэу Исуф и Іуэхур нэхъ Іеиж зэрыхъуар? (ЩІэдзапІэ 39:14, 15).

7 ЩІэдзапІэ тхылъым и 39-нэ псалъащхьэм зэритымкІэ, Исуф щІалэ къекІу зэрыхъуам Потифар и щхьэгъусэм гу лъитащ икІи, зинэ дищІэн щхьэкІэ, абы мызэ-мытІэу ар хигъэзыхьащ. Ауэ Исуф абы ар хуидэтэкъым. А цІыхубзыр апхуэдизкІэ къэгубжьати, икІэм-икІэжым Исуф абы лей ирихыну хэтауэ жиІэри, пцІы трилъхьащ. (Къеджэ ЩІэдзапІэ 39:14, 15.) Потифар а Іуэхум теухуауэ къищІа иужь, Исуф иригъэубыдри, хьэпсым щІригъэдзащ икІи ар абы илъэс бжыгъэкІэ исащ (ЩІэдз. 39:19, 20). А хьэпсыр сытыт зэбгъэщхь хъунур? Абы теухуауэ Исуф къигъэсэбэпа журт псалъэм «псыр щахъумэ кумбыгъэ» е «мащэ» жиІэу къокІ (ЩІэдз. 40:15). А щІыпІэр кІыфІу щытауэ къыщІэкІынущ икІи Исуф и Іуэхум хэкІыпІэ лъэпкъ имыІэу къыщыхъуфынут. Абы нэмыщІ Библием щыжыІащ Исуф зэман гуэркІэ Іэхъулъэхъу илъу зэрыщытар (Пс. 105:17, 18). КІуэ пэтми, Исуф и гъащІэр нэхъ гугъу хъут: унэІуту щытар иджы хьэпсым исщ.

8. ДызыпэщІэхуа гугъуехьыр кІуэ пэтми нэхъ Іеиж щыхъум деж, дэ сытым шэч къытедмыхьэми хъуну?

8 Гугъуехь хьэлъэм ущыпэщІэхуа къэхъуа? ИкІи Иеговэ лъэІу гуащІэкІэ зэрызыхуэбгъазэм щхьэкІэ къэмынэу уи Іуэхур кІуэ пэтми нэхъ Іеиж щыхъуа къыпхуихуа? Апхуэдэ гуэр дэтхэнэ зыми къытщыщІыфынущ. ШейтІаным и ІэмыщІэ илъ дунейм къыбгъэдэкІ гъэунэхуапІэхэм Иеговэ дыщихъумэкъым (1 Ин. 5:19). Ауэ дэ шэч къытедмыхьэми хъунущ: дызыпэщІэхуэ гугъуехьхэм Иеговэ фІыуэ щыгъуазэщ икІи и нэІэ къыттригъэтщ (Мт. 10:29—31; 1 Пет. 5:6, 7). Абы нэмыщІ Иеговэ мыпхуэдэу дыкъегъэгугъэ: «ИгъащІэкІэ ухыфІэздзэжынукъым, уи закъуэу укъэзгъэнэнукъым» (Евр. 13:5). Ди Іуэхум хэкІыпІэ лъэпкъ имыІэу къыщытщыхъум дежи, абы дыпэщІэтыну Иеговэ къыддэІэпыкъуфынущ. АдэкІэ Алыхьыр Исуф зэрыдэІэпыкъуам деплъынщ.

Исуф хьэпсым щисам щыгъуи, Иеговэ и гъусэти, хьэпсым ис псори Исуф и ІэмыщІэ илъ хъуащ (9-нэ абзацым феплъ.)

9. Исуф хьэпсым щисам щыгъуэ, Иеговэ абы зэригъусар къызыхэщыр сытыт? (ЩІэдзапІэ 39:21—23).

9 Къеджэ ЩІэдзапІэ 39:21—23. Исуф хьэпсым щиса зэман гугъум щыгъуи, абы ехъулІэныгъэ иІэну Иеговэ къыдэІэпыкъуащ. Дапхуэдэу? Исуф и щытыкІэфІым къыхэкІкІэ, хьэпсым и тетым, Потифар хуэдэу, пщІэрэ дзыхьрэ абы хуищІу хъуащ. Зэман дэкІри, «хьэпсым и тетым ирилъхьащ Исуф и ІэмыщІэм хьэпсым ис псори». Библием зэритымкІэ, Исуф и къалэнхэр зэригъэзащІэм «хьэпсым и тетыр... кІэлъыплъыртэкъым». Исуф и гугъуехьхэм емыгупсысу и акъылыр нэгъуэщІ Іуэхухэм триухуэну иджы Іэмал иІэт. Сыту гъэщІэгъуэныщэу зихъуэжа абы и Іуэхум. Фирхьэуным и блыгущІэтым и щхьэгъусэм лей ирихыну хэтауэ жаІэу ягъэтІыса цІыхум апхуэдэ увыпІэ лъагэ иратыну Іэмал щыІэт? Абы зы щхьэусыгъуэщ иІэр. Абы теухуауэ ЩІэдзапІэ 39:23 мыпхуэдэу щыжыІащ: «Зиусхьэныр [Иеговэ, ДЩІ] Исуф и гъусэти, абы сыт илэжьми, псори къригъэхъулІэрт».

