Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

7 СТАТЬЯР

51-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ псалъэ еттащ!

Назорейхэм я щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?

Назорейхэм я щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?

«Назорейуэ щытыху, ар Иеговэ и дежкІэ цІыху лъапІэщ» (ЧИС. 6:8).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

ЛІыгъэ тхэлъыну икІи Иеговэ щхьэкІэ зыгуэр зыхуэдгъэныкъуэну назорейхэм я щапхъэм дызэрыхуигъасэм.

1. Ижь зэман лъандэрэ Иеговэ и лэжьакІуэхэм Алыхьым щхьэкІэ сытыт ящІэну хьэзырыр?

 ИЕГОВЭРЭ фэрэ фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр лъапІэу флъытэрэ? Апхуэдэу зэрыщытым дэ шэч лъэпкъ къытетхьэкъым! Сытым щыгъуи щыІащ, фэр хуэдэу, Иеговэ гукІи псэкІи фІыуэ зылъагъу цІыхухэр (Пс. 104:33, 34). Абыхэм Иеговэ щхьэкІэ куэдым зыхуагъэныкъуэт. Пасэрей Израилым щыІа назорейхэр апхуэдэ цІыхуу щытащ. Назорейуэ ущытыным сытыт къыкІыр икІи абыхэм я щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?

2. 1) Назорейуэ ущытыным къикІыр сытыт? (Числа 6:1, 2). 2) Языныкъуэ израил цІыхухэм назорейуэ щытыну псалъэ щІатыр сытыт?

2 «Назорей» псалъэр «щхьэхуэу щыт, хэхауэ щыт» жыхуиІэ журтыбзэ псалъэм къытехъукІащ. А псалъэм фІыуэ ди нэгу къыщІегъэхьэ Иеговэ хэхауэ хуэлэжьэн щхьэкІэ зыгуэр зыхуэзыгъэныкъуа журтхэр. Мусэ и Хабзэм цІыхухъухэри цІыхубзхэри хуит ищІт Иеговэ псалъэ ирату, зэман гуэркІэ назорейуэ псэуну a. (Къеджэ Числа 6:1, 2.) Абыхэм ята псалъэм къигъэлъагъуэт израил цІыхухэм я къалэну щымыт Іуэхугъуэ гуэрхэр абыхэм зэращІэнур. Сыту пІэрэт-тІэ зыгуэрхэм назорейуэ щытыну мурад щІащІу щытар? Апхуэдэ лъэбакъуэ абыхэм ячыну хуэзыгъэушу щытар Иеговэ хуаІэ лъагъуныгъэмрэ я гум илъ фІыщІэмрэщ (Втор. 6:5; 16:17).

3. Ди зэманым щыІэ Иеговэ и лэжьакІуэхэр назорейхэм сыткІэ ещхь?

3 Назорейхэм я зэманыр иухащ, Мусэ и Хабзэм и пІэкІэ «Мэссихь и унафэр» къыщыкІуам щыгъуэ (Гал. 6:2; Рим 10:4). Ауэ нобэ щыІэ Иеговэ и лэжьакІуэхэри, пасэрей зэманым щыІа назорейхэм хуэдэу, ягу псомкІи, я псэ псомкІи, я зэхэщІыкІ псомкІи, я къару псомкІи абы хуэлэжьэну хуейщ (Мк. 12:30). Дэ апхуэдэу тщІэну псалъэ дот, ди гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ щитлъхьэм деж. Дэ псалъэ ттым къокІ Иеговэ и жыІэм дыщІэтыну икІи абы щхьэкІэ зыгуэр зыхуэдгъэныкъуэну хьэзыру дызэрыщытыр. Назорейхэм я щапхъэр куууэ зэпкърытхмэ, Алыхьым етта псалъэм дызэрытетыжынум теухуауэ мыхьэнэшхуэ зиІэ дерс хэтхыфынущ (Мт. 16:24) b. Иджыпсту языныкъуэ щапхъэхэр зэпкърытхынщ.

