Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

35 СТАТЬЯР

АдэкІи шыІэныгъэ вгъэлъагъуэ!

АдэкІи шыІэныгъэ вгъэлъагъуэ!

«ШыІэныгъэр фи гум ивгъэлъ» (КОЛ. 3:12).

114-НЭ УЭРЭДЫР «ШыІэныгъэ зыхэвгъэлъ»

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a

1. ШыІэныгъэ зыхэлъ цІыхухэр дигу щІрихьыр сыт?

 ШЫІЭНЫГЪЭ зыхэлъ цІыхухэр дэ псоми дигу ирохь. Зыхуейр занщІэу къаІэрымыхьэми, зэпІэзэрыту къанэ цІыхухэм пщІэ яхуэфащэщ. НэгъуэщІхэр шыІэныгъэ хэлъу ди щыуагъэхэм зэрыхущытри дэ лъапІэу долъытэ. Иджыри дэ Библием дезыгъэджахэм фІыщІэ яхудощІ. Дэ дыщеджэм щыгъуэ Библием итыр занщІэу къыдгурымыІуэми, ди гъащІэм къыщыдгъэсэбэпыну демыпІэщІэкІми, абыхэм я Іэр ирамыхьэхыу адэкІи драгъэджащ. Ауэ дэ псом хуэмыдэу фІыщІэ зыхуэтщІыр шыІэныгъэшхуэ хэлъу къытхущыт ди Алыхь Иеговэщ! (Рим 2:4).

2. Сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэм деж шыІэныгъэ бгъэлъэгъуэну щымытыншыр?

2 Пэжыр жыпІэмэ, нэгъуэщІхэм яхэлъ шыІэныгъэр дэ лъапІэу тлъытэми, дэ езым ар щыдмыгъэлъэгъуэф къохъу. Псалъэм папщІэ, машинэ пробкэм ущыхэтым деж, укъытримычу укъэнэну тыншкъым, псом хуэмыдэу зыщІыпІэ укъыкІэрыхуу щытмэ. Е зыгуэрым уи пІэ укъыщришым деж, зэпІэзэрыту укъэнэну тыншкъым. Иныкъуэхэм дежи дызэжьэ дунеищІэр къэмысыну къытщохъу. Сыт-тІэ дэ къыддэІэпыкъунур шыІэныгъэ дгъэлъэгъуэну? ШыІэныгъэр бгъэлъэгъуэным къикІымрэ абы мыхьэнэшхуэ щІиІэмрэ мы статьям дэ щызэпкърытхынущ. Абы нэмыщІ а хьэл-щэныр нэхъыбэжу дгъэлъэгъуэну сыт къыддэІэпыкъунуми дытепсэлъыхьынущ.

ШЫІЭНЫГЪЭ БГЪЭЛЪЭГЪУЭНЫМ КЪИКІЫР СЫТ?

3. ШыІэныгъэ зыхэлъ цІыхур дапхуэдэу зэрыщытыр, ар и пІэм кърашыну щыхэтым деж?

3 ШыІэныгъэ зэрыдгъэлъэгъуэфыну лъэныкъуиплІым иджыпсту дытепсэлъыхьынщ. Япэрауэ, шыІэныгъэ зыгъэлъагъуэ цІыхум губжьыр зытригъакІуэкъым. Ар и пІэм къыщрашым деж, зэпІэзэрыту къызэрынэным хущІокъу икІи цІыхум кърищІам хуэдэ ирищІэжыну хэткъым. АбыкІэ езы Иеговэ щапхъэ дегъэлъагъу. Ар губжьыну пІащІэкъым. Абы и хьэл-щэнхэм теухуауэ Библием мыпхуэдэу щыжыІащ: «Иеговэ — Алыхь гу щабэщ икІи гущІэгъу хэлъщ, тэмакъкІыхьщ, фІылъагъуныгъи пэжагъи и куэдщ» (Исх. 34:6). «ТэмакъкІыхь» жаІэу зэрадзэкІа псалъэр языныкъуэ Библиехэм «губжьыну мыпІащІэ» жаІэу зэрадзэкІащ.

4. ШыІэныгъэ зыхэлъ цІыхур дапхуэдэу зэрыщытыр, ар зыгуэрым щыпэплъэм деж?

