Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

6 СТАТЬЯР

10-НЭ УЭРЭДЫР Ди Алыхь Иеговэ вгъэлъапІэ!

«ВгъэлъапІэ Иеговэ и цІэр!»

«ВгъэлъапІэ Иеговэ и цІэр!»

«Иеговэ и лэжьакІуэхэ, вгъэлъапІэ, вгъэлъапІэ Иеговэ и цІэр!» (ПС. 113:1).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Иеговэ и цІэр дгъэлъэпІэну сытым дежи хьэзыру дыщІыщытын хуейм и щхьэусыгъуэм.

1, 2. Иеговэ пцІы къытралъхьэм щхьэкІэ и гум щыщІэр къыдгурыІуэну сыт хуэдэ щапхъэ къыддэІэпыкъур?

 УИ НЭГУ къыщІэгъэхьэт фІыуэ плъагъу цІыху гуэрым Іей куэд къыпхужиІэу. Абы жиІэр пцІыуэ зэрыщытыр уэ уощІэ, ауэ языныкъуэхэм ар я фІэщ мэхъу. Псом нэхъ Іеижыращи, пцІыр зым адрейм жриІэурэ мэбагъуэ икІи куэдым зэхахар пэжу фІэкІа къащыхъукъым. Сыт хуэдэ гурыщІэт уэ уиІэнур? ЦІыхухэр къызэрыпхущытымрэ уи цІэр зэрыІумрэ уи дежкІэ мыхьэнэшхуэ иІэмэ, дауикІ, пцІы къызэрыптралъхьэр уи гум щІыхьэнущ (Прит. 22:1, Гъэсэпэтхыдэхэр).

2 Мы щапхъэр къыддоІэпыкъу Иеговэ и цІэр щагъэулъиям, абы и гум сыт щыщІами къыдгурыІуэну. Алыхьым къигъэщІа мелыІычхэм ящыщ зым абы теухуауэ Хьэуа пцІы хуиупсащ. Хьэуа а пцІыр и фІэщ хъури, езыри и щхьэгъусэри Иеговэ пэщІэуващ. Абыхэм я ягъэкІэ гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ цІыху псоми я Іыхьэ хъуащ (ЩІэдз. 3:1—6; Рим 5:12). Иджыпсту щыІэ гугъуехь псоми — лІэныгъэми, хьэзабми, зауэхэми — лъабжьэ хуэхъуар Іэдэн жыг хадэм ШейтІаным пцІы щиупсаращ. ДауикІ, Иеговэ и деж гущІыхьэт езым пцІы къызэрытралъхьэр зэхихыну икІи абы къыпэкІуэ Іейр илъагъуну. Ауэ Иеговэ зигъэгусакъым, гужьгъэжьи ищІакъым. Библием зэрыжиІэмкІэ, ар «Алыхь насыпыфІэу» щытщ (1 Тим. 1:11, ДЩІ).

3. Сыт хуэдэ пщІэ Иеговэ къытхуищІар?

3 Иеговэ и цІэ ягъэулъияр дгъэкъэбзэжыну Іэмал дызэриІэр ди дежкІэ пщІэшхуэщ. Аращи, «ВгъэлъапІэ Иеговэ и цІэр!» жыхуиІэ псалъэхэм дытевгъэт (Пс. 113:1). Ар дэ дгъэзэщІэфынущ, Алыхьым теухуа пэжыр нэгъуэщІхэм яжетІэмэ. Абы и цІэр бгъэлъэпІэну гукъыдэж уиІэ? Ди гум къыбгъэдэкІыу Иеговэ и цІэр дгъэлъэпІэн щхьэкІэ къыддэІэпыкъун щхьэусыгъуищ мы статьям щызэпкърытхынущ.

ДЭ ИЕГОВЭ ДОГЪЭГУФІЭ, АБЫ И ЦІЭР ЩЫДГЪЭЛЪАПІЭМ ДЕЖ

4. Иеговэ и цІэр щыдгъэлъапІэм деж, сыт ар щІэгуфІэр? Щапхъэ къэфхь. (Сурэтми феплъ.)