10. Исуф сыт и лъэныкъуэкІи ехъулІэныгъэ иІауэ щІимыгугъэнкІэ хъунур сытыт? КъыдгурывгъаІуэ.

10 Иджыри зэ а Іуэхум Исуф и нэкІэ девгъэплъыт. Дауэ къыфщыхъурэ, абы пцІы тралъхьэу хьэпсым ирадза иужь, сыт и лъэныкъуэкІи ехъулІэныгъэ иІэу езым къилъытэу щытауэ пІэрэ? Исуф псом нэхърэ нэхъыбэу зыщІэхъуэпсу щытар сытыт? Хьэпсым и тетым и нэфІ къыщыхуэнырат ар зылъыхъуэу щытар? Исуф и Іуэхур зэхагъэкІыу къаутІыпщыжыну хуеяуэ къыщІэкІынут. И Іуэхум теухуауэ фирхьэуным епсэлъэну хьэпсым кърагъэкІыжын хуей зы цІыхухъум ар щІелъэІуар аращ (ЩІэдз. 40:14). Ди жагъуэ зэрыхъунщи, а цІыхухъум ар къызэрелъэІуар щыгъупщэжащ икІи Исуф иджыри илъэситІкІэ хьэпсым исащ (ЩІэдз. 40:23; 41:1, 14). Ауэ Иеговэ адэкІи абы ехъулІэныгъэ иритт. Дапхуэдэу?

11. Иеговэ Исуф сыт хуэдэ зэфІэкІ иритар икІи, Алыхьым и мурадыр гъэзэщІа хъун щхьэкІэ, дапхуэдэу ар къызэригъэсэбэпар?

11 Исуф хьэпсым щисым щыгъуэ, Иеговэ фирхьэуным пщІыхьэпІитІ иригъэлъэгъуащ икІи абыхэм ар егъэлеяуэ ягъэгузэващ. А пщІыхьэпІэхэм къикІыр къищІэну фирхьэуныр хуабжьу хуейт. Исуф пщІыхьэпІэхэм къикІыр зэрыжиІэфыр фирхьэуным къыщищІам щыгъуэ, ар абы и деж къашэну унафэ ищІащ. А пщІыхьэпІэхэм я мыхьэнэр Иеговэ и фІыгъэкІэ Исуф жиІэфащ икІи Іущагъ зыхэлъ ита чэнджэщхэр фирхьэуным хуабжьу игъэщІэгъуащ. А щІалэм Алыхьыр зэригъусэр пащтыхьым къыгурыІуати, абы увыпІэ лъагэ иритащ икІи Мысырым илъ ерыскъыр и ІэмыщІэ ирилъхьащ (ЩІэдз. 41:38, 41—44). Зэман дэкІри, Мысырым гъаблэшхуэ къыщыхъуащ. Исуф и унагъуэр щыпсэу Ханаан щІыналъэми гъаблэ щыІэт. УвыпІэ иІыгъым и фІыгъэкІэ Исуф и унагъуэр къригъэлащ икІи Мэссихьыр къызыхэкІын хуей лъэпкъыр зэпыуакъым.

12. Дапхуэдэу Иеговэ Исуф ехъулІэныгъэ ириту зэрыщытар?

12 Исуф и гъащІэм къыщыхъуа Іуэхугъуэ гъэщІэгъуэнхэм девгъэгупсысыт. Потифар пщылІ къызэрыгуэкІым гулъытэ хэха хуищІыну хуэзыгъэушар хэт? Хьэпсым и тетым абы ис псоми Исуф къыхигъэщхьэхукІыну хуэзыгъэушар хэт? Фирхьэуным пщІыхьэпІэхэр езыгъэлъэгъуар хэт? Абыхэм къикІыр жиІэну Исуф зэфІэкІ къезытар хэт? Мысырым ерыскъыуэ илъу хъуар зэригъэзэхуэн щхьэкІэ, Исуф увыпІэ лъагэ кърезыгъэтар хэт? (ЩІэдз. 45:5). Шэч лъэпкъ хэлъкъым: абы иІа ехъулІэныгъэхэр къызыбгъэдэкІар Иеговэщ. Аращи, Исуф и къуэшхэм ар яукІыну хэтами, Иеговэ а Іуэху бзаджэр зэрихъуэкІащ, и мурадыр гъэзэщІа хъун щхьэкІэ.