4 ЕтІуанэрауэ, шыІэныгъэ зыхэлъ цІыхур зыгуэрым щыпэплъэм деж зэпІэзэрыту къонэ. Абы зэримыгугъам хуэдэу, зэман нэхъыбэкІэ зыгуэрым пэплъэн хуей хъуми, ар къытричкъым икІи и пІэм къикІкъым (Мт. 18:26, 27). ШыІэныгъэ щыдгъэлъэгъуэн хуей Іуэхугъуэ куэд щыІэщ. Псалъэм папщІэ, цІыхур щыпсалъэм деж, ар зэпыдмыуду дедэІуэн хуейщ (Иов 36:2). Абы нэмыщІ едгъаджэ цІыхум Библием ит щІэныгъэ гуэр къыгурыІуэну е хьэл-щэн Іей гуэр зыхиныну дыщыдэІэпыкъукІэ дэ шыІэныгъэм дыхуэныкъуэщ.

5. ШыІэныгъэ зыхэлъ цІыхур дапхуэдэу иджыри зэрыщытыр?

5 Ещанэрауэ, шыІэныгъэ зыхэлъ цІыхум Іуэху гуэр щищІэм деж, мыпІащІэу ещІэ. ДауикІ, дэ дыщепІэщІэкІын хуей Іуэхугъуи щыІэщ. Ауэ шыІэныгъэ зиІэ цІыхум мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэн къыщратым деж, ар емыгупсысауэ абы иужь ихьэкъым икІи пІащІэу игъэзащІэкъым. Абы зэман къыдегъэкІ, Іуэхур зэхуигъэкІуэн, зэтриухуэн щхьэкІэ. ИужькІэ игъэзэщІэн хуей къалэным зэман ихьынум хуэдиз къыхудегъэкІ.

6. ШыІэныгъэ зыхэлъ цІыхур гугъуехь щыпэщІэхуэм деж, дапхуэдэу зэрыщытыр?

6 ЕплІанэрауэ, шыІэныгъэ зыгъэлъагъуэ цІыхур мытхьэусыхэу гугъуехьхэм пэщІэтщ. А лъэныкъуэмкІэ шыІэныгъэр теубыдагъэм ещхьу жыпІэ хъунущ. ДауикІ, узыгъэгузавэ гупсысэхэмкІэ уи ныбжьэгъум удэгуэшэным зыри Іей хэлъкъым. Ауэ шыІэныгъэ зыгъэлъагъуэ цІыхум и гъащІэм фІыуэ хэлъхэр зыщигъэгъупщэкъым икІи гуфІэгъуэр зыфІимыгъэкІуэду гугъуехьхэм пэщІэтыну хущІокъу (Кол. 1:11). Дэ Иеговэ и лэжьакІуэу дыщытщи зи гугъу тщІа лъэныкъуиплІымкІэ шыІэныгъэ дгъэлъэгъуэну дыхуейщ. Сыт щхьэкІэ? Абы и щхьэусыгъуэ зыбжанэ иджыпсту зэпкърытхынщ.

ШЫІЭНЫГЪЭМ АПХУЭДИЗ МЫХЬЭНЭ ЩІИІЭР СЫТ?

МэкъумэшыщІэм губгъуэм гъавэ къызэрытрихыжынум шэч къытрихьэкъым икІи шыІэныгъэ хэлъу абы поплъэ. Иеговэ дыкъызэригъэгугъар и зэманым зэригъэзэщІэжынур дощІэри, дэри шыІэныгъэ догъэлъагъуэ (7-нэ абзацым феплъ.)

7. Екъуб 5:7, 8 зэритымкІэ, шыІэныгъэм мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? (Сурэтми феплъ.)

