Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

5 СТАТЬЯР

«Мэссихь фІылъагъуныгъэу къытхуиІэм дызэщІиубыдащ»

«Мэссихь фІылъагъуныгъэу къытхуиІэм дызэщІиубыдащ»

«Мэссихь фІылъагъуныгъэу къытхуиІэм дызэщІиубыдащ... Псэухэр езыхэм я щхьэ хуэмыпсэужу, абыхэм щхьэкІэ лІэуэ, лІахэм къахэтэджыкІыжам хуэпсэун папщІэ» (2 КОР. 5:14, 15).

13-НЭ УЭРЭДЫР Хьисэ щапхъэ тхуохъу

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a

1, 2. 1) Хьисэ зэрыпсэуамрэ Алыхьым зэрыхуэлэжьамрэ теухуауэ дыщегупсысым деж, ди гум сыт щыщІэр? 2) Мы статьям щызэпкърытхынур сыт?

 ФІЫУЭ тлъагъу гуэр лІэныгъэм щытІэщІихым деж, дэ а цІыхум хуабжьу дыхуозэш. Абы и иужьрей махуэхэм дыщегупсыскІэ дэ гуауэ зыхыдощІэ, псом хуэмыдэу, лІэн ипэ ар гугъу ехьауэ щытмэ. Ауэ, зэман дэкІа иужь, а цІыхум теухуа гуэр дигу къэдгъэкІыжыну ди гуапэщ, псалъэм папщІэ, зыгуэрым дыхуигъасэу икІи псалъэкІэ е ІуэхукІэ дигъэгушхуэу зэрыщытар.

2 Абы ещхьу Хьисэ ирагъэшэча гугъуехьхэмрэ абы и лІэныгъэмрэ теухуауэ деджэну ди дежкІэ тыншкъым. Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр къыщыблагъэ лъэхъэнэм абы и щхьэщэхуж къурмэныпхъэм и лъапІагъэм нэхъыбэу дегупсысыну дыхущІокъу (1 Кор. 11:24, 25). Ауэ дэ догуфІэ Хьисэ дунейм щытетам щыгъуэ жиІамрэ ищІамрэ дигу къыщыдгъэкІыжым деж. Абы нэмыщІ Хьисэ иджыпсту ищІэмрэ къэкІуэну зэманым дэр щхьэкІэ ищІэнумрэ дызэрегупсысым дегъэгушхуэ. А псом дызэрегупсысымрэ Хьисэ фІыуэ дызэрилъагъумрэ дыхуагъэуш ди гум илъ фІыщІэр ІуэхукІэ дгъэлъэгъуэну. Ар зэрытщІ хъунур мы статьям щызэпкърытхынущ.

ДИ ГУМ ИЛЪ ФІЫЩІЭМ ХЬИСЭ И ЛЪЭУЖЬ ДРИКІУЭНУ ДЫХУЕГЪЭУШ

3. Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэр фІыщІэ тщІын щхьэкІэ, сыт хуэдэ щхьэусыгъуэхэр диІэ?

3 Хьисэ и гъащІэмрэ и лІэныгъэмрэ дыщегупсысым деж, дэ фІыщІэшхуэ зыхыдощІэ. Ар щІылъэм щытетам щыгъуэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм къихьыну фІыгъуэхэм теухуауэ цІыхухэм яжриІэу щытащ. А пэжхэр дэ лъапІэу долъытэ. Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэр дэ фІыщІэ дощІ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы и фІыгъэкІэ Иегови езы Хьиси я ныбжьэгъу дыхъуну Іэмал диІэщ. Хьисэ зи фІэщ хъухэм гъащІэ мыухыж яІэу псэуну икІи фІыуэ ялъагъу къэтэджыжа цІыхухэм хуэзэжыну гугъэ яІэ мэхъу (Ин. 5:28, 29; Рим 6:23). А фІыгъуэхэр дэ зыкІи къэдлэжьыфынукъым икІи Иеговэрэ Хьисэрэ къытхуащІар зэи тхуэпшыныжынукъым (Рим 5:8, 20, 21). Ауэ дэ уасэ зимыІэ а тыгъэр фІыщІэ зэрытщІыр къэдгъэлъэгъуэфынущ. Дапхуэдэу?