4 Уафэм щыІэ ди Адэр догъэгуфІэ, абы и цІэр щыдгъэлъапІэм деж (Пс. 119:108). Абы къикІыу пІэрэ лъэкІыныгъэ псори зиІэ Алыхьыр, цІыхухэм хуэдэу, ягъэгушхуэным хуэныкъуэу? Хьэуэ. Зы щапхъэ къэтхьынщ. Хъыджэбз цІыкІур и адэм бгъэдолъадэ, и Іэ цІыкІухэр и пщэм кърешэкІри, жеІэ: «Папэ, уэр нэхърэ нэхъыфІ мы дунейм зыри теткъым!» Адэр мэгуфІэ, и пхъум апхуэдэ псалъэ дахэхэр къызэрыжриІам щхьэкІэ. НтІэ, и пхъур къыщытхъуным адэр апхуэдизу хуэныкъуэу ара? Хьэуэ. Адэм и гуапэу аращ и пхъум фІыуэ къызэрилъагъур, хуищІэри фІыщІэ зэрищІыр. Абы ещІэр и пхъур балигъ хъуа иужь, насыпыфІэ хъуну а хьэл-щэнхэр къызэрыдэІэпыкъужынур. Апхуэдэ щхьэусыгъуэщ Иегови щІэгуфІэр, абы и цІэр щыдгъэлъапІэм деж.

Сабийм и псалъэ гуапэхэм адэм и гур зэригъэгуфІэм хуэдэу, Иеговэ мэгуфІэ, абы и цІэр щыдгъэлъапІэм деж (4-нэ абзацым феплъ.)


5. Алыхьым и цІэр щыдгъэлъапІэм деж, сыт хуэдэ пцІы къыщІэдгъэщыр?

5 Уафэм щыІэ ди Адэм щытхъу къыщыхуэтхьым деж, дэтхэнэ зыми къытлъэІэс пцІыр къыщІыдогъэщ. ШейтІаным жеІэ гъэунэхуапІэ ихуа цІыхур Иеговэ пэжу къыхуэмынэну икІи, и фейдэ хэмылъмэ, Алыхьым и щІыб хуигъэзэну (Иов 1:9—11; 2:4). Ауэ ШейтІаныр зэрыпцІыупсыр Іэиуб къыщІигъэщащ Алыхьым хуэпэжу къызэрынамкІэ. НтІэ, дэ ттеухуауэ сыт жыпІэ хъунур? Дэри уафэм щыІэ ди Адэм и цІэм дыкъыщхьэщыжыфынущ, ар дгъэгуфІэфынущ икІи пэжагъ дгъэлъагъуэу дыхуэлэжьэфынущ (Прит. 27:11). Сыту ар ди дежкІэ щІыхьышхуэ!

6. Пащтыхь Даутрэ левитхэмрэ дапхуэдэу щапхъэ зэрытетхыфынур? (Неемия 9:5).

6 Иеговэ фІыуэ зылъагъухэр хуейщ ягукІи я псэкІи абы щІыхь къыхуахьыну. Пащтыхь Даут и уэрэдым мыпхуэдэ псалъэхэр хэтащ: «Иеговэ согъэлъапІэ! Сигу псомкІэ абы и цІэр согъэлъапІэ!» (Пс. 103:1). Даут къыгурыІуэт Иеговэ и цІэр бгъэлъапІэмэ — абыкІэ езы Алыхьыр зэрыбгъэлъапІэр. Абы и цІэм ар сыт хуэдэ Алыхьу щытми къегъэлъагъуэ. Аращи, Алыхьым и цІэр щызэхэтхым деж, абы и хьэл-щэн дахэхэмрэ и ІэдакъэщІэкІхэмрэ занщІэу ди нэгу къыщІохьэ. Даут и Адэм и цІэр лъапІэу илъытэт икІи хуейт игу псомкІэ абы щІыхь къыхуихьыну. Левитхэми абыкІэ щапхъэфІ дагъэлъэгъуащ. Абыхэм Іэдэбагъ хэлъу жаІэт Алыхьым и цІэ лъапІэм хуэфащэ щІыхьыр къэзыгъэлъагъуэ псалъэхэр зэрахуримыкъур. (Къеджэ Неемия 9:5.) ДауикІ, апхуэдэ щытхъу псалъэхэм Иеговэ и гур егъэгуфІэ.

7. Иеговэ дызэрыхуэлажьэмкІи ди дуней тетыкІэмкІи дауэ абы и цІэр зэрыдгъэлъэпІэфынур?

