Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Иеговэ цІыхубзхэм зэрахущытым хуэдэу сэри сахущыт?

Иеговэ цІыхубзхэм зэрахущытым хуэдэу сэри сахущыт?

ДИ ШЫПХЪУ a лъапІэхэм я гъусэу Иеговэ ухуэлэжьэну пщІэшхуэщ! Ахэр псэемыблэжу Алыхьым хуолажьэ икІи абыхэм уащыгугъ хъунущ. Дэтхэнэ зы шыпхъури дэ фІыуэ долъагъу икІи лъапІэу долъытэ. Дэ, къуэшхэр, абыхэм щабэу, я жагъуэ дымыщІу дахущытын хуейщ. ДауикІ, псоми гуэныхь зэрытхэлъым къыхэкІкІэ ар щытхузэфІэмыкІ къохъу. Языныкъуэ къуэшхэм хуабжьу къогугъуэкІ цІыхубзхэм пщІэ хэлъу яхущытыну.

Языныкъуэ къэралхэм щыпсэу цІыхухъухэм цІыхубзхэр езыхэм нэхърэ нэхъыкІэу къалъытэ. Боливием районым и нэхъыжьу щылажьэ ди къуэш Ханс жеІэ: «ЩІалэ цІыкІухэр ягъасэ цІыхухъур пхъашэу, ткІийуэ щытын хуейуэ икІи цІыхубзым пщІэ хуэпщІыну хуэмыфащэу». Тайвань щыщ зэхуэсым и нэхъыжьу лажьэ Шэн Сянь жеІэ: «Сыщыпсэу щІыпІэм къалъытэ цІыхубзым и Іуэху еплъыкІэр жиІэну хуимыту, цІыхухъу Іуэхухэми и чэнджэщ хилъхьэ мыхъуну. ЦІыхухъур цІыхубзым и чэнджэщым едаІуэу щытмэ, абы и пщІэр еудыха хъууэ къащохъу». Абы нэмыщІ цІыхубзхэм я пщІэр гушыІэ къемызэгъхэмкІэ езыудых цІыхухъухэри щыІэщ.

Ди насыпщи, ди щІыпІэм къыщекІуэкІ хабзэхэм Іэмал имыІэу дытетын хуейуэ щыткъым. Укъэзыухъуреихь цІыхухэм цІыхубзым пщІэ хуэмыфащэу къалъытэми, уэ апхуэдэ гупсысэкІэ уиІэн хуейуэ щыткъым (Еф. 4:22—24). Иеговэ щапхъэ тепхмэ, уи гупсысэкІэр пхъуэжыфынущ. Мы статьям упщІищ щызэпкърытхынущ: дапхуэдэу Иеговэ цІыхубзхэм зэрахущытыр? Сыт къуэшхэм къадэІэпыкъунур Иеговэ хуэдэу цІыхубзхэм яхущытыну? ЦІыхубзхэм пщІэ зэрыхуэщІын хуейм теухуауэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр адрейхэм щапхъэ дапхуэдэу зэрахуэхъуфынур?

ИЕГОВЭ ЦІЫХУБЗХЭМ ДАПХУЭДЭУ ЗЭРАХУЩЫТЫР?

ЦІыхубзхэм зэрыхущытын хуейм теухуауэ щапхъэ нэхъыфІ дыдэ дэзыгъэлъагъур Иеговэщ. Ар зи сабийхэр фІыуэ зылъагъу икІи абыхэм зэпымыууэ и нэІэ тезыгъэт Адэу щытщ (Ин. 3:16). Ар ди шыпхъухэм фІыщэу илъагъу ипхъухэм хуэдэу хущытщ. Иеговэ цІыхубзхэм пщІэ зэрахуищІыр къэзыгъэлъагъуэ Іуэхугъуэхэм дыхэплъэнщ.

