Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

44 СТАТЬЯР

Алыхьым и Псалъэм «и бгъуагъри, и кІыхьагъри, и кууагъри, и лъагагъри» зэхэвгъэкІ

Алыхьым и Псалъэм «и бгъуагъри, и кІыхьагъри, и кууагъри, и лъагагъри» зэхэвгъэкІ

«Бгъуагъри... кІыхьагъри... кууагъри... лъагагъри къызэрывгурыІуэным» иужь фит (ЕФ. 3:18).

95-НЭ УЭРЭДЫР Пэжыгъэр нэхъ нэху мэхъу

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a

1, 2. Дапхуэдэу Библиер зэрыбдж хъунур? Щапхъэ къэфхь.

 УИ НЭГУ къыщІэгъэхьэ унэ къэпщэхуну зыбгъэхьэзыру. Унэр къэпщэхун ипэ, сыт уэ узэплъыну узыхуейр? Унэм и сурэтым уеплъкІэ Іуэхур зэфІэкІыну? Хьэуэ, уэ езыр а унэм уеплъыну ухуеину къыщІэкІынщ: и хъуреягъкІэ къэпплъыхьыну икІи унэкІуэцІу хъуам ущІэплъэну. А унэр зэращІар къэпщІэн щхьэкІэ, абы и чертёжми уеплъыну къыщІэкІынщ. КІэщІу жыпІэмэ, унэр къомыщэху щІыкІэ абы пыщІауэ хъуар зэбгъэлъагъуну хъунщ.

2 Библием дыщеджэм икІи ар куууэ щызэпкърытхым дежи апхуэдэ гуэр тщІэфынущ. Библием елэжь зы щІэныгъэлІ гуэрым а тхылъыр «чэщанэ лъагэрэ лъабжьэ куурэ зиІэ унэм» иригъэщхьащ. НтІэ, Библием ит псори къэпщІэну Іэмал щыІэу пІэрэ? Абы псынщІэу укъеджэу щытмэ, «Тхьэм и псалъэхэм теухуа япэ дыдэ... Іуэхухэращ» къэпщІэнур (Евр. 5:12). Ауэ, къэпщэху унэм теухуауэ нэхъыбэ къэпщІэн щхьэкІэ, абы и кІуэцІым узэрыщІыхьэн хуейм хуэдэу, Библиери нэхъыфІу къыбгурыІуэн щхьэкІэ, ар куууэ бджын хуейщ. Библиер щыбджкІэ абы и зы Іыхьэм итыр нэгъуэщІ Іыхьэм итым зэрепхар къызэрыплъагъуным къару ехьэлІэ. Абы нэмыщІ сыт уи фІэщ хъуми икІи ар уи фІэщ щІэхъур зэхэгъэкІ.

3. Апостол Паул къуэш, шыпхъухэр зыхуигъэушу щытар сыт икІи сыт щхьэкІэ? (Ефес 3:14—19).

3 Библиер фІыуэ къыдгурыІуэн щхьэкІэ ар куууэ дджын хуейщ. Апостол Паул къуэш, шыпхъухэр хуигъэушу щытащ Алыхьым и Псалъэр куууэ яджыну, пэжым «и бгъуагъри, и кІыхьагъри, и кууагъри, и лъагагъри» нэгъэсауэ къагурыІуэн щхьэкІэ. Апхуэдэу ящІэмэ, абыхэм я фІэщхъуныгъэр быдэу щытынут. (Къеджэ Ефес 3:14—19.) Дэри ар дыдэращ тщІэн хуейр. Аращи, адэкІэ деплъынщ Библиер куууэ дджыну сыт къыддэІэпыкъунуми.

БИБЛИЕМ ИТ ЩІЭНЫГЪЭ КУУХЭР ЗЭХЭВГЪЭКІ

4. Библиер зэрыдджыр Иеговэ нэхъ гъунэгъу дыхуэхъуну дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъунур? Щапхъэ къэфхь.