7 Иеговэ фІыуэ зэрытлъагъур, абы фІыщІэ зэрыхуэтщІыр къызыхэщ псалъэ гуапэхэр щыжытІэм деж, дэ абы и гур догъэгуфІэ. Дэ хъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ ди мурад нэхъыщхьэр — цІыхухэр Иеговэ гъунэгъу хуэтщІыныращ икІи фІыщэу тлъагъу ди Адэм худиІэ гурыщІэхэм хуэдэ абыхэми яІэну дадэІэпыкъуныращ (Екъуб 4:8). Иеговэ и лъагъуныгъэм, и захуагъэм, и Іущагъым, и къарум, нэгъуэщІ и хьэл-щэн дахэхэми теухуауэ Библием куэд къытхузэІуех. Дэ дигу ирохь абы теухуауэ Библием жиІэр цІыхухэм едгъэлъагъуну. Абы нэмыщІ дэ Иеговэ догъэлъапІэ, и гури догъэгуфІэ махуэ къэс абы щапхъэ тетхыу и хьэл-щэн дахэхэр дгъэлъэгъуэну дызэрыхущІэкъумкІэ (Еф. 5:1). А хьэл-щэнхэр зэрыдгъэлъагъуэм и фІыгъэкІэ мы дунейм дызэрыщымыщыр цІыхухэм къалъагъуу, апхуэдэ щытыкІэм и щхьэусыгъуэр къащІэну хуеинкІэ хъунущ (Мт. 5:14—16). Апхуэдэм деж дэ Іэмал диІэнущ ди щытыкІэм лъабжьэ хуэхъур яжетІэну. Абы къыхэкІкІэ зигу къабзэ цІыхухэм Алыхьым гъунэгъу зыхуащІыну хуеинкІэ хъунущ. Уафэм щыІэ ди Адэр догъэгуфІэ, абы дызэрыхуэлажьэмкІи ди дуней тетыкІэмкІи щІыхь къыщыхуэтхьым деж (1 Тим. 2:3, 4).

ДЭ ХЬИСЭ ДОГЪЭГУФІЭ, ИЕГОВЭ И ЦІЭР ЩЫДГЪЭЛЪАПІЭМ ДЕЖ

8. Иеговэ и цІэр зэрыгъэлъэпІэн хуейм теухуауэ щапхъэ нэхъыфІ дыдэр Хьисэ дигъэлъэгъуауэ жыпІэ щІэхъунур сыт?

8 ЩІылъэми уафэми, Хьисэ хуэдэу, Иеговэ фІыуэ зыцІыху зыри щыІэкъым (Мт. 11:27). Хьисэ и Адэр фІыуэ елъагъу икІи абы и цІэр зэрыгъэлъэпІэн хуейм теухуауэ щапхъэ нэхъыфІ дыдэ игъэлъэгъуащ (Ин. 14:31). ЩаукІыну махуэм ипэ къихуэ пщыхьэщхьэм Хьисэ Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуигъазэри мыпхуэдэу жиІауэ щытащ: «Сэ уэ абыхэм уезгъэщІащ» (Ин. 17:26). Ар дауэ абы зэрищІар?

9. Уафэм щыІэ ди Адэ лъапІэр нэхъыфІу къэтцІыхун щхьэкІэ, Хьисэ сыт хуэдэ ущие хъыбар жиІар?

9 Алыхьым и цІэр Иеговэу зэрыщытыр Хьисэ жиІа закъуэу аракъым. Абы хъыбарыфІыр зыжриІэу щыта журтхэм ар куэд щІауэ ящІэт. Ауэ Хьисэ абыхэм ядэІэпыкъуащ Алыхьыр нэхъыфІу къацІыхуну (Ин. 1:17, 18). Псалъэм папщІэ, ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм къытхузэІуах Иеговэ гущІэгъу зыхэлъ Алыхьу зэрыщытыр (Исх. 34:5—7). Къуэ кІуэдам теухуауэ ущие хъыбар жиІэжамкІэ Хьисэ къигъэлъэгъуащ Алыхьым и гущІэгъум и кууагъыр. А ущие хъыбарым зи гугъу ищІ адэм и къуэр къэкІуэжу жыжьэу къыщилъагъум, игу щІэгъущ, жэри, ІэплІэ иришэкІыу, ба хуищІу щІидзащ, и гуэныхьхэри къыхуигъэгъуащ. Абы дыкъыщеджэм деж Иеговэ гущІэгъушхуэ зэрыхэлъыр зыхыдощІэ (Лк. 15:11—32). Хьисэ цІыхухэм къагуригъэІуащ Иеговэ сыт хуэдэ Адэу щытми.

