Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

9 СТАТЬЯР

Алыхьым тыгъэ лъапІэу къыдита гъащІэм пщІэ хуэфщІ

Алыхьым тыгъэ лъапІэу къыдита гъащІэм пщІэ хуэфщІ

«Езыращ дызыгъэпсэури, дызезыгъакІуэри, дыщызыгъэІэри» (АПОСТ. 17:28).

141-НЭ УЭРЭДЫР ГъащІэр — тыгъэ лъапІэщ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a

1. Иеговэ ди гъащІэр лъапІэу зэрилъытэр сыт къэзыгъэлъагъуэр?

 УИ НЭГУ къыщІэгъэхьэт уи ныбжьэгъум унэшхуэ тыгъэу къыуитауэ. А унэр жьыуэ зэрыщытым къыхэкІкІэ ар зехьэн хуейщ. Ауэ, абы емылъытауэ, а унэр доллар мелуан бжыгъэ и уасэщ. ДауикІ, уэ ар зыхуей хуэбгъэзэн щхьэкІэ, пхузэфІэкІыу хъуар пщІэнущ. Абы ещхьу уафэм щыІэ ди Адэ Иеговэ гъащІэр тыгъэ лъапІэу къыдитащ. Езы Иеговэ дежкІи ди гъащІэр лъапІэу зэрыщытыр и Къуэр щхьэщэхуж къурмэныпхъэу зэритамкІэ къигъэлъэгъуащ (Ин. 3:16).

2. 2 Коринф 7:1 зэритымкІэ, Иеговэ сыт къызэрытщыгугъыр?

2 ГъащІэр къызыбгъэдэкІыр Иеговэщ (Пс. 36:9). Апостол Паул абы теухуауэ мыпхуэдэу жиІащ: «Езыращ дызыгъэпсэури, дызезыгъакІуэри, дыщызыгъэІэри» (Апост. 17:25, 28). Абы къыхэкІкІэ ди гъащІэр Иеговэ къыбгъэдэкІ тыгъэу щІэтлъытэн щхьэусыгъуэ куэд диІэщ. Алыхьым дэ дызыхуэныкъуэу хъуар къыдет (Апост. 14:15—17). Иеговэ телъыджэ ІуэхукІэ ди гъащІэр къимыхъумэми, ар хуейщ, дэ узыншэу дыщытын икІи абы адэкІи дыхуэлэжьэн щхьэкІэ, тхузэфІэкІыу хъуар тщІэну. (Къеджэ 2 Коринф 7:1.) Ди гъащІэмрэ ди узыншагъэмрэ дыхуэсакъыну Иеговэ къыщІытщыгугъыр сыт икІи дапхуэдэу ар зэрытщІыфынур?

АЛЫХЬЫМ КЪЫВИТА ГЪАЩІЭР ЛЪАПІЭУ ФЛЪЫТЭ

3. Ди узыншагъэм дыкІэлъыплъыным мыхьэнэ щІиІэр сыт?

3 Ди узыншагъэм дыкІэлъыплъыным мыхьэнэ щІиІэр сыт? Зы щхьэусыгъуэр — ар Иеговэ нэгъэсауэ дыхуэлэжьэну дызэрыхуейращ (Мк. 12:30). Дэ Библием ит мы чэнджэщым дытетыну дыхущІокъу: «Тхьэм и гум ирихьу, къурмэныпхъэ псэууэ, къурмэныпхъэ лъапІэм хуэдэу, Тхьэм и ІэмыщІэ зифлъхьэ» (Рим 12:1). Пэжщ, дэ зэи дымысымэджэну тхузэфІэкІынукъым, ауэ, ди узыншагъэм дыкІэлъыплъын щхьэкІэ, къару идохьэлІэ. Абы и щхьэусыгъуэр уафэм щыІэ ди Адэм тыгъэу къыдита гъащІэр лъапІэу зэрытлъытэр едгъэлъэгъуну дызэрыхуейращ.