ЗЫГУЭР ЗЫХУЭВГЪЭНЫКЪУЭНУ ХЬЭЗЫРУ ФЫЩЫТ

4. Числа 6:3, 4, зэритымкІэ, назорейхэм сытым зыхуагъэныкъуэрэт?

4 Къеджэ Числа 6:3, 4. Назорейуэ щыт цІыхум шагъыри, жызум жыгым къыпыкІи, жызум мыхъуи, чыщмыщи ишх хъунутэкъым. НэгъуэщІхэм а псор хуиту яшх икІи ираф хъунут, абы зыри Іей хэлътэкъым. Шагъырыр — ар Иеговэ цІыхухэм ярита тыгъэхэм ящыщ зыщ. Библием щыжыІащ абы «цІыхум и гур нэжэгужэ» ищІу (Пс. 104:14, 15). Апхуэдэ шхыныгъуэхэр гум фІэІэфІу щытми, назорейхэм ахэр ямышхыну мурад ящІт c.

Назорейхэм хуэдэу, зыгуэр зыхуэвгъэныкъуэну фыхьэзыр? (4—6-нэ абзацхэм феплъ.)


5. Мадианрэ Марселэрэ я гъащІэм сыт хуэдэ зэхъуэкІыныгъэ халъхьа икІи сыт щхьэкІэ?

5 Япэм псэуа назорейхэм хуэдэу, дэри куэдым зыхудогъэныкъуэ, Иеговэ нэхъыбэу дыхуэлэжьэн щхьэкІэ. Мадиа́нрэ Марсе́лэрэ d я щапхъэм деплъынщ. А зэщхьэгъуситІыр зыхуей ягъуэту псэут. Мадиан ахъшэфІ къыхэхъуэти, ахэр квартирэшхуэ, квартирэ дахэ щІэст. Ауэ ахэр Иеговэ нэхъыбэу хуэлэжьэну хуейти, я гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ халъхьэну мурад ящІащ. А зэщхьэгъуситІым жаІэ: «Дэ дгъэкІуэд ахъшэр хуэм-хуэмуурэ нэхъ мащІэ тщІащ — нэхъ квартирэ цІыкІу дыІэпхъуащ, ди машинэри тщэжащ». Мадианрэ Марселэрэ а псор ящІэн хуейуэ щытт? Хьэуэ. Абыхэм апхуэдэу щІащІар Иеговэ нэхъыбэу хуэлэжьэн щхьэкІэщ. Апхуэдэ мурад зэращІам и фІыгъэкІэ абыхэм гузэгъэгъуэрэ гуфІэгъуэрэ зыхащІащ.

6. Иеговэ и Щыхьэтхэм зыгуэрым зыщІыхуагъэныкъуэр сыт? (Сурэтми феплъ.)

6 Ноби Хьисэ и лъэужь итхэр, Иеговэ нэхъыбэу хуэлэжьэн щхьэкІэ, зыгуэрхэм зыхуагъэныкъуэну хьэзырщ (1 Кор. 9:3—6). Апхуэдэу тщІэну дэ Иеговэ къытхуигъэувкъым. Дэ зыгуэр дымыщІэну е зидмыгъэІэну мурад тщІар Іэмал имыІэу Іей гуэру щыту аракъым. Псалъэм папщІэ, языныкъуэхэм мурад ящІащ я нэ къызыхуикІ лэжьапІэ мыувыну, езым я унэ зэрамыгъэпэщыну, псэущхьэ гуэри зрамыгъэІэну. Куэдым мурад ящІащ унагъуэ зрамыгъэгъуэтыну, языныкъуэхэми — зэкІэ сабий зрамыгъэІэну. Хэти хъыбарыфІыр зыгъэІухэр мащІэу здэщыІэ щІыпІэ Іэпхъуащ, я унагъуэм щыщхэм хуезэшынуми. Дэ диІэм и нэхъыфІыр Иеговэ еттыну дыхуейщи, зыгуэрхэм зыхуэдгъэныкъуэну дыхьэзырщ. Шэч лъэпкъ къытевмыхьэ: Иеговэ лъапІэу елъытэ абы фыхуэлэжьэн щхьэкІэ мащІэми куэдми зыгуэр зыхуэвгъэныкъуэну фызэрыхьэзырыр (Евр. 6:10).