4 Дэ Иеговэ и лэжьакІуэу дызэрыщытым къыхэкІкІэ Библием ит щІэныгъэ куухэри къыдгурыІуэну дыхуейщ. ИкІи дэ дощІэ Алыхьым и къару лъапІэм и фІыгъэкІэ ар зэрытхузэфІэкІынур (1 Кор. 2:9, 10). Аращи, уэ пфІэгъэщІэгъуэн темэ е упщІэ гуэр къыхэпхыу, ар нэхъ куууэ зэпкърыпх хъунущ. Апхуэдэу зэрыпщІыр Иеговэ нэхъ гъунэгъу ухуэхъуну къыбдэІэпыкъунущ. Псалъэм папщІэ, пасэрей зэманым Иеговэ и лэжьакІуэхэм яхуиІэ лъагъуныгъэр дапхуэдэу игъэлъагъуэу щытами икІи уэ абы фІыуэ укъызэрилъагъум ар дауэ щыхьэт техъуэми къапщІэ хъунущ. Е израил цІыхухэр пасэрей зэманым Иеговэ зэрыхуэлажьэу щытамрэ иджыпсту дэ абы дызэрыхуэлажьэмрэ сыткІэ зэщхьми зэбгъапщэ хъунущ. Абы нэмыщІ Хьисэ и гъащІэмкІи Алыхьым зэрыхуэлэжьамкІи бегъымбархэм ятха псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъуар зэпкърыпх хъунущ.

5. Библиер щыбджкІэ зэхэбгъэкІыну узыхуей упщІэ уиІэ?

5 Библиер куууэ зыджыну зыфІэфІхэм къуэшхэр еупщІауэ щытат, абыхэм сыт хуэдэ темэхэр нэхъыфІу зэпкърахыну хуейми. ЗэупщІахэм жаІа темэ языныкъуэхэр « Библиер щыбджкІэ къыхэпх хъуну темэхэр» жыхуиІэ рамкэм къыщыхьащ. Библиер апхуэдэу бджыну хуабжьу гъэщІэгъуэнщ. Уэ къэбгъэсэбэп хъунущ «Индекс публикаций Сторожевой башни» е «Путеводитель по публикациям Свидетелей Иеговы» жыхуаІэхэр. Библиер куууэ бджымэ, «Алыхьым теухуа щІэныгъэр» къэбгъуэтынущ (Прит. 2:4, 5). Иджыпсту Библием ит щІэныгъэ куу зыбжанэм гу лъыттэнщ. ИужькІэ фэ езым ахэр нэхъ куууэ зэпкърыфхыфынущ.

АЛЫХЬЫМ И МУРАДЫМ КУУУЭ ФЕГУПСЫС

6. 1) Мурадымрэ планымрэ сыткІэ зэщхьэщыкІрэ? 2) ЩІылъэмрэ цІыхухэмрэ теухуауэ Иеговэ иІэ мурадыр «зэи мыкІуэдыжыну» жыпІэ щІэхъунур сыт?

6 Псалъэм папщІэ, Алыхьым и мурадым теухуауэ Библием жиІэм деплъынщ. Ауэ япэщІыкІэ мурадымрэ планымрэ сыткІэ зэщхьэщыкІми зэхэдгъэкІынщ. Планыр зыщІыпІэ ущыкІуэм деж гъуэгу къыхэпхам ебгъэщхь хъунущ. Ауэ а гъуэгум зыгуэр къыщыхъуу щытмэ, уи планыр къомыхъулІэнкІэ хъунущ. Мурадыр-щэ? Ар уздэкІуэну тебухуа щІыпІэм ебгъэщхь хъунущ. Дэ дыздэкІуэну дызыхуейр дэнэми дощІэ, ауэ гъуэгум зыгуэр къыщыхъумэ, нэгъуэщІ гъуэгукІэ дыкІуэну дыхьэзырщ. Дэ Иеговэ фІыщІэшхуэ худощІ, щІылъэмрэ цІыхухэмрэ теухуауэ «зэи мыкІуэдыжын [и] мурадым» щыгъуазэ дызэрищІам щхьэкІэ (Еф. 3:11). Алыхьым а мурадыр тІэкІу-тІэкІуурэ Библием къыщызэІуех. Сыт хуэдэ гугъуехь къэмыхъуами, Иеговэ ехъулІэныгъэ иІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы «и Іэмырыр гъэзэщІа хъун щхьэкІэ сытри къегъэсэбэп» (Прит. 16:4). Абы и мурадым зэи зыри зэран хуэхъуфынукъым. НтІэ, Иеговэ сыт хуэдэ мурад иІэр икІи ар гъэзэщІа хъун щхьэкІэ, абы сыт хуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр ищІэн хуей хъуа?