4. Пащтыхь Даут зыхущІэкъур сытыт?

4 Пащтыхь Даут Алыхьым тыгъэу кърита гъащІэр лъапІэу щІилъытэм теухуауэ мыпхуэдэу итхащ: «Си лІэныгъэм, кхъэ мащэм сызэрехынум мыхьэнэ гуэр иІэ? ЩІым щыщ хъужам уэ уигъэлъэпІэну? Уи пэжагъым теухуауэ жиІэжыну?» (Пс. 30:9). Мы псалъэхэр Даут лІэным куэд имыІэжу итхауэ къыщІэкІынущ. Ауэ итІани, Иеговэ игъэлъэпІэн щхьэкІэ, Даут нэхъыбэрэ узыншэу зэрыщытыным хущІэкъут. Шэч хэмылъу, дэ псоми апхуэдэ гупсысэкІэ диІэщ.

5. Ди ныбжьымрэ ди узыншагъэмрэ емылъытауэ, сыт дэ тщІэфынур?

5 Дызэрысымаджэм е ди ныбжьыр зэрыхэкІуэтам къыхэкІкІэ япэм тхузэфІэкІыу щытам хуэдиз тхуэмыщІэжынкІэ хъунущ. Абы хуабжьу ди лъэр щІихыфынущ. Ауэ абы къикІкъым дэ ди Іэр етхьэхыу ди узыншагъэм дыхуэмысакъыжын хуейуэ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ сыт хуэдэ ныбжьым димытами, сыт хуэдэ узыфэ димыІами, пащтыхь Даут хуэдэу, Иеговэ и цІэр дгъэлъэпІэфынущ. Дэ гуэныхьлыуэ дызэрыщытым щхьэкІэ къэмынэу Иеговэ лъапІэу дызэрилъытэр тщІэну сыту насыпышхуэ! (Мт. 10:29—31). ИкІи, ди гъащІэр тфІэкІуэду щытми, лІахэм дакъыщыхигъэтэджыкІыжыну зэманым къыхуэмыгъэсу ар пэплъэнущ (Иов 14:14, 15). Аращи, дыпсэухукІэ, ди узыншагъэм дыкІэлъыплъын щхьэкІэ, тхузэфІэкІыу хъуар тщІэнщ.

УЗЫНШАГЪЭМ ЗЭРАН ХУЭХЪУ ІУЭХУГЪУЭХЭМ ПЭІЭЩІЭ ЗЫХУЭФЩІ

6. Ерыскъымрэ фадэмрэ теухуауэ Иеговэ сыткІэ къытщыгугърэ?

6 Ди узыншагъэм дызэрыкІэлъыплъын е тшхын хуейм теухуа тхылъу Библиер щымытми, а Іуэхугъуэхэм Иеговэ зэреплъыр абы къыщыдощІэ. Алыхьым и Псалъэм дыхуегъэуш «ди Іэпкълъэпкъыр Іейм пэІэщІэ тщІыну» (Эккл. 11:10). Псалъэм папщІэ, Библием щыжыІащ дэ ерыскъыкІи фадэкІи едгъэлей зэрымыхъунур, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а Іуэхугъуэхэр ди узыншагъэм зэран хуэхъуфынущ, уеблэмэ, ди гъащІэри абыхэм я ягъэкІэ тфІэкІуэдыфынущ (Прит. 23:20, Гъэсэпэтхыдэхэр). Дапхуэдиз ерыскъы тшхынми, дапхуэдиз фадэ итфынми теухуауэ унафэ къыщытщтэм деж, зышыІэныгъэ дгъэлъэгъуэну Иеговэ къытщогугъ (1 Кор. 6:12; 9:25).

7. Ди узыншагъэм теухуауэ унафэ тэмэм къэтщтэн щхьэкІэ, Притчи 2:11 итыр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?

