Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

5 СТАТЬЯР

27-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьым и къуэхэр куэд мыщІэу дунейм иригъэлъэгъунущ

«Уи закъуэу укъэзгъэнэнукъым»!

«Уи закъуэу укъэзгъэнэнукъым»!

«Тхьэм къыжиІащ: «ИгъащІэкІэ ухыфІэздзэжынукъым, уи закъуэу укъэзгъэнэнукъым» (ЕВР. 13:5).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Хьисэ и гъусэнухэр уафэм дэкІуеижа иужь, Алыхьым щІылъэм щыІэ и лэжьакІуэхэр къызэримыгъэнэнум.

1. Хьисэ и Пащтыхьыгъуэр дэзыІыгъынухэм щыщу къэнэжахэр дапщэщ уафэм щыдрашеижынур?

 ЯПЭМ Иеговэ и Щыхьэтхэр мыпхуэдэ упщІэм игъэпІейтейуэ щытащ: «Хьисэ и Пащтыхьыгъуэр дэзыІыгъынухэм щыщу иужьрейр дапщэщ уафэм щыкІуэнур?» Дэ ди гугъэу щытащ абыхэм ящыщ языныкъуэхэр Армагеддоным пхыкІыу иджыри зэман гуэркІэ щІылъэм тетыну. Ауэ 2013-нэ гъэм, июлым и 15-м, къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» къыщытщІащ Хьисэ и Пащтыхьыгъуэр дэзыІыгъынухэм щыщу щІылъэм иджыри тетхэр Армагеддоным ипэ къихуэу уафэм зэрыдрашеижынур (Мт. 24:31).

2. Сыт хуэдэ упщІэ къэхъеифынур икІи мы статьям сыт щызэпкърытхынур?

2 Ауэ мыпхуэдэ упщІэ къэхъеифынущ: Иеговэ хуэлажьэ «нэгъуэщІ мэлхэр» «гузэвэгъуэшхуэ» зэманым дауэ хъуну? (Ин. 10:16; Мт. 24:21). Нобэ языныкъуэхэм я гугъэщ ящІэнур ямыщІэу икІи дэІэпыкъуэгъуншэу къэнэну, уафэм кІуэну гугъэ зиІэ къуэш, шыпхъухэр абы драшеижа иужь. Апхуэдэ гупсысэм щхьэусыгъуэ хуэхъуфыну Библием ит ІуэхугъуитІ иджыпсту деплъынщ. ИужькІэ дытепсэлъыхьынщ дыщІэгузэвэн щхьэусыгъуэ лъэпкъ зэрыщымыІэм.

СЫТ КЪЭМЫХЪУНУР?

3, 4. Языныкъуэхэр сыт щІэгузавэр икІи сыт щхьэкІэ?

3 Языныкъуэхэр мэгузавэ, УнафэщІ гупым щыщ къуэшхэр уафэм щыдэкІуеижыну зэманым щегупсысым деж. Абыхэм мыпхуэдэу жаІэ: «НэгъуэщІ мэлхэм щыщ гуэрхэм пэжыр къамыгъэнэну пІэрэ?» Апхуэдэ гупсысэкІэм лъабжьэ хуэхъуфынущ Библием къиІуэтэж Іуэхугъуэхэр. Иджыпсту щапхъитІ деплъынщ. Алыхьым и лэжьакІуэ цІэрыІуэу щыта дин пашэшхуэ Иодай дигу къэдгъэкІыжынщ. Абырэ и щхьэгъусэ Иехошевэрэ Иоас зи цІэ щІалэ цІыкІур кърагъэлащ икІи пащтыхьыфІ хъуну абы дэІэпыкъуащ. Иодай псэуху, а пащтыхьыр Иеговэ пэжу хуэлэжьащ, ауэ дин пашэшхуэр лІа иужь, Иоас Іуэху мыхъумыщІэхэр илэжьу щІидзащ. Ар Іуэху Іей зылэжь пщыхэм едаІуэри Иеговэ бгъэдэкІащ (2 Лет. 24:2, 15—19).

4 ЕтІуанэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэми дытепсэлъыхьынщ. Апостол Иуан псэуху, къуэш, шыпхъухэм ядэІэпыкъуащ теубыдагъэ яІэу Иеговэ хуэлэжьэну (3 Ин. 4). Иуан нэгъуэщІ апостолхэм я гъусэу къаруушхуэ ирихьэлІащ, Алыхьым и хабзэм пэщІэувэхэм зэхуэсыр щихъумэн щхьэкІэ (2 Фес. 2:7; 1 Ин. 2:18). Ауэ Иуан лІа иужь, Алыхьым епцІыжа цІыху куэд зэхуэсым къыхыхьащ. Зэман куэди дэмыкІыу зэхуэсыр Хьисэ зыхуригъэджам пэжыжьэ хуэхъуащ.