7. Іэдэмрэ Хьэуарэ къыщыпэщІэувам щыгъуэ, Иеговэ сыт ищІар, и мурадыр гъэзэщІа хъун щхьэкІэ? (Маттэ 25:34).

7 Алыхьым цІыхухэм теухуауэ ищІа мурадыр япэ цІыхуитІым къахузэІуихащ. Иеговэ абыхэм яжриІащ: «Фылъхуэ-фыпІэ, фыбагъуэ, щІылъэм тез фыхъуи, ар къэвгъэІурыщІэ, тепщэ фахуэхъу... псэущхьэ псоми» (ЩІэдз. 1:28). Ауэ Іэдэмрэ Хьэуарэ Алыхьым зэремыдэІуам къыхэкІкІэ гуэныхьыр дунейм къытехьащ. НтІэ, Иеговэ цІыхухэм яхуиІэ мурадым а Іуэхугъуэр зэран хуэхъуауэ пІэрэ? Хьэуэ. И мурадыр гъэзэщІа хъун щхьэкІэ, Иеговэ нэгъуэщІ Іэмал къигъэсэбэпащ. Алыхьым занщІэу унафэ ищІащ абы и мурадыр зыгъэзэщІэн Пащтыхьыгъуэ уафэм щигъэувыну. (Къеджэ Маттэ 25:34.) Иеговэ щытриухуа зэманым и Къуэр щІылъэм къигъэкІуащ. Хьисэ а Пащтыхьыгъуэм теухуауэ цІыхухэм яжриІэу щытащ икІи гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ дакъыІэщІихын щхьэкІэ, и гъащІэр къурмэныпхъэу итащ. А Іуэхум къегъэлъагъуэ Алыхьым лъагъуныгъэшхуэ къызэрытхуиІэр. ИужькІэ Алыхьым Хьисэ къигъэтэджыжри, уафэм щыІэ и Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхьу тригъэуващ. Ауэ Алыхьым и мурадым теухуауэ абы и закъуэкъым дэ къэтщІэфынур.

Фи нэгу къыщІэвгъэхьэ уафэми щІылъэми щыІэ Иеговэ и лэжьакІуэхэр зэкъуэту абы щыхуэлэжьэну зэманыр! (8-нэ абзацым феплъ.)

8. 1) Библием и темэ нэхъыщхьэр зытеухуар сыт? 2) Иеговэ и мурадым сыт иджыри хыхьэр? (Ефес 1:8—11). (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)

8 Библием и темэ нэхъыщхьэр зытеухуар сыт? Ар зытеухуар Иеговэ и цІэ лъапІэр зэригъэкъэбзэжыныращ. Пащтыхьыгъуэм щІылъэм теухуауэ Иеговэ иІэ мурадыр игъэзэщІэнущ. АбыкІэ Алыхьым и цІэ лъапІэр гъэкъэбзэжа хъунущ. Алыхьым и мурадыр зыми хуэхъуэжынукъым. Иеговэ псалъэ быдэ къыдет дыкъызэригъэгугъауэ хъуа псор зэригъэзэщІэжынумкІэ (Ис. 46:10, 11; Евр. 6:17, 18). ЩІылъэр хуэм-хуэмурэ жэнэт хъужынущ, икІи абы дагъуэншэ хъужа цІыхухэр игъащІэ псокІэ гуфІэгъуэ яІэу щыпсэунущ (Пс. 22:26). Ауэ Алыхьым и мурадым нэхъыбэжи хохьэ. Иеговэ уафэми щІылъэми щыІэ и лэжьакІуэхэр зы унагъуэм хуэдэу зэкъуэт ищІыжынущ. Ахэр псори Алыхь закъуэм и тепщэныгъэм щІэувэнущ икІи абы гукІи псэкІи хуэпэжынущ. (Къеджэ Ефес 1:8—11.) Иеговэ и Іэмырыр зэригъэзащІэр сыту гъэщІэгъуэныщэ!

КЪЫФПЭЩЫЛЪ ГЪАЩІЭМ ФЕГУПСЫС

9. Библием дыщеджэм деж къэкІуэну зэманым илъэс дапщэкІэ дыкІуэцІрыплъыфыну?