7 ШыІэныгъэмрэ ди гъащІэмрэ зэпхащ. Пасэм щыгъуэ псэуа Алыхьым и лэжьакІуэхэр шыІэныгъэ яхэлъу пэплъэт Алыхьым и псалъэр щигъэзэщІэжыну зэманым (Евр. 6:11, 12). Библием дыхуегъэуш мэкъумэшыщІэм щапхъэ тетхыну. (Къеджэ Екъуб 5:7, 8.) МэкъумэшыщІэм жылэр егугъуу щІым тресэ, иужькІи псы щІекІэ. Ауэ хисар щІым къыщыхэкІыну зэманыр абы ищІэкъым. Абы къыхэкІкІэ мэкъумэшыщІэм шыІэныгъэ егъэлъагъуэ икІи гъавэ къызэрытрихыжынум шэч къытрихьэкъым. Абы хуэдэу, дэри «Зиусхьэныр дунейм къыщыкІуэжыну махуэр» дымыщІэми, абы къыдита къалэныр егугъуу догъэзащІэ (Мт. 24:42). Дэ шыІэныгъэ тхэлъу Иеговэ дыпоплъэ икІи абы игъэува зэманым дыкъызэригъэгугъар зэригъэзэщІэжынум шэч лъэпкъ къытетхьэкъым. Ауэ дэ шыІэныгъэ тхуримыкъуу щытмэ, Иеговэ дызэрыпэплъэр къыттехьэлъэу щІидзэнущ икІи абы пэІэщІэ дыхуэхъунущ. Е иджыпсту дыдэ насыпыфІэ дызыщІыну ди гугъэ Іуэхугъуэхэм ди акъылыр тедухуэнкІэ хъунущ. Ауэ шыІэныгъэ тхэлъмэ, икІэм нэсыху теубыдагъэ тхуэгъэлъэгъуэнущ икІи дымыкІуэду дыкъелынущ (Мих. 7:7; Мт. 24:13).

8. НэгъуэщІхэмрэ дэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэдгъэлъыну шыІэныгъэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур? (Колоссэ 3:12, 13).

8 ШыІэныгъэм и фІыгъэкІэ нэгъуэщІхэм дадэгъуэгурыкІуэну нэхъ тынш мэхъу. А хьэл-щэныр къыддоІэпыкъу зыгуэр къыщыдэпсалъэкІэ зэпыдмыуду абы жиІэм дедэІуэну (Екъуб 1:19). Абы нэмыщІ шыІэныгъэм нэгъуэщІхэмрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ мамырыгъэр ехъумэ. Стресс дыщиІэм деж дызэмыгупсыса гуэр жыдмыІэну икІи псалъэ Іей гуэр къыджьэдэмыкІыну къыддоІэпыкъу. Иджыри тэмакъкІыхьу дыщытмэ, зыгуэрым дигу иримыхьын гуэр къыщыджиІэм деж дыкъэгубжьынукъым. Дэ къыдащІам хуэдэ зыми етщІэжкъым икІи «зым зыр ирешыІэ икІи зым зым гукъанэ гуэр хуиІэмэ, зэхуэвгъэгъу» жыхуиІэ псалъэхэм дытетыну дыхущІокъу. (Къеджэ Колоссэ 3:12, 13.)

9. Унафэ тэмэм къэтщтэну шыІэныгъэр дауэ къызэрыддэІэпыкъур? (Притчи 21:5).

9 ШыІэныгъэр дэ къыддоІэпыкъу унафэ тэмэмхэр къэтщтэну. ШыІэныгъэ тхэлъу щытмэ, дэ дыпІащІэу дызэмыгупсыса унафэхэр къэтщтэнукъым, атІэ Іуэхум и сыт хуэдэ лъэныкъуэми деплъурэ унафэ нэхъыфІ дыдэр къыхэтхынущ. (Къеджэ Притчи 21:5, Гъэсэпэтхыдэхэр.) Псалъэм папщІэ, лэжьапІэ дылъыхъуэу жытІэнщ икІи япэу къытпэщІэхуэм дыувыну дыхьэзырщ, абы щхьэкІэ зэІущІэхэр блэдгъэкІын хуей хъуми, хъыбарыфІ гъэІунми нэхъ мащІэу дыхэтын хуей хъуми. Ауэ дэ шыІэныгъэ тхэлъу щытмэ, а Іуэхум сыт хуэдэ лъэныкъуэкІи дыбгъэдыхьэнущ. Псалъэм папщІэ, дэ мыпхуэдэ упщІэхэм дегупсысынущ: «ЛэжьапІэр жыжьэ хьэмэрэ гъунэгъу? Езы лэжьыгъэм зэман дапщэ ихьынур? Си унагъуэр Алыхьым зэрыхуэлажьэм ар зэран хуэмыхъуну пІэрэ?» ШыІэныгъэ зыхэдгъэлъу щытмэ, дэ унафэ мыхъумыщІэ къызэрыдмыщтам дыщыгуфІыкІыжынущ.