7 Алыхьым гъащІэ къызэрыдитам щхьэкІэ, дэ абы фІыщІэ хуэтщІыну дыхуейщ. А фІыщІэр къэзыгъэлъагъуэ унафэхэр къэтщтэн щхьэкІэ, дэ зэхэщІыкІым дыхуэныкъуэщ (Пс. 119:99, 100; къеджэ Притчи 2:11, Гъэс.). Псалъэм папщІэ, тшхы ерыскъым дыкІэлъыплъын хуейщ. Аращи, зы шхыныгъуэ гуэр ди узыншагъэм зэран зэрыхуэхъур тщІэуэ щытмэ, дауикІ, ар тшхынукъым. Абы нэмыщІ ди жейр зэрырикъуным, зарядкэ зэрытщІыным, ди Іэпкълъэпкъымрэ ди унэмрэ къабзэу зэрыщытыным дыкІэлъыплъмэ, зэхэщІыкІ зиІэ цІыхуу дызэрыщытыр къэдгъэлъэгъуэнущ.

НАСЫПЫНШАГЪЭХЭМ ЗЫЩЫФХЪУМЭ

8. Насыпыншагъэ гуэр къытщымыщІыну Иеговэ зэрыхуейр сытым къыхэщрэ? КъыдгурывгъаІуэ.

8 Иеговэ израил лъэпкъым ярита Хабзэм итт абыхэм унэм е лэжьапІэм къащыщыщІыфыну насыпыншагъэхэм зыщахъумэн хуейуэ (Исх. 21:28, 29; Втор. 22:8). Насыпыншагъэ гуэрым къыхэкІкІэ цІыхум и гъащІэр фІэкІуэдамэ, ар зи зэран къикІар цІыхуукІ хъут икІи абы и гъащІэм зэхъуэкІыныгъэшхуэ къыхыхьэт (Втор. 19:4, 5). Иеговэ и Хабзэм щыжыІауэ щытащ ныбэ илъ сабийм зэрымыщІэкІэ зэран хуэхъуа цІыхум тезыр къызэрытехуэр (Исх. 21:22, 23). Тхыгъэ ЛъапІэм зэритымкІэ, насыпыншагъэ гуэр къэмыхъун щхьэкІэ, дэ тхузэфІэкІыу хъуар тщІэну Иеговэ хуейщ.

Мыпхуэдэ Іуэхугъуэхэм деж, гъащІэр лъапІэу зэрытлъытэр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэфынур? (9-нэ абзацым феплъ.)

9. Насыпыншагъэ гуэр къытщымыщІын щхьэкІэ, сыт дэ дызыхуэсакъын хуейр? (Сурэтым феплъ.)

9 Унэми лэжьапІэми насыпыншагъэ гуэр къэмыхъун щхьэкІэ, тхузэфІэкІыу хъуар зэрытщІэмкІэ Алыхьым къыдита гъащІэр лъапІэу зэрытлъытэр къыдогъэлъагъуэ. Псалъэм папщІэ, хьэпшып папцІэ гуэрхэр, щхъухьхэр, хущхъуэхэр зыми зэран хуэмыхъун хуэдэу хыфІэддзэн икІи, ахэр сабийхэм яІэрымыхьэн щхьэкІэ, дысакъын хуейщ. Абы нэмыщІ мафІэм, псы къэкъуалъэм икІи токкІэ лажьэ Іэмэпсымэхэм дыхуосакъ. Дэ ди жеин къакІуэу, фадэ дефауэ е гъуэгум дытезыгъэплъэкъукІын хущхъуэ зэтхьэлІауэ машинэм дыдэтІысхьэнукъым. Иджыри рулым дыІусу телефоныр къэдгъэсэбэпынукъым.

ГУЗЭВЭГЪУЭШХУЭ ГУЭР КЪЫЩЫХЪУМ ДЕЖ

10. Ди гъащІэм зэран хуэхъуфыну гузэвэгъуэшхуэхэр къэхъун ипэ икІи ахэр къыщыхъум деж, сыт дэ тщІэ хъунур?

