Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

1 СТАТЬЯР

38-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ къару къыпхилъхьэнущ

Ущышынэм деж умыгужьей — Иеговэ дзыхь хуэщІ

Ущышынэм деж умыгужьей — Иеговэ дзыхь хуэщІ

2024-НЭ ГЪЭМ ХУХАХА ПЫЧЫГЪУЭР: «Шынэр къыщыстекІуэм деж, уэращ сызыщыгугъыр» (ПС. 56:3).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Шынэр зытедмыгъакІуэу дапхуэдэу Иеговэ нэхъыбэу дзыхь зэрыхуэтщІыным.

1. Языныкъуэхэм деж дыщІэшынэр сыт?

 ДЭ ПСОРИ дыщышынэ къохъу. ДауикІ, дэ Библиер зэрыдджым и фІыгъэкІэ лІахэми жин бзаджэхэми дащышынэкъым икІи къэкІуэну зэманым щхьэкІи дыгузавэкъым. Ауэ дэ зэман шынагъуэм дыщопсэу — ихъуреягъкІэ зауэхэр, щІэпхъаджагъэхэр, уз зэрыцІалэхэр къокІуэкІ (Лк. 21:11). Абы нэмыщІ къэрал унафэщІхэр къызэрытпэщІэувэм е ди унагъуэм щыщхэр ди фІэщхъуныгъэм къызэригъэгубжьым щхьэкІэ дышынэнкІэ хъунущ. Языныкъуэхэр иджыпсту зыпэщІэт е къэкІуэну зэманым зыпэщІэхуэнкІэ хъуну гъэунэхуапІэхэм пэмылъэщыфынкІэ мэгузавэ.

2. Даут Гат къалэм къыщыкІуам щыгъуэ, сыт хуэдэ Іуэхугъуэ ихуат?

2 Даути щышынэ къэхъут. Псалъэм папщІэ, абы филистим къалэ Гат зыщигъэпщкІуну мурад ищІат, пащтыхь Щаул ар иукІыну и ужь щитым щыгъуэ. Зэман куэд дэмыкІыу Гат къалэм и пащтыхь Ахиш жраІащ абыхэм я деж къэкІуа Даут израил лъэпкъым уэрэд зыхуауса зауэлІ хахуэрауэ зэрыщытыр. А уэрэдым щыжыІат Даут филистимлян цІыхуу «минипщІ куэд» зэриукІар. Даут «хуабжьу къэшынащ» (1 Сам. 21:10—12). Ар гузавэт Ахиш зыгуэр кърищІэнкІэ. Сыт-тІэ Даут къыдэІэпыкъуар шынэм пэлъэщыну?

3. Шынэм текІуэну Даут сыт къыдэІэпыкъуар? (Псалом 56:1—3, 11).

3 Даут 56-нэ Псаломым щыжеІэ Гат къалэм щыщыІэм щыгъуэ иІауэ щыта гурыщІэхэр. Абы къыдгурегъаІуэ ар шынэу щІыщытар икІи а шынэм пэлъэщыну сыт къыдэІэпыкъуами. Шынэр къыщытекІуэм деж, ар Иеговэ щыгугът. (Къеджэ Псалом 56:1—3, 11.) Алыхьми ар къигъэнакъым. Иеговэ къызэрыдэІэпыкъуам и фІыгъэкІэ занщІэу уигу къэмыкІын хэкІыпІэ Даут къигъуэтащ — абы делафэ зытригъэуащ! Арати, Даут зэран къыбгъэдэмыкІыу Ахиш къилъытэри, ар Іуахужыну унафэ ищІащ. Апхуэдэу Даут щІэпхъуэжыфащ (1 Сам. 21:13—22:1).

4. Дапхуэдэу Иеговэ нэхъыбэу дзыхь зэрыхуэтщІынур? Щапхъэ къэфхь.