Магдалэ жылэм щыщ Мэрием и щапхъэм дызэрегупсысым фІыщІэ дгъэлъэгъуэну дапхуэдэу дызэрыхуигъэушыр? (4, 5-нэ абзацхэм феплъ.)

4. Магдалэ жылэм щыщ Мэрием Хьисэ къыхуищІар фІыщІэ зэрищІыр дапхуэдэу къызэригъэлъэгъуар? (Сурэтым феплъ.)

4 Магдалэ жылэм щыщ Мэрием и щапхъэм деплъынщ. А цІыхубз тхьэмыщкІэр жин бзаджэхэм егъэлеяуэ гугъу ирагъэхьт. Абы зыгуэр къыдэІэпыкъуфыну и фІэщ хъужу къыщІэкІынтэкъым. Хьисэ а цІыхубзым жин бзаджэхэр къыщыхихуам щыгъуэ абы зыхищІа фІыщІэр фи нэгу къыщІэвгъэхьэт! А фІыщІэм ар хуигъэушащ Хьисэ и лъэужь иувэну икІи, абы дэІэпыкъун щхьэкІэ, и зэманри, и къарури, и мылъкури къигъэсэбэпыну (Лк. 8:1—3). Хьисэ къыхуищІар фІыщІэ ищІми, къэкІуэну зэманым куэдкІэ нэхъыбэ абы къызэрыхуищІэнур Мэрием къыгурыІуэу къыщІэкІынтэкъым. «Тхьэм и КъуэмкІэ фІэщхъуныгъэ зиІэ дэтхэнэми... мыкІуэдыжын гъащІэ иІэ хъун щхьэкІэ», Хьисэ и гъащІэр итын хуейт (Ин. 3:16). Мэрием Хьисэ хуэпэжу зэрыщытамкІэ и гум илъ фІыщІэр къигъэлъэгъуащ. Хьисэ хьэзаб телъу пкъом щыфІэлъам щыгъуэ ар абы бгъэдэтт икІи Хьисэ и анэмрэ адрей цІыхубзхэмрэ ядэІэпыкъуну хэтт (Ин. 19:25). Абы нэмыщІ Хьисэ лІа иужь Мэриемрэ нэгъуэщІ цІыхубзитІымрэ мэ ІэфІ къызыпих дагъэ лъапІэхэр къащтэри, кхъэлэгъунэм кІуащ, Хьисэ и хьэдэм щахуэн щхьэкІэ (Мк. 16:1, 2). Иеговэ Мэрием игъэлъэгъуа пэжагъым щхьэкІэ и нэфІ щыхуащ. Дапхуэдэу? ЛІахэм къахэтэджыкІыжа иужь Хьисэ Мэрием хуэзащ икІи епсэлъащ. ГъэщІэгъуэныращи, абы и гъэсэнхэм щыщ куэдым апхуэдэ Іэмал яІакъым (Ин. 20:11—18).

5. Иеговэрэ Хьисэрэ къытхуащІэ псор фІыщІэ зэрытщІыр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэфынур?

5 Дэ-щэ? Иеговэрэ Хьисэрэ къытхуащІэ псор фІыщІэ зэрытщІыр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэфынур? Ар къэдгъэлъэгъуэфынущ ди зэманми, ди къаруми, ди мылъкуми дыщымысхьу, Пащтыхьыгъуэм и Іуэхур дгъэкІуатэу щытмэ. Псалъэм папщІэ, дэ Алыхьым и организацэм иригъэкІуэкІ ухуэныгъэхэм дыхэтыфынущ икІи, а унэхэр зрахьэн щхьэкІэ, къару етхьэлІэ хъунущ.