АДРЕЙХЭМ ЕМЫЩХЬУ УЩЫТЫН УМЫШЫНЭ

7. Назорейхэр сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуэфынут? (Числа 6:5). (Сурэтми феплъ.)

7 Къеджэ Числа 6:5. Назорейхэм Алыхьым псалъэ иратт я щхьэцыр памыупщІыну. АбыкІэ абыхэм къагъэлъагъуэт Иеговэ и жыІэм сыткІи щІэтыну зэрыхьэзырыр. Израил цІыхур назорейуэ куэдрэ щыта иужь, и щхьэцыр кІыхьыфІ хъути, псоми ар ялъагъут. Назорейм псалъэ итар игъэзэщІэжыну нэхъ тынш хъут, абы мурад ищІар адрейхэм къыдаІыгъыу щытмэ. Ауэ ди жагъуэ зэрыхъунщи, назорейхэм пщІэ хуамыщІу щыщыта зэмани щыІащ. Бегъымбар Амос щыпсэуам щыгъуэ, Алыхьым епцІыжа израил цІыхухэм назорейхэм шагъыр хуашийт, псалъэ ятам ахэр ирагъэпцІыжын щхьэкІэ (Ам. 2:12). Аращи, иныкъуэхэм деж назорейхэм лІыгъэшхуэ яхэлъын хуейт, псалъэ ятам тетыжын икІи адрейхэм емыщхьу щытын щхьэкІэ.

Назорейр хьэзырт нэгъуэщІхэм емыщхьу щытыну (7-нэ абзацым феплъ.)


8. Ди къуэш цІыкІу Беньямин и щапхъэм сыткІэ фигъэгушхуа?

8 Иеговэ дэри къыддэІэпыкъунущ, адрейхэм емыщхьу дыщытын дымышынэну. Дэ дыукІытэхми, Иеговэ и фІыгъэкІэ лІыгъэ тхэлъыфынущ. Норвегием щыщ ди къуэш цІыкІу Бе́ньямин и щапхъэм деплъынщ. Ар илъэсипщІ мэхъу. Беньямин здеджэ школым мероприятие щекІуэкІащ Украинэм и лъэныкъуэр зэраІыгъыр къагъэлъагъуэу. Сабийхэм Украинэм и флагым и зэхэлъыкІэм ещхьу щыгъын щатІагъэу уэрэд жаІэн хуейт. Абы хэмытын щхьэкІэ, Беньямин ар здекІуэкІ щІыпІэм жыжьэу ІукІуэтри щытащ. Ауэ егъэджакІуэм абы гу лъитэщ, ину джэри, жиІащ: «Мыдэ къакІуи ди гъусэу уэрэд жыІэ. Дэ уэ псори дыножьэ!» Беньямин лІыгъэ хэлъу абы бгъэдыхьэри жиІащ: «Ар политикэм пыщІащи, сэ абы сыхэтынукъым. Иеговэ и Щыхьэт куэдыр лъэхъуэщым исщ, зауэм хэмытын щхьэкІэ». ЕгъэджакІуэр Беньямин жиІам арэзы техъуэри, ар а Іуэхум хэмытыну хуит ищІащ. Ауэ къыдеджэхэм къащІэну хуейт абы уэрэд я гъусэу щІыжимыІэр. Беньямин апхуэдизкІэ къэгузэвати, къэгъ пэтащ. Ди къуэш цІыкІум егъэджакІуэм жриІа дыдэр къытригъэзэжри лІыгъэ хэлъу абыхэми яжриІащ. Абы иужькІэ Беньямин и адэ-анэм яжриІэжащ абыхэм жэуап щІаритыжыфар Иеговэ къызэрыдэІэпыкъуам и фІыгъэу зэрыщытыр.

9. Иеговэ дапхуэдэу зэрыдгъэгуфІэфынур?