4 Дэри Иеговэ дзыхь хуэтщІу щытмэ, шынэм дытекІуэфынущ. Дапхуэдэу Иеговэ нэхъыбэжу дзыхь хуэтщІу зэрызедгъэсэнур? Зы щапхъэ къэтхьынщ. Псалъэм папщІэ, уэ сымаджэ хьэлъэ ухъуащ. ЯпэщІыкІэ угужьеинкІэ хъунущ, ауэ иужькІэ уэ къыбощІэ узыпэщІэхуар дохутырыфІ дыдэу зэрыщытыр. Абы уэ уи узым хуэдэ зиІэ цІыху куэд игъэхъужащ. Уэ уолъагъу ар жыпІэхэм фІыуэ зэредаІуэр, укъызэрыгурыІуэр, гущІэгъу къызэрыпхуищІыр икІи абы къыбжеІэр адрейхэр зэригъэхъужа ІэмалкІэ уэри узэригъэхъужынур. Аращи, уэ къыбгуроІуэ ущІэгузэвэн лъэпкъ зэрыщымыІэр. Апхуэдэ дыдэу, дэри дыхуейщ Иеговэ нэгъэсауэ дзыхь хуэтщІыну. Абы щхьэкІэ дэ дегупсысын хуейщ Иеговэ ипэкІэ ищІам, иджыпсту ищІэм, дяпэкІи ищІэнум. Даут апхуэдэут зэрищІэр. Абы 56-нэ Псаломым щыжиІа псалъэхэм дыхэплъэнщи, дэри Иеговэ дзыхь нэхъыбэу зэрыхуэтщІынум, шынэми дызэрытекІуэнум дегупсысынщ.

СЫТ ИЕГОВЭ ИПЭКІЭ ИЩІАР?

5. Шынэм текІуэн щхьэкІэ Даут зэгупсысу щытар сыт? (Псалом 56:12, 13).

5 Даут и гъащІэр фІэкІуэдыну шынагъэ щыщыІам щыгъуэ, абы и акъылыр триухуащ Иеговэ ипэкІэ ищІа Іуэхугъуэхэм. (Къеджэ Псалом 56:12, 13.) Абы хьэл хуэхъуат Иеговэ сыт щыгъуи егупсысыну. Псалъэм папщІэ, Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм щеплъым деж, Даут илъагъут Алыхьым къаруушхуэ зэриІэр икІи цІыхухэр фІыщэу зэрилъагъур (Пс. 65:6—9). Ар иджыри егупсыст Иеговэ и лэжьакІуэ псоми яхуищІа фІыгъуэхэм (Пс. 31:19; 37:25, 26). Псом хуэмыдэу абы и гум лъэІэст Иеговэ езым къызэрыдэІэпыкъуу щытар. Алыхьым Даут зэрысабий цІынэрэ къихъумэу щытащ икІи сытым щыгъуи къыдэІэпыкъуащ (Пс. 22:9, 10). Шэч хэмылъу, Даут а псом зэрегупсысым Иеговэ нэхъыбэжу дзыхь хуищІыну хуигъэушащ!

Даут егупсыст япэм щыгъуэ Иеговэ абы къызэрыдэІэпыкъуу щытам, иджыпсту къызэрыдэІэпыкъум, дяпэкІи къызэрыдэІэпыкъунум. Апхуэдэ щІыкІэкІэ абы Иеговэ дзыхь нэхъыбэу хуищІу зригъасэт (5, 8, 12-нэ абзацхэм феплъ.) d


6. Шынэр къыщыптегуплІэм деж, Иеговэ ущыгугъыну сыт къыбдэІэпыкъунур?