5. Библием ит Іуэхугъуэ дызэплъахэм къимыкІыр сыт?

5 Иджыпсту зи гугъу тщІа ІуэхугъуитІым къагъэлъагъуэрэ Хьисэ и Пащтыхьыгъуэр дэзыІыгъынухэр уафэм дэкІуеижа иужь, нэгъуэщІ мэлхэр Иеговэ и лъабжьэм щІэкІыну? Абыхэм, Иоас хуэдэу, Іуэху мыхъумыщІэхэр ялэжьу щІадзэну? Е ди эрэм и етІуанэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэ языныкъуэхэм хуэдэу, Алыхьым епцІыжыну? А псом я жэуапыр зыщ — хьэуэ. Дэ шэч лъэпкъ къытедмыхьэми хъунущ уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр абы драшеижа иужь, нэгъуэщІ мэлхэр адэкІи Алыхьым пэжу зэрыхуэлэжьэнум икІи Иеговэ и нэІэ абыхэм зэратригъэтынум. Сыт ар быдэу ди фІэщ щІэхъур?

ДИН ПЭЖЫМ ЗЫРИ КЪЫЩЫЩІЫНУКЪЫМ

6. Сыт хуэдэ зэманищ кІэщІу дызытепсэлъыхьынур?

6 Дэ зэман хьэлъэхэр къытпэщылъми, дин пэжым зыри къыщыщІынукъым. Сыт абы шэч къыщІытедмыхьэр? Ар ди фІэщ зыщІыр ди зэманым теухуауэ Библием итыращ. Ди зэманыр хуабжьу къыщхьэщокІ пасэрей Израилым и зэманымрэ ди эрэм и етІуанэ лІэщІыгъуэм и зэманымрэ. А зэманищым иджыпсту кІэщІу дытепсэлъыхьынщ: 1) пасэрей Израилым и зэманым, 2) апостолхэр лІа иужь щыІа зэманым, 3) ди зэманым — «Тхьэм псори тэмэму щызэтригъэувэжым» (Апост. 3:21).

7. Израил лъэпкъри абы и пащтыхьхэри гъуэгу пэжым текІами, пэжагъ зыгъэлъагъуэ израил цІыхухэр адэкІи Алыхьым щІыхуэлэжьар сыт?

7 Пасэрей Израилым и зэманыр. ЛІэным куэд имыІэжу Мусэ бегъымбарым израил лъэпкъым мыпхуэдэу жриІат: «Сэ сощІэ, сылІа иужь фэ Іуэху гущыкІыгъуэхэр зэрывлэжьынур, фызрикІуэну вжесІа гъуэгуми фызэрытекІынур» (Втор. 31:29). Абы нэмыщІ Мусэ израил цІыхухэм яжриІауэ щытащ ахэр Алыхьым жиІэм емыдаІуэмэ, гъэрыпІэм зэрихуэнур (Втор. 28:35, 36). А псалъэхэр къэхъуа? Къэхъуащ. ЛІэщІыгъуэ куэдым къриубыдэу тета пащтыхь куэдыр Алыхьым епцІыжт, лъэпкъри гъуэгу пэжым трашт. Абы къыхэкІкІэ, Иеговэ израил лъэпкъым тезыр трилъхьащ икІи щІылъэм афІэкІа пащтыхь тригъэувэжакъым (Иез. 21:25—27). Ауэ Иеговэ хуэпэж израил цІыхухэм ялъагъут абы и Псалъэр къызэрыхъур (Ис. 55:10, 11). Абы и фІыгъэкІэ а цІыхухэм къару ягъуэтт адэкІи Иеговэ хуэлэжьэну.

8. Ди эрэм и етІуанэ лІэщІыгъуэм щыІа зэхуэсыр гъуэгу пэжым зэрытекІар дгъэщІэгъуэн хуей? КъыдгурывгъаІуэ.