Иеговэ цІыхухъухэми цІыхубзхэми зэхуэдэу хущытщ. Алыхьым цІыхухъури цІыхубзри «езым ещхьу» къигъэщІащ (ЩІэдз. 1:27). Абы цІыхухъухэр нэхъ губзыгъэу, нэхъ акъылыфІэу къигъэщІакъым икІи ахэр цІыхубзхэм нэхърэ нэхъыфІу къилъытэкъым (2 Лет. 19:7). Алыхьым зэхуэдэу цІыхухъухэми цІыхубзхэми акъылрэ зэфІэкІрэ ярет, Библием ит пэжыр къагурыІуэн икІи абы и хьэл-щэнхэр ягъэлъэгъуэн щхьэкІэ. Абы нэмыщІ Иеговэ цІыхухъухэми цІыхубзхэми я фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ ярит тыгъэр зыщ. Алыхьым цІыхухъухэми цІыхубзхэми гугъэ яритащ гъащІэ мыухыж яІэу жэнэтым щыпсэуну е дин пашэу икІи пащтыхьу уафэм щытепщэну (2 Пет. 1:1). А псом къегъэлъагъуэ Иеговэ цІыхубзыр цІыхухъум нэхърэ нэхъ лъахъшэу зэримылъытэр.

Ар абыхэм жаІэм щІодэІу. Иеговэ цІыхубзхэм я гурыщІэхэмрэ я гукъеуэхэмрэ къыфІэмыІуэхуу щыткъым. Дэ дощІэ Рахэлрэ Аннэрэ я тхьэлъэІухэм ар зэредэІуар икІи абыхэм жэуап зэрыритар (ЩІэдз. 30:22; 1 Сам. 1:10, 11, 19, 20). Абы нэмыщІ цІыхубзхэм жаІэм щІэдэІуа цІыхухъухэм теухуауэ Алыхьым Библием ирыригъэтхащ. Псалъэм папщІэ, Ибрэхьим Иеговэ и унафэм тету, и щхьэгъусэ Сарэ и чэнджэщым щІэдэІуащ (ЩІэдз. 21:12—14). Пащтыхь Даут Авигее жиІэм едэІуащ, уеблэмэ, абы жиІащ а цІыхубзыр Иеговэ къыхуигъэкІуауэ (1 Сам. 25:32—35). И Адэм и щапхъэм сыт щыгъуи тет Хьисэ и анэ Мэрием жиІэм едэІуащ (Ин. 2:3—10). ЦІыхубзхэм жаІэм зэредаІуэмкІэ Иеговэ абыхэм пщІэ зэрахуищІыр мы щапхъэхэм наІуэ ящІ.

Иеговэ абыхэм дзыхь яхуещІ. Псалъэм папщІэ, Иеговэ Іэдэмрэ Хьэуарэ щІылъэм кІэлъыплъыну унафэ яхуищІащ (ЩІэдз. 1:28). Хьэуа Іэдэм дэІэпыкъуэгъу зэрыхуищІамкІэ Алыхьым къигъэлъэгъуащ, Іэдэм хуэдэуи, ар абы лъапІэу зэрилъытэр. Иеговэ Деворэрэ Хулдэрэ я пщэ къалэнышхуэ дилъхьат: абы ахэр бегъымбару хихат икІи а цІыхубзитІым я деж хьэкумыщІэхэмрэ пащтыхьхэмрэ чэнджэщ къыщалъыхъуэт (Суд. 4:4—9; 2 Цар. 22:14—20). Ноби Иеговэ цІыхубзхэм дзыхь яхуещІ. Ди шыпхъухэм хъыбарыфІыр ягъэІу, пионерхэу, миссионерхэу мэлажьэ. Шыпхъухэм дыщызэхуэс Унэхэм, Вефилхэм я проектхэр ящІ, ахэр яухуэ икІи абыхэм кІэлъоплъ. Хэти Вефилым, хэти ди тхыгъэхэр щызэрадзэкІ офисхэм щолажьэ. Иеговэ и лэжьыгъэр егугъуу зыгъэзащІэ а шыпхъухэр дзэшхуэм ебгъэщхь хъунущ (Пс. 68:11). Шэч хэмылъу, Иеговэ цІыхубзхэм зыри яхузэфІэмыкІыу икІи зыми хуэмыІэкІуэлъакІуэу къилъытэкъым.