9 Дэ Алыхьым и Іэмырыр дгъэзэщІэну мурад зэрытщІам щхьэкІэ нэгъуэщІхэм дарещхькъым. Аращи, дэ лІыгъэ дыхуейщ Иеговэ и Щыхьэту дызэрыщытыр къыддеджэхэм, къыддэлажьэхэм яжетІэн щхьэкІэ. Мы дунейм щыщ цІыхухэр кІуэ пэтми нэхъ Іей зэрыхъум къыхэкІкІэ, Библием ит принципхэм дытету дыпсэуну, хъыбарыфІри дгъэІуну нэхъ гугъу хъуурэ кІуэну къыщІэкІынщ (2 Тим. 1:8; 3:13). Ауэ зэи зыщывмыгъэгъупщэ дэ Иеговэ зэрыдгъэгуфІэр, абы къыхуэмылажьэхэм дакъыщхьэщыкІыну дыщымышынэм деж (Прит. 27:11; Мал. 3:18).

ФИ ГЪАЩІЭМ ЯПЭ УВЫПІЭР ИЕГОВЭ ЕФТ

10. Числа 6:6, 7 ит унафэр назорейхэм я дежкІэ гъэунэхуапІэу щІыщытыр сытыт?

10 Къеджэ Числа 6:6, 7. Назорейхэр лІахэм бгъэдыхьэ хъунутэкъым. ЯпэщІыкІэ ар апхуэдэуи мыгугъуу къыпщыхъункІэ хъунущ. Ауэ а зэманым а унафэр бгъэзэщІэну назорейхэм деж егъэлеяуэ гугъуу щытыфынут, псом хуэмыдэу, унагъуэм щыщ гуэр щылІам деж. А зэманым щыІа хабзэмкІэ хьэдэр щІалъхьэху, абы убгъэдэсын хуейт (Ин. 19:39, 40; Апост. 9:36—40). Назорейхэр а хабзэм тет хъунутэкъым, псалъэ ятам къыхэкІкІэ. Гуауэм я гур ирикъутыхьами, ахэр лІам бгъэдыхьэтэкъым. Апхуэдэу абыхэм фІэщхъуныгъэ быдэ ягъэлъагъуэт икІи адэкІэ псалъэ ятам тетыжт. Шэч хэлъкъым Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэр зэригъэбыдэу щытам, ахэр а гъэунэхуапІэ хьэлъэм пэлъэщын щхьэкІэ.

11. Иеговэ и лэжьакІуэм и акъылыр сыт зытриухуэн хуейр, унагъуэм пыщІа унафэхэр къыщищтэм деж? (Сурэтми феплъ.)

11 Дэ ди гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ зэритлъхьэм мыхьэнэшхуэ идот. Абы елъытауэщ унафэ гуэрхэр къызэрытщтэр. Псалъэм папщІэ, унагъуэм щыдиІэ къалэнхэр дымыгъэзащІэу къэдгъанэкъым, ауэ Иеговэ зыхуейм нэхърэ ди унагъуэм щыщхэр зыхуейр япэ идгъэщкъым (Мт. 10:35—37; 1 Тим. 5:8). Иныкъуэм деж Иеговэ дгъэгуфІэн щхьэкІэ ди унагъуэр арэзы зытемыхъуэ унафэ къыщытщтэн хуей къохъу.

Фи Іуэхур нэхъ щыгугъу дыдэм дежи Иеговэ жиІэр япэ ивгъэщыну фыхьэзыр? (11-нэ абзацым феплъ.) e


12. Александру сыт ищІар, и щхьэгъусэр къыщеныкъуэкъум щыгъуэ?