8 Апостолхэр лІа иужь щыІа зэманыр. Ди эрэм и етІуанэ лІэщІыгъуэм щыІа зэхуэсыр гъуэгу пэжым зэрытекІар дгъэщІэгъуэн хуей? Хьэуэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Хьисэ жиІауэ щытащ абы и гъуэгу ирикІуэхэм я нэхъыбэм пэжыр къызэрагъэнэнур (Мт. 7:21—23; 13:24—30, 36—43). Хьисэ жиІа псалъэхэр япэ лІэщІыгъуэм къэхъун зэрыщІидзам апостол Паул, Пётр, Иуан сымэ щыхьэт техъуащ (2 Фес. 2:3, 7; 2 Пет. 2:1; 1 Ин. 2:18). ЕтІуанэ лІэщІыгъуэм Іуэхур нэхъ Іей хъуащ. Зэхуэсхэр зэрыщыту Алыхьым епцІыжри, Бабилэнышхуэм — дуней псом тет дин нэпцІым — и Іыхьэ хъуащ. Апхуэдэу Библием ит мы пророчествэри къэхъуащ.

9. Ди зэманыр сыткІэ къыщхьэщыкІрэ пасэрей Израилым и зэманымрэ етІуанэ лІэщІыгъуэм щыІа зэманымрэ?

9 «Тхьэм псори тэмэму щызэтригъэувэж» зэманыр. Ди зэманыр хуабжьу къыщхьэщокІ пасэрей Израилым и зэманымрэ етІуанэ лІэщІыгъуэм щыІа зэманымрэ. Библиер ди зэманым дапхуэдэу зэреджэр? Япэу ди щхьэм къэкІыр «мы дунейм и иужьрей махуэхэр» жыхуиІэрауэ къыщІэкІынщ (2 Тим. 3:1). Ауэ Библием къегъэлъагъуэ иужьрей махуэхэм и гъусэу нэхъ мыхьэнэ зиІэ икІи нэхъ кІыхьу щыт лъэхъэнэм зэрыщІидзар. А лъэхъэнэр щиухынур Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм щІылъэр жэнэт ищІыжу цІыхухэр дагъуэншэ щищІыжыну зэманыращ. А зэманым «Тхьэм псори тэмэму щызэтригъэувэж» зэманкІэ йоджэ (Апост. 3:21). Ар щыщІидзар 1914-нэ гъэращ. Сыт абы щыгъуэ зэтеувэжа хъуар? Хьисэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхь хъуащ. Апхуэдэу Иеговэ и цІэр зыгъэлъапІэ икІи Даут и щІэблэм щыщ пащтыхь къэунэхуащ. Ауэ пащтыхьыгъуэм и закъуэкъым Иеговэ зэтригъэувэжар. Куэд дэмыкІыу абы дин пэжыр зэтригъэувэжын щІидзащ (Ис. 2:2—4; Иез. 11:17—20). А диныр аргуэру зэІыхьэну пІэрэ?

10. 1) Ди зэманым дин пэжыр зэрызэтеувэжынум теухуауэ сыт Библием щыжыІар? (Исайя 54:17). 2) Апхуэдэ пророчествэхэм къэкІуэнум теухуауэ гугъэ быдэ къыщІыдатыр сыт?

10 Къеджэ Исайя 54:17. Мы псалъэхэм фегупсысыт: «Уэ къыппэщІэувэн щхьэкІэ ящІа зы Іэщэми ехъулІэныгъэ иІэнукъым»! Ар ди зэманым къохъу. Абы нэмыщІ гупсэхугъуэ къозыт мы псалъэхэри нобэ къохъу: «Уи бын псори Иеговэ игъэсэнущ, абыхэм мамырыгъэшхуэ яІэнущ. Уэ пэжагъым быдэу утетынущ. ...Уэ зы щхьэи ушынэнукъым, ущІэшынэн щхьэусыгъуи уиІэнукъым» (Ис. 54:13, 14). Уеблэмэ, «мы дунейм и тхьэу» щыт ШейтІанми хузэфІэкІынукъым Иеговэ и лэжьакІуэхэм ирагъэкІуэкІ лэжьыгъэр къигъэувыІэну (2 Кор. 4:4). Дин къабзэр зэтеувэжащ икІи афІэкІа абы зэи зыри къыщыщІынукъым. Ар игъащІэкІэ щытынущ. Дэ къытпэщІэувэн щхьэкІэ ящІа зы Іэщэми ехъулІэныгъэ иІэнукъым!

СЫТ КЪЭХЪУНУР?

11. Хьисэ и Пащтыхьыгъуэр дэзыІыгъынухэр уафэм драшеижа иужь, дыщІэшынэн щхьэусыгъуэ дыщІимыІэнур сыт?