КЪУЭШХЭМ СЫТ КЪАДЭІЭПЫКЪУНУР, ИЕГОВЭ ХУЭДЭУ, ЦІЫХУБЗХЭМ ЯХУЩЫТЫНУ?

Къуэшхэ, Иеговэ цІыхубзхэм зэрахущытым хуэдэу фахущытрэ фахущымытрэ дауэ къызэрыфщІэнур? ЦІыхубзхэм пщІэ хуэфщІрэ хуэвмыщІрэ зэхэвгъэкІын щхьэкІэ фи гупсысэкІэмрэ фи ІуэхущІафэхэмрэ фегупсыс. Абы теухуауэ зыри тхъуэжын хуэмейуэ дэ къытщыхъункІэ хъунущ. Уи гум и лажьэр къэпщІэну рентгеныр къызэрыбдэІэпыкъум хуэдэу, ныбжьэгъуфІхэмрэ Алыхьым и Псалъэмрэ къыбдэІэпыкъунущ цІыхубзхэм уазэрыхущытыр Иеговэ игу ирихьрэ иримыхьрэ къэпщІэну. Абы щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?

Уи ныбжьэгъум и еплъыкІэр къащІэ (Прит. 18:17, Гъэсэпэтхыдэхэр). ЗэхэщІыкІ зиІэ, дзыхь зыхуэпщІ икІи цІыху щабэу щыт ныбжьэгъу уиІэмэ, абы мыпхуэдэу уеупщІ хъунущ: «Дауэ уеплърэ, шыпхъухэм дапхуэдэу сазэрыхущытыр? ПщІэ зэрахуэсщІыр абыхэм зыхащІэу пІэрэ? Абыхэм сазэрыхущытым теухуауэ зыгуэр схъуэжын хуэмейуэ пІэрэ?» Зыгуэр пхъуэжыну уи ныбжьэгъум чэнджэщ къыуитамэ, зыбгъэгусэу уи щхьэр бгъэзэхуэжыну иужь уимыту, зэрызыпхъуэжыным къару ехьэлІи нэхъыфІщ.

Зыбгъэунэхужын щхьэкІэ Библиер къэгъэсэбэп. Шыпхъухэм уазэрыхущытыр зэхэбгъэкІыну Библиер ІэмэпсымэфІщ (Евр. 4:12). Библием дыщеджэкІэ, цІыхубзхэм фІыуэ яхущыта цІыхухъухэми Іейуэ яхущыта цІыхухъухэми я щапхъэхэм дыщрохьэлІэ. Аращи, ахэр цІыхубзхэм зэрахущытамрэ дэ дазэрыхущытымрэ зэдгъапщэ хъунущ. Иджыри Библием дыщеджэкІэ цІыхубзхэм еплъыкІэ тэмэм дазэрыхуимыІэм щхьэусыгъуэ къыхуэдгъуэтыну дыхуейуэ дэ языныкъуэ едзыгъуэхэм къимыкІ къидгъэкІыну иужь дитынукъым. Псалъэм папщІэ, 1 Петр 3:7 итщ цІыхубзхэр цІыхухъухэм нэхърэ «нэхъ гуащІэмащІэу» b. Абы къикІыу пІэрэ ахэр цІыхухъухэм акъылкІэ е зэфІэкІ гуэркІэ къакІэрыхуу? Хьэуэ, къикІкъым! Петр и псалъэхэр Галатие 3:26—29 итым егъапщэ. Абы щыжыІащ Иеговэ Хьисэ и Пащтыхьыгъуэр дэзыІыгъынухэр цІыхухъухэми цІыхубзхэми къызэрыхихыр. Дэ Алыхьым и Псалъэр куууэ дджымэ икІи ди ныбжьэгъуфІым дечэнджэщмэ (ар цІыхухъууи цІыхубзуи ирехъу), шыпхъухэм яхуэфащэ пщІэр яхуэтщІу зедгъэсэнущ.