9 Иеговэ Іэдэн жыг хадэм щыжиІа къэхъун хуей псалъэм деплъынщ. Ар итщ ЩІэдзапІэ 3:15 b. А псалъэмкІэ Алыхьым къыдгурегъаІуэ и мурадыр дапхуэдэу игъэзэщІэнуми. Ауэ абы зи гугъу ищІа Іуэхугъуэхэм къэхъун щыщІадзар илъэс мин бжыгъэ дэкІа иужьщ. Псалъэм папщІэ, Иеговэ Ибрэхьим къигъэгугъауэ щытащ абы и щІэблэм щыщ гуэр Мэссихь хъуну (ЩІэдз. 22:15—18). ИужькІэ, ди эрэм 33-нэ гъэм, Хьисэ и лъэдакъэм блэр къеуащ (Апост. 3:13—15). Иеговэ жиІа псалъэр и кІэм нэс къыщыхъунур илъэс мин дэкІа иужьщ. Абы щыгъуэ Хьисэ ШейтІаным и щхьэр икъутэнущ (Апок. 20:7—10). ШейтІаным и дунеймрэ Иеговэ и организацэмрэ зэрызэпэщІэтыр нэхъ гуащІэ хъуа иужь къэхъуну Іуэхугъуэхэми теухуауэ Библием куэд къыдегъащІэ.

10. 1) Куэд мыщІэу сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэр къэхъуну? 2) Къытпэщылъ Іуэхугъуэхэм ди гумрэ ди акъылымрэ дапхуэдэу зэрыхуэдгъэхьэзыр хъунур? (Сноскэм зи гугъу ищІ тхылъым феплъ.)

10 Библием ит къэхъун хуей Іуэхугъуэ гъэщІэгъуэнхэм девгъэгупсысыт. ЯпэщІыкІэ лъэпкъхэм: «Иджы гузэгъэгъуэ диІэщ, шынагъуэ зыри щыІэкъым», — жаІэу ягъэІунущ (1 Фес. 5:2, 3). ИужькІэ ахэр дин нэпцІхэм теуэнущ (Апок. 17:16). Апхуэдэу гузэвэгъуэшхуэм щІидзэнущ. Абы щыгъуэ «цІыху Лъэпкъым и Къуэр, пшэхэм хэтрэ лъэкІыныгъэшхуэрэ щІыхьышхуэрэ иІэу, къакІуэу цІыхухэм ялъагъунущ». Абы къикІыу къыщІэкІынщ а зэманым телъыджэ Іуэхухэр къэхъункІэ зэрыхъунур (Мт. 24:30). Абы иужь Хьисэ цІыхуу хъуам хьэкум ятрищІыхьынущ икІи мэлхэмрэ бжэнхэмрэ зэхидзынущ (Мт. 25:31—33, 46). А зэманым ШейтІаным зыри имыщІэу щысынукъым. Губжьым зэрихьэу абы лъэпкъ зэгухьэнухэр (Магог щІыналъэм щыщ Гогыр) Иеговэ и лэжьакІуэхэм теуэну хуигъэушынущ (Иез. 38:2, 10, 11). Абы щыгъуэ уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэу щІылъэм къэнахэр псори уафэм щызэхуашэсынущ, Армагеддон зауэм хэтын щхьэкІэ. А зауэмкІэ гузэвэгъуэшхуэр иухынущ (Мт. 24:31; Апок. 16:14, 16) c. Абы иужь илъэс минкІэ екІуэкІыну Хьисэ и Пащтыхьыгъуэм щІидзэнущ (Апок. 20:6).

Илъэс миллиард бжыгъэкІэ Иеговэ къэпцІыхуа иужь, дапхуэдизу абы гъунэгъу ухуэхъунуми уи нэгу къыщІэгъэхьэт! (11-нэ абзацым феплъ.)

11. ГъащІэ мыухыжым сыт хуэдэ Іэмалхэр къытхузэІуихрэ? (Сурэтми феплъ.)