12 Алекса́ндрурэ Дори́нэрэ я гъащІэм къыщыхъуам деплъынщ. Илъэс хуэдизкІэ абыхэм Библиер яджауэ, Доринэ Библие джыныр къигъанэри, и щхьэгъусэри абыкІэ хигъэзыхьу щІидзащ. Ауэ Александру адэкІи зэреджэнур щабэу, пщІэ хэлъу Доринэ жриІащ. Доринэ ар игу ирихьатэкъыми, хузэфІэкІ къигъэнакъым и щхьэгъусэм зэран хуэхъун щхьэкІэ. Александру къыгурыІуэну хэтт и щхьэгъусэм апхуэдэу зыщІищІыр, ауэ абы и щхьэусыгъуэр къыхуэщІэтэкъым. И щхьэгъусэр апхуэдизу къызэреныкъуэкъум икІи къызэрыкІэрымыкІым щхьэкІэ, иныкъуэм деж Александру хуейт Библие джыныр хыфІидзэну. Ауэ абы адэкІи Иеговэ япэ иригъэщт икІи и щхьэгъусэм лъагъуныгъэрэ пщІэрэ хэлъу хущытт. ИкІэм-икІэжым абы и щапхъэм Доринэ хуигъэушащ Библиер иджын щІидзэжыну. Зэман дэкІри, абы псым зыщІигъэуащ. (jw.org сайтым «Пэжым гъащІэр ехъуэж» рубрикэм ит «Вэкар Александрурэ Доринэрэ. „ФІылъагъуныгъэм шыІэрэ гущІэгъурэ иІэщ“» жыхуиІэ видеом феплъ.)

13. Иегови ди унагъуэм щыщхэми яхудиІэ лъагъуныгъэр дапхуэдэу зэрыдгъэлъэгъуэфынур?

13 Унагъуэр къэзыгъэщІар Иеговэщ икІи ар хуейщ ди унагъуэр насыпыфІэу щытыну (Еф. 3:14, 15). Дэ нэгъэсауэ насыпыфІэу дыщытын щхьэкІэ Иеговэ къызэрыдэлъэІур тщІэн хуейщ. Фи унагъуэм щыщхэм фадэІэпыкъу икІи лъагъуныгъэрэ пщІэрэ хэлъу фахущыт (Рим 12:10). Зэи шэч къытевмыхьэ Иеговэ вгъэгуфІэну къару ефхьэлІэр абы лъапІэу зэрилъытэм.

НАЗОРЕЙХЭМ ХУЭДЭУ ФЫЩЫТЫНУ ЗЫР ЗЫМ ФЫДЭІЭПЫКЪУ

14. Псом хуэмыдэу дэ хэт дгъэгушхуэн хуейр?

14 Нобэ Хьисэ и лъэужь иувэ цІыхухэр хьэзырщ, Иеговэ хуаІэ лъагъуныгъэм къыхэкІкІэ зыгуэр зыхуагъэныкъуэну. Ауэ ар пщІэну щымытынш къохъу. Дауэ-тІэ къуэш, шыпхъухэм дазэрыдэІэпыкъуфынур, апхуэдэ гукъыдэж яІэн щхьэкІэ? Псалъэ гуапэхэр яжетІэурэ дэ ахэр дгъэгушхуэ хъунущ (Иов 16:5). Иеговэ нэхъыбэ хуащІэн щхьэкІэ я гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ хэзылъхьэну хуей къуэш, шыпхъу фи зэхуэсым хэту пІэрэ? Гугъу ирагъэхьми, школым къадеджэхэм задэзымыщІ ныбжьыщІэхэр фымыцІыхуу пІэрэ? Библиер зыджхэм е ди къуэш, ди шыпхъухэм я унагъуэм щыщхэр къапэщІэтынкІэ хъунущ. Дапхуэдэу абыхэм дазэрыдэІэпыкъуфынур? Апхуэдэу лІыгъэ ягъэлъагъуэу Иеговэ щхьэкІэ зыгуэр зыхуэзыгъэныкъуэ цІыхухэм щытхъу яхуэфащэщ. Ахэр дгъэгушхуэну Іэмал дыщиІэм деж, ар зыІэщІэдгъэкІынкъым (Флм. 4, 5, 7).

15. Языныкъуэхэр полновременнэу лажьэ ди къуэш, ди шыпхъухэм дапхуэдэу зэрадэІэпыкъур?