ШЫПХЪУХЭМ ПЩІЭ ЗЭРЫХУАЩІЫР ЗЭХУЭСЫМ И НЭХЪЫЖЬХЭМ ДАПХУЭДЭУ КЪЫЗЭРАГЪЭЛЪАГЪУЭР?

Зэхуэсым и нэхъыжьхэр шыпхъухэм зэрыхущытын хуейм теухуауэ къуэшхэм щапхъэфІ ирагъэлъагъу. Сыт абыхэм ящІэр, шыпхъухэм пщІэ къызэрыхуащІыр зыхащІэн щхьэкІэ? Абы теухуауэ щапхъэ зыбжанэ зэпкърытхынщ.

Ахэр шыпхъухэм щотхъу. Апостол Паул зэхуэсым и нэхъыжьхэм щапхъэфІ къахуигъэнащ. Рим дэсхэм яхуитха письмом итт, ар шыпхъу зыбжанэм зэрыщытхъур (Рим 16:12). Къызыщывгъэхъут зэхуэсым щыщ псоми зэхахыу а письмом къыщеджам, а шыпхъухэр зэрыгуфІар! Ноби зэхуэсым и нэхъыжьхэр щымысхьу псалъэ гуапэхэр шыпхъухэм жраІэ. Шыпхъухэм ягъэлъагъуэ хьэл-щэныфІхэм къуэшхэм гу лъатэ икІи Иеговэ псэемыблэжу зэрыхуэлажьэм щхьэкІэ абыхэм ящотхъу. Абы и фІыгъэкІэ шыпхъухэм зыхащІэ лъапІэу къызэралъытэр икІи пщІэ къызэрыхуащІыр. Зэхуэсым и нэхъыжьым и псалъэ гуапэхэм шыпхъухэм къару къыщІалъхьэжыфынущ адэкІи Иеговэ пэжу хуэлэжьэну (Прит. 15:23).

Щытхъу

Зэхуэсым и нэхъыжьхэр шыпхъухэм щыщытхъум деж, ар я гум къыбгъэдэкІыу ящІэ икІи щІыщытхъун Іуэхугъуэ гуэр къызэрыхагъэщыным хущІокъу. Сыт апхуэдэу щІащІэр? Абы теухуауэ Дже́ссикэ къыддогуашэ: «ДауикІ, гуапэщ дэлъхухэр къыщыпщытхъум деж, ауэ къыщІыпщытхъум и щхьэусыгъуэр къыщыбжаІэм деж ар нэхъыфІыжщ. Псалъэм папщІэ, зэІущІэр щекІуэкІым деж шыпхъум и сабийхэр сабыру щысыну зэригъасэм щхьэкІэ е Библием иригъаджэр зэІущІэхэм къызэрыздишэм щхьэкІэ». Зэхуэсым и нэхъыжьхэр Іуэхугъуэ хэха гуэр щхьэкІэ шыпхъухэм щыщытхъум деж абыхэм зыхащІэ зэхуэсым щыщхэм фІыуэ къызэралъагъур икІи лъапІэу къызэралъытэр.