10. 1) Дэнэ дэ щытщІэр Хьисэ и Адэм и цІэр къриІуэу зэрыщытар икІи нэгъуэщІхэми апхуэдэу ящІэну ар зэрыхуеяр? (Марк 5:19). (Сурэтми феплъ.) 2) Нобэ Хьисэ сыткІэ къытщыгугърэ?

10 И Адэм и цІэр нэгъуэщІхэм къраІуэну Хьисэ хуейуэ пІэрэт? ДауикІ, хуейт! А зэманым щыІа дин пашэ языныкъуэхэм къалъытэу къыщІэкІынт Алыхьым и цІэр апхуэдизу зэрылъапІэм щхьэкІэ къипІуэ мыхъуну. Ауэ Хьисэ апхуэдэ хабзэхэр зэран зыхуигъэхъуу щытакъым. Дигу къэдгъэкІыжынщ Гадарэ къалэм деж къэхъуа Іуэхугъуэр. Хьисэ игъэхъужауэ щытащ жин бзаджэм иІыгъ цІыхухъур. Ар зылъэгъуа цІыхухэр къэшынэри, Хьисэ елъэІуащ я хэкур ибгынэну. Абы иужь ар а хэкум икІащ (Мк. 5:16, 17). Ауэ Хьисэ хуейт Иеговэ и цІэр а щІыпІэм щыІэ псоми зэхахыну. Аращ абы игъэхъужа цІыхухъум щІыжриІар кІуэуэ адрейхэм къэхъуар яжриІэжыну. Ауэ а цІыхухъум жиІэн хуейт ар зи фІыгъэр Иеговэу зэрыщытыр. (Къеджэ Марк 5:19 a.) Ноби Хьисэ зыхуейр ар дыдэращ — цІыхуу хъуам и Адэм и цІэр зэхахыну! (Мт. 24:14; 28:19, 20). ХъыбарыфІыр дгъэІуу а цІэр къыщитІуэм деж, дэ ди Пащтыхь Хьисэ догъэгуфІэ.

Хьисэ жин бзаджэхэр зыхихуа цІыхухъум къалэн щещІ Иеговэ абы къызэрыдэІэпыкъуар цІыхухэм яжриІэну (10-нэ абзацым феплъ.)


11. Сыт ди тхьэлъэІухэм хэтын хуейуэ Хьисэ жиІар икІи абы мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? (Иезекииль 36:23).

11 Иеговэ хуейщ и цІэр игъэкъэбзэжыну икІи ар игъэлъэпІэну. Хьисэ ар ищІэти, аращ: «Уэ ди Адэ лъапІэу уафэм щыІэ! Уи цІэр цІыхухэм ирегъэлъапІэ», — жиІэу тхьэлъэІукІэ Алыхьым зыхуэдгъэзэну щІыжиІар (Мт. 6:9). Абы къыгурыІуэт Иеговэ и цІэр гъэлъэпІэным нэхърэ нэхъ мыхьэнэ зиІэ Іуэхугъуэ мы дунейм зыри зэрыщымыІэр икІи ар дэтхэнэ зыми зэрылъэІэсыр. (Къеджэ Иезекииль 36:23.) Иеговэ и цІэр гъэлъэпІа хъун щхьэкІэ, Хьисэ ищІам хуэдиз зы мелыІычи зы цІыхуи ищІакъым. ГъэщІэгъуэныращи, ар щаубыдам щыгъуэ, Алыхьым и цІэр игъэпудауэ жаІэри ягъэкъуэншащ. Алыхьым и цІэр бгъэпудыным нэхърэ нэхъ гуэныхь хьэлъэ щымыІэу езы Хьисэ къилъытэт. Арауэ къыщІэкІынщ лІэн ипэ ар «гузэвэгъуэм зэщІиубыдауэ» щІыщытар (Лк. 22:41—44).

12. Дапхуэдэу Хьисэ и Адэм и цІэр зэригъэлъэпІар?

12 И Адэм и цІэр игъэлъэпІэн щхьэкІэ Хьисэ куэд ишэчащ — пцІы зэрытралъхьари, и пщІэр зэрыраудыхари, удын хьэлъэ зэрытралъхьари. Абы ищІэт сыткІи Алыхьым хуэжыІэдаІуэу зэрыщытыр икІи щІэукІытэн лъэпкъ зэрыбгъэдэмылъыр (Евр. 12:2). Абы иджыри къыгурыІуэт а зэман гугъум ШейтІаныр къызэрытеуэр (Лк. 22:2—4; 23:33, 34). ШейтІаныр, дауикІ, хуейт Хьисэ Алыхьым епцІыжыну, ауэ ар Іейуэ щыуащ! Хьисэ наІуэу игъэлъэгъуащ ШейтІаныр зэрыпцІыупсыр икІи гъэунэхуапІэ хьэлъэхэм емылъытауэ, Иеговэ хуэпэжу щыт цІыху сыт щыгъуи зэрыщыІэнур.