11 Хьисэ и Пащтыхьыгъуэр дэзыІыгъынухэр уафэм драшеижа иужь сыт къэхъунур? Зыщывмыгъэгъупщэ: дэ ди Мэлыхъуэр — Хьисэщ. Аращ зэхуэсым и щхьэу щытыр. Абы езым мыпхуэдэу жиІащ: «УщиякІуэу фиІэ закъуэр Мэссихьщ» (Мт. 23:10). Ди Пащтыхьым и нэІэ и лъэужь ирикІуэхэм сыт щыгъуи ятригъэтынущ. Хьисэ ди унафэщІу зэрыщытым къыхэкІкІэ дэ дыщІэшынэн щыІэнукъым. Хьисэ а зэманым и лъэужь ирикІуэхэм унафэ зэраІэригъэхьэну щІыкІэм теухуауэ дэ псори тщІэкъым. Ауэ дэ дызыгъэгушхуэн щапхъэхэр Библием итщ. Абыхэм иджыпсту гу лъыттэнщ.

12. Дапхуэдэу Иеговэ и лъэпкъым и нэІэ зэрытригъэтар: 1) Мусэ лІа иужь? 2) Иляс къалэныщІэ ирита иужь? (Сурэтми феплъ.)

12 Иеговэ израил лъэпкъыр къызэригъэгугъа щІыналъэм иригъэхьэн ипэ Мусэ лІащ. Ар лІа иужь сыт къэхъуар? Израил лъэпкъыр дэІэпыкъуэгъуншэу къэнауэ арат? Хьэуэ, Иеговэ и нэІэ абыхэм ятригъэтащ, ахэр абы къыхуэлэжьэху. Мусэ лІэным куэд имыІэжу Иеговэ абы унафэ хуищІащ Нун и къуэ Ехьошуа лъэпкъым и пашэу тригъэувэну. Абы ипэ Мусэ Нун и къуэ Ехьошуа илъэс бжыгъэ куэдкІэ игъэсащ (Исх. 33:11; Втор. 34:9). Ехьошуа нэмыщІ, зэфІэкІ зиІэ нэгъуэщІ цІыхухъухэри лъэпкъым хэтащ. Хэти цІыху миным, хэти цІыхуищэм, хэти цІыху щэ ныкъуэм, хэти цІыхуипщІым я пашэу щытт (Втор. 1:15). Зэрытлъагъущи, Алыхьым и лъэпкъым дэІэпыкъуэгъуфІхэр иІащ. Бегъымбар Иляс щыпсэуа зэманми Іуэхур апхуэдэу щытащ. Израил цІыхухэр дин пэжым тетыну ар илъэс бжыгъэ куэдкІэ ядэІэпыкъуащ. Зэман гуэр дэкІри, Алыхьым абы къалэн иритащ Иудэм кІуэну (2 Цар. 2:1; 2 Лет. 21:12). ЛъэпкъипщІ хъу Израил пащтыхьыгъуэм щыпсэу Алыхьым хуэпэжхэр унафэншэу къэнауэ ара? Хьэуэ. Илъэс зыбжанэ хъуауэ Иляс бегъымбарым Елисей игъасэт. Абы нэмыщІ «бегъымбархэм я къуэхэри» щыІэт (2 Цар. 2:7). А бегъымбархэр зэгъусэу ирагъаджэу щытауэ къыщІэкІынщ. КъызэрыщІэкІымкІэ Алыхьым и лъэпкъым унафэ езытыфын, дзыхь зыхуэпщІ хъун цІыхухъу куэд щыІэт. Иеговэ и мурадыр адэкІи игъэзащІэт икІи и лэжьакІуэ пэжхэм и нэІэ ятригъэтт.

Мусэрэ (сэмэгурабгъумкІэ щыт сурэтыр) Илясрэ (ижьырабгъумкІэ щыт сурэтыр) дзыхь зыхуэпщІ хъун цІыхухъухэр я пІэкІэ лэжьэну ягъэхьэзыращ (12-нэ абзацым феплъ.)


13. Еврейхэм 13:5 дызыгъэгушхуэ сыт хуэдэ псалъэхэр ит? (Сурэтми феплъ.)