Ахэр шыпхъухэм жаІэм щІодэІу. Пагагъэ зыхэмылъ зэхуэсым и нэхъыжьхэм къагуроІуэ езыхэм нэхърэ нэхъыфІу Іуэху гуэрым нэгъуэщІхэм зэрыхащІыкІыфынур. Аращ къуэшхэм шыпхъухэм я Іуэху еплъыкІэр жаІэну щІыхуагъэушыр икІи абыхэм фІыуэ щІедаІуэр. Апхуэдэу зэхуэсым и нэхъыжьхэм шыпхъухэр ягъэгушхуэ, езыхэми щІэуэ зыгуэр къащІэ. Вефилым щылажьэ икІи зэхуэсым и нэхъыжьу щыт Гера́рдо гу зылъитамкІэ къыддогуашэ: «Сэ шыпхъухэр чэнджэщэгъу щысщІым деж си къалэнхэр нэхъыфІу согъэзащІэ. Инэхъыбэм къуэшхэм нэхърэ шыпхъухэм Іуэху гуэрым нэхъыфІу хащІыкІ». Шыпхъу куэдыр пионеру мэлажьэри, я щІыпІэм щыпсэу цІыхухэр нэхъыфІу яцІыху. Зэхуэсым и нэхъыжьу лажьэ ди къуэш Бра́йан мыпхуэдэу жеІэ: «Ди шыпхъу лъапІэхэм организацэм къыхуэсэбэпын зэфІэкІхэмрэ хьэл-щэнхэмрэ яІэщ. Аращи, абыхэм я дэІэпыкъуэгъур ІэщІыб тщІынкъым!»

ЕдаІуэ

Іущагъ зыхэлъ зэхуэсым и нэхъыжьхэм шыпхъухэм я чэнджэщхэр ІэщІыб ящІыну пІащІэкъым. Сыт щхьэкІэ? Зэхуэсым и нэхъыжьу щыт ди къуэш Э́двард жеІэ: «Шыпхъум и Іуэху еплъыкІэмрэ опыт иІэмрэ къуэшым къыдэІэпыкъунущ Іуэхум лъэныкъуэ зыбжанэкІэ еплъыну икІи адрейхэм я гурыщІэхэм егупсысыну» (Прит. 1:5). Шыпхъум жиІар зэхуэсым и нэхъыжьым къимыгъэсэбэпыфынуми, и Іуэху еплъыкІэр зэрыжиІам щхьэкІэ, ар Іэмал имыІэу шыпхъум щытхъунущ.

Абыхэм шыпхъухэр ягъасэ. Іущагъ зыхэлъ зэхуэсым и нэхъыжьхэм шыпхъухэр ягъасэ. Псалъэм папщІэ, хъыбарыфІ гъэІуным пыщІа зэІущІэ кІэщІыр дапхуэдэу егъэкІуэкІын хуейми абыхэм къыгурагъаІуэ. Абы и фІыгъэкІэ шыпхъухэм сыт щІэн хуейми ящІэ, псым зыщІэзыгъэуа къуэш зэІущІэм щымыІэмэ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм шыпхъухэр хуагъэхьэзыр организацэм иригъэкІуэкІ ухуэныгъэхэм зэрыхэтыным икІи организацэм и унэхэм зэрыкІэлъыплъыным. Псалъэм папщІэ, техникэмрэ Іэмэпсымэ зэмылІэужьыгъуэмрэ ирилэжьэфу ягъасэ. Вефилым пщІэ зыпылъ къалэн зыгъэзащІэ къуэшхэм шыпхъухэр лэжьыгъэ зэмылІэужьыгъуэхэм хурагъасэ: а лэжьыгъэр техобслуживанием, программированием, щэхуэным, бухгалтер лэжьыгъэм е нэгъуэщІ гуэрхэм пыщІауэ щытыфынущ. Шыпхъухэр зэрагъасэмкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм къагъэлъагъуэ абыхэм дзыхь зэрыхуащІыр икІи къалэн иратхэр яхузэфІэкІыну къызэралъытэр.