13. Уафэм щыІэ уи Пащтыхьыр дапхуэдэу зэрыбгъэгуфІэфынур?

13 Уафэм щыІэ уи Пащтыхьыр уэ бгъэгуфІэну ухуей? НэгъуэщІхэм Иеговэ къебгъэцІыхуурэ, абы и цІэр адэкІи гъэлъапІэ. АбыкІэ уэ къэбгъэлъэгъуэнущ Хьисэ и ужь узэритыр (1 Пет. 2:21). Хьисэ хуэдэу, уэри Иеговэ богъэгуфІэ икІи абы и бий ШейтІаныр зэрыпцІыупсыр къыщІыбогъэщ!

ИЕГОВЭ И ЦІЭР ЗЭРЫДГЪЭЛЪАПІЭМ НЭГЪУЭЩІХЭМ Я ГЪАЩІЭР КЪРЕГЪЭЛ

14, 15. Иеговэ теухуа пэжым цІыхухэр щыхуедгъаджэм деж, сыт къэхъур?

14 Дэ Иеговэ и цІэр щыдгъэлъапІэм деж, нэгъуэщІхэм я гъащІэр кърагъэлыну дадоІэпыкъу. Сыт апхуэдэу жыпІэ щІэхъунур? Дэ дощІэ ШейтІаным цІыхухэм «я гур нэф зэрищІар» (2 Кор. 4:4). Аращ абыхэм ШейтІаным и пцІыр я фІэщ щІэхъур. Псалъэм папщІэ, цІыхухэм я гугъэщ Алыхьыр щымыІэу, абы цІыхухэр къыфІэмыІуэхуу, ар гущІэгъуншэу, гуэныхьщІакІуэхэм лІа иужь игъащІэкІэ хьэзаб ятригъэлъу. А пцІымкІэ ШейтІаныр хуейщ Иеговэ и цІэр игъэулъиину икІи цІыхухэм абы гъунэгъу зыхуащІыну хуэмейуэ ищІыну. Ауэ дэ хъыбарыфІыр зэрыдгъэІум ШейтІаным и мурадхэр зэхекъутэ. Дэ цІыхухэр пэжым щыхуедгъаджэм деж, Алыхьым и цІэр догъэлъапІэ. Абы сыт хуэдэ фІыгъуэ къыпэкІуэр?

15 Алыхьым и Псалъэм ит пэжым къаруушхуэ щІэлъщ. Иеговэ теухуа пэжыр цІыхухэм къащыхузэІутхым деж, сыт къэхъур? ЦІыхухэм я нэхэр хуэм-хуэмурэ къоплъэжри, ди Адэ лъапІэм и хьэл-щэн дахэхэр ялъагъун щІадзэ. Абыхэм Иеговэ и къарум и лъэщагъыр я гум куууэ хохьэ (Ис. 40:26). Абы нэгъэсауэ захуагъэ зэрыхэлъыр ялъагъу (Втор. 32:4). Алыхьым и Іущагъышхуэр я гъащІэм къыщагъэсэбэпу зрагъасэ (Ис. 55:9; Рим 11:33). Абы нэмыщІ абыхэм гупсэхугъуэ кърет Алыхьыр лъагъуныгъэ защІэу зэрызэхэлъым (1 Ин. 4:8). ЦІыхухэм Иеговэ гъунэгъу зыщыхуащІым деж, игъащІэкІэ псэуну гугъэ яІэу мэхъу. Сыту ди дежкІэ пщІэшхуэ Иеговэ дыдэлэжьэну икІи цІыхухэм абы и ныбжьэгъу хъуну дадэІэпыкъуну! (1 Кор. 3:5, 9).

16. Языныкъуэ цІыхухэм Алыхьым и цІэр къыщащІам, дапхуэдэу ар къазэрыщыхъуар? Щапхъэ къэфхь.