ИЕГОВЭРЭ ХЬИСЭРЭ ХУДИІЭ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ НЭГЪУЭЩІХЭР ФІЫУЭ ТЛЪАГЪУНУ ДЫХУЕГЪЭУШ

6. Щхьэщэхуж къурмэныпхъэр дэтхэнэ зы цІыхуми хуэгъэза тыгъэу жыпІэ щІэхъунур сыт?

6 Иеговэрэ Хьисэрэ фІыщэу дыкъызэралъагъум дыщегупсысым деж, дэри ахэр фІыуэ тлъагъуну абы дыхуегъэуш (1 Ин. 4:10, 19). Дэ ахэр нэхъыфІыжу тлъагъун щІыдодзэ Хьисэ дэтхэнэ зым щхьэкІи и гъащІэр зэритар къыщыдгурыІуэм деж. Апостол Паул ар фІыуэ къыгурыІуэт. Абы Галатие къалэм щыІа зэхуэсым яхуитха письмом а гупсысэр мыпхуэдэу къыхигъэщащ: «Тхьэм и Къуэм... фІыуэ силъагъури, и псэр сэр щхьэкІэ итащ» (Гал. 2:20). Щхьэщэхуж къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ Иеговэ гъунэгъу зыкъытхуищІащ икІи и ныбжьэгъу дыхъуну Іэмал къыдитащ (Ин. 6:44). Иеговэ фІы гуэр къытхилъагъуэу, и ныбжьэгъу дыхъуну Іэмал диІэн щхьэкІэ, уасэшхуэ итащ. Ар зэрытщІэм ди гур игъэхуабэкъэ? Иеговэрэ Хьисэрэ худиІэ лъагъуныгъэр абы хигъахъуэкъэ? Аращи, мыпхуэдэу дызэупщІыж хъунущ: «А лъагъуныгъэм сытым сыхуигъэушрэ?»

Алыхьымрэ Хьисэрэ худиІэ лъагъуныгъэм дыхуегъэуш цІыхухэм псоми хъыбарыфІымкІэ дадэгуэшэну (7-нэ абзацым феплъ.)

7. Сурэтым зэритым хуэдэу, Иеговэрэ Хьисэрэ фІыуэ зэрытлъагъур дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэфынур? (2 Коринф 5:14, 15; 6:1, 2).

7 Алыхьымрэ Хьисэрэ худиІэ лъагъуныгъэм нэгъуэщІхэри фІыуэ тлъагъуну дыхуегъэуш. (Къеджэ 2 Коринф 5:14, 15; 6:1, 2.) А лъагъуныгъэр къызэрыдгъэлъэгъуэфыну Іэмалхэм ящыщ зыр — ар хъыбарыфІ гъэІуным псэемыблэжу дыхэтыныращ. ЦІыхур къызыхэкІа лъэпкъым, абы бгъэдэлъ мылъкум икІи иІыгъ увыпІэм демыплъу дэ псоми хъыбарыфІымкІэ дадогуашэ. Апхуэдэу дэ Иеговэ и Іэмырыр догъэзащІэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ «цІыху псори мыкІуэду къригъэлыну икІи щыпкъагъэр ящІэну» ар хуейщ (1 Тим. 2:4).

8. Къуэш, шыпхъухэм худиІэ лъагъуныгъэр дапхуэдэу зэрыдгъэлъэгъуэфынур?