Гъасэ

Ди шыпхъу куэдым зэхуэсым и нэхъыжьхэм я фІыгъэкІэ къащІар къагъэсэбэп, нэгъуэщІхэм ядэІэпыкъун щхьэкІэ. Псалъэм папщІэ, ухуэныгъэм пыщІауэ ІэщІагъэ гуэр зэзыгъэгъуэта шыпхъухэм гузэвэгъуэшхуэхэм зэтракъута унэхэр ящІыж. Языныкъуэ шыпхъухэр цІыху куэд здэщыІэ щІыпІэхэм хъыбарыфІыр зэрагъэІуну щІыкІэм хурагъэсащ. Иджы ахэр нэгъуэщІ шыпхъухэм къащІамкІэ ядогуашэ. Сыт шыпхъухэм жаІэр зэхуэсым и нэхъыжь къадэІэпыкъуахэм щхьэкІэ? Дже́ннифер къыддогуашэ: «Дыщызэхуэс Унэхэм щыщ зы щаухуэм сызэрыхэтар си гум къинэжащ. А лэжьыгъэм кІэлъыплъ дэлъхум и зэманым щымысхьу сигъасэт. Абы си лэжьыгъэм гу лъитэт икІи сыт щыгъуи къысщытхъут. А дэлъхум сыдэлэжьэну сфІэфІт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дзыхь къызэрысхуащІыр икІи лъапІэу сызэралъытэр зыхэсщІэт».

ИЕГОВЭ ХУЭДЭУ ЦІЫХУБЗХЭМ ХУЩЫТЫНЫМ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЩІИІЭР СЫТ?

Ди шыпхъу лъапІэхэр дэ фІыщэу долъагъу. Дэ абыхэм ди унагъуэм щыщхэм хуэдэу дахущытыну дыхуейщ (1 Тим. 5:1, 2). Дэ ахэр лъапІэу долъытэ икІи я гъусэу Алыхьым дыхуэлэжьэну Іэмал дызэриІэм дропагэ. ФІыуэ зэрытлъагъур, дазэрыдэІэпыкъур ди шыпхъухэм зэрызыхащІэр щытлъагъукІэ, дэри абы ди гур хегъахъуэ. Ване́ссэ зи цІэ ди шыпхъум жеІэ: «Сэ Иеговэ фІыщІэшхуэ хузощІ, и организацэм сызэрыхэтым щхьэкІэ. Абы гулъытэ зыхэлъ икІи псалъэ гуапэкІэ узыгъэгушхуэну хьэзыр дэлъху куэд хэтщ». Тайвань щыщ нэгъуэщІ ди шыпхъуми мыпхуэдэу жеІэ: «Сэ зыкІэ сигу ирохьри Иеговэрэ абы и организацэмрэ цІыхубзхэм зэрыхущытыр икІи ди гурыщІэхэм зэрыхуэсакъыр! Абы си фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ещІ икІи Алыхьым и лъэпкъым сызэрыхэтыр лъапІэу слъытэну къыздоІэпыкъу».

Къуэшхэ, Иеговэ хуэдэу, фэри цІыхубзхэм фахущытыну къару зэрефхьэлІэр абы елъагъу икІи абыкІэ фэ ар хуабжьу фогъэгуфІэ! (Прит. 27:11). Шотландием щыщ зэхуэсым и нэхъыжь Бе́нджамин жеІэ: «Мы дунейм цІыхубзхэр ягъэпуд. Дэ дыхуейщ ахэр дыщызэхуэс Унэхэм къыщыкІуэкІэ Иеговэ и лъэпкъыр мы дунейм къызэрыщхьэщыкІыр наІуэу едгъэлъагъуну». Аращи, ди шыпхъу лъапІэхэм Иеговэ зэрыхущытым хуэдэу дэри дахущывгъэт икІи пщІэ зэрахуэтщІымрэ фІыуэ зэрытлъагъумрэ едвгъэгъэлъагъу (Рим. 12:10).

a Мы статьям къыщыхьа «шыпхъу» псалъэр зыхуэгъэзар къыддалъхуа ди шыпхъухэракъым, атІэ Иеговэ хуэлажьэ ди шыпхъухэращ.

b «Нэхъ гуащІэмащІэщ» жыхуиІэ псалъэхэм къикІым нэхъ убгъуауэ топсэлъыхь «Ценность „более слабого сосуда“» жыхуиІэ статьямрэ («ХъумакІуэ чэщанэ» 2006-нэ гъэ, майм и 15) «Мудрое наставление для супружеских пар» жыхуиІэ статьямрэ («ХъумакІуэ чэщанэ» 2005-нэ гъэ, мартым и 1).