10 Иныкъуэхэм деж ди гъащІэм зэран хуэхъуфыну Іуэхугъуэхэр къызэрыхъур дэ дэлъытакъым, псом хуэмыдэу гузэвэгъуэшхуэхэр, уз зэрыцІалэхэр, зауэхэр къыщыхъум деж. Ауэ, апхуэдэ гузэвэгъуэхэр къыщыхъум дежи, ди гъащІэр хъума хъун щхьэкІэ, зыгуэр тхуэщІэнущ. Абы щхьэкІэ «комендантский час» жыхуаІэм, цІыхухэр гъэІэпхъуэным е нэгъуэщІ унафэхэм теухуауэ унафэщІхэм жаІэм дедэІуэн хуейщ (Рим 13:1, 5—7). Абыхэм жаІэм дедаІуэу щытмэ, дэ гузэвэгъуэшхуэ гуэр къызэрыхъункІэ хъунум япэ къихуэу зыхуэдгъэхьэзырыфынущ. Псалъэм папщІэ, дызэфэну псыр, псынщІэу зэІымыхьэ ерыскъыр икІи аптечкэм дэлъыпхъэ хущхъуэхэр зэдгъэпэщ хъунущ.

11. Уз зэрыцІалэ гуэрым зыщиубгъум деж, сыт тщІэн хуейр?

11 Дыщыпсэу щІыпІэм уз зэрыцІалэ гуэрым зыщиубгъуу щІидзамэ, сыт дэ тщІэн хуейр? Дэ Іэ тхьэщІыным, цІыхухэм дахэмыхьэным, маскэ зыІудгъэлъыным икІи карантиным теухуауэ унафэщІхэм жаІэм дытетын хуейщ. А унафэхэм дытету щытмэ, Алыхьым тыгъэ лъапІэу къыдита гъащІэм пщІэ зэрыхуэтщІыр къыдогъэлъагъуэ.

12. Гузэвэгъуэшхуэ къыщыхъум деж, дызэдэІуэным теухуауэ зэхэдгъэкІыфын щхьэкІэ, Притчи 14:15 ит принципыр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?

12 Гузэвэгъуэшхуэхэр къыщыхъум деж, дэ пэжым темыхуэ информацие зэхэтхынкІэ хъунущ. Ар ди ныбжьэгъухэм, ди гъунэгъухэм къабгъэдэкІыфынущ е хъыбарыщІэхэмкІэ зэхэтхыфынущ. Дэтхэнэ зы псалъэри ди фІэщ тщІыным ипІэкІэ дэ дызэдаІуэр дзыхь зыхуэпщІ хъун унафэщІхэмрэ дохутырхэмрэщ. (Къеджэ Притчи 14:15, Гъэс.) ЗэІущІэхэмрэ хъыбарыфІ гъэІунымрэ теухуауэ унафэ къыдатын ипэ УнафэщІ гупымрэ филиалхэмрэ Іуэхур зытетыр фІыуэ зэхагъэкІ (Евр. 13:17). Абыхэм къабгъэдэкІ унафэхэм дытету щытмэ, дэри хъума дыхъунущ, нэгъуэщІхэми зэран дахуэхъунукъым. Абы нэмыщІ ди жыІэдаІуэныгъэм и фІыгъэкІэ ди зэхуэсым и цІэр фІыкІэ къраІуэнущ (1 Пет. 2:12).

ЛЪЫМ ПЭІЭЩІЭ ЗЫФЩІ

13. Лъым теухуауэ унафэ къыщытщтэн хуейм деж, гъащІэр тыгъэ лъапІэу зэрытлъытэр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъагъуэр?