ШЫІЭНЫГЪЭ НЭХЪЫБЭУ ДГЪЭЛЪЭГЪУЭН ЩХЬЭКІЭ, СЫТ ТЩІЭН ХУЕЙР?

10. Алыхьым и лэжьакІуэм шыІэныгъэ зыхилъхьэну икІи адэкІи ар игъэлъэгъуэну сыт къыдэІэпыкъунур?

10 ШыІэныгъэм щхьэкІэ Алыхьым фелъэІу. ШыІэныгъэр — ар Алыхьым къыбгъэдэкІ хьэл-щэнхэм ящыщ зыщ (Гал. 5:22, 23). Аращ ар ди къару закъуэкІэ щІытхузыхэмылъхьэнур. Абы къыхэкІкІэ шыІэныгъэ щытхуримыкъум деж, дэ Алыхьым и къару лъапІэр къыдитыну долъэІу (Лк. 11:9, 13). Иджыри дэ Иеговэ долъэІу, и нэкІэ псоми деплъу зедгъэсэну къыддэІэпыкъуну. Апхуэдэу делъэІуа иужь, шыІэныгъэ зэрыдгъэлъэгъуэным дэ махуэ къэс дыхущІэкъун хуейщ. ШыІэныгъэм щхьэкІэ нэхъыбэрэ Алыхьым лъэІукІэ зыхуэдгъэзэхукІэ, а хьэл-щэным нэхъыбэу ди гум лъабжьэ щищІынущ икІи ар хьэл тхуэхъунущ.

11, 12. Дапхуэдэу Иеговэ шыІэныгъэ зэригъэлъагъуэр?

11 Библием ит щапхъэхэм фегупсыс. ШыІэныгъэ зыгъэлъэгъуа цІыху куэдым Библиер топсэлъыхьыж. Абыхэм я щапхъэхэм дыщегупсыскІэ дэ шыІэныгъэ зэрыдгъэлъэгъуэну щІыкІэр къэтлъагъунущ. Ауэ а цІыхухэм я гугъу тщІын ипэ, а хьэл-щэныр псом нэхърэ нэхъыфІу зыгъэлъагъуэ Алыхь Иеговэ дытепсэлъыхьынщ.

12 ШейтІаным Іэдэн жыг хадэм Иеговэ и цІэр щигъэулъиящ. Абы пцІы иупсри, жиІащ Алыхьым цІыхухэр фІыуэ имылъагъуу икІи захуагъэ хэмылъу яхущыту. Иеговэ а пцІыупсыр занщІэу имыгъэкІуэду шыІэныгъэ игъэлъэгъуащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы къыгурыІуэт и тепщэныгъэм нэхърэ нэхъыфІ зэрыщымыІэр псоми ялъагъун щхьэкІэ зэман зэрыхуеинур. Илъэс мин бжыгъэ хъуауэ Алыхьым шыІэныгъэ хэлъу ешэч и цІэ лъапІэр ШейтІаным зэригъэулъийр. Абы нэмыщІ Иеговэ и губжьыр щІызэтриІыгъэр цІыху нэхъыбэ къелу абыхэм гъащІэ мыухыж къалъысыну хуейщи аращ (2 Пет. 3:9, 15). Абы и фІыгъэкІэ цІыху мелуан бжыгъэр Иеговэ и ныбжьэгъу хъуащ. Абы шыІэныгъэ щІигъэлъагъуэм и щхьэусыгъуэр зыщыдмыгъэгъупщэмэ, Іейм кІэ щритыну зэманым нэхъ тыншу дыпэплъэфынущ.

ШыІэныгъэ зиІэ цІыхум губжьыр зытригъакІуэкъым, ар и пІэ кърашыну щыхэтым деж (13-нэ абзацым феплъ.)

13. Дапхуэдэу Хьисэ и Адэм игъэлъагъуэ шыІэныгъэм нэгъэсауэ щапхъэ зэрытрихыу щытар? (Сурэтми феплъ.)