13 Зи гугъу тщІа щапхъэхэр дигу илъу, мыпхуэдэ упщІэм девгъэгупсыс: Хьисэ и Пащтыхьыгъуэр дэзыІыгъынухэм и иужьрейр уафэм дэкІуеижа иужь сыт къэхъунур? Дэ абы и жэуапыр дымыщІэу щыткъым. Библием къытхузэІуех гурыІуэгъуафІэу щыт икІи ди фІэщхъуныгъэр зыгъэбыдэ пэжыр: Иеговэ и лъэпкъыр зэи къигъэнэнукъым. (Къеджэ Еврейхэм 13:5.) Мусэрэ Илясрэ хуэдэу, нобэ дызыунэтІ УнафэщІ гупым щыщхэм нэгъуэщІхэр ирагъэджэным къаруушхуэ ирахьэлІэ. А къуэшхэм илъэс бжыгъэ куэд хъуауэ нэгъуэщІ мэлхэм щыщ цІыхухъухэр ягъасэ Алыхьым и лъэпкъым я нэІэ трагъэтыну. Псалъэм папщІэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэр, районым и нэхъыжьхэр, филиалхэм я комитетхэм щылажьэхэр, Вефилым пщІэ зыпылъ къалэн зыгъэзащІэ къуэшхэр, миссионерхэр, нэгъуэщІхэри щрагъаджэ школхэр щыІэщ. УнафэщІ гупым и комитетхэм я дэІэпыкъуэгъухэр УнафэщІ гупым щыщ къуэшхэм ирагъаджэ. А дэІэпыкъуэгъухэм лэжьыгъэ зэмылІэужьыгъуэхэр нобэ организацэм щагъэзащІэ, абыхэм я пщэ къалэнышхуэ дэлъщ. Ахэращ Хьисэ и мэл цІыкІухэм я нэІэ тезыгъэтынур, уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр уафэм дэкІуеижа иужь. А къалэным ахэр фІы дыдэу хуагъэхьэзыращ.

УнафэщІ гупым щыщ къуэшхэр псэемыблэжу мэлажьэ: абыхэм я дэІэпыкъуэгъухэр ягъасэ икІи зэхуэсым и нэхъыжьхэр, районым и нэхъыжьхэр, филиалхэм я комитетхэм щылажьэхэр, Вефилым пщІэ зыпылъ къалэн зыгъэзащІэ къуэшхэр, миссионерхэр щрагъаджэ школхэр къызэрагъэпэщ (13-нэ абзацым феплъ.)


14. Дызытепсэлъыхь темэм и гупсысэ нэхъыщхьэр сыт?

14 Дызытепсэлъыхь темэм и гупсысэ нэхъыщхьэр мыращ: Хьисэ и Пащтыхьыгъуэр дэзыІыгъынухэм и иужьрейр уафэм дэкІуеижа иужьи дин пэжыр кІуэдыжынукъым. Хьисэ Мэссихь дызэриунэтІым и фІыгъэкІэ дэ адэкІи Иеговэ дыхуэлэжьэнущ. А зэманым лъэпкъ зэгухьэнухэр — Магог щІыналъэм щыщ Гогыр къыттеуэнущ, ауэ ар зэрекІуэкІынур кІэщІ дыдэущ икІи бийхэм ехъулІэныгъэ яІэнукъым (Иез. 38:18—20). Дэ Иеговэ адэкІи жыджэру дыхуэлэжьэнущ икІи абы Іэмал имыІэу дыкъригъэлынущ. Апостол Иуан и нэгу щІэкІам щилъэгъуащ нэгъуэщІ мэлхэм щыщу «пхуэмыбжыну цІыху куэдыкІей». Апостол Иуан къыжраІащ ахэр «гузэвэгъуэшхуэм къыхэкІахэрауэ» зэрыщытыр (Апок. 7:9, 14). Пэжщ, Иеговэ Іэмал имыІэу дыкъригъэлынущ!

15, 16. Апокалипсис 17:14 зэритымкІэ, Хьисэ и гъусэнухэм Армагеддон зауэр щекІуэкІкІэ сыт ящІэнур икІи сыт абы дыщІигъэгушхуэр?