13 ЦІыху куэдым ящІэ Иеговэ и Щыхьэтхэм лъыр лъапІэу зэралъытэр. Иеговэ лъым теухуауэ жиІа унафэм дызэрытетым къыхэкІкІэ дэ ар зыхэдгъэлъадэкъым, ди гъащІэр тфІэкІуэдыну шынагъэ щыІэми (Апост. 15:28, 29). Ауэ абы къикІыу пІэрэ дэ дылІэну дыхуейуэ? Хьэуэ. Алыхьым къыдита гъащІэр дэ тыгъэ лъапІэу долъытэ. Абы къыхэкІкІэ лъы къамыгъэсэбэпу къыддэІэпыкъуну хьэзыр дохутырыфІхэм захудогъазэ.

14. Операцэ дыщІащІын щхьэусыгъуэхэр дапхуэдэу нэхъ мащІэ зэрытщІыфынур?

14 Мы статьям ит чэнджэщхэм дытетмэ икІи ди узыншагъэм дыкІэлъыплъмэ, операцэ гуэр дыщІащІын щхьэусыгъуэхэр нэхъ мащІэ дощІ. Ди узыншагъэр быдэу щытын щхьэкІэ къару етхьэлІэмэ, операцэ нэужьми нэхъ псынщІэу дызыфІэувэжыфынущ. Абы нэмыщІ унэмрэ лэжьапІэмрэ ди узыншагъэм зэран хуэхъун гуэр зэрыщыдмыгъэІэным икІи гъуэгум ущызэрызекІуэн хуей хабзэхэм дытетыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Апхуэдэу тщІэмэ, щІэхыу операцэ дыщІащІын щхьэусыгъуэхэр нэхъ мащІэ мэхъу.

ГъащІэр лъапІэу зэрытлъытэм къыхэкІкІэ «Волеизъявление» жыхуаІэ документыр тхауэ диІэщ икІи дэ ар сыт щыгъуи къыздыдохьэкІ (15-нэ абзацым феплъ.) c

15. 1) «Волеизъявление» жыхуаІэ документыр сыт щыгъуи къыздетхьэкІыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? (Сурэтым феплъ.) 2) Лъы зыхэт зэрызагъэхъуж Іэмалхэм теухуауэ дапхуэдэу унафэ къызэрытщтэнур? (Сноскэм феплъ.)

15 ГъащІэр лъапІэу зэрытлъытэм къыхэкІкІэ «Волеизъявление и доверенность относительно медицинского вмешательства» жыхуиІэ документыр дэ сыт щыгъуи къыздыдохьэкІ. Абы лъымрэ медицинскэ процедурэхэмрэ теухуауэ къэтщта унафэхэр итщ. Уэ а документыр зэбгъэпэщыжын хуэмейуэ пІэрэ? Хуейуэ щытмэ, а Іуэхур йомыгъэтІылъэкІ. Ди узыншагъэм теухуауэ къэтщта унафэхэр гурыІуэгъуэу документым щитым деж, дэ дызыхуэныкъуэ дэІэпыкъуэгъур кІыхьлІыхь ямыщІу къыдатыну къыщІэкІынущ. Абы нэмыщІ дохутырхэмрэ дэрэ ди зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ къыдыхьэнукъым b.

16. «Волеизъявление» жыхуаІэ документыр зэрыттхынур дымыщІэу щытмэ, сыт тщІэ хъунур?

16 Ди узыншагъэмрэ ди ныбжьымрэ емылъытауэ, дэтхэнэ зыми насыпыншагъэ гуэр къытщыщІыфынущ е сымаджэ дыхъуфынущ (Эккл. 9:11). Абы къыхэкІкІэ «Волеизъявление» жыхуаІэ документыр хьэзыру диІэным Іущагъ хэлъщ. Ар птхыну къогугъуэкІыу щытмэ, а ІуэхумкІэ къыбдэІэпыкъуну зэхуэсым и нэхъыжьхэм елъэІу. А документым теухуауэ ахэр фІыуэ щыгъуазэщ, ауэ уи узыншагъэм епха унафэхэр уи пІэкІэ зыми къищтэнукъым. Ар зи къалэныр уэращ (Гал. 6:4, 5). Ауэ зэрызагъэхъуж Іэмалхэм теухуауэ нэхъыбэ къэпщІэну икІи къэпщта унафэхэр документым иптхэну а къуэшхэр къыбдэІэпыкъуфынущ.