ИЕГОВЭ ЕХЪУЛІЭНЫГЪЭ КЪЫЗЭРЫДИТЫР ДАПХУЭДЭУ?

13. Ди гъащІэм къыщыхъу Іуэхугъуэхэм псоми Иеговэ хэІэбэу пІэрэ? КъыдгурывгъаІуэ.

13 Исуф и гъащІэм къыщыхъуа Іуэхугъуэхэм сыт хуэдэ дерс хэтхыфынур? Дэ дызыпэщІэхуэ Іуэхугъуэхэм псоми Иеговэ хэІэбэкъым. Абы нэмыщІ гъэунэхуапІэ гуэрым дихуэмэ, ар Алыхьым къыбгъэдэкІыу икІи абы сыт щыгъуи щхьэусыгъуэ гуэр иІэу жыпІэ хъунукъым. Библием абы дыхуигъасэкъым (Эккл. 8:9; 9:11). Ауэ дэ дощІэ: гугъуехь гуэрым дыщыпэщІэхуэм деж, Иеговэ абы щыгъуазэщ икІи, къыддэІэпыкъун щхьэкІэ, дызэрелъэІур зэхех (Пс. 34:15; 55:22; Ис. 59:1). Уеблэмэ, ехъулІэныгъэ диІэу ди гугъуехьым дыпэщІэтынуи ар къыддэІэпыкъуфынущ.

14. Зэман гугъухэм дапхуэдэу Иеговэ къызэрыддэІэпыкъур?

14 Дапхуэдэу Иеговэ къызэрыддэІэпыкъур? Псалъэм папщІэ, гупсэхугъуэрэ гушхуэныгъэрэ къыдет, псом хуэмыдэу абыхэм дыщыхуэныкъуэм деж (2 Кор. 1:3, 4). Туркменистаным щыщ ди къуэш Эзи́з и Іуэхур апхуэдэущ зэрыщытар, и фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ тутнакъым илъэситІкІэ щагъэтІысам щыгъуэ. Ар къыддогуашэ: «Си судыр щащІыну пщэдджыжьым ди зы къуэшым Исайя 30:15 ит псалъэхэр сигъэлъэгъуащ. Абы щыжыІащ: „ЗэпІэзэрыту фыкъанэмэ икІи дзыхь къысхуэфщІмэ, къару фиІэнущ“. Сымыгузэвэну икІи Иеговэ сыт щыгъуи сыщыгугъыну а псалъэхэр къыздэІэпыкъуащ. Тутнакъым сисыху а гупсысэхэм къару къысхалъхьащ». Уэри, дэІэпыкъуэгъу ущыхуэныкъуэм щыгъуэ, Иеговэ къызэрыбдэІэпыкъуауэ щытар уигу къэбгъэкІыжыфыну пІэрэ?

15, 16. Ди шыпхъу Тори жиІэжам сытым дыхуигъасэрэ?

15 ГъэунэхуапІэ гуэрым дыпхыкІа иужь, абы дыщегупсысыжым деж, Иеговэ къызэрыддэІэпыкъуар дэ къыдгуроІуэ. То́ри зи цІэ ди шыпхъум ар и щхьэкІэ зыхищІащ. Абы и къуэ Ме́йсон илъэсихкІэ лышх узым ебэнащ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, а узым Мейсон илІыкІащ. А гуауэм Тори и гур ирикъутыхьат. Ар къыддогуашэ: «Анэм и гур апхуэдизу хэзыгъэщІыфын нэгъуэщІ гуауэ мы дунейм тету сэ сщІэркъым». Абы пещэ: «Дэтхэнэ зы адэ-анэми и сабийм и псэм телъ хьэзабыр илъагъу нэхърэ езым гугъу ехьыну нэхъ къызэрыхихыным сэ шэч лъэпкъ къытесхьэкъым».