11 Илъэс 1 000-р блэкІа иужь, адэкІэ щыІэну гъащІэм дыхэплъэнщ. Библием щыжыІащ дыкъэзыгъэщІа Алыхьым гъащІэ мыухыжыр цІыхухэм я гум зэрырилъхьар (Эккл. 3:11). Абы уи дежкІэ сыт хуэдэ мыхьэнэ иІэми икІи Иеговэрэ уэрэ фи зэхущытыкІэр абы дауэ елъытами егупсыс. «Приближайся к Иегове» жыхуаІэ тхылъым, 319-нэ напэкІуэцІым, мыпхуэдэ псалъэ дахэхэр къыщыхьащ: «Илъэс щэ бжыгъэ, мин бжыгъэ, мелуан бжыгъэ, миллиард бжыгъэ нэгъуни дыпсэуа иужь, иджыпсту Иеговэ теухуауэ тщІэм нэхърэ нэхъыбэ абы щыгъуэ тщІэнущ. Ауэ итІанэми, Алыхьым теухуауэ къэтщІэн хуей пэж куэд иджыри щыІэнущ. [...] ГъащІэ мыухыжыр гъэщІэгъуэныщэу, дахащэу, гъуэзэджэу щытынущ. Ауэ псом нэхърэ нэхъапэр уафэм щыІэ ди Адэ лъапІэр нэхъыфІу къэтцІыхуну Іэмал дызэриІэнуращ». Иджыпсту-щэ? Алыхьым и Псалъэр щыдджкІэ сыт дэ иджыри щІэуэ къэтщІэфынур?

УАФЭМ ЩЫІЭР ФИ НЭГУ КЪЫЩІЭВГЪЭХЬЭ

12. Уафэм щыІэр ди нэгу къыщІэдгъэхьэну сыт къыддэІэпыкъунур? Щапхъэ къэфхь.

12 «ЛъагапІэм щыпсэу» Иеговэ убгъэдэтыныр зищІысыр сытми ди нэгу къыщІэдгъэхьэну Библиер къыддоІэпыкъу (Ис. 33:5). Алыхьым и Псалъэм Иеговэрэ уафэм щыІэ абы и организацэмрэ теухуа куэд къытхузэІуех (Ис. 6:1—4; Дан. 7:9, 10, Данил бегъымбар, 2018; Апок. 4:1—6). Псалъэм папщІэ, Алыхьым уафэр къызэІуихыу, Иезекииль и нэгу щІигъэкІам теухуауэ уеджэну сыт и уасэ?! (Иез. 1:1).

13. Хьисэ уафэм щигъэзащІэхэм щыщу сыт уэ нэхъ уигу ирихьыр? (Еврейхэм 4:14—16).

13 Хьисэ уафэм щиІыгъ увыпІэми фегупсыс. Ар Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхьщ икІи гущІэгъу зыхэлъ Дин пашэшхуэщ. Абы и фІыгъэкІэ дэ «зи гущІэгъур иным [Алыхьым] и тахътэм» гъунэгъу зыхуэтщІыну Іэмал диІэщ. НэгъуэщІу жыпІэмэ, дэ Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыщыхуэдгъазэкІэ шэч къытетхьэкъым абы гущІэгъу къызэрытхуищІынум икІи «дэІэпыкъуэгъу дыхуэныкъуэ щыхъукІэ» къызэрыддэІэпыкъунум. (Къеджэ Еврейхэм 4:14—16.) Иеговэрэ Хьисэрэ къытхуащІамрэ иджыпсту къытхуащІэмрэ демыгупсысу зы махуи блыремыкІ. Абыхэм къытхуаІэ лъагъуныгъэм дыхуигъэушын хуейщ дэри ахэр фІыуэ тлъагъуну икІи гурэ псэкІэ Иеговэ дыхуэлэжьэну (2 Кор. 5:14, 15).

Уи нэгу къыщІэгъэхьэт уэ дунеищІэм узэрыгуфІэнур, зыгуэр Иеговэ и лэжьакІуэ хъуну узэрыдэІэпыкъуар зэрыпщІэм щхьэкІэ! (14-нэ абзацым феплъ.)

14. Иеговэрэ Хьисэрэ фІыщІэ зэрахуэтщІыр къызэрыдгъэлъэгъуэфынур дапхуэдэу? (Сурэтми феплъ.)