16 ЯпэщІыкІэ цІыхухэм едгъэлъагъу хъунущ Алыхьым и цІэр зэры-Иеговэр. А зы закъуэми зигу къабзэ цІыхум и гъащІэр ихъуэжыфынущ. Псалъэм папщІэ, Али́я b къызыхэхъукІа диным Алыхьым и Псалъэу ябжыр Библиератэкъым. Абы и диныр игу дыхьэтэкъым икІи Алыхьым гъунэгъу хуищІу зыхищІэтэкъым. Абы Иеговэ и Щыхьэтхэм я гъусэу Библиер иджын щыщІидзам щыгъуэ, псоми зихъуэжащ. Алия къыгурыІуэу щІидзащ Алыхьыр абы и ныбжьэгъуу зэрыщытыр. Абы хуабжьу игъэщІэгъуащ Библие куэдым Алыхьым и цІэр иратхъыкІыу абы и пІэкІэ Зиусхьэн жыхуиІэ титулхэм хуэдэхэр зэрыхагъэувар. Алия Иеговэ и цІэр къыщищІам, и гъащІэм хуабжьу зихъуэжащ. Абы хэІэтыкІауэ жиІащ: «Си Ныбжьэгъу нэхъыфІ дыдэм цІэ иІэщ!» Алия жеІэж: «Сэ гупсэхугъуэ згъуэтыжащ. Сыту фІыІуэ Иеговэ и цІэр пщІэну!» Стив и щапхъэми деплъынщ. Ар къыщыхъуар дин зыІыгъ журт унагъуэщ, ауэ абы зы дини иІыгъыну хуейтэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дин зыІыгъ бзитІщхьитІу щыт цІыху куэд илъэгъуат. Ар нэхъыбэу дэзыхьэхыр музыкэрат. Ауэ абы и анэр лІа иужь, куэд дэмыкІыу ар кърагъэблэгъащ цІыху гуэр Библием зэрырагъаджэм еплъыну. Абы и гум хыхьащ Алыхьым цІэ иІэу къызэрищІар. Стив жеІэ: «Япэм сэ Алыхьым и цІэр сщІэртэкъым. Абы щыгъуэ сэ япэ дыдэу къызгурыІуауэ аращ Алыхь зэрыщыІэр икІи ар ауэ сытми къару гуэру зэрыщымытыр. Сэ Ныбжьэгъу къэзгъуэтащ!»

17. Иеговэ и цІэр адэкІи вгъэлъэпІэну фыщІыхущІэкъур сыт? (Сурэтми феплъ.)

17 ХъыбарыфІыр щывгъэІум икІи цІыхухэр Библием щевгъаджэм деж, Иеговэ и цІэ лъапІэм теухуауэ абыхэм яжефІэрэ? Иеговэ сыт хуэдэ Алыхьу щытми цІыхухэм къалъагъуну фащыдэІэпыкъум деж, абы и цІэр фогъэлъапІэ. Иеговэ и хьэл-щэнхэр цІыхухэм къахузэІуфхыурэ, сытым щыгъуи абы щІыхь къыхуэфхь. Апхуэдэу фщІэмэ, фэ абыхэм я гъащІэр къывогъэл, фи Пащтыхь Хьисэ Мэссихь и жыІэм фыщІэтщ икІи, псом нэхъапэращи, фи Адэ Иеговэ и гур фогъэгуфІэ. Аращи, абы и «цІэр игъащІэкІэ дывгъэгъэлъапІэ»! (Пс. 145:2).

Иеговэ сыт хуэдэ Алыхьу щытми цІыхухэм къалъагъуну дащыдэІэпыкъум деж, абы и цІэр догъэлъапІэ (17-нэ абзацым феплъ.)

АЛЫХЬЫМ И ЦІЭР ЩЫДГЪЭЛЪАПІЭМ ДЕЖ, ДАПХУЭДЭУ ДЭ...

  • Иеговэ зэрыдгъэгуфІэр?

  • Хьисэ Мэссихь зэрыдгъэгуфІэр?

  • цІыхухэм я гъащІэр кърагъэлыну дазэрыдэІэпыкъур?

2-НЭ УЭРЭДЫР Уэ уи цІэр — Иеговэщ

a Марк Хьисэ и псалъэхэр къыщихьым щыгъуэ, Алыхьым и цІэр къигъэсэбэпауэ дыщІегупсысын щхьэусыгъуэ щыІэщ. Аращ «ДунеищІэкІэ» зэджэ Библием Алыхьым и цІэр щІыхагъэувэжар. Мы едзыгъуэм теухуауэ «Учебная Библия» жыхуаІэм ит комментарием феплъ.

b Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.