6 Шынэр къыщыптегуплІэм деж, зэупщІыж: «Сыт Иеговэ ипэкІэ ищІар?» Абы и ІэдакъэщІэкІхэм егупсыс. Псалъэм папщІэ, Иеговэ бзухэми удз гъэгъахэми и нэІэ ятригъэтщ, абыхэм абы и хьэл-щэнхэр яхэмылъми икІи ахэр къыхуэмылажьэми. А псом укІэлъыплъмэ, уэ къыбгурыІуэнущ, Иеговэ абыхэм и нэІэ ящытригъэткІэ, уэри сытым щыгъуи къызэрыбдэІэпыкъунур (Мт. 6:25—32). Абы узэрегупсысым и фІыгъэкІэ Иеговэ нэхъыбэжу дзыхь хуэпщІынущ. Абы нэмыщІ иджыри егупсыс Иеговэ и лэжьакІуэхэм яхуищІа псом. Библиер щатха зэманым е ди зэманым псэуа фІэщхъуныгъэ быдэ зыгъэлъэгъуа цІыхухэм теухуауэ нэхъыбэ къапщІэ хъунущ a. Иджыри уигу къэбгъэкІыж хъунущ Иеговэ уэр щхьэкІэ ищІар. Дапхуэдэу абы узэрызришэлІар? (Ин. 6:44). Дапхуэдэу уи тхьэлъэІухэм жэуап зэрыритыр? (1 Ин. 5:14). Хьисэ Мэссихь и къурмэныпхъэр дапхуэдэу махуэ къэс сэбэп къызэрыпхуэхъур? (Еф. 1:7; Евр. 4:14—16).

Иеговэ ипэкІэ ищІам, иджыпсту ищІэм, дяпэкІи ищІэнум дыщегупсысым деж, абы нэхъыбэжу дзыхь хуэтщІу дохъу (6, 9, 10, 13, 14-нэ абзацхэм феплъ.) e


7. Ванессэ шынэм текІуэну Данил бегъымбарым и щапхъэр дапхуэдэу къызэрыдэІэпыкъуар?

7 Гаити щыщ ди шыпхъу Ванессэ b Іуэхугъуэ шынагъуэ ихуат. Абы пэмыжыжьэу псэу зы цІыхухъу гуэр къыщыхьэу щІидзащ. А цІыхухъур абы иригъусэну хуейти, махуэ къэс звонить къыхуищІт икІи цІапІагъэхэр къыхуитхт. Ванессэ абы къыгуригъэІуащ я зэхуаку зыри зэрыдэмылъыфынур. Ауэ а цІыхухъур къэгубжьри нэхъ Іеижу ерыщ екІуащ, ди шыпхъури игъэшынэу щІидзащ. «Сэ Іейуэ сышынат», — жеІэ Ванессэ. Дапхуэдэу ар шынэм зэрытекІуар? Абы хузэфІэкІыу хъуар ищІащ, и щхьэр ихъумэжын щхьэкІэ. Зэхуэсым и нэхъыжьыр абы къыдэІэпыкъуащ полицэм зыхуигъэзэну. Абы нэмыщІ Ванессэ игу къигъэкІыжащ пасэрей зэманым щыгъуэ Иеговэ и лэжьакІуэхэм къащхьэщыжу зэрыщытар. «Япэ дыдэу сигу къэкІыжар Данил бегъымбарыращ, — жеІэ Ванессэ. — Абы къуаншагъэ лъэпкъ бгъэдэмылъами, аслъэн мэжалІэхэр зэрыс мащэм ирадзащ. Апхуэдэ Іуэхугъуэ гугъум щыгъуи Иеговэ абы къыдэІэпыкъуащ. Сэ Иеговэ селъэІуащ Іуэхур езым и ІэмыщІэ ирилъхьэну. Абы иужь сэ сышынэжакъым» (Дан. 6:12—22).

СЫТ ИЕГОВЭ ИДЖЫПСТУ ИЩІЭР?

8. Даут сытыт шэч къызытримыхьэр? (Псалом 56:8).

8 Даут Гат къалэм щыщыІэм щыгъуэ, и гъащІэр фІэкІуэдынкІэ шынагъэ щыІэт, ауэ абы шынэр зытригъэкІуакъым. Абы и акъылыр зытриухуар а зэман дыдэм Иеговэ къызэрыдэІэпыкъурат. Даут наІуэу илъагъут Иеговэ ар зэриунэтІыр, къызэрихъумэр, и гурыщІэхэри къызэрыгурыІуэр. (Къеджэ Псалом 56:8.) Даут къыдэІэпыкъун икІи зыгъэгушхуэн ныбжьэгъу пэж иІэт, псалъэм папщІэ, Ионафан, дин пашэшхуэ Ахимелех сымэ (1 Сам. 20:41, 42; 21:6, 8, 9). Пащтыхь Щаул Даут иукІыну хэтами, ар абы хузэфІэкІакъым. А псом Даут къыгуригъаІуэт и Іуэхум Иеговэ фІы дыдэу зэрыхищІыкІыр, и гум телъ хьэлъэри зэрилъагъур.

9. Дэтхэнэ зыми ттеухуауэ сыт Иеговэ гу зылъитэр?

9 Узыгъэшынэ гъэунэхуапІэ гуэр ущыпэщІэхуэм деж, зыщомыгъэгъупщэ Иеговэ ар зэрилъагъур икІи а гъэунэхуапІэм къыуит гурыщІэри зэрызыхищІыкІыр. Псалъэм папщІэ, Иеговэ илъагъут мысыр цІыхухэр и лъэпкъым гущІэгъуншэу къызэрыхущытыр икІи гугъу зэрырагъэхьыр (Исх. 3:7). Даут шэч лъэпкъ къытрихьэтэкъым хьэзабу ишэчыр Иеговэ зэрилъагъум (Пс. 31:7). Израил цІыхухэр бэлыхь щыхэхуэм деж — ар езыхэм я ягъэу щытми — Иеговэ «и гур хэщІт» (Ис. 63:9). Шынэм ущызэщІиубыдэм деж Иеговэ уи гурыщІэр къыгуроІуэ икІи ар хуейщ шынэм утекІуэну къыбдэІэпыкъуну.

10. Сыт уи фІэщ зыщІыр Иеговэ и нэІэ къызэрыптригъэтыр икІи гъэунэхуапІэ упэщІэхуэмэ къызэрыбдэІэпыкъунур?

10 ГъэунэхуапІэ хьэлъэ дыщыпэщІэтым деж, шынэр зэран къытхуэхъункІэ хъунущ Иеговэ къызэрыддэІэпыкъур къэтлъагъуну. Сыт апхуэдэм деж тщІэ хъунур? Дэ Алыхьым делъэІу хъунущ къызэрыддэІэпыкъур дигъэлъагъуну (2 Цар. 6:15—17). Зэхуэсым щыжаІа псалъэ гъэхьэзырам е щата жэуап гуэрым ущигъэгушхуа къэхъуа? Е ди сайтым ит статья, видео, уэрэд гуэрым къару къыщыпхилъхьа къэхъуа? Тхыгъэм ит едзыгъуэкІэ е узыгъэгушхуэ гупсысэкІэ зыгуэр къыбдэгуэша? Иныкъуэхэм деж къуэш, шыпхъухэм я зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэми Тхыгъэм тегъэщІа щІэныгъэ къытІэрыхьэхэми десэжауэ щытынкІэ хъунущ. Ауэ дэ зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым ахэр Иеговэ къыбгъэдэкІ тыгъэ лъапІэу зэрыщытыр (Ис. 65:13; Мк. 10:29, 30). А тыгъэхэм къагъэлъагъуэ Иеговэ фІыщэу дыкъызэрилъагъур икІи сыт щыгъуи абы дыщыгугъ зэрыхъунур (Ис. 49:14—16).

11. Айдэ шынэм текІуэну сыт къыдэІэпыкъуар?

11 Сенегал щыпсэу ди шыпхъу А́йдэ гугъуехь щыпэщІэхуэм деж, Иеговэ къызэрыдэІэпыкъум гу лъитэну хущІэкъут. Ар бынхэм я нэхъыжьу зэрыщытым къыхэкІкІэ и адэ-анэр къыщыгугът ахэр зыхуей хуигъэзэну. Ауэ Айдэ пионеру лэжьэну хуейти, нэхъ мащІэу лажьэу щІидзэри, ахъшэ къыхэхъуэр нэхъ мащІэ хъуащ. Абы и унагъуэм щыщхэм ар ягу ирихьакъым икІи ахэр къыхуэшхыдэу щІадзащ. Айдэ жеІэ: «Сэ хуабжьу сыгузавэт си адэ си анэр зыхуей зэрыхуэзмыгъэзэфынум щхьэкІэ икІи сышынэт унагъуэм ІэщІыб сищІынкІэ. Апхуэдизу Іуэхур зэрызэІыхьамкІэ сэ Иеговэ згъэкъуаншэт». ИужькІэ абы зэІущІэм псалъэ гъэхьэзыра щызэхихащ. Айдэ пещэ: «Дэлъхум жиІащ: „Сыт хуэдэ хьэлъэ ди гум темылъами, Иеговэ ди узыр къыгуроІуэ“. Зэхуэсым и нэхъыжьхэми си ныбжьэгъухэми къызжаІэт Иеговэ фІыуэ сыкъызэрилъагъур. Апхуэдэу хуэм-хуэмурэ Иеговэ дзыхь зэрыхуэсщІым хэхъуащ. Иджы ар къызэрыздэІэпыкъунум шэч лъэпкъ къытезмыхьэу тхьэлъэІукІэ абы зыхуэзгъазэу щІэздзащ. Иеговэ си тхьэлъэІухэм жэуап къызэрыритыр щыслъагъум деж гупсэхугъуэ зыхэсщІэт». Зэман дэкІри, Айдэ пионеруи лэжьэну и адэ-анэми дэІэпыкъуну Іэмал къезыт лэжьыгъэ къигъуэтащ. «Сэ нэгъэсауэ Иеговэ дзыхь хуэсщІу зезгъэсащ, — жеІэ Айдэ. — Иджы тхьэлъэІукІэ Алыхьым зыхуэзгъэза иужь, сызыгъэгузавэу хъуар занщІэу ІуокІ».

СЫТ ИЕГОВЭ ДЯПЭКІЭ ИЩІЭНУР?

12. Псалом 56:9 зэритымкІэ, Даут сытыт шэч къызытримыхьэр?

12 Къеджэ Псалом 56:9. Мы едзыгъуэм щыдолъагъу Даут шынэм текІуэну сыт иджыри къыдэІэпыкъуами. Абы и гъащІэр фІэкІуэдынкІэ шынагъэ щыІэр иджыри ІумыкІами, Иеговэ къэкІуэну зэманым къыхуищІэнум ар егупсыст. Даут ищІэт Иеговэ игъуэу къыхэІэбэу къызэрыригъэлынур, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар Израилым и пащтыхь зэрыхъунур Алыхьым игъэІуат (1 Сам. 16:1, 13). Даут шэч лъэпкъ къытрихьэтэкъым Иеговэ жиІауэ хъуар Іэмал имыІэу къызэрыхъунум.

13. КъэкІуэну зэманым дэр щхьэкІэ сыт Иеговэ ищІэнур?

13 Дэтхэнэ зым щхьэкІи Иеговэ сыт ищІэнур? Дэ дыщыгугъкъым Алыхьым гугъуехь псоми дыщихъумэну c. Ауэ дэ дощІэ мы дунейм дызыхуэзэ гугъуехьу хъуар Иеговэ дунеищІэм зэрыІуихынур (Ис. 25:7—9). ДыкъэзыгъэщІа Алыхьым къару иІэщ лІахэр къигъэтэджыжыну, ІэпкълъэпкъкІи эмоциональнэ лъэныкъуэкІи дигъэхъужыну, ди бийхэри игъэкІуэдыну (1 Ин. 4:4).

14. Сыт дэ дызэгупсыс хъунур?

14 Шынэм ущызэщІиубыдэм деж, къэкІуэну зэманым Иеговэ къытхуищІэнум егупсыс. Уи нэгу къыщІэгъэхьэт ШейтІанымрэ цІыху бзаджэхэмрэ здэщымыІэ дуней ущыпсэууэ, цІыхуу хъуам пэжагъыр фІыуэ ялъагъуу, гуэныхь тхэлъри махуэ къэс нэхъ мащІэ хъуурэ кІуэуэ. Ар сыту гуфІэгъуэшхуэу щытыну! 2014-нэ гъэм екІуэкІа региональнэ конгрессым хэта инсценировкэм къыщыгъэлъэгъуауэ щытащ адэр и унагъуэм зэрыдэІэпыкъур Библием къыдит гугъэр я нэгу къыщІагъэхьэну. Ахэр тепсэлъыхьт 2 Тимофей 3:1—5 итым жэнэтым и гугъу ищІу щытамэ, абы сыт хуэдэ псалъэхэр итынутэми: «ДунеищІэм икъукІэ гъащІэ насыпыфІэ щыІэнущ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ цІыхухэр гу къабзэу щытынущ, Алыхьым теухуа щІэныгъэр фІыуэ ялъагъуу, Іэдэбу, я зэфІэкІыр здынэсыр ящІэжу, Алыхьыр ягъэлъапІэу, адэ-анэхэм яхуэжыІэдаІуэу, ягу фІыщІэ илъу, пэжагъ ягъэлъагъуэу, адрейхэр фІыуэ ялъагъуу, уадэгъуэгурыкІуэфу, нэгъуэщІхэм фІыкІэ тепсэлъыхьу, зашыІэфу, гущІэгъу яхэлъу, фІыр фІыуэ ялъагъуу, дзыхь яхуэпщІ хъууэ, дачыхыфу, загъэлъахъшэфу, загъэтхъэжыным нэхърэ Алыхьыр нэхъыфІу ялъагъуу, гу къабзэкІэ абы хуэлажьэу. Апхуэдэ цІыхухэр гъэныбжьэгъу». Уи унагъуэм е уи ныбжьэгъухэм я гъусэу дунеищІэм щыІэну гъащІэм фытепсэлъыхьрэ?

15. Таня шынэр зытримыгъакІуэу Иеговэ хуэпэжыну сыт къыдэІэпыкъуар?

15 Северная Македония жыхуаІэм щыщ ди шыпхъу Таня и щапхъэм деплъынщ. Абы Библиер иджын щыщІидзам щыгъуэ, и адэ-анэр егъэлеяуэ къыпэщІэуващ. Ауэ къэкІуэну зэманым Иеговэ ищІэнум зэрегупсысым и фІыгъэкІэ ди шыпхъум шынэр къытекІуакъым. Абы игу къегъэкІыж: «Сэ сызыщышынэу щытар къэхъуащ. ЗэІущІэм сыкъикІыжыху си анэм сиукІт. Иджыри си адэ си анэм сагъэшынэт Иеговэ и Щыхьэт сыхъумэ саукІыпэну жаІэурэ». ИкІэм-икІэжым ар унэм къыщІахуащ. Абы дауэ а псор къызэрыщыхъуар? Таня къыддогуашэ: «Иеговэ сыхуэпэжмэ, игъащІэ псокІэ насыпыфІэу сызэрыщытынум си акъылыр тезухуащ. Сэ иджыри сегупсыст: мы дунейм зыгуэр щысфІэкІуэдми Иеговэ дунеищІэм псори къызитыжынущ. Іей псори сщыгъупщэжынущ». Таня Иеговэ къигъэнакъым. Алыхьыр къыдэІэпыкъуурэ абы здэщыпсэун къигъуэтащ. Иджыпсту абы щхьэгъусэ игъуэтащ, ахэр насыпыфІэу зэдопсэу икІи зэгъусэу полновременнэу Иеговэ хуолажьэ.

ИЕГОВЭ НЭХЪЫБЭУ ДЗЫХЬ ЗЭРЫХУЭФЩІЫНЫМ ФЫХУЩІЭКЪУ

16. Лука 21:26—28 ит псалъэхэр къыщыхъукІэ, сыт дэ къыддэІэпыкъунур лІыгъэ тхэлъу дыкъэнэну?

16 Гузэвэгъуэшхуэм деж «шынагъуэм зэщІищтауэ цІыхухэр зэтемэхэнущ». Ауэ Алыхьым и лэжьакІуэхэм лІыгъэрэ теубыдагъэрэ яхэлъынущ. (Къеджэ Лука 21:26—28.) Сыт дэ шынэр къыщІыттемыкІуэнур? Дэ Алыхьым дыщыгугъыу зэрызедгъэсам и фІыгъэкІэ шынэр къыттекІуэнукъым. Зи гугъу тщІа Таня зэрыжиІэмкІэ, япэм зыпэщІэхуа гугъуехьхэр абы къыдоІэпыкъу иджы зыпэщІэхуэ гугъуехьхэм пэлъэщыну. Абы жеІэр: «Сэ си гъащІэмкІэ згъэунэхуащ: Иеговэ зыпэмылъэщыфын гугъуехь щыІэкъым. Іуэхур дапхуэдизу зэхэмызэрыхьами, Иеговэ хэкІыпІэ нэхъыфІ дыдэр къигъуэтыфынущ». Абы пещэ: «Иныкъуэхэм деж къыпщохъу уи гъащІэр цІыхухэм я ІэмыщІэ илъу. Ауэ ар апхуэдэу щыткъым — Иеговэ сыт хуэдэ цІыхум нэхъри нэхъ лъэщщ. ГъэунэхуапІэ нэхъ хьэлъэ дыдэми щІэдзапІэ зэриІэм хуэдэу, кІэухи иІэщ».

17. 2024-нэ гъэм хухаха едзыгъуэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъунур? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)

17 Нобэ щыІэ Іуэхугъуэ куэдым дагъэшынэфынущ. Ауэ Даут хуэдэу, дэри шынэр зытедгъакІуэкъым. 2024-нэ гъэм хухаха едзыгъуэм Даут Иеговэ зэрызыхуигъэза псалъэхэр итщ: «Шынэр къыщыстекІуэм деж, уэращ сызыщыгугъыр» (Пс. 56:3). Зы справочник гуэрым мы едзыгъуэм теухуауэ мыпхуэдэ комментарий итщ: «Даут зыщышынэм и акъылыр тригъэттэкъым. Абы и акъылыр зытригъэту щытар къезыгъэлыну и Алыхьырат». Мы едзыгъуэм ит псалъэхэм илъэс псом фегупсыс, псом хуэмыдэу фызыгъэшынэ Іуэхугъуэ фыщыпэщІэхуэм деж. Зэман къыдэвгъэкІ, Иеговэ ипэкІэ ищІам, иджыпсту ищІэм, дяпэкІи ищІэнум фегупсысын щхьэкІэ. Абы щыгъуэ Даут хуэдэу жыфІэфынущ: «Алыхьым сыщогугъ, зыми сыщышынэкъым» (Пс. 56:4).

Гузэвэгъуэшхуэ гуэр къэхъуауэ шыпхъур гъэм хухаха едзыгъуэм йогупсыс (17-нэ абзацым феплъ.)

КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ДЫЗЭРЕГУПСЫСЫР ШЫНЭМ ДЫТЕКІУЭНУ ДАПХУЭДЭУ КЪЫЗЭРЫДДЭІЭПЫКЪУНУР?

  • Сыт Иеговэ ипэкІэ ищІар?

  • Сыт Иеговэ иджыпсту ищІэр?

  • Сыт Иеговэ дяпэкІэ ищІэнур?

33-НЭ УЭРЭДЫР Уи хьэлъэр Иеговэ ІэщІэлъхьэ

a jw.org сайтым «подражайте их вере» е «случаи из жизни» псалъэхэр «къэлъыхъуэн» жыхуиІэм ифтхэ. JW Library® приложением «Подражайте их вере» статья гупыр е «Биографии Свидетелей Иеговы» жыхуиІэр къыщызэІуфх.

b Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.

d СУРЭТЫМ ИТЫР. Даут егупсыст мыщэ иукІыну Иеговэ къызэрыдэІэпыкъуам, Ахимелех къигъэсэбэпу иджыпсту къызэрыдэІэпыкъум икІи къэкІуэну зэманым пащтыхь зэрищІынум.

e СУРЭТЫМ ИТЫР. Къуэшыр тутнакъым ису йогупсыс тутын хыфІидзэну Иеговэ къызэрыдэІэпыкъуауэ щытам, и ныбжьэгъухэм я письмохэмкІэ иджыпсту зэригъэгушхуэм икІи къэкІуэну зэманым гъащІэ мыухыж иІэу жэнэтым зэрыщигъэпсэуным.