16 ИужькІэ, а зэман гугъум щегупсысым щыгъуэ, Тори къыгурыІуащ а псом пхыкІыну Иеговэ къызэрыдэІэпыкъуу щытар. Тори жеІэж: «Си къуэр щысымэджа илъэсхэм къриубыдэу Иеговэ сыт щыгъуи си гъусэу зэрыщытар сэ солъагъу. Псалъэм папщІэ, Мейсон къару щимыІэ къэхъут, абы и деж щІэупщІакІуэ къакІуэхэм ябгъэдэсын щхьэкІэ. Ауэ итІанэми къуэш, шыпхъухэр сыт щыгъуи сымаджэщым къакІуэт, сыхьэтитІ гъуэгуанэ зэрызэпачын хуейм щхьэкІэ къэмынэу. КъыддэІэпыкъуну хьэзыру щыт къуэш е шыпхъу гуэр сымаджэщым сыт щыгъуи щыІэт. Абы нэмыщІ ди унагъуэр зыхуэныкъуэмкІэ къуэш, шыпхъухэр къыддэІэпыкъут. Нэхъ зэман хьэлъэхэми дэ дызыхуэныкъуэу хъуар диІащ». А гугъуехьым пхыкІын щхьэкІэ, Иеговэ Тори зыхуэныкъуэр иритащ, Мейсони, и узым пэщІэтын щхьэкІэ, къару къыхилъхьащ. (« Иеговэ дызыхуэныкъуэу хъуар къыдитащ» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)

ИЕГОВЭ КЪЫФХУИЩІЭР ЗЫЩЫВМЫГЪЭГЪУПЩЭ

17, 18. Гугъуехьхэм дыщыпэщІэтым деж, Иеговэ щІэгъэкъуэн къызэрытхуэхъур тлъэгъуну икІи ар фІыщІэ тщІыну сыт къыддэІэпыкъунур? (Псалом 40:5).

17 Къеджэ Псалом 40:5. Альпинистым и мурадыр — къуршым и щхьэ дыдэм дэкІуеиныращ. Ауэ абы щыдэкІуейкІэ, къэзыухъуреихь дунейм и дахагъэм еплъын щхьэкІэ, ар къэувыІэфынущ. Апхуэдэ дыдэу фи гугъуехьхэм ехъулІэныгъэ фиІэу фыпэщІэтыну Иеговэ къызэрывдэІэпыкъум щІэх-щІэхыурэ фегупсыс. Махуэм и кІэм деж фызэупщІыж: «Нобэ дапхуэдэу Иеговэ и нэфІ къызэрысщыхуар? Си гугъуехьыр имыухами, абы сыпэщІэтын щхьэкІэ, дапхуэдэу Иеговэ къызэрыздэІэпыкъуар?» А упщІэхэм жэуап щефткІэ Иеговэ и нэфІ къызэрыфщыхуа зы Іэхугъуэ нэхъ мыхъуми къызэрыфлъэгъуным фыхущІэкъу.

18 ДауикІ, ди гугъуехьым кІэ иІэн щхьэкІэ, Иеговэ тхьэлъэІукІэ зэрызыхуэдгъазэм зыри Іей хэлъкъым (Флп. 4:6). Ауэ иджыпсту дыдэ Иеговэ и нэфІ къызэрытщыхуэри тлъэгъун хуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы дыкъегъэгугъэ къару къытхилъхьэну икІи, гугъуехьхэм дыпэщІэтын щхьэкІэ, къыддэІэпыкъуну. Аращи, Иеговэ махуэ къэс къызэрыбдэІэпыкъум щхьэкІэ зэпымыууэ фІыщІэ хуэщІ. Абы щыгъуэ уэ къэплъэгъунущ, зэман гугъухэм Иеговэ Исуф зэрыдэІэпыкъуам хуэдэу, уэри ехъулІэныгъэ уиІэну ар къызэрыбдэІэпыкъур (ЩІэдз. 41:51, 52).

32-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ бгъэдэувэ!

a Дэ гугъуехь хьэлъэхэм дыщыпхыкІым деж, ехъулІэныгъэ димыІэу къытщыхъункІэ хъунущ икІи мыпхуэдэу дегупсысыфынущ: «ЕхъулІэныгъэ сыщиІэнур текІуэныгъэ сиІэу гугъуехьым сыпхыкІа иужьщ». Ауэ Исуф и гъащІэм къыщыхъуа Іуэхугъуэхэм дэ мыхьэнэшхуэ зиІэ дерс къыхыдох: ди гугъуехьым кІэух иІэу щыдмылъагъум дежи, ехъулІэныгъэ диІэну Иеговэ къыддоІэпыкъу. Ар къыдгурыІуэну мы статьяр къыддэІэпыкъунущ.

b Исуф и гъащІэм къыщыхъуа мы Іуэхугъуэхэм Библиер едзыгъуитхум щытепсэлъыхьу аращ, ауэ ахэр илъэс зыбжанэкІэ екІуэкІауэ къыщІэкІынущ.