14 Алыхьымрэ абы и Къуэмрэ яхудиІэ лъагъуныгъэр къызэрыдгъэлъэгъуэфыну Іэмал нэхъыфІ дыдэхэм ящыщ зыр — ар нэгъуэщІ цІыхухэм Иеговэ и Щыхьэт хъуну икІи Хьисэ и лъэужь иувэну дадэІэпыкъуныращ (Мт. 28:19, 20). Паул Алыхьымрэ Хьисэрэ фІыщІэ зэрахуищІым къыхэкІкІэ апхуэдэ дыдэу ищІэу щытащ. Абы ищІэт Иеговэ «цІыху псори мыкІуэду къригъэлыну икІи щыпкъагъэр ящІэну» зэрыхуейр (1 Тим. 2:3, 4). Паул псэемыблэжу цІыхухэм псоми хъыбарыфІымкІэ ядэгуашэт. Аращ абы: «Лъэныкъуэ псомкІи цІыху псоми хуэдэу зысщІащ, нэгъуэщІ мыхъуми, цІыху гуэрхэр мыкІуэду къелын щхьэкІэ», — жиІэну хуитыныгъэ щІиІар (1 Кор. 9:22, 23).

БИБЛИЕР ЗЭРЫВДЖЫМ ГУФІЭГЪУЭ ХЭФХ

15. Псалом 1:2 зэритымкІэ, дэ насыпыфІэ дызыщІыр сыт?

15 Япэ псаломыр зыусам итхащ «Иеговэ и хабзэм иригушхуэ икІи жэщи махуи абы макъкІэ еджэ» цІыхур зэрынасыпыфІэр икІи ехъулІэныгъэ иІэу зэрыщытыр (Пс. 1:1—3). Библиер зэзыдзэкІыу щыта Джозеф Ротергам апхуэдэ цІыхум теухуауэ мыпхуэдэу жиІащ: «...абы Алыхьым къыбгъэдэкІ ущиер апхуэдизкІэ фІыуэ елъагъури, ар къелъыхъуэ, къигъуэтар куууэ зэпкърех икІи абы куэдрэ йогупсыс. [...] ...Махуэм и кІэм деж абы Алыхьым и Псалъэм ит Іущагъыр нэхъыфІу къыгурыІуэу хъуауэ жимыІэфу щытмэ, абы и махуэр кІуэдауэ аращ» (Joseph Rotherham. Studies in the Psalms). Библием хъугъуэфІыгъуэ куэд къыщыбгъуэтыфынущ икІи абы гъэщІэгъуэн куэд къеІуэтэж. Абы зи гугъу ищІ Іуэхугъуэхэр зэрызэпхар къызэрыпщІэм гуфІэгъуэшхуэ къыпхуехь. Сыту гухэхъуэ Алыхьым и Псалъэм ит налкъутналмэсхэр къэпхутэну!

16. КъыкІэлъыкІуэ статьям сыт щызэпкърытхынур?

16 Иеговэ и Псалъэм пэж дахэ куэд къыщытхузэІуех. Хэти шынэнкІэ хъунущ абы ит псор зэи къыгурымыІуэн и гугъэу. Ауэ апхуэдэ гупсысэм укъыхуэкІуэну умыпІащІэ. КъыкІэлъыкІуэ статьям апхуэдэ темэ куухэм ящыщ зы щызэпкърытхынущ. Ар зытеухуар Иеговэ и духовнэ Унэшхуэращ. А Унэшхуэм теухуауэ апостол Паул еврейхэм яхуитха письмом и гугъу щищІащ. А статьяр щызэпкърыфхкІэ гуфІэгъуэ фызэриІэнум дэ шэч лъэпкъ къытетхьэкъым.

94-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьым и Псалъэм щхьэкІэ фІыщІэ худощІ

a Дэ Библиер ди гъащІэ псокІэ тхуэджынущ. Абы дэ гуфІэгъуэ къытхуехь, уафэм щыІэ ди Адэми гъунэгъу дыхуещІ. Алыхьым и Псалъэм «и бгъуагъри, и кІыхьагъри, и кууагъри, и лъагагъри» къэтщІэным къикІыр сытми мы статьям щызэпкърытхынущ.

b 2022-нэ гъэм, бадзэуэгъуэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым ит «Иеговэ япэ дыдэу жиІа къэхъун хуей псалъэхэр къызэрытлъэІэсыр» жыхуиІэ статьям феплъ.

c Куэд мыщІэу къэхъуну Іуэхугъуэхэм зыхуэдгъэхьэзырын щхьэкІэ, «Царство Бога правит!» жыхуаІэ тхылъым и 230-нэ напэкІуэцІым феплъ.