15 Иныкъуэхэм деж полновременнэу лажьэ къуэш, шыпхъухэм зыгуэркІэ дадэІэпыкъу хъунущ (Прит. 19:17; Евр. 13:16). Шри-Ланка щыщ ныбжь зиІэ ди зы шыпхъум апхуэдэу ищІащ. Абы и пенсэм хагъэхъуати, мурад ищІащ ахъшэкІэ гугъуехь зиІэ, пионеру лажьэ шыпхъуитІым ядэІэпыкъуну. Ар хуейт а тІур адэкІи а лэжьыгъэм хэтынуи, я телефонхэм иралъхьэн ахъшэ мазэ къэс яхухихт. Сыту мурадыфІ игъэува а ди шыпхъум!

16. Израил цІыхухэм назорейуэ щытыну Іэмал зэраІам къыдигъащІэр сыт?

16 Назорейхэм Иеговэ щхьэкІэ зыгуэр зыхуагъэныкъуэну хьэзыру зэрыщытамкІэ щапхъэфІ дагъэлъэгъуащ. Израил цІыхухэм назорейуэ щытыну Іэмал зэраІар къыддоІэпыкъу уафэм щыІэ ди Адэ Иеговэ нэхъыфІу къэтцІыхуну. Абы шэч къытрихьэкъым ди гум къыбгъэдэкІыу ар дгъэгуфІэну дызэрыхуейм икІи псалъэ еттар дгъэзэщІэжын щхьэкІэ, зыгуэр зыхуэдгъэныкъуэну дызэрыхьэзырым. Иеговэ щІыхь къытхуещІ абы худиІэ лъагъуныгъэр зэрыдгъэлъэгъуэну щІыкІэр дэ езым къыхэтхыну хуит дызэрищІамкІэ (Прит. 23:15, 16, Гъэсэпэтхыдэхэр; Мк. 10:28—30; 1 Ин. 4:19). Иеговэ гу лъетэ икІи лъапІэу елъытэ абы щхьэкІэ зыгуэр зыщыхуэдгъэныкъуэм деж. Аращи, нэхъыфІу диІэу хъуар Иеговэ адэкІи зэреттыным ди гур тедвгъэухуэ!

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Назорейхэр псэемыблэжу, лІыгъи яхэлъу зэрыщытар сыт къызыхэщыр?

  • Назорейхэм хуэдэу дыщытыну дапхуэдэу зыр зым дызэрыдэІэпыкъуфынур?

  • Израил цІыхухэм назорейуэ щытыну Іэмал зэраІам дапхуэдэу къызэригъэлъагъуэр Иеговэ и лэжьакІуэхэм дзыхь зэрахуищІыр?

124-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьым сыт щыгъуи дыхуэпэжщ

a Дэ дощІэ языныкъуэхэр назорейуэ щытыну езы Иеговэ къызэрыхихар. Ауэ назорейуэ щытахэм я нэхъыбэр езыхэм псалъэ зытахэрауэ къыщІэкІынт. (« Назорейуэ щытыну Иеговэ къыхиха цІыхухэр» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)

b Иныкъуэхэм деж ди тхыгъэхэм назорейхэр хуегъадэ полновременнэу лажьэ ди къуэш, ди шыпхъухэм. Ауэ мы статьям дэ дыщытепсэлъыхьынущ Иеговэ и лэжьакІуэ дэтхэнэ зыри назорейхэм ещхьу зэрыщытыфынум.

c Инэхъыбэм назорейуэ щыт цІыхум лэжьыгъэ гуэр ищІэн хуейуэ и къалэным хыхьэтэкъым.

d jw.org сайтым «Случаи из жизни Свидетелей Иеговы» рубрикэм ит «Мы решили упростить свою жизнь» жыхуиІэ статьям феплъ.

e СУРЭТЫМ ИТЫР. Назорейр унащхьэм дэкІуеяуэ хьэдэр зэрыдахым йоплъ. Абы и унагъуэм щыщ фІыщэу илъагъу цІыху лІащ. Ауэ псалъэ итам къыхэкІкІэ а Іуэхугъуэм ар хэт хъунукъым.