13 Хьисэ нэгъэсауэ щапхъэ трех и Адэм игъэлъагъуэ шыІэныгъэм. ЩІылъэм щытетам щыгъуэ абы шыІэныгъэ игъэлъэгъуэну щымытынш къэхъуащ, псом хуэмыдэу фэрыщІу щыт дин егъэджакІуэхэмрэ фарисейхэмрэ къыщыпэщІэувэу щытам щыгъуэ (Ин. 8:25—27). Ауэ Хьисэ и Адэм хуэдэу, къэгубжьыну пІащІэтэкъым. Ар зэи хэтакъым зыгъэпудхэр игъэпудыжыну икІи къедауэхэм едэуэжыну (1 Пет. 2:23). Хьисэ мытхьэусыхэу шыІэныгъэ хэлъу гъэунэхуапІэхэм пэщІэтт. Аращ Библием дыкъыщІыхуриджэр «Хьисэ Мэссихь фегупсыс. Езыр жагъуэу зылъагъу гуэныхьыщІэ цІыхухэм сыту гугъуехьышхуэ ирагъэшэча» жиІэу (Евр. 12:2, 3). Дэри Иеговэ къызэрыддэІэпыкъум и фІыгъэкІэ сыт хуэдэ гъэунэхуапІэми дыпэщІэтыфынущ.

Ибрэхьим хуэдэу, шыІэныгъэ тхэлъу щытмэ, Иеговэ иджыпсту и нэфІ къызэрытщыхуэнум, дунеищІэми тыгъэшхуэ къызэрыдитынум шэч къытедмыхьэми хъунущ (14-нэ абзацым феплъ.)

14. Ибрэхьим шыІэныгъэ зэригъэлъэгъуам сытым дыхуигъасэрэ? (Еврейхэм 6:15). (Сурэтми феплъ.)

14 Дэ куэд щІауэ дунеищІэм дыпэплъэмэ, ди гъащІэм къриубыдэу ар дымылъагъуну къытщыхъуу абы дригузэвэнкІэ хъунущ. Апхуэдэу щытмэ, шыІэныгъэ дгъэлъэгъуэну Ибрэхьим и щапхъэр къыддэІэпыкъунущ. Ар илъэс 75 щыхъум щыгъуэ абы иджыри сабий иІэтэкъым. Ауэ Иеговэ ар къигъэгугъащ: «Сэ къыптезгъэхъукІынущ лъэпкъ ин дыдэ»,— жиІэри (ЩІэдз. 12:1—4). А псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъур Ибрэхьим илъэгъуа? Къапщтэмэ, абы илъэгъуар зы Іыхьэ гуэрщ. Ибрэхьим Евфрат псым зэпырыкІри илъэс 25 дэкІа иужьщ Исхьэкъ къыщыхуалъхуар. ДауикІ, а Іуэхугъуэр телъыджэ дыдэу щытт. Абы иужь илъэс 60 дэкІри Ибрэхьим и къуэрылъху Эсаурэ Екъубрэ къалъхуащ. (Къеджэ Еврейхэм 6:15.) Ауэ Ибрэхьим илъэгъуакъым къытехъукІа и щІэблэр лъэпкъышхуэ зэрыхъуар икІи Алыхьым къызэригъэгугъа щІыналъэр абы къызэрыІэрыхьар. Абы щхьэкІэ къэмынэу Ибрэхьим псэуху Алыхьым и ныбжьэгъуу щытащ (Екъуб 2:23). Ар къэтэджыжа иужь, дауикІ, хуабжьу гуфІэнущ, и фІэщхъуныгъэмрэ и шыІэныгъэмрэ я фІыгъэкІэ Алыхьым лъэпкъ псоми и нэфІ зэрыщыхуар щилъагъукІэ! (ЩІэдз. 22:18). Ибрэхьим и щапхъэм сыт хуэдэ дерс ди дежкІэ хэлъыр? Дэри Иеговэ дыкъызэригъэгугъа псор игъэзэщІэху дымыпсэункІэ хъунущ. Ауэ Ибрэхьим хуэдэу, шыІэныгъэ тхэлъу щытмэ, шэч хэмылъу, Иеговэ иджыпсту и нэфІ къытщыхуэнущ, дунеищІэми тыгъэшхуэ къыдитынущ (Мк. 10:29, 30).

15. Библиер щыдджым деж, зэпкърытх хъунур сыт?

15 ШыІэныгъэ зыгъэлъэгъуа нэгъуэщІ цІыху куэдми Библиер топсэлъыхьыж (Екъуб 5:10). Дэ мурад дгъэув хъунущ абыхэм я гъащІэм теухуауэ нэхъыбэ къэтщІэну b. Псалъэм папщІэ, Даут иджыри ныбжьыщІэт, Иеговэ ар Израилым и пащтыхьу къыщыхихам щыгъуэ. Пащтыхьыгъуэр къыщыІэрыхьэным ар илъэс куэдкІэ пэплъэн хуей хъуащ. Симеонрэ Аннэрэ я гъащІэ псокІэ Мэссихьыр къыщыкІуэным пэплъащ икІи Иеговэ пэжу хуэлэжьащ (Лк. 2:25, 36—38). Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм я щапхъэхэр щызэпкърыфхкІэ мыпхуэдэ упщІэхэр зэфтыж: «Мы цІыхум шыІэныгъэ игъэлъэгъуэну сыт къыдэІэпыкъуар? Дапхуэдэу ар абы сэбэп къызэрыхуэхъуар? Дауэ сэ абы щапхъэ зэрытесхыфынур?» Абы нэмыщІ шыІэныгъэ зыхуримыкъуахэми я щапхъэм дерс хэтхыфынущ (1 Сам. 13:8—14). Мыпхуэдэу фызэупщІыж: «А цІыхум шыІэныгъэ щІимыгъэлъэгъуэфар сыт? Сыт абы къыпэкІуар?»

16. ШыІэныгъэм сыт хуэдэ фІыгъуэ къыпэкІуэр?

16 ШыІэныгъэм сыт хуэдэ фІыгъуэ къыпэкІуэми фегупсыс. ШыІэныгъэ зыхэлъ цІыхур нэхъ насыпыфІэу, гузэгъэгъуэ нэхъыби иІэу щытщ. КъызэрыщІэкІымкІэ шыІэныгъэ щыдгъэлъагъуэм деж, абы ди узыншагъэр сыт хуэдэ лъэныкъуэкІи нэхъыфІ ещІ. ШыІэныгъэ тхэлъу нэгъуэщІхэм дахущытмэ, абыхэмрэ дэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъынущ, ди зэхуэсри нэхъ зэкъуэту щытынущ. Абы нэмыщІ зыгуэрым дыкъигъэгубжьыну щыхэтым деж зытшыІэмэ, псалъэмакъым кІуапІэ еттынукъым (Пс. 37:8; Прит. 14:29, Гъэс.). Ауэ псом нэхърэ нэхъапэр шыІэныгъэ дгъэлъагъуэу щытмэ, уафэм щыІэ ди Адэм нэхъ ещхь дызэрыхъур икІи нэхъ гъунэгъу дызэрыхуэхъуращ.

17. Сыт хуэдэ мурад зыхуэдгъэувыж хъуну?

17 ШыІэныгъэр — ар дэтхэнэ зы цІыхури зыгъэщІэращІэ хьэл-щэн дахэщ. Ар дгъэлъэгъуэну мытыншми, Иеговэ къызэрыддэІэпыкъум и фІыгъэкІэ а хьэл-щэныр нэхъыфІыжу дгъэлъагъуэурэ кІуэнущ. ДунеищІэм шыІэныгъэ тхэлъу дыпэплъэху, «Иеговэ... абы фІэлІыкІхэмрэ пэжагъ зыхэлъ и лъагъуныгъэм щыгугъхэмрэ» зэрыкІэлъыплъым дэ шэч лъэпкъ къытедмыхьэми хъунущ (Пс. 33:18). Аращи, адэкІи демызэшу шыІэныгъэ зэрыдгъэлъэгъуэным дыхущІэкъунщ!

41-НЭ УЭРЭДЫР Си тхьэлъэІур зэхэх

a Ди зэманым шыІэныгъэ зыхэлъ цІыхухэр гъуэтыгъуейщ. Ауэ Библием дыкъыхуреджэ шыІэныгъэ зыхэдгъэлъыну. А хьэл-щэныр дгъэлъэгъуэным мыхьэнэшхуэ щІиІэмрэ, ар зэрызыхэтлъхьэ хъунумрэ теухуауэ мы статьям дэ къыщытщІэнущ.

b ШыІэныгъэ зыгъэлъэгъуахэм теухуауэ нэхъыбэ къэфщІэн щхьэкІэ, «Индекс публикаций Сторожевой башни» жыхуиІэр къызэІуфхи, «Терпение» псалъащхьэм феплъ.