8 Алыхьымрэ Хьисэрэ худиІэ лъагъуныгъэм къуэш, шыпхъухэри фІыуэ тлъагъуну дыхуегъэуш (1 Ин. 4:21). Дэ ди гум къыбгъэдэкІыу абыхэм гулъытэ яхудощІ икІи, ахэр гугъуехьхэм щыпэщІэхуэм деж, дэІэпыкъуэгъу дахуохъу. Дэ абыхэм гупсэхугъуэ идот фІыуэ ялъагъу цІыху лІэныгъэм щаІэщІихым деж, ахэр щысымаджэм деж щІэупщІакІуэ докІуэ икІи я лъэр щыщІэхуам деж, дгъэгушхуэн щхьэкІэ, тхузэфІэкІыу хъуар дощІэ (2 Кор. 1:3—7; 1 Фес. 5:11, 14). Дэ абыхэм щхьэкІэ зэпымыууэ Алыхьым лъэІукІэ зыхудогъазэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ «щыпкъагъэ зиІэ цІыхум и тхьэлъэІум лъэкІыныгъэ иІэщ икІи куэд лъокІ» (Екъуб 5:16).

9. Къуэш, шыпхъухэм худиІэ лъагъуныгъэр дапхуэдэу иджыри зэрыдгъэлъэгъуэфынур?

9 Къуэш, шыпхъухэм худиІэ лъагъуныгъэр иджыри къыхощ, ди зэхуаку мамырыгъэ дэлъын щхьэкІэ, къару зэретхьэлІэм. Иеговэ зэригъэгъум щапхъэ тетхыну дэ дыхущІокъу. Абы ди гуэныхьхэм щхьэкІэ и Къуэр щхьэщэхуж къурмэныпхъэу щитакІэ, къуэш, шыпхъухэм зыгуэркІэ ди жагъуэ къыщащІым деж, дэри ди гум къыбгъэдэкІыу яхуэдгъэгъун хуейкъэ? Хьисэ жиІа ущие хъыбарым хэта унэІут бзаджэм хуэдэу дэ дыщытыну дыхуейкъым. Пащтыхьым а унэІутым телъ щІыхуэшхуэр хуигъэгъуа иужь, абы езым нэгъуэщІ унэІутым телъ щІыхуэ тІэкІур хуигъэгъун идакъым (Мт. 18:23—35). Зэхуэсым щыщ гуэрымрэ уэрэ фи зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ къыдыхьауэ щытмэ, Пщыхьэщхьэшхэр къэмыс щІыкІэ, япэ лъэбакъуэр пчыуэ абы уекІужыфыну пІэрэ? (Мт. 5:23, 24). Апхуэдэу пщІэуэ щытмэ, Иеговэрэ Хьисэрэ фІыуэ зэрыплъагъур къэбгъэлъэгъуэнущ.

10, 11. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм Иеговэрэ Хьисэрэ фІыуэ зэралъагъур дапхуэдэу къызэрагъэлъэгъуэфынур? (1 Петр 5:1, 2).

10 Зэхуэсым и нэхъыжьхэм Иеговэрэ Хьисэрэ фІыуэ зэралъагъур дапхуэдэу къызэрагъэлъэгъуэфынур? Ар зэращІэ хъуну Іэмалхэм ящыщ зыр — Хьисэ и мэл цІыкІухэм я нэІэ трагъэтыныращ. (Къеджэ 1 Петр 5:1, 2.) Хьисэ а гупсысэр наІуэу къыхигъэщащ Петр щепсэлъам щыгъуэ. Петр Хьисэ имыцІыхуу щэнейрэ жиІа иужь, ар хуабжьу хуейуэ къыщІэкІынут и Зиусхьэным хуиІэ лъагъуныгъэр къигъэлъэгъуэну. Хьисэ лІахэм къахэтэджыкІыжа иужь, ар мыпхуэдэу Петр еупщІащ: «Симон, Иуан и къуэ, фІыуэ сыплъагъурэ?» Дэ шэч къытедмыхьэми хъунущ, Хьисэ фІыуэ зэрилъагъур къигъэлъэгъуэн щхьэкІэ, Петр сытри ищІэну хьэзыру зэрыщытам. Хьисэ абы мыпхуэдэу жриІащ: «Си мэлхэр гъэхъу» (Ин. 21:15—17). ИкІи Петр псэуху и нэІэ Зиусхьэным и мэл цІыкІухэм зэрытригъэтамкІэ Хьисэ фІыуэ зэрилъагъур къигъэлъэгъуащ.

11 Зэхуэсым и нэхъыжьхэ, Хьисэ Петр жриІа псалъэхэм я мыхьэнэр къызэрывгурыІуэр Пщыхьэщхьэшхэр щекІуэкІыну лъэхъэнэм дапхуэдэу къызэрывгъэлъэгъуэфынур? Иеговэрэ Хьисэрэ фІыщэу зэрыфлъагъур къэвгъэлъэгъуэфынущ, къуэш, шыпхъухэр зэпымыууэ вгъэгушхуэмэ икІи хъыбарыфІ гъэІуным хэмытыжхэм Иеговэ и деж къагъэзэжыну фадэІэпыкъуу щытмэ (Иез. 34:11, 12). Абы нэмыщІ Библиер зыджхэмрэ япэ дыдэу Пщыхьэщхьэшхэм къекІуэлІахэмрэ гулъытэ яхуэфщІ хъунущ. Дэ ахэр тлъэгъуну дызэригуапэр абыхэм зыхедгъэщІэну дыхуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а цІыхухэри Хьисэ и гъэсэн хъуну дыщогугъ.

ХЬИСЭ ХУДИІЭ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ЛІЫГЪЭ ДГЪЭЛЪЭГЪУЭНУ ДЫХУЕГЪЭУШ

12. Хьисэ щаукІынум ипэ къихуэ жэщым жиІа псалъэхэм дапхуэдэу лІыгъэ къызэрытхалъхьэр? (Иуан 16:32, 33).

12 Хьисэ щаукІынум ипэ къихуэ жэщым и апостолхэм мыпхуэдэу яжриІащ: «Дунейм гугъуехь щыфшэчынущ, ауэ фымыдзыхэ: сэ дунейм сытекІуащ». (Къеджэ Иуан 16:32, 33.) Хьисэ лІыгъэ хэлъу и бийхэм пэщІэтыну икІи лІэху Алыхьым хуэпэжу къэнэну сыт къыдэІэпыкъуар? Ар Иеговэ щыгугът. И гъуэгу ирикІуэхэр апхуэдэ гъэунэхуапІэхэм зэрыпэщІэхуэнур ищІэти, Хьисэ и Адэм ахэр къихъумэну елъэІуащ (Ин. 17:11). А гупсысэм лІыгъэ къытхелъхьэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ди бийхэм нэхърэ Иеговэ куэдкІэ нэхъ къарущ (1 Ин. 4:4). Абы гу лъимытэу зыри къанэкъым. Дэ шэч лъэпкъ къытетхьэкъым, Иеговэ дыщыгугъыу щытмэ, шынэм дытекІуэну икІи лІыгъэ дгъэлъэгъуэну зэрытхузэфІэкІынум.

13. Аримафей жылэм щыщ Исуф дапхуэдэу лІыгъэ зэригъэлъэгъуар?

13 Аримафей жылэм щыщ Исуф и щапхъэм гу лъыттэнщ. Ар Синедрионым, иудейхэм я суд нэхъыщхьэм, хэтт икІи журтхэм а цІыхухъум пщІэшхуэ хуащІт. Ауэ абы япэщІыкІэ лІыгъэ игъэлъэгъуауэ пхужыІэнукъым. Иуан Исуф щхьэкІэ жиІащ ар Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэм зэращыщыр, ауэ журтхэм зэращышынэм къыхэкІкІэ ар зэрибзыщІыр (Ин. 19:38). Исуф Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр фІэгъэщІэгъуэну щытами, Хьисэ и фІэщ зэрыхъур цІыхухэм къаригъащІэтэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ иІыгъ увыпІэр фІэкІуэдынкІэ шынэт. Ауэ, дапхуэдэу мыхъуами, Хьисэ яукІа иужь, Исуф «тегушхуэщ, Пилат деж кІуэри, Хьисэ и хьэдэр къритыжыну елъэІуащ» (Мк. 15:42, 43). Хьисэ и лъэужь зэрырикІуэр Исуф афІэкІа ибзыщІыжтэкъым.

14. ЦІыхухэм жаІэным ущышынэу щытмэ, сыт уэ пщІэн хуейр?

14 Уэри, Исуф хуэдэу, цІыхухэм уащыщышына къэхъуа? Иеговэ и Щыхьэту узэрыщытыр школым е лэжьапІэм щыжыпІэну зэгуэр ушына? Хьэмэрэ, цІыхухэм жаІэным щхьэкІэ угузавэу, хъыбарыфІыр бгъэІуну е псым зыщІэбгъэуэну утемыгушхуэу ущыт? Пэжу къэплъытэр пщІэн щхьэкІэ, апхуэдэ гурыщІэхэр зэран зыхуомыгъэхъу. Уи гум къыбгъэдэкІыу Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэбгъазэурэ, и Іэмырыр бгъэзэщІэн щхьэкІэ, лІыгъэ къыуитыну елъэІу. Иеговэ уи тхьэлъэІухэм жэуап зэрыритыр плъэгъуа иужь, абы къарурэ лІыгъэрэ къыпхилъхьэнущ (Ис. 41:10, 13).

ИЕГОВЭ ЗЭПЫМЫУУЭ ДЫХУЭЛЭЖЬЭНУ ГУФІЭГЪУЭР КЪЫДДОІЭПЫКЪУ

15. Хьисэ и гъэсэнхэм закъригъэлъэгъуа иужь, абыхэм яІа гуфІэгъуэм ахэр сытым хуигъэуша? (Лука 24:52, 53).

15 Хьисэ щылІам щыгъуэ, абы и гъэсэнхэм егъэлеяуэ я лъэр щІэхуат. Уэ абыхэм я пІэм уиту уи нэгу къыщІэгъэхьэт. Абыхэм фІыуэ ялъагъу я ныбжьэгъур яфІэкІуэдащ икІи зы гугъэ лъэпкъи ямыІэжу къащыхъут (Лк. 24:17—21). Ауэ, Хьисэ абыхэм закъыщригъэлъэгъуам щыгъуэ, абы теухуауэ Библием ит къэхъун хуей псалъэхэр зэригъэзэщІар къагуригъэІуащ. Абы нэмыщІ Хьисэ и гъэсэнхэм мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэн яритащ (Лк. 24:26, 27, 45—48). Махуэ 40 дэкІри, Хьисэ уафэм щыдэкІуеижам щыгъуэ, абы и гъэсэнхэм я гукъеуэм гуфІэгъуэшхуэкІэ зихъуэжат. Иджы абыхэм ящІэт я Зиусхьэныр зэрыпсэур икІи къалэныщІэр ягъэзэщІэну Іэмал имыІэу къазэрыдэІэпыкъунур. А гуфІэгъуэр абыхэм къадэІэпыкъуащ зэпымыууэ Иеговэ ягъэлъэпІэну (къеджэ Лука 24:52, 53; Апост. 5:42).

16. Хьисэ и гъэсэнхэм дапхуэдэу щапхъэ зэратетхыфынур?

16 Хьисэ и гъэсэнхэм дапхуэдэу щапхъэ зэратетхыфынур? Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр щекІуэкІыну лъэхъэнэм нэмыщІ дэ илъэс псоми къриубыдэу гуфІэгъуэ диІэу Иеговэ дыхуэлэжьэфынущ. Абы щхьэкІэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм ди гъащІэм япэ увыпІэр щедгъэубыдын хуейщ. Псалъэм папщІэ, зэпымыууэ хъыбарыфІ гъэІуным хэтын, зэІущІэхэм екІуэлІэн икІи я унагъуэм и гъусэу Библиер яджын щхьэкІэ, зэран къахуэмыхъун лэжьыгъэ куэдым къагъуэтащ. Я зэхуэсым нэхъыбэу дэІэпыкъун е хъыбарыфІыр зыгъэІухэр мащІэу здэщыІэ щІыпІэм кІуэн щхьэкІэ, цІыхухэм Іэмал имыІэу яІэн хуейуэ къалъытэ хьэпшыпхэр къамыщэхуну языныкъуэхэм мурад ящІащ. Алыхьым зэпымыууэ дыхуэлэжьэн икІи ди гъащІэм япэ увыпІэр Пащтыхьыгъуэм еттын щхьэкІэ, дауикІ, дэ теубыдагъэм дыхуэныкъуэщ. Ауэ, апхуэдэу тщІэуэ щытмэ, Иеговэ и нэфІ къытщыхуэну дыкъегъэгугъэ (Прит. 10:22; Мт. 6:32, 33).

Пщыхьэщхьэшхэр щекІуэкІыну лъэхъэнэм Иеговэрэ Хьисэрэ уэр щхьэкІэ ящІэм уегупсысыну зэман къыдэгъэкІ (17-нэ абзацым феплъ.)

17. Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр щекІуэкІыну лъэхъэнэм сыт уэ пщІэну уи мурадыр? (Сурэтым феплъ.)

17 Мэлыжьыхьым и 4-м, гъубж махуэм, Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр дгъэлъэпІэн щхьэкІэ, дэ дызэхуэсынущ. А Іуэхугъуэм къытхуэмыгъэсу дыпоплъэ! Ауэ Хьисэ и гъащІэмрэ и лІэныгъэмрэ, абы нэмыщІ абырэ Иеговэрэ къытхуаІэ лъагъуныгъэм дыщегупсысын хуейр а махуэм и закъуэкъым. Пщыхьэщхьэшхэр щекІуэкІыну лъэхъэнэм щІэх-щІэхыурэ абы фызэрегупсысыным фыхущІэкъу. Псалъэм папщІэ, «Последняя неделя земной жизни Иисуса» жыхуиІэ таблицэм зи гугъу ищІ Іуэхугъуэхэм феджэн икІи фегупсысын щхьэкІэ, зэман къыдэвгъэкІ (ДунеищІэкІэ еджэу, урысыбзэкІэ зэдзэкІа Библием, Б12 жыхуиІэ приложением феплъ). Хьисэ и гъащІэм теухуауэ фыщеджэкІэ, фи гум илъ фІыщІэр, лъагъуныгъэр, гуфІэгъуэр хэзыгъахъуэ икІи лІыгъэр дгъэлъэгъуэну къыддэІэпыкъу пычыгъуэхэм нэхъыбэу гу лъыфтэ. Абы иужь фІыщІэр зэрывгъэлъэгъуэфыну Іэмалхэм фегупсыс. Шэч къытевмыхьэ: Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр щекІуэкІыну лъэхъэнэм фщІэуэ хъуар Хьисэ лъапІэу елъытэ (Апок. 2:19).

17-НЭ УЭРЭДЫР «Сыхуейщ!»

a Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр щыдгъэлъэпІэну лъэхъэнэм Хьисэ и гъащІэмрэ и лІэныгъэмрэ, абы нэмыщІ езы Хьисэрэ и Адэмрэ къытхуаІэ лъагъуныгъэм дегупсысыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. А Іуэхугъуэхэм дызэрегупсысым дэ зыгуэр тщІэну дыхуегъэуш. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэр фІыщІэ зэрытщІымрэ Иеговэрэ Хьисэрэ фІыуэ зэрытлъагъумрэ дапхуэдэу ІуэхукІэ дгъэлъагъуэ хъунуми. Абы нэмыщІ дэ къэтщІэнущ къуэш, шыпхъухэм худиІэ лъагъуныгъэм хэдгъэхъуэн икІи хъыбарыфІ гъэІуным гуфІэгъуэ хэтхын щхьэкІэ, сыт къыддэІэпыкъунуми.