ЗЭХЭЩІЫКІ ЗИІЭ ЦІЫХУУ ФЫЩЫТ

17. ЗэхэщІыкІ зиІэ цІыхуу дызэрыщытыр узыншагъэм теухуауэ къатщтэ унафэхэм дапхуэдэу къызэрыхэщынур?

17 Узыншагъэмрэ зэрызыдгъэхъуж Іэмалхэмрэ теухуауэ унафэ къыщытщтэм деж, дэ БиблиемкІэ дгъэса ди напэр къыдогъэсэбэп (Апост. 24:16; 1 Тим. 3:9). А Іуэхугъуэхэр щызыхэдгъэкІым икІи нэгъуэщІхэм дыщечэнджэщым деж, Притчи 15:21 (Гъэс.) ит принципым дытетыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Абы щыжыІащ зэхэщІыкІ зиІэ цІыхур гъуэгу захуэм зэрытемыкІыр. Апхуэдэ цІыхур и узыншагъэм теухуауэ егъэлеяуэ гузавэкъым икІи, и еплъыкІэр къаригъэщтэн щхьэкІэ, нэгъуэщІ цІыхухэр хигъэзыхькъым. Къуэш, шыпхъухэм къащтэ унафэхэр дыдейм темыхуэми, дэ ахэр фІыщэу долъагъу икІи абыхэм пщІэ яхудощІ (Рим 14:10—12).

18. Иеговэ гъащІэ къызэрыдитам щхьэкІэ, дапхуэдэу абы фІыщІэ зэрыхуэтщІыфынур?

18 Иеговэ гъащІэ къызэрыдитам щхьэкІэ, ди гум илъ фІыщІэр дапхуэдэу дэ абы зэредгъэлъагъур? Дэ ди гъащІэм дыхуосакъ икІи диІэм щыщу нэхъыфІ дыдэр Алыхьым зэреттыным дыхущІокъу (Апок. 4:11). Пэжщ, дэ нобэ зэмылІэужьыгъуэ узыфэхэмрэ гугъуехьхэмрэ дыпэщІэтын хуей мэхъу. Ауэ Иеговэ дыкъызыхуигъэщІар апхуэдэ гъащІэкъым. ТІэкІу дэкІмэ, абы тыгъэу гъащІэ мыухыж къыдитынущ, узри лІэныгъэри игъэкІуэдыжынущ (Апок. 21:4). А зэманыр къэмыса щІыкІэ, дыпсэуну икІи уафэм щыІэ ди Адэ Иеговэ дыхуэлэжьэну Іэмал дызэриІэм щхьэкІэ абы фІыщІэ хуэдвгъэщІ.

140-НЭ УЭРЭДЫР ГъащІэ мыухыжыр къэсащ!

a Алыхьым и тыгъэу щыт гъащІэм нэхъыбэжу пщІэ хуэтщІыну мы статьяр къыддэІэпыкъунущ. Гузэвэгъуэшхуэ гуэр къыщыхъум деж, ди гъащІэмрэ ди узыншагъэмрэ зэрытхъумэным теухуауэ чэнджэщ зыбжанэ зэпкърытхынущ. Абы нэмыщІ, насыпыншагъэ гуэр дыпэщІэмыхуэн щхьэкІэ, сыт тщІэ хъунуми къэтщІэнущ. Иджыри дэ дытепсэлъыхьынущ узыншагъэм пыщІауэ унафэ псынщІэу къыщытщтэн хуей Іуэхугъуэхэм дапхуэдэу зыхуэдгъэхьэзыр хъунуми.

c СУРЭТЫР. Къуэшым «Волеизъявление» жыхуаІэ документыр егъэхьэзыр икІи ар сыт щыгъуи къыздрехьэкІ.