15 Ауэ языныкъуэхэм мыпхуэдэ упщІэ яІэнкІэ хъунущ: «Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр-щэ? Ахэр уафэм дэкІуеижа иужь сыт ящІэнур?» Абы и жэуапыр Библием къыщыдощІэ. Абы щыжыІащ къэрал унафэщІхэр «Щынэм зэрезэуэнур». Ауэ абыхэм текІуэныгъэ къахьынукъым. Дэ Библием дыкъыщоджэ: «Щынэр абыхэм ятекІуэнущ». Хэт абы къыдэІэпыкъунур? Мы упщІэм и жэуапыр мы едзыгъуэ дыдэм къыщыдогъуэт: «ЦІыху къыхихауэ, езым хуэпэжхэр абы и гъусэнущ» (Къеджэ Апокалипсис 17:14.) Хэт ахэр? Ахэр Хьисэ и тепщэныгъэр дэзыІыгъыну уафэм дэкІуеижахэращ. Гузэвэгъуэшхуэм и кІэм щынэсым деж Хьисэ и Пащтыхьыгъуэр дэзыІыгъынухэм и иужьрейр уафэм дэкІуеижа иужь, абыхэм япэ къалэну яІэнур — зэуэныращ. Ар сыту къалэн гъэщІэгъуэныщэ! Пэжыр къащІэн ипэ, Хьисэ и Пащтыхьыгъуэр дэзыІыгъынухэм щыщ языныкъуэхэр мамырыгъэр зыфІэфІ цІыхуу щытауэ пхужыІэнукъым. Уеблэмэ, абыхэм ящыщ гуэрхэри зауэми хэтащ. Ауэ иужькІэ абыхэм пэжыр къащІэри, мамыру псэууэ зрагъэсащ (Гал. 5:22; 2 Фес. 3:16). Абыхэм Іэщи къащтэжкъым, зауэхэми хэтыжкъым. Ауэ ахэр уафэм дэкІуеижа иужь, Хьисэрэ мелыІычхэмрэ я гъусэу иужьрей зауэр Алыхьым и бийхэм иращІылІэнущ.

16 Фегупсысыт, уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм щыщ языныкъуэхэм я ныбжьри хэкІуэтащ, къаруи яІэжкъым. Ауэ ахэр уафэм дэкІуеижа иужь лъэкІыныгъэшхуэ зиІэ мелыІыч хъунущ икІи зэи лІэнукъым. Ахэр текІуэныгъэр къэзыхь Хьисэ Мэссихь и гъусэу Армагеддон зауэм зэкъуэту хэтынущ. Зауэр иуха иужь, ахэр Хьисэ и гъусэу цІыхухэм ядэІэпыкъунущ дагъуэншэ хъуну. Ахэр щІылъэм щыщыІам щыгъуэ фІыуэ ялъагъу къуэш, шыпхъухэм хуащІам нэхърэ куэдкІэ нэхъыбэ уафэм щыІэу хуащІэфынущ.

17. Армагеддон зауэм деж, Иеговэ и лэжьакІуэ псори хъумауэ зэрыщытынур дэнэ дэ щытщІэр?

17 Сыт-тІэ нэгъуэщІ мэлхэм ящІэн хуеинур, Армагеддон зауэм щІидза иужь? Иеговэ дзыхь хуащІу жиІэм едэІуэн хуейуэ аращ. Сыт абы хыхьэр? Библием гупсэхугъуэ къыдэзыт мыпхуэдэ псалъэхэр итщ: «Уи унэ кІуэцІым щыІэ пэшхэм щІыхьэж, бжэхэри здыхуэщІыж. Зы дакъикъэкІэ зыгъэпщкІу, си губжьыр блэкІыху» (Ис. 26:20). А зэманым Иеговэ и лэжьакІуэ псори — уафэм щыІэхэри щІылъэм щыІэхэри — хъумауэ щытынущ. Апостол Паул хуэдэу, дэри шэч лъэпкъ къытетхьэкъым: «лъэкІыныгъэ зиІэ жинхэми [«тепщэныгъэ зиІэхэми», ДЩІ] иджы щыІэ Іуэхугъуэхэми, къэкІуэну зэманым щыІэну Іуэхугъуэхэми... Тхьэм... и фІылъагъуныгъэм дыбгъэдишын» зыми лъэкІынукъым (Рим 8:38, 39). Сыт щыгъуи фигу ивгъэлъ: Иеговэ фэ фІыщэу фелъагъу икІи зэи фыкъигъэнэнукъым!

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Хьисэ и Пащтыхьыгъуэр дэзыІыгъынухэм щыщу иужьрейр уафэм дэкІуеижа иужь сыт къэмыхъунур?

  • Дин пэжым зыри къызэрыщымыщІынум шэч къыщІытедмыхьэр сыт?

  • Иеговэ и лъэпкъыр зэи къызэримыгъэнэнум шэч къыщІытедмыхьэр сыт?

8-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ — ди быдапІэщ