Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

42 СТАТЬЯР

ЖыІэдаІуэу ущытыну ухьэзыр?

ЖыІэдаІуэу ущытыну ухьэзыр?

«Уафэм къикІ акъылыфІагъэр... ІурыщІэщ» (ЕКЪУБ 3:17).

101-НЭ УЭРЭДЫР Зэкъуэту дызэдолажьэ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a

1. ЖыІэдаІуэу дыщытыну ди дежкІэ щІэмытыншыр сыт?

 ЖЫІЭДАІУЭУ ущытыну уи дежкІэ гугъу? Апхуэдэу щытмэ, уэ уи закъуэкъым. Псалъэм папщІэ, пащтыхь Даут фІыщэу Иеговэ илъагъут. Ауэ итІанэми Даут жыІэдаІуэу щытыну къыщехьэлъэкІ къэхъут. Аращ ар Алыхьым мыпхуэдэу щІелъэІуу щытар: «ЖыІэдаІуэу сыпхущытыну гукъыдэж къызэт» (Пс. 51:12). Сыту пІэрэ-тІэ цІыхухэм жыІэдаІуэу щытыну къащІехьэлъэкІыр? Япэрауэ, дэ гуэныхьлыуэ дызэрыщытым къыхэкІкІэ жыІэмыдаІуэныгъэр ди лъым хэтщ. ЕтІуанэрауэ, ШейтІаныр езыр Иеговэ зэрыпэщІэувам нэмыщІ, дэри абы дыбгъэдишыну хэтщ (2 Кор. 11:3). Ещанэрауэ, мы дунейм щыщ цІыхухэм я нэхъыбэр Алыхьым едэІуэну хуейкъым (Еф. 2:2). Аращи, дэ тхэлъ гуэныхьми, ШейтІанми, абы и дунейми дыпэщІэтын хуейщ. Дэ Иеговэрэ абы тепщэныгъэ зритахэмрэ дызэредэІуэным къарууэ диІэр етхьэлІэн хуейщ.

2. «ІурыщІэу» ущытыным къикІыр сыт? (Екъуб 3:17).

2 Къеджэ Екъуб 3:17. Алыхьым Екъуб хуигъэушауэ щытащ цІыху Іущхэр «ІурыщІэу», е нэгъуэщІу жыпІэмэ жыІэдаІуэу, зэрыщытыр итхыну. Абы къикІым девгъэгупсысыт. Дэ ди гум къыбгъэдэкІыу Иеговэ тепщэныгъэ зритахэм дедэІуэн хуейщ. ДауикІ, абы къикІкъым Алыхьым и хабзэхэм дезыгъэбэкъуэну хэтхэм дедэІуэн хуейуэ (Апост. 4:18—20).

3. Тепщэныгъэ зиІэхэм дедэІуэн зэрыхуейм Иеговэ мыхьэнэшхуэ щІритыр сыт?

3 ДауикІ, цІыхухэм нэхърэ Иеговэ дедэІуэну нэхъ тыншщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы и унафэхэр дагъуэншэщ (Пс. 19:7). ЦІыхухэм къабгъэдэкІ унафэхэр дагъуэншэу щыту пхужыІэнукъым. Ауэ апхуэдэу щыт пэтми, уафэм щыІэ ди Адэм тепщэныгъэ гуэр адэ-анэхэми, къэрал унафэщІхэми, зэхуэсым и нэхъыжьхэми яхуигъэфэщащ (Прит. 6:20, Гъэсэпэтхыдэхэр; 1 Фес. 5:12; 1 Пет. 2:13, 14). Абыхэм жаІэм дедаІуэмэ, Иеговэ дедаІуэу аращ. Ауэ зи унафэ дыщІэтын хуейхэм жаІэм дедэІуэну дыщыхуэмеи е унафэ къыдатхэм арэзы дыщытемыхъуи къохъу. Абы емылъытауэ, абыхэм я унафэм дыщІэтыну сыт къыддэІэпыкъунуми адэкІэ зэпкърытхынщ.

АДЭ-АНЭХЭМ ХУЭЖЫІЭДАІУЭУ ФЫЩЫТ

4. Бын куэдыр адэ-анэм щІемыдаІуэр сыт?

4 Сабий куэдыр адэ-анэм жаІэм едаІуэкъым (2 Тим. 3:1, 2). Сыт абы и щхьэусыгъуэр? Языныкъуэ бынхэм ялъагъу я адэ-анэхэм жаІэмрэ ящІэмрэ зэрызэтемыхуэр. Адрейхэм я адэ-анэр гъащІэм къыкІэрыхуауэ ябж икІи ткІииІуэу къахущыту къалъытэ. Ди къуэш, ди шыпхъу ныбжьыщІэхэ, фэ апхуэдэ гупсысэхэр фыщиІэ къэхъурэ? Иеговэ бынхэм унафэ яритащ: «Фи адэмрэ фи анэмрэ федаІуэ», — жиІэри (Еф. 6:1). Ауэ нобэ а унафэм тетыну куэдым къохьэлъэкІ. Сыт-тІэ бынхэм къадэІэпыкъунур я адэ-анэм хуэжыІэдаІуэу щытыну?

5. ЖыІэдаІуэныгъэм теухуауэ ныбжьыщІэхэм дежкІэ щапхъэ нэхъыфІ дыдэр Хьисэ къигъэнауэ жыпІэ щІэхъунур сыт? (Лука 2:46—52).

5 ЖыІэдаІуэныгъэм теухуауэ щапхъэ нэхъыфІ дыдэу щыІэр къытхуэзыгъэнар Хьисэщ. Фэ абы фыдэплъей хъунущ (1 Пет. 2:21—24). Хьисэ гуэныхь хэлътэкъым, ауэ зыпІа адэ-анэр гуэныхь зыхэлъ цІыхуу щытащ. Исуфрэ Мэриемрэ щыщыуи къэхъут, Хьисэ ищІэри, жиІэри къащыгурымыІуи къэхъут. Ауэ, абы емылъытауэ, Хьисэ абыхэм пщІэ яхуищІу щытащ (Исх. 20:12). Ар илъэс 12 щыхъум щыгъуэ къэхъуа зы Іуэхугъуэ дигу къэдгъэкІыжынщ. (Къеджэ Лука 2:46—52.) Исуфрэ Мэриемрэ Ерусалим къыщикІыжым щыгъуэ, Хьисэ зэрамыгъусэм гу лъатакъым. А зэщхьэгъуситІым я бынхэр псори я гъусэрэ я мыгъусэрэ зэхагъэкІын хуейт, ауэ а Іуэхугъуэр абыхэм яІэщІэкІащ. Хьисэ къыщагъуэтыжам щыгъуэ, Мэрием абы гукъанэ хуищІащ, ахэр зэригъэгузэвам щхьэкІэ. Ауэ Хьисэ абыхэм пщІэ хэлъущ жэуап зэраритыжар. Исуфрэ Мэриемрэ я къуэм жиІар къагурымыІуами, Хьисэ адэкІи абыхэм я жыІэм щІэту псэуащ.

6, 7. НыбжьыщІэхэм сыт къадэІэпыкъунур адэ-анэхэм едэІуэну?

6 Ди ныбжьыщІэ цІыкІухэ, фи адэ-анэм федэІуэну къыщывэгугъуэкІ къэхъурэ, псом хуэмыдэу ахэр щыщыуэм е абыхэмрэ фэрэ фыщызэгурымыІуэм деж? Апхуэдэу щытмэ, сыт фэ къывдэІэпыкъунур? Япэрауэ, Иеговэ и гурыщІэхэм фегупсыс. Библием щыжыІащ фи адэ-анэхэм сыт и лъэныкъуэкІи фыщедаІуэм деж, Иеговэ ар игу зэрырихьыр (Кол. 3:20). Иеговэ ещІэ иныкъуэхэм деж фи адэ-анэм факъызэрыгурымыІуэр икІи унафэ ящІхэм захуагъэ зэрыхэмылъыр. Ауэ, абы емылъытауэ, жыІэдаІуэныгъэ вгъэлъагъуэмэ, Иеговэ вгъэгуфІэнущ икІи ар фэркІэ арэзыуэ щытынущ.

7 ЕтІуанэрауэ, фи адэ-анэхэм я гурыщІэхэм фегупсыс. ЖыІэдаІуэу фыщытмэ, фи адэ-анэм гуфІэгъуэ яІэнущ икІи абыхэм дзыхь къыфхуащІынущ (Прит. 23:22—25, Гъэс.). Фи зэхуакуи зэхущытыкІэфІ дэлъынущ. Бельгием щыщ Александр къыддогуашэ: «Си адэмрэ си анэмрэ къызжаІэр сщІэн щхьэкІэ къару нэхъ есхьэлІэу щыщІэздзам, ди зэхущытыкІэр куэдкІэ нэхъыфІ хъуащ» b. Ещанэрауэ, жыІэдаІуэныгъэм къэкІуэну зэманым фызэрыхуигъэхьэзырым фегупсыс. Бразилием щыщ Па́улу мыпхуэдэу жеІэ: «Си адэ си анэм седаІуэу зэрызезгъэсар сэ къыздэІэпыкъуащ Иегови, тепщэныгъэ зиІэ адрей цІыхухэми седэІуэну». Адэ-анэм дедэІуэным мыхьэнэшхуэ щІиІэм теухуауэ Алыхьым и Псалъэм мыпхуэдэу итщ: «Уи адэмрэ уи анэмрэ щІыхь яхуэщІ... фІыгъуэ къохъулІэн икІи куэдрэ мы дунейм ущыпсэун щхьэкІэ» (Еф. 6:2, 3).

8. НыбжьыщІэ куэдым я адэ-анэхэм едэІуэну мурад щІащІар сыт?

8 НыбжьыщІэ куэдым я гъащІэмкІэ зыхащІащ жыІэдаІуэныгъэр псом нэхърэ зэрынэхъыфІыр. Бразилием щыщ Луиза къыгурыІуэтэкъым и адэ-анэм телефон къыщІыхуамыщэхур. Луиза и ныбжьэгъухэм абы фІэкІа телефон зимыІэ яхэту къыщІэкІынтэкъым. Ауэ иужькІэ абы къыгурыІуащ и адэ-анэм ар Іейм щахъумэну зэрыхуеяр. Абы жеІэ: «Папэрэ мамэрэ зыгуэр къызэрысхуамыдэр Іэхъулъэхъу сызыщІ гуэру къэзмылъытэу, си гъащІэр къэзыхъумэ гуэрущ къызэрыслъытэр». Америкэм щыщ Эли́забет и адэ-анэм ящІ унафэхэмкІэ арэзы щымыхъу къохъу. Апхуэдэм деж абы къыдэІэпыкъум теухуауэ жеІэ: «Си адэ си анэм зыгуэр къыщІысхуамыдэм и щхьэусыгъуэр нэгъэсауэ къыщызгурымыІуэм деж, абыхэм жаІар сэбэп къыщысхуэхъуа Іуэхугъуэхэр сигу къызогъэкІыж». Армением щыщ Мо́ники къыгурыІуащ езыр зэрыхуейм хуэдэу мыхъуу, и адэ-анэм зэрыжаІэм хуэдэу щищІэм деж, абы и Іуэхур куэдкІэ нэхъыфІ зэрыхъур.

«ТЕПЩЭНЫГЪЭ ЗИІЭХЭМ» Я УНАФЭМ ФЫЩІЭТ

9. ЦІыху куэдыр къэрал унафэхэм дапхуэдэу зэрыхущытыр?

9 Библием «тепщэныгъэ зиІэхэр» щыжиІэм деж, зи гугъу ищІыр къэрал унафэщІхэращ (Рим 13:1). Куэдым къагуроІуэ абыхэм дазэрыхуэныкъуэр икІи къэрал унафэхэм дыщІэтын зэрыхуейр. Ауэ апхуэдэ гупсысэкІэ зиІэхэр пІащІэкъым хьэлъэу къащыхъу, ягу иримыхь унафэхэр ягъэзэщІэну. Псалъэм папщІэ, Европэм щыщ зы къэрал гуэрым щыпсэухэм я еплъыкІэр къащІэн щхьэкІэ, налог тыным теухуауэ цІыхухэм упщІэ иратат. ЗэупщІа цІыхухэм щыщу Іыхьэ плІанэм жаІащ налогыр ин Іейуэ къэплъытэмэ, къэралым йомытми хъуну. ГъэщІэгъуэнкъым цІыхухэм ятын хуей налогым и Іыхьэ щанэр а къэралым къызэрыІэрымыхьэр.

Исуфрэ Мэриемрэ я жыІэдаІуэныгъэм сытым дыхуигъасэрэ? (10—12-нэ абзацхэм феплъ.) c

10. Сыт дэ дигу иримыхь къэрал унафэхэри щІэдгъэзащІэр?

10 Библием щыжыІащ тепщэныгъэ зиІэхэм цІыхухэм гугъуехь зэрырагъэшэчыр, ахэр ШейтІаным и лъабжьэ зэрыщІэтыр икІи куэд мыщІэу Алыхьым абыхэм кІэ зэраритынур (Пс. 110:5, 6; Эккл. 8:9; Лк. 4:5, 6). Ауэ иджыри Библием щыжыІащ «тепщэныгъэ зиІэхэм япэув цІыхур Тхьэм игъэува цІыхухэм зэрыпэувыр». Иеговэ къэрал унафэщІхэм зэман гуэркІэ тепщэныгъэ яІэну хуит ищІащ. «Аращи, цІыху псоми яхуэфащэр ефтыж» жыхуиІэ псалъэхэм дэ дытету дыпсэун хуейщ. Абы хохьэ тепщэныгъэ зиІэхэм пщІэ яхуэтщІынри, абыхэм я унафэхэр дгъэзэщІэнри, налогхэр ттынри (Рим 13:1—7). Дэ къэтлъытэнкІэ хъунущ унафэхэм щыщ гуэрхэр хьэлъэу е ахэр бгъэзэщІэн щхьэкІэ ахъшэ куэд текІуадэу. Ауэ дэ Иеговэ жиІэм додаІуэри аращ къэралым и унафэхэр щІэдгъэзащІэр, ахэр Алыхьым и унафэхэм пэщІэмыувэу щытмэ (Апост. 5:29).

11, 12. Исуфрэ Мэриемрэ къэрал унафэр ягъэзэщІэн щхьэкІэ, сыт ящІар икІи сыт абы къыпэкІуар? (Лука 2:1—6). (Сурэтми феплъ.)

11 Къэрал унафэхэм утетыну щымытыншым дежи, ахэр зэрыгъэзэщІэн хуейм теухуауэ Исуфрэ Мэриемрэ щапхъэфІ ягъэлъэгъуащ. (Къеджэ Лука 2:1—6.) Мэрием уэндэгъуу, мазэ ебгъуанэм щитым щыгъуэ, Исуфрэ абырэ я жыІэдаІуэныгъэр зыгъэунэхуа Іуэхугъуэ пэщІэхуащ. Император Август унафэ къыдигъэкІащ Рим империем щыпсэухэм я щхьэ бжыгъэр ятхын щхьэкІэ, щхьэж къыщалъхуа щІыпІэм кІуэжын хуейуэ. Абы щхьэкІэ Исуфрэ Мэриемрэ Бэтлъэхьэм нэс кІуэн хуейт. А гъуэгум и кІыхьагъыр километр 150 хуэдиз хъут икІи къуакІэбгыкІэхэм кІуэцІрыкІырт. ДауикІ, а гъуэгуанэр тыншу пхужыІэнутэкъым. Ахэр егупсысыфынут а гъуэгуанэ кІыхьыр ныбэм илъ сабиймрэ езы Мэриемрэ зэран хуэхъункІэ хъуну. ЗыгуэркІэ лъхугъэр гъуэгу тету къытелъадэмэ-щэ? Абы и ныбэм илъ сабийр Мэссихь хъун хуейт. Абыхэм ар къэралым и унафэм щІемыдэІуэн щхьэусыгъуэу къамылъытэну пІэрэт?

12 Исуфрэ Мэриемрэ зыгуэркІэ гузавэу щытами, къэрал унафэр ягъэзэщІащ. Ахэр жыІэдаІуэу зэрыщытам щхьэкІэ, Иеговэ и нэфІ абыхэм ящыхуащ. Зэщхьэгъусэхэр Бэтлъэхьэм тэмэму нэсри, Мэрием сабий узыншэ къилъхуащ икІи Библием ит къэхъун хуей псалъэхэр апхуэдэу гъэзэщІа хъуащ (Мих. 5:2).

13. ЖыІэдаІуэу дызэрыщытыр къуэш, шыпхъухэм дапхуэдэу сэбэп къазэрыхуэхъуфынур?

13 Къэрал унафэхэр зэрыдгъэзащІэр дэри сэбэп къытхуохъу, нэгъуэщІхэми сэбэп яхуохъу. СыткІэ? Япэрауэ, къэрал унафэхэр бгъэзащІэу щытмэ, тезыр къыщІыптралъхьэн щхьэусыгъуэ щыІэнукъым (Рим 13:4). ЕтІуанэрауэ, жыІэдаІуэу дызэрыщытым елъытащ къэрал унафэщІхэр Иеговэ и Щыхьэтхэм зэрахущытынур. Илъэс бжыгъэ куэд ипэ Нигерием къыщыхъуа зы Іуэхугъуэм гу лъыттэнщ. Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс Унэм зэгуэр солдатхэр къэкІуащ. Абыхэм къалъыхъуэт цІыхухэр къэралым пэщІэувэну икІи налог ямытыну зэщІэзыгъэстхэр. Ауэ абы щІэсхэр псори Иеговэ и Щыхьэту зэрыщытыр офицерым къыщищІам щыгъуэ, солдатхэм щІэкІыжыну унафэ яхуищІащ. Абы жиІащ: «Иеговэ и Щыхьэтхэм цІыхухэр хуагъэушкъым налог ямытыну». Аращи, къэрал унафэхэр бгъэзэщІэху, уэ Иеговэ и лъэпкъым и цІэр фІыкІэ богъэІу. Хэт ищІэрэ, къэкІуэну зэманым абы ди къуэш, шыпхъухэр къимыхъумэну пІэрэ? (Мт. 5:16).

14. Ди зы шыпхъум сыт къыдэІэпыкъуар къэрал унафэщІхэм жыІэдаІуэу яхущытыну?

14 Къэрал унафэщІхэм дызэредэІуэн хуейр акъылкІэ къыдгурыІуэу, ауэ гум жиІэр нэгъуэщІу щытынкІэ хъунущ. США-м щыщ Джоанна къыддогуашэ: «Тепщэныгъэ зиІэхэм си Іыхьлыхэр Іейуэ гугъу ирагъэхьауэ щытати, абыхэм седэІуэн щхьэкІэ, сэ къаруушхуэ есхьэлІэн хуейт». Сыт-тІэ Джоанна ищІар, къэрал унафэщІхэм зэрахущытыр ихъуэжын щхьэкІэ? Япэрауэ, абы къэрал унафэщІхэм ІейкІэ тепсэлъыхь хъыбарыщІэхэм еплъын щигъэтащ (Прит. 20:3, Гъэс.). ЕтІуанэрауэ, Джоанна Иеговэ елъэІут цІыхухэм гъащІэр нэхъыфІ зэрамыщІыфынур къыгуригъэІуэну икІи Алыхьым зэхъуэкІыныгъэхэр щищІыну зэманым пэплъэну къыдэІэпыкъуну (Пс. 9:9, 10). Ещанэрауэ, нейтралитетым теухуауэ ди тхыгъэхэм ит статьяхэм ар еджэт (Ин. 17:16). Джоанна жеІэ унафэщІхэм пщІэ яхуищІу зригъэса иужь и гур мамыр зэрыхъужар.

ИЕГОВЭ И ОРГАНИЗАЦЭМ КЪЫБГЪЭДЭКІ УНАФЭХЭМ ФЫТЕТ

15. Иеговэ и организацэм къыбгъэдэкІ унафэхэм дедэІуэну иныкъуэхэм деж щІэмытыншыр сыт?

15 Иеговэ мыпхуэдэу къыдолъэІу: «Фи унафэщІ къуэшхэм къыжаІэм федаІуэ» (Евр. 13:17). Зэхуэсым и нэхъыщхьэ Хьисэ Мэссихь дагъуэншэщ. Ауэ абы къигъэсэбэп къуэшхэр гуэныхь зыхэлъ цІыхуу щытщ. Дэ абыхэм дедэІуэну щымытынши къэхъункІэ хъунущ, псом хуэмыдэу дигу иримыхь гуэр тщІэну къыщыджаІэм деж. Апостол Петр апхуэдэ Іуэхугъуэ ихуауэ щытащ. МелыІычым абы щэнейрэ къыжриІауэ щытат Мусэ и хабзэмкІэ мыкъабзэу щыт псэущхьэхэр къищтэу ишхыну. Ауэ Петр щэми ар ищІэн идакъым (Апост. 10:9—16). Абы а унафэм акъыл хэмылъу къыщыхъуащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар зэсам хуабжьу къыщхьэщыкІт. Абы и дежкІэ гугъут мелыІыч дагъуэншэм жиІам едэІуэну. ДауикІ, ди дежкІэ гуэныхьлыуэ щыт цІыхухэм дедэІуэну куэдкІэ нэхъ гугъуу щытынкІэ хъунущ.

16. Апостол Паул и къалэну щымыт гуэр ищІэн хуейуэ къыщыжраІам, сыт ищІар? (Апостолхэм 21:23, 24, 26).

16 Апостол Паул жаІэр игъэзэщІэну хьэзырт, ар и къалэну щымытми. Хьисэ и лъэужь ирикІуэ журт лъэпкъым къыхэкІахэм я деж хъыбар нэсащ Паул цІыхухэр «Мусэ и гъуэгум текІыну» хуигъэуш хуэдэу (Апост. 21:21). Ерусалим щыІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм Паул къыжраІащ абы цІыхухъуиплІ зыщІигъуу Алыхьым и Унэшхуэм кІуэуэ Торэт хабзэм тету зигъэкъэбзэжыну. Абы щыгъуэ псоми къалъэгъунут Паул Торэт хабзэм зэрытетыр. Апостол Паул Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр Торэт хабзэм зэрыщІэмытыжри, езым мыхъумыщІагъэ лъэпкъ зэримылэжьари ищІэ пэтми, абыхэм жаІэм едэІуащ. «КъыкІэлъыкІуэ махуэм Паул а лІыхэр здишэри, абыхэм ящІыгъуу зигъэкъэбзэжащ». (Къеджэ Апостолхэм 21:23, 24, 26.) Паул къуэшхэм зэредэІуам и фІыгъэкІэ зэхуэсым и зэкъуэтыныгъэр нэхъ быдэ хъуащ (Рим 14:19, 21).

17. Стефани и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?

17 Сте́фани зи цІэ ди зы шыпхъум и дежкІэ гугъут филиалым ищІа унафэм арэзы техъуэну. Стефани и щхьэгъусэм и гъусэу нэгъуэщІыбзэкІэ псалъэ гупым хэту хъыбарыфІыр игъэІут икІи а тІум ар ягу ирихьт. Ауэ иужькІэ а гупыр нэгъуэщІ зэхуэсхэм щытрагуэшэжым щыгъуэ, а зэщхьэгъусэхэр я бзэкІэ псалъэ зэхуэсым ягъэкІуэжащ. «Сэ ар Іейуэ си жагъуэ хъуат, — жеІэ Стефани. — Сэ къысщыхъут ди бзэкІэ псалъэ зэхуэсым щытщІэн щымыІэу». ИтІанэми а унафэм едэІуэну абы мурад ищІащ. «Зэман дэкІа иужь, сэ къызгурыІуащ филиалым къыдита унафэм Іущагъ зэрыхэлъар, — пещэ Стефани. — Си щхьэгъусэмрэ сэрэ зи Іыхьлыхэр Иеговэ хуэмылажьэ дэлъху, шыпхъу зыбжанэм адэ-анэ папщІэ дахуэхъуащ. Иджыпсту сэ зэхуэсым къэзыгъэзэжа ди зы шыпхъу Библием изогъаджэ. Иджыри сэ Библиер зджыну зэман нэхъыбэ сиІэ хъуащ». Ди шыпхъум иджыри мыпхуэдэу жеІэ: «Сэ си напэр къабзэщ, жыІэдаІуэу сыщытын щхьэкІэ схузэфІэкІыу хъуар зэрысщІар сощІэри».

18. ЖыІэдаІуэу дыщытыным сыт мыхьэнэ щІиІэр?

18 ЖыІэдаІуэныгъэм зыхуебгъэсэфынущ. Хьисэ гугъуехьхэм хэтущ жыІэдаІуэныгъэм зэрызригъэсар (Евр. 5:8). Дэри инэхъыбэм жыІэдаІуэныгъэм зыщедгъасэр гугъуехьхэм дыщыпэщІэхуэм дежщ. Псалъэм папщІэ, фэ фщІэжу къыщІэкІынщ COVID-19 пандемием щыщІидзам щыгъуэ, Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс Унэхэм дымыкІуэну икІи унэ-унэкІэ хъыбарыфІыр дымыгъэІуну къызэрыджаІауэ щытар. А унафэхэм фытетыну фи дежкІэ тыншу щыта? Щымытами, фэ жыІэдаІуэныгъэ вгъэлъэгъуащ. Абы фэ фыкъихъумащ, зэхуэсри нэхъ зэкъуэт ищІащ. Ауэ псом нэхърэ нэхъапэр фэ абыкІэ Иеговэ зэрывгъэгуфІаращ. ЖыІэдаІуэныгъэ зэрыдгъэлъэгъуам дэ псори дыхуигъэхьэзыращ гузэвэгъуэшхуэр щІидза иужь къыдатыну унафэхэм нэхъ тыншу дызэредэІуэным. А унафэхэм дызэредаІуэм ди гъащІэр елъытауэ щытынущ (Иов 36:11).

19. ЖыІэдаІуэу дыщІыщытын хуейм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр сыт?

19 Зэрытлъэгъуащи, жыІэдаІуэныгъэм къыпэкІуэр фІы защІэщ. Ауэ дэ Иеговэ дыщІедаІуэм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр — ар фІыуэ зэрытлъагъур икІи дгъэгуфІэну дызэрыхуейращ (1 Ин. 5:3). Иеговэ апхуэдизкІэ куэд къытхуещІэри, дэ ар зэи тхуэпшыныжынукъым (Пс. 116:12). Ауэ дэ Иегови тепщэныгъэ зиІэхэми яхуэжыІэдаІуэу дыщытыфынущ. Апхуэдэу дэ Іущагъ догъэлъагъуэ икІи Иеговэ догъэгуфІэ (Прит. 27:11).

89-НЭ УЭРЭДЫР ЖыІэдаІуэныгъэм фІыгъуэ къыпокІуэ

a Дэ гуэныхьлыуэ дызэрыщытым къыхэкІкІэ унафэ къытхуэзыщІыну хуитыныгъэ зиІэхэми дедэІуэну щымытынш къохъу. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ адэ-анэхэм, «тепщэныгъэ зиІэхэм», пщІэ зыпылъ къалэнхэр зыгъэзащІэ къуэшхэм дедэІуэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр.

b Фи унагъуэм къыщекІуэкІ хабзэ гуэрым утетыну къохьэлъэкІмэ икІи абы теухуауэ уи адэ-анэм узэрепсэлъэнур умыщІэмэ, jw.org сайтым ит «Что делать, если родительские правила кажутся слишком строгими?» жыхуиІэ статьям еплъ.

c СУРЭТХЭМ ИТЫР. Исуфрэ Мэриемрэ къэрал унафэм тету я щхьэ бжыгъэр ирагъэтхын щхьэкІэ, Бэтлъэхьэм нэс кІуащ. Иеговэ и лэжьакІуэхэри нобэ «тепщэныгъэ зиІэхэм» я унафэм щІэтщ: «правила дорожного движения» жыхуаІэм тетщ, узыншагъэр къэзыхъумэ чэнджэщхэм йодаІуэ